Сыт зищІысыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр?
ЦІыху куэдыр хуейщ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр къэсыну. Ауэ уэ пщІэуэ пІэрэ ар зищІысыр икІи абы къытхуищІэнур?
БИБЛИЕМ ЖИІЭР
Сыт зищІысыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр?
Ар уафэм щыІэ правительствэщ икІи абы и Пащтыхьыр Хьисэ Мэссихьщ (Исаия 9:6, 7; Маттэ 5:3; Лука 1:31—33).
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт къытхуищІэнур?
ЦІыхухэм я гъащІэр гугъу зыщІ псори абы Іуихынущ икІи щІыр мамыр ищІыжынущ. Апхуэдэ гъащІэ дахэм зэи кІэух иІэнукъым (Даниил 2:44; Маттэ 6:10).
«Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Іуэхугъуэхэр» япэщІыкІэ къэплъыхъуэным къикІыр сыт?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр убыдын икІи Алыхьым щІылъэм хуиІэ мурадыр абы нэмыщІ зыми зэрыхуэмыгъэзэщІэнур быдэу уи фІэщ щІын (Маттэ 6:33; 13:44).