АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | 1 КОРИНФ 4—6
«Пщагъэ тІэкІум тхьэвыр зэрыщыту егъэфІэІу»
Зэхуэсым цІыхур зэрыхагъэкІым гуауэ къыщыпхуихькІэ, ар лъагъуныгъэм къыхэкІыу дауэ зэрыжыпІэ хъунур?
ЦІыхур зэхуэсым зэрыхагъэкІыр ар лъагъуныгъэ къэзыгъэлъагъуэ Іуэхугъуэщ:
Иеговэрэ абы и цІэ лъапІэмрэ деж (1Пт 1:15, 16);
зэхуэсым деж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ар мыхъумыщІагъэм щехъумэ (1Кр 5:6);
гуэныхь зыщІа цІыхум деж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ар къыдоІэпыкъу ищІа гуэныхьым и хьэлъагъыр къыгурыІуэжыну (Евр 12:11).
Зи благъэ зэхуэсым хагъэкІа Иеговэ и лэжьакІуэхэм дауэ уадэІэпыкъуфыну?