ДИ ГЪАЩІЭР
Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэр щыпсэу щІыпІэм хъыбарыфІыр щагъэІун щхьэкІэ зэхуэсхэр зэрызэдэлажьэр
Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыхухэм я бзэкІэ щызэхахым деж нэхъ йодаІуэ. Арауэ къыщІэкІынщ ди эрэм 33-нэ гъэм Пэнтэкост махуэшхуэм «дэтхэнэ лъэпкъым щыщу Тхьэм и фІэлІыкІыр зи гум илъ журтхэм» я бзэкІэ хъыбарыфІыр зэхахыну Иеговэ Іэмал щІаритар, абыхэм е журтыбзэр е алыджыбзэр ящІэу щытами (Апост 2:5, 8). Ди зэманым бзэ зэмылІэужьыгъуэкІэ псалъэ зэхуэсхэм щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэр зы участокхэм щелэжь къохъу. Апхуэдэ щІыпІэхэм зэхуэсым щыщхэм хъыбарыфІыр дауэ щагъэІуфыну, зым зыр зэран хуэмыхъужу икІи цІыхухэр къамыгъэгубжьу?
Чэнджащэ (Пр 15:22). Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэр щыпсэу щІыпІэм нэхъыфІу хъыбарыфІыр зэрагъэІу хъуну Іэмалым служебнэ надзирателхэр зэгъусэу егупсысын хуейщ. Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ зэхуэсым хъыбарыфІыр щигъэІу щІыпІэр цІыкІуу щытмэ, фэ ахэр къывэлъэІуфынущ я бзэкІэ псалъэ цІыхухэр щыпсэу унэхэм фыщІэмыхьэну. Ауэ апхуэдэ зэхуэсхэм хъыбарыфІыр щагъэІу щІыпІэхэр ину щытмэ, ар зэщІагъэхьэну пэмылъэщынкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ фи зэхуэсыр дэтхэнэ зы унэми Іухьэну икІи хъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуахэм теухуауэ я зэхуэсым хъыбар евгъэщІэну ахэр къывэлъэІункІэ хъунущ (od-U 93, абз. 37). Е ахэр фи зэхуэсым къелъэІункІэ хъунущ я бзэкІэ псалъэ цІыхухэр къэфлъыхъуэу, абыхэм я адресхэр ефтыну (km-U 7/12 5, рамкэр). Зы унэм зи бзэхэр зэтемыхуэ цІыхухэр зэрыщыпсэуфынур фигу ивгъэлъ. Дапхуэдэ Іэмал къыхэвмыхами, ар цІыхухэм теухуа информациер къэзыхъумэ законхэм техуэу щытын хуейщ.
НэгъуэщІхэм дэлажьэ (Еф 4:16). Служебнэ надзирателым и унафэм тет. Фи зэІущІэхэр зэрекІуэкІ бзэр зи анэдэлъхубзэу щымыт цІыху гуэр Библием ебгъаджэмэ, абы и бзэмкІэ ирагъэкІуэкІ зэІущІэхэм екІуалІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм ирагъэджэну ептым нэхъыфІщ. Абы щыгъуэ а цІыхур нэхъ псынщІэу Иеговэ гъунэгъу хуэхъунущ.
Зыгъэхьэзыр (Пр 15:28; 16:1). Унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр бгъэІуу нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ цІыху ухуэзэу щытмэ, абы хъыбарыфІымкІэ удэгуэшэн щхьэкІэ плъэкІ къомыгъанэ. Абы щхьэкІэ зыщыбгъэхьэзырым деж егупсыс уи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр сыт хуэдэ бзэкІэ псалъэми икІи а бзэхэмкІэ Библиемрэ ролик щыІэхэмрэ интернетым къих. Абы нэмыщІ JW Language® приложениер къэбгъэсэбэпурэ, цІыхухэм я бзэкІэ сэлам епхыу зебгъасэ хъунущ.