«Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ»
Хьисэ Мэссихь щІылъэм щыщыІам щыгъуэ и гъэсэнхэр хуригъаджэт Алыхьым и Тепщэныгъэшхуэр, е нэгъуэщІу жыпІэмэ и Пащтыхьыгъуэр, къэкІуэну елъэІуну (Маттэ 6:10). Хьисэ и псалъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, апхуэдэу Алыхьым уелъэІуным мыхьэнэшхуэ иІэт.
Тепщэныгъэшхуэм теухуа псалъэхэр Хьисэ и гъэсэнхэм нэгъэсауэ къагурыІуэтэкъым. Зэгуэр ахэр Хьисэ еупщІащ: «Зиусхьэн, мы махуэра Израилым и пащтыхьыгъуэр щызэфІэбгъэувэжынур?» Хьисэ абыхэм жэуап пыухыкІа къащримытым, ахэр къэгузэващ (Апостолхэм 1:6, 7). Абы къикІрэт цІыхухэм зэи къамыщІэну Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зищІысымрэ ар къыщыкІуэну зэманымрэ? ДауикІ, къикІтэкъым!
Мы журналым мыпхуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр къыщыпщІэнущ:
Сыт зищІысыр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр?
ЦІыхухэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІыхуэныкъуэр сыт?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьыр хэт?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІылъэм тепщэн щыщІидзэнур дапщэщ?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм сыт къытхуихьынур?
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр иджыпсту дубыдыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?