АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 10, 11
Ди благъэхэм худиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ину щытын хуейщ
ФІыуэ тлъагъу гуэр зэхуэсым щыхагъэкІым деж дэ абы дызэрыхущытым къегъэлъагъуэ Иеговэ дызэрыхуэпэжыр. Иеговэ Хьэрун ирита унафэм ІупщІу къегъэлъагъуэ зи благъэ зэхуэсым хагъэкІахэм Иеговэ сыткІэ щыгугъми. Ахэр абыхэм епсэлъэн щагъэтын хуейщ. Гъуэгу пэжыр къэзыгъэна ди благъэм худиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ину щытын хуейщ.
Зэхуэсым хагъэкІахэм теухуауэ Иеговэ къыдита унафэм тетхэм абы сыт хуэдэ фІыгъуэ хуищІэжыну? (1Кр 5:11; 2Ин 10, 11).