ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ | ГУФІЭГЪУЭ УИ ГУМ ИЛЪУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУ
Ебгъаджэхэр хуэгъэуш ди зэІущІэхэм дамыгъэхуу къэкІуэну
Ди зэІущІэхэм дызэрыкІуэр Алыхь пэжым дызэрыхуэлажьэм и зы Іыхьэщ (Пс 22:22). Апхуэдэ зэІущІэхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Иеговэ хуэлажьэ дэтхэнэ зыми гуфІэгъуэрэ фІыгъуэ куэдрэ къыхуахь (Пс 65:4). Библие зыджхэр Алыхьым нэхъ псынщІэу гъунэгъу хуохъу бламыгъэкІыу зэІущІэхэм щекІуалІэм деж.
Библие едгъаджэхэр зэІущІэхэм кІуэну дапхуэдэу хуэдгъэуш хъуну? Ахэр ди зэІущІэхэм сыт щыгъуи къегъэблагъэ. «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?» жыхуиІэ видеом ебгъаджэр егъэплъ. Ди зэІущІэхэр абыхэм сыткІэ сэбэп къахуэхъунуми къагурыгъаІуэ (lff 10-нэ урокыр). Уэ езым зэІущІэм къыщыпщІа гупсысэ гъэщІэгъуэн гуэркІэ ебгъаджэм удэгуашэ е къыкІэлъыкІуэ зэІущІэм дджынум зэгъусэу фыхэплъэ хъунущ. А зэІущІэм къыщыдгъэсэбэпыну публикациехэр ет е JW Library® приложением «Встречи» вкладкэр щегъэлъагъу. Ебгъаджэм ІуэхукІэ дэІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, ар уи гъусэу зэІущІэм здэпшэ хъунущ. Ебгъаджэр зэІущІэм къэкІуауэ плъагъумэ, уи къарум узэрыщымысхьам хуабжьу ущыгуфІыкІыжынущ (1Кр 14:24, 25).
«ЕБГЪАДЖЭХЭР ХУЭГЪЭУШ ДИ ЗЭІУЩІЭХЭМ ДАМЫГЪЭХУУ КЪЭКІУЭНУ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Нитэ Джейд зэІущІэм дапхуэдэу къригъэблэгъа?
Библие едгъаджэр ди зэІущІэхэм къыщыкІуэм деж сыт дыщІэгуфІэр?
«ИпэжыпІэкІэ Тхьэр фи гъусэщ»
Джейд япэ дыдэу зэІущІэм къыщыкІуам сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІа?