ДИ ГЪАЩІЭР
Зэхуэсым хагъэкІахэм теухуауэ Иеговэ къыдит унафэр зэрыдэтІыгъымкІэ лъагъуныгъэ догъэлъагъуэ
Гуэныхь зыщІэр зэхуэсым зэрыхагъэкІым нэгъуэщІ Иеговэ и лэжьакІуэхэр къехъумэ икІи гуэныхь зыщІари абы зыгуэрым хурегъасэ (1Кр 5:6, 11). Мы Іуэхум теухуауэ Иеговэ жиІэм дыщытетым деж дэ лъагъуныгъэ догъэлъагъуэ. Абы лъагъуныгъэ къыхэщу сыт жыпІэ щІэхъунур, ар зылъэІэсхэм (а цІыхум и благъэхэми, а Іуэхур зэхэзыгъэкІ зэхуэсым и нэхъыжь къуэшхэми) апхуэдиз гуауэ къащыхуихькІэ?
Псом нэхъапэ, дэ абыкІэ Иеговэрэ абы и хабзэхэмрэ худиІэ лъагъуныгъэр къыдогъэлъагъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ абы и цІэр дгъэулъиину дыхуейкъым (1Пт 1:14—16). Абы нэмыщІ дэ зэхуэсым хагъэкІами худиІэ лъагъуныгъэр къыдогъэлъагъуэ. Апхуэдэ унафэ ткІийм гуауэ къытхуихьми, «Тхьэм ІурыщІэ ищІурэ игъэса цІыхухэм иужькІэ фІыуэ абы къахухэкІыр щыпкъагъэмрэ гузэгъэгъуэмрэщ» (Евр 12:5, 6, 11). Зэхуэсым хагъэкІахэм е и фІэщхъуныгъэм епцІыжахэм депсэлъэн щыдмыгъэтмэ, дэ Иеговэ зэран дыхуохъу а цІыхур игъэсэну. Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ и лэжьакІуэхэм тезыр ятрилъхьэм сыт щыгъуи захуагъэ хэлъщ (Иер 30:11). Дэ ди гугъэр хэтхыжкъым зэхуэсым хагъэкІа цІыхум ди Адэ лъапІэм деж къызэригъэзэжынум икІи а цІыхум къигъэзэжыху дэ Иеговэ и унафэр дэтІыгъынущ икІи дэ езыр абы нэхъ гъунэгъу дызэрыхуэхъунум и ужь дитынущ (Иса 1:16—18; 55:7).
«ИЕГОВЭ ДИГУ ПСОМКІИ ДЫХУЭПЭЖУ ДЫХУОЛАЖЬЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Иеговэ хуэлажьэ адэ-анэм сыт я гум щыщІэр абыхэм я быным Иеговэ къыщигъанэм деж?
Зэхуэсым щыщхэр зи благъэр Иеговэ хуэмылэжьэж къуэш, шыпхъухэм дауэ зэрыдэІэпыкъуфынур?
Иеговэ дызэрыхуэпэжыр ди благъэхэм худиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ ину зэрыщытын хуейр Библием ит сыт хуэдэ хъыбар къэзыгъэлъагъуэр?
Иеговэ дызэрыхуэпэжыр ди благъэхэм худиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ ину зэрыщытыр сыт къызыхэщынур?