Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт къытхуихьынур?
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр игъасэу щытащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэну. Абы къыгурыІуэт Алыхьыр зэи зэрыхуэмеяр щІылъэм апхуэдиз гузэвэгъуэ щыІэну. Хьисэ ищІэт Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа дунейр зыми нэгъуэщІым зэрыхуэмыхъуэжынур. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт ищІэнур икІи дапхуэдэу?
АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ СЫТ ИЩІАР?
Мыбы ипэ ита статьям дэ щызэпкърытхащ Хьисэ зи гугъу ищІа Іуэхугъуэхэр. Ахэр къызэрыхъур щыхьэт тохъуэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр уафэм зэрытеувам.
Библием щыжыІащ Хьисэ тепщэныгъэр Алыхьым кърита иужь Иблисымрэ жинхэмрэ уафэм къызэрыридзыхар. Абыхэм уафэм ягъэзэжыну хуитыныгъэ яІэкъым, аращ 1914-нэ гъэм щыщІэдзауэ дунейр нэхъ Іей щІэхъуар (Апокалипсис 12:7, 9).
ГъащІэр нэхъ Іей зэрыхъур Хьисэ зэран къыхуэхъукъым цІыхухэм ядэІэпыкъуну. Дуней псом Библием ит пэжым цІыхухэр зэрыхурагъаджэм и фІыгъэкІэ, абыхэм Библием къыщащІар я гъащІэм къыщагъэсэбэпу зрагъасэ (Исаия 2:2—4). Мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм я унагъуэхэр нэхъ быдэ хъуащ икІи лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ къалъыс увыпІэр иратыжащ. Библием ит щІэныгъэм цІыхухэм иджыпстуи сэбэпынагъышхуэ къахуехьыр икІи ахэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ щІэту псэуну егъэхьэзырыр.
АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ МЫГУВЭУ ИЩІЭНУР
Хьисэ уафэм Пащтыхьу теувами, щІылъэм иджыри цІыхухэм ягъэува пащтыхьыгъуэхэр щыІэщ. Ар тохуэ Алыхьым Хьисэ жриІа псалъэхэм: «Уи бийхэм уахэту тепщэ» (Псалом 110:2). Куэд мыщІэу Хьисэ бийхэм кІэ къахуигъэкІуэнущ икІи Алыхьым и жыІэм щІэтыну хуейхэм я гуныкъуэгъуэхэмрэ гугъуехьхэмрэ Іуихынущ.
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм куэд мыщІэу ищІэну Іуэхугъуэхэр.
Дин нэпцІыр игъэкІуэдынущ. Алыхьым теухуауэ пцІы жызыІэ икІи цІыхухэм я гъащІэр хьэлъэ зыщІ динхэр афІэкІа зэи щыІэжынукъым. Библием дин нэпцІыр цІыхубз къэхьпэм ирегъэщхь. Ар зэрагъэкІуэдыр цІыху куэдым гущІыхьэ ящыхъунущ (Апокалипсис 17:15, 16).
ЦІыхухэм я тепщэныгъэм кІэ иритынущ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм кІэ иритынущ цІыхухэр зыр адрейм и тепщэу зэрыщытым (Апокалипсис 19:15, 17, 18).
ЦІыху Іейхэр игъэкІуэдынущ. Ерыщу Іуэху Іей ялэжьу Алыхьым и лъабжьэм щІэувэну хуэмей цІыхухэм сыт къащыщІынур? Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм апхуэдэ цІыху «бзаджащІэхэр мы щІыгум трихыжынущ» (Притчи 2:22, Гъэсэпэтхыдэхэр).
ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ кІэ яритынущ. ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ цІыхухэр зэи къагъэпцІэжыфынукъым (Апокалипсис 20:3, 10).
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ щІэува цІыхухэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къалъысыну?
АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ КЪЫТХУИХЬЫНУ ФІЫГЪУЭХЭР
Тепщэныгъэ зиІэ цІыхухэм яхузэфІэмыкІар Пащтыхь Хьисэ ищІэнущ. Алыхьым цІыхухэм щыщу уафэм щытепщэну къыхиха 144 000-м я гъусэу Хьисэ Алыхьым щІылъэм хуиІэ мурадыр игъэзэщІэнущ (Апокалипсис 5:9, 10; 14:1, 3). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІылъэм щыпсэуну цІыхухэм сыт яхуищІэнур?
Узыфэхэмрэ лІэныгъэмрэ кІэ иритынущ. «Зыми жиІэнукъым: „Сэ сысымаджэщ“ икІи «лІэныгъэри... щыІэжынукъым» (Исаия 33:24, Апокалипсис 21:4).
Нэгъэсауэ дунейр мамыр ищІынущ. «Уи къуэхэм мамырыгъэр куэду яІэнущ» икІи «дэтхэнэ зыри и жызум лъабжьэмрэ и ахъо лъабжьэмрэ щІэсыжынущ, икІи ахэр зыми игъэшынэнукъым» (Исаия 54:13; Михей 4:4).
Псоми лэжьыгъэ гъэщІэгъуэн, лэжьыгъэ гурыхь яритынущ. Алыхьым дыкъегъэгугъэ: «Сэ къыхэсхахэм я ІэдакъэщІэкІыр куэдрэ къагъэсэбэпынущ» икІи «пщІэншэу лэжьэнукъым» (Исаия 65:22, 23).
Дыкъэзыухъуреихь дунейр къабзэ ищІыжынущ. «Къумымрэ щІы гъущэмрэ икъукІэ гуфІэнущ, губгъуэ нэщІыр нэжэгужэ хъужынущ икІи шэфраным хуэдэу къэгъэгъэжынущ» (Исаия 35:1).
ЦІыхухэм щІэныгъэ яритынущ, гъащІэ мыухыж къалъысын щхьэкІэ. «ЦІыхухэм мыкІуэдыжын гъащІэ яІэ зэрыхъу гъуэгур уэ Тхьэ щыпкъэ закъуэр узэращІэнури, уэ къэбгъэкІуа Хьисэ Мэссихь зэращІэнури аращ» (Иуан 17:3).
Алыхьыр хуейщ гъащІэм и ІэфІагъыр зыхэтщІэу дуней дахэм дыщыпсэуну (Исаия 48:18). Иджыпсту щыщІэдзауэ къащІэ абы щхьэкІэ уэ пщІэн хуейр.