Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр иджыпсту щыщІэдзауэ убыд!
Уи нэгу къыщІэгъэхьэ ущыпсэу щІыпІэм жьы борэнышхуэ къэблагъэу. УнафэщІхэм псынщІэ дыдэу хъыбар ягъэІу: «ФИ ГЪАЩІЭР КЪЕВГЪЭЛ! ЗЫЩЫВГЪЭПЩКІУН ЩІЫПІЭ КЪЭВГЪУЭТ!» Сытыт уэ пщІэнур? ДауикІ, уэ псынщІэу зыгъэпщкІупІэ къэплъыхъуэнут.
Нобэ цІыхухэм я Іуэхур зыІутыр абы ебгъэщхь хъунущ. Хьисэ «гузэвэгъуэшхуэкІэ» зэджа «жьы борэныр» ди дежкІэ къоблагъэ (Маттэ 24:21). Дэнэ дыщымыпсэуами а гузэвэгъуэр псоми къытлъэІэсынущ. Ауэ дэ абы зыщытхъумэфынущ. Дапхуэдэу?
Абы теухуауэ Хьисэ жиІащ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Іуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ я ужь фит япэщІыкІэ» (Маттэ 6:33). Абы и чэнджэщым дапхуэдэу дызэрытетынур?
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Іуэхугъуэхэр псом япэ къэфлъыхъуэ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм ди гъащІэм япэ увыпІэр щиІыгъын хуейщ (Маттэ 6:25, 32, 33). Сыт щхьэкІэ? ЦІыхухэм я гугъуехьхэр езыхэм Іуахыжыфынукъым. Абы пэлъэщыфынур Алыхьым и Пащтыхьыгъуэ закъуэращ.
Тхьэм и щыпкъагъэр къэфлъыхъуэ. Сыт щыгъуи Алыхьым и унафэ пэжыр къэтлъыхъуэу дыщытын хуейщ икІи абы дытету дыпсэун хуейщ. Сыт щхьэкІэ? Іеймрэ фІымрэ дэ езым зэхэдгъэкІыну иужь дихьэмэ, абы фІы лъэпкъ къыпэкІуэнукъым (Притчи 16:25, Гъэс.). Ауэ Алыхьым и хабзэм дытету дыпсэумэ, ди гъащІэм ехъулІэныгъэрэ гуфІэгъуэрэ диІэу дыпсэунущ, нэхъыщхьэращи, Алыхьыр дэркІэ арэзыуэ щытынущ (Исаия 48:17, 18).
АдэкІи къэфлъыхъуэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Іуэхугъуэхэмрэ Тхьэм и щыпкъагъэмрэ. Хьисэ жиІэу щытащ языныкъуэхэм псом нэхъапэр ящыгъупщэу ахъшэм щыгугъыу щІадзэнкІэ зэрыхъунур. Адрейхэр нэгъуэщІ Іуэхухэм дихьэхыу, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм пыщІа лэжьыгъэм щхьэкІэ зэман ямыІэжу зэрыхъункІэ хъунур (Маттэ 6:19—21, 25—32).
Хьисэ дыкъегъэгугъэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр зыубыдахэм нобэ зыхуэныкъуэу хъуар зэрагъуэтынур икІи къэкІуэну зэманым Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэ куэд зэраІэнур (Маттэ 6:33).
Япэ дыдэу Хьисэ и лъэужь иувахэр абы и чэнджэщым тету Алыхьым и Іуэхум япэ увыпІэр я гъащІэм щратащ, ауэ абыхэм я гугъуехьхэр асыхьэту кІуэдакъым. Абы емылъытауэ, ахэр Алыхьым къызэрихъумэм шэч хэлътэкъым. Сытыт ар къызыхэщыр?
Хьисэ и лъэужь итхэр Алыхьым и хабзэм тету псэут. Абы и фІыгъэкІэ Алыхьым и хабзэхэр ІэщІыб зыщІ цІыхухэм яІэ гугъуехьхэм хуэдэ абыхэм яІэтэкъым. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къызэрыкІуэнур быдэу я фІэщ зэрыхъур абыхэм къадэІэпыкъут гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэлъэщыну. Сыт хуэдэ гугъуехьми пэлъэщыну Алыхьым абыхэм къару лей къаритт (2 Коринф 4:7—9).
«ТХЬЭМ И ТЕПЩЭНЫГЪЭШХУЭМ И ІУЭХУГЪУЭХЭР» УИ ГЪАЩІЭМ ЯПЭ ИБГЪЭУВЭНУ?
Хьисэ и лъэужь япэу иувахэм абы къарита къалэныр ягъэзащІэт. Абыхэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр щыпсэу щІыпІэм дэнэкІи щагъэІут (Колоссэ 1:23). Ар дыдэр зыщІэхэр ноби щыІэу пІэрэ?
ЩыІэщ! Иеговэ и Щыхьэтхэм къагуроІуэ куэд мыщІэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм нобэ щыІэ дунеижьым кІэ зэрыритынур, икІи зэман къэнэжар зэрымащІэр. Аращ абыхэм я къару псор Хьисэ жыхуиІа лэжьыгъэм щІратыр: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ, цІыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкІэ. Дунейм и кІэухыр къэсынущ абы и ужькІэ» (Маттэ 24:14).
Уэ сыт пщІэнур? Македоние щыІа Верие къалэм дэсахэм я щапхъэм утетыну укъыхудоджэ. Паул къажриІа Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр зэрызэхахыу абыхэм яфІэфІу ар къащтащ. Верие дэсхэм Тхыгъэ ЛъапІэм итыр куууэ яджащ, апостол Паул жиІам щыхьэт техъуэ псалъэхэр къагъуэтын щхьэкІэ. Куууэ яджа нэужь, абыхэм къагурыІуащ зэхахар зэрыпэжыр, икІи къащІам тету псэун щІадзащ (Апостолхэм 17:11, 12).
Апхуэдэ лъэбакъуэхэр уэри пхуэчынущ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр псом япэ уи гъащІэм ибгъэувэрэ абы и хабзэм утемыкІыу утетмэ, уэри нобэ Алыхьым укъихъумэнущ, къэкІуэну гъащІэми мамыру, гуфІэгъуэ уиІэу игъащІэкІэ упсэуфынущ.