АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | АПОСТОЛХЭМ 1—3
Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсым Алыхьым и къару лъапІэр ярет
Ди эрэм и 33-нэ гъэм Пэнтэкост махуэшхуэр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ, щІыпІэ зэмылІэужьыгъуэхэм къикІауэ журт куэд Ерусалим щызэхуэсат (Апост 2:9—11). А цІыхухэм Мусэ и Хабзэр ягъэзащІэу щыта пэтми, ахэр я гъащІэ псокІэ нэгъуэщІ къэралхэм щыпсэуауэ къыщІэкІынут (Иер 44:1). Абы къыхэкІкІэ абыхэм ящыщ гуэрхэр я теплъэкІи, я щытыкІэкІи нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм ещхьу къыщІэкІынут. ЦІыху 3000 хуэдизым псым зыщІагъэуа нэужь зэхуэсым лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ куэд къыхыхьащ. Ахэр зыщІапІыкІа хабзэхэр зэрызэтемыхуэм щхьэкІэ къэмынэу зэкъуэту щытт икІи «Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт» (Апост 2:46).
Дауэ гулъытэ яхуэпщІыфыну...
хамэ къэралхэм къикІауэ уи щІыпІэм щыпсэухэм?
хамэ къэралхэм къикІауэ уи зэхуэсым хэт къуэш, шыпхъухэм?