АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
Щаул япэщІыкІэ Іэдэбагъ хэлъу, и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу щытащ
Щаул и зэфІэкІыр здынэсыр ищІэжу щытащ икІи пащтыхьу щытыну хуэмыфащэу къилъытэт (1См 9:21; 10:20—22; w20.08 10, абз. 11).
Щаул ІейкІэ къытепсэлъыхьахэм зэран яхуэхъужыну хэтакъым (1См 10:27; 11:12, 13; w14-U 15/3 9, абз. 8).
Щаул Алыхьым и къару лъапІэм зригъэунэтІт (1См 11:5—7; w95-U 15/12 10, абз. 1).
Ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжыр дэ къыддэІэпыкъунущ ди зэфІэкІхэмрэ ди къалэнхэмрэ Иеговэ и тыгъэу тлъытэну (Рм 12:3, 16; 1Кр 4:7). Іэдэбагъыр дэ къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и чэнджэщ сытым дежи къэтлъыхъуэну.