Дыгъэгъазэм и 7—13
ЛЕВИТ 10, 11
32-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ
ПэщІэдзэ псалъэхэр (1 дакъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР
«Ди благъэхэм худиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ ину щытын хуейщ» (дакъ. 10)
Лв 10:1, 2. Надаврэ Авиудрэ хабзэм темыту мафІэ къызэрахьам щхьэкІэ Иеговэ я гъащІэр къаІэрихащ (it-U «Огонь», подзаг. «В священном шатре и в храме», абз. 2)
Лв 10:4, 5. Абыхэм я хьэдэхэр лагерым дахащ
Лв 10:6, 7. Иеговэ Хьэрунрэ абы и къуэхэмрэ унафэ яхуищІащ Надаврэ Авиудрэ ямыгъеину (w11-U 15/7 31, абз. 16)
Тхыгъэм ит налкъутхэр къыдолъыхъуэ (дакъ. 10)
Лв 10:8—11. Сыт мы едзыгъуэхэм дызыхурагъасэр? (w14-U 15/11 17, абз. 18)
Лв 11:8. Мусэ и Хабзэм пшхы мыхъуну жиІэ псэущхьэхэм я лыр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яшх хъуну? (it-U «Животные», подзаг. «Чистые и нечистые животные», абз. 4)
Мы тхьэмахуэм Библием дызэджа псалъащхьэхэм Иеговэ теухуауэ, хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ е нэгъуэщІ гупсысэ гъэщІэгъуэн къыщывгъуэтахэмкІэ фыкъыддэгуашэ.
Библием къеджэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): Лв 10:1—15 (th 10-нэ урокыр)
ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ
Япэу епсэлъэн (видео) (дакъ. 4). Зэгъусэу зэпкърыхын. Видеороликыр гъэлъагъуи къодаІуэхэм еупщІ: цІыхухъум зэрызэпиудам щхьэкІэ къэмынэу къуэшым и псалъэмакъым дауэ пища? Псалом 1:1, 2 итыр дауэ фэ нэгъуэщІым къызэрыгурывгъэІуэфынур?
Япэу епсэлъэн (дакъ. 4 е нэхъ мащІэ): «ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм» ит щапхъэ къэгъэсэбэп. ЦІыхур зэІущІэм къегъэблагъи, «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?» жыхуиІэ видеороликым гу лъегъатэ (езы видеороликыр къэбгъэлъэгъуэн хуейкъым) (th 20-нэ урокыр).
Псалъэ (дакъ. 5 е нэхъ мащІэ): w11-U 15/2 12. «Мусэ Елеазаррэ Ифамаррэ хуэгубжьын щІыщигъэтар сыт?» жыхуиІэ темэр (th 12-нэ урокыр).
ДИ ГЪАЩІЭР
«Зэхуэсым хагъэкІахэм теухуауэ Иеговэ къыдит унафэр зэрыдэтІыгъымкІэ лъагъуныгъэ догъэлъагъуэ» (дакъ. 15). Зэгъусэу зэпкърыхын. «Иеговэ дигу псомкІи дыхуэпэжу дыхуолажьэ» жыхуиІэ видеороликыр гъэлъагъуэ.
Библиер зэхуэсым щыджын (дакъ. 30 е нэхъ мащІэ): bhs пс. 19, абз. 15—19
КІэух псалъэхэр (дакъ. 3 е нэхъ мащІэ)
15-нэ уэрэдымрэ тхьэлъэІумрэ