ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. Ди щІыпІэм хъыбарыфІыр дэтхэнэ зы цІыхуми лъэдгъэІэсыну дыхущІокъу
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Захарие и тхылъым щыжыІащ «лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІауэ, бзэ зэмыщхькІэ псалъэ» цІыхухэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр я гум нэсыну (Зх 8:23). Ауэ дауэ абыхэм а хъыбарыр зэрызэхахынур? (Рм 10:13—15). Дэ Алыхьым пщІэшхуэ къытхуищІащ ди щІыпІэм щыпсэу дэтхэнэ зы цІыхуми а хъыбарыр жетІэну къалэн къытхуищІри (od-U 83—84, абз. 10, 11).
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Зыхуэгъэхьэзыр. НэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ цІыхухэм ущыхуэзэ къэхъурэ? Абыхэм я бзэмкІэ къызэрыщІэбдзэ хъун псалъэ зэгъащІэ е электроннэ Іэмэпсымэ къигъэсэбэпу и бзэмкІэ нэхъыбэ къызэригъуэтыфынур егъэлъагъу.
Набдзэгубдзаплъэу щыт. Унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр щыбгъэІум деж уэрамым ущыхуэзэ цІыхухэми е машинэ щытым исхэми уепсэлъэну зыщомыгъэгъупщэ. ЦІыху куэд щызекІуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щыбгъэІуу щытмэ, уэ цІыхухэм узэрепсэлъэн хуейр зыщомыгъэгъупщэ.
Уи участокым фІыуэ елэжь. Зыри щомыгъуэта унэхэм тегъэзэж. Унэ къэс зыгуэрым зэрызыхуэбгъэзэным хущІэкъу (фи щІыпІэм ар къезэгъыу щытмэ). Абы щхьэкІэ уэ нэгъуэщІ зэманым е нэгъуэщІ махуэм укъэкІуэн хуей хъункІэ хъунущ. ХъыбарыфІыр письмокІэ, телефонкІэ дгъэІумэ е уэрамым цІыхухэм дыщепсалъэмэ, унэм щІэмысу дымыгъуэтахэм хъыбарыфІыр ялъэдгъэІэсыфынущ.
ЦІыхум и гум узэрынэсыным хущІэкъу. Нэхъыбэ къэзыщІэну хуейхэм я деж умыгъэгувэу тегъэзэж. ЦІыхур нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэмэ, абы и бзэкІэ епсэлъэфыну ди къуэш е ди шыпхъу гуэр къыхуэгъуэт. Абы и бзэкІэ епсэлъэфын къомыгъуэтыху, уэ езыр абы и деж укІуэн хуейщ (od-U 94, абз. 39, 40).
«ПРОПОВЕДЬ НА „КРАЮ ЗЕМЛИ“» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Дапхуэдэу ди къуэш, ди шыпхъухэм зэрызагъэхьэзырар, щІыпІэ жыжьэм хъыбарыфІыр щагъэІун щхьэкІэ? (1Кр 9:22, 23).
Сыт хуэдэ гугъуехьхэм ахэр пэлъэща?
Сыт хуэдэ фІыгъуэхэр абы къахуихьа?
Уи щІыпІэм цІыху нэхъыбэм хъыбарыфІымкІэ уадэгуэшэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?