ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Июль н. 27—29
  • «ЦІыху псоми» гущІэгъу яхуэфщІ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «ЦІыху псоми» гущІэгъу яхуэфщІ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ХУЭДЭУ ЦІЫХУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЭФЩІ
  • ХЬИСЭ ХУЭДЭУ ЦІЫХУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЭФЩІ
  • ПАУЛ ХУЭДЭУ ЦІЫХУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЭФЩІ
  • «ФІЫ ЩІЭНЫМКІЭ БЗАДЖАГЪЭМ ТЕКІУЭ»
  • Иеговэ хуэдэу гущІэгъу зыхэвгъэлъ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Гузэвэгъуэшхуэм ухуэхьэзыру пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • ГъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Хьисэ хэлъа гущІэгъум щапхъэ тех
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Июль н. 27—29

«ЦІыху псоми» гущІэгъу яхуэфщІ

ХЬИСЭ и лъэужь ирикІуэхэр хъыбарыфІыр ягъэІуну щигъасэм щыгъуэ, абыхэм яжриІауэ щытащ ар псоми къызэрамыщтэнур (Лк. 10:3, 5, 6). Дэри нобэ хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж цІыхухэм Іей къыщыджаІэ е губжьауэ къыщытпэщІэувэ къохъу. Абы къыхэкІкІэ иныкъуэхэм деж гугъущ цІыхухэм гущІэгъу хуэпщІыну.

ГущІэгъу зыхэлъ цІыхум нэгъуэщІхэр зыхуэныкъуэр елъагъу, ахэр фІэгуэныхь мэхъу икІи дэІэпыкъуну хущІокъу. Ауэ цІыхухэм гущІэгъу яхуэдмыщІыжу дыхъумэ-щэ? Абы щыгъуэ хъыбарыфІыр цІыхухэм яжетІэну гукъыдэж диІэр тфІэкІуэдынурэ, цІыхухэм дадэІэпыкъуфынукъым. ХъыбарыфІыр дгъэІуну гукъыдэж диІэр мафІэм ебгъэщхь хъунущ. МафІэр мыужьыхыжын щхьэкІэ пхъэгъэсын зэрыхэбдзэн хуейм хуэдэу, хъыбарыфІыр дгъэІуну гукъыдэж диІэр мыужьыхыжын щхьэкІэ цІыхухэм гущІэгъу яхуэтщІын хуейщ (1 Фес. 5:19).

Сыт дэ къыддэІэпыкъунур гущІэгъу зыхэдгъэлъыну, ар бгъэлъэгъуэну гугъуу щытми? АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ Иеговэ, Хьисэ икІи апостол Паул сымэ я щапхъэхэр.

ИЕГОВЭ ХУЭДЭУ ЦІЫХУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЭФЩІ

Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ цІыхухэм Алыхьым теухуауэ пцІы куэд жаІэ. Ауэ Иеговэ «фІыр зыхуэдэр зыгурымыІуэ цІыхухэми, цІыху бзаджэхэми... фІыуэ яхущытщ» (Лк. 6:35). Иеговэ цІыхухэм фІыуэ зэрахущытыр дауэ къызэригъэлъагъуэр? Абы шыІэныгъэ хэлъщ икІи «цІыху псори мыкІуэду къригъэлыну» хуейщ (1 Тим. 2:3, 4). Алыхьым Іейр илъагъу мыхъуу щытми, цІыхухэр абы и дежкІэ лъапІэщ икІи абыхэм я гъащІэр яфІэкІуэдыну хуейкъым, Іей зыщІэхэри абыхэм яхэту (2 Пет. 3:9).

Иеговэ къыгуроІуэ «ШейтІаным... фІэщхъуныгъэ зимыІэхэм я гур нэф ищІауэ» зэрыщытыр (2 Кор. 4:3, 4). Куэдыр зэрыцІыкІу лъандэрэ Алыхьым теухуауэ пцІым хурагъаджэ, абы къыхэкІкІэ абыхэм я дежкІэ гугъущ пэжыр къащтэну. Ауэ Иеговэ апхуэдэ цІыхухэм зэрадэІэпыкъуным иужь итщ. Дэнэ дэ ар щытщІэр?

Псалъэм папщІэ, дигу къэдгъэкІыжынщ Иеговэ Нинуй къалэм (Ниневием) дэсахэм зэрахущытар. Ахэр цІыху гущІэгъуншэу зэрыщытам емылъытауэ Иеговэ Инус жриІат: «АтІэ Сэ дауэ сигу щІэмыгъунрэ Іэ ижьымрэ сэмэгумрэ зэхэзмыгъэкІыфу цІыху минищэрэ тІощІым щІигъу зыдэс Нинуй къалэшхуэм?» (Инус 4:11). А цІыхухэм Алыхьым теухуауэ пэжыр ящІэтэкъым, абы щхьэкІэ Иеговэ ахэр Іейуэ фІэгуэныхь хъури Инус яхуигъэкІуащ я щІэпхъаджагъэхэр къамыгъанэу щытмэ, тезыр зэратрилъхьэнур жригъэІэну.

Дэри Иеговэ цІыхухэм зэрахущытым хуэдэу дахущытыну дыхущІокъу. Псалъэм папщІэ, дэтхэнэ цІыхуми Алыхьыр къедгъэцІыхуну дыхэтщ, дызэпсалъэм пэжыр къимыщтэну къытфІэщІми.

ХЬИСЭ ХУЭДЭУ ЦІЫХУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЭФЩІ

Хьиси, и Адэм хуэдэу, цІыхухэр фІэгуэныхь хъут. Библием итщ: «Мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкІыу цІыхухэр щилъагъум, Хьисэ игу ящІэгъуащ» (Мт. 9:36). Хьисэ къыгурыІуэт ахэр апхуэдэ Іуэхугъуэ щІихуар. Апхуэдэу щІыщытыр дин пашэхэм ахэр пцІым хурагъаджэу икІи цІыху икІэу ялъытэу зэрыщытырат. Хьисэ ищІэт щхьэусыгъуэ куэдым къыхэкІкІэ цІыху куэдым пэжыр къызэрамыщтэнур. Ауэ, абы емылъытауэ, «Іуэхугъуэ куэд ущие хъыбархэмкІэ яригъащІэрт Хьисэ» (Мк. 4:1—9).

ХъыбарыфІыр щывгъэІукІэ цІыхур занщІэу къывэмыдаІуэмэ, фи Іэр евмыхьэх

ЦІыхум и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къызэрыхыхьам щхьэкІэ, пэжым еплъыкІэ хуиІэр ихъуэжынкІэ хъунущ

ХъыбарыфІыр цІыхухэм щахуэтІуатэм деж языныкъуэхэр къыдэдэІуэну хуэмеймэ, абы и щхьэусыгъуэр зэхэдгъэкІын хуейщ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэу зызыбжыж цІыхухэм ящІэ Іейхэр зэралъагъум щхьэкІэ, языныкъуэхэм Библиеми Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэми еплъыкІэ Іей хуаІэщ. Адрейхэм ди фІэщ хъум теухуауэ пцІы зэхахауэ къыщІэкІынщ. Я гъунэгъухэр е благъэхэр къазэрыщыдыхьэшхынум щхьэкІэ къыдэмыдаІуэхэри щыІэщ.

ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызыхуэзэ языныкъуэ цІыхухэм Іуэхугъуэ Іейхэр я нэгу зэрыщІэкІам щхьэкІэ, я гур уІауэ, гуауэ илъщ. Миссионеру лажьэ ди шыпхъу Ким жеІэ: «ХъыбарыфІыр зыжетІэ куэдым зауэ ялъэгъуащ, я мылъкури яфІэкІуэдащ, зыщыгугъыни яІэкъым. Абыхэм я гур зэщыуащ икІи зыми дзыхь хуащІыжкъым. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ зэран къытхуэхъуну хэт цІыхухэм щІэх-щІэхыурэ дрохьэлІэ. Апхуэдэу зэгуэрым унэм къыщІэкІам сиукІыну хэтащ».

А псом емылъытауэ, сыт Ким къыдэІэпыкъур цІыхухэм гущІэгъу хэлъу ябгъэдэтыну? Ар къыддогуашэ: «Псалъэ Іейхэр къыщызжаІэм деж, сигу къокІыж Притчи 19:11 ит псалъэхэр: „ЗэхэщІыкІ зэриІэр цІыхум мыгубжьыну къыдоІэпыкъу“. Абыхэм я нэгу щІэкІам сызэрегупсысыр къыздоІэпыкъу гущІэгъу яхуэсщІыну. ИкІи дызыхуэзэ псори Іейуэ къытхущыткъым. Тедгъэзэжу дыздэкІуэ языныкъуэ цІыхухэри яфІэфІу къыдодаІуэ».

УпщІэ зэттыж хъунущ: «Абыхэм я пІэ ситамэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм хъыбар къызжаІэм сэ дауэт сызэрыхущытынур?» Псалъэм папщІэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм жаІэм федэІуэнут, абыхэм теухуауэ пцІы зэхэфхатэмэ? ФедэІуэну къыщІэкІынтэкъым икІи гущІэгъу къыфхуащІын хуеину къыщІэкІынт. Хьисэ и псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэнкъым: «ЦІыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт сыт щыгъуи» (Мт. 7:12). Аращи, цІыхум и гум щыщІэр къыдгурыІуэу, шыІэныгъэ тхэлъу дыхущытын хуейщ, ар гугъуу щытми.

ПАУЛ ХУЭДЭУ ЦІЫХУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЭФЩІ

Апостол Паул хъыбарыфІыр щигъэІум губжьауэ къыпэщІэувэхэми гущІэгъу хэлъу яхущытт. Сыт щхьэкІэ? Абы ищІэжт пэжыр къищІэн ипэ сыт хуэдэ цІыхуу щытами. Абы итхащ: «Сэ ар [Тхьэр] згъэпцІу, абы и цІыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икІи абы сыхущІэджэу щыта пэтми, гущІэгъу къысхуищІащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІэщхъуныгъэ симыІэу, злэжьу щыта Іуэхухэр зыхуэдэр къызгурымыІуэу сыпсэуэ щытати» (1 Тим. 1:13). Паул ищІэт Иеговэрэ Хьисэрэ гущІэгъушхуэ къызэрыхуащІар. Абы къыпэщІэувэ цІыхухэр къыгурыІуэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я гупсысэкІэм хуэдэ япэм езыми иІат.

Дин нэпцІыр быдэу зи фІэщ хъу цІыхухэм Паул щыхуэзэ къэхъут. Апхуэдэм деж сытыт абы зыхищІэр? Зэгуэрым Афинэ къалэм щыІэу «тхьэ нэпцІ сурэтхэр къалэм дэзу щилъагъум, ар Паул игу къеуащ» (Апост. 17:16). Ауэ, абы емылъытауэ, Паул а Іэмал иІэ хъуар къигъэсэбэпащ абы дэс цІыхухэм Алыхь пэжым теухуауэ яжриІэну (Апост. 17:22, 23). Зэпсалъэ цІыхухэм елъытауэ, Паул и бгъэдыхьэкІэр ихъуэжт «нэгъуэщІ мыхъуми, цІыху гуэрхэр мыкІуэду къелын щхьэкІэ» (1 Кор. 9:20—23).

ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ Іейуэ къытхущытхэм е дин нэпцІыр быдэу зи фІэщ хъу цІыхухэм дащыхуэзэм деж, дэри Паул хуэдэу цІыхухэм я фІэщ хъур къэдгъэсэбэп хъунущ (Ис. 52:7). Дороти зицІэ ди шыпхъур къыддогуашэ: «Ди щІыпІэм щыпсэу цІыху куэдым Алыхьыр гущІэгъуншэу икІи дызэригъэкъуэншэн къилъыхъуэу я фІэщ мэхъу. Сэ апхуэдэ цІыхухэм Алыхьыр быдэу я фІэщ зэрыхъум щхьэкІэ сащотхъури, Иеговэ цІыхухэр фІыщэу зэрилъагъур икІи гъащІэ мыухыж яритыну зэрыхуейр Библием зэритыр яжызоІэ».

«ФІЫ ЩІЭНЫМКІЭ БЗАДЖАГЪЭМ ТЕКІУЭ»

Дунейм и кІэр нэхъ гъунэгъу хъуху, языныкъуэ цІыхухэр къызэрытхущытри хъыбар дгъэІум зэрыхущытри нэхъ Іей мэхъу (2 Тим. 3:1, 13). Ауэ абы ди гуфІэгъуэр зыфІедгъэгъэкІуэду цІыхухэм гущІэгъу яхуэтщІыну зэран зыхуэдгъэхъу хъунукъым. Иеговэ къару къыдитынущ «фІы щІэнымкІэ бзаджагъэм» дытекІуэн щхьэкІэ (Рим 12:21). Пионеру лажьэ Джэссикэ жеІэ: «Сэ щІэх-щІэхыурэ сырохьэлІэ Іэдэбагъ зыхуримыкъу цІыхухэм. Ахэр дэри хъыбар къетхьэкІми щодыхьэшх. Иныкъуэм деж абы хуабжьу сыкъегъэгубжь. ЦІыхум епсэлъэн щІэздзэн ипэ Иеговэ лъэІукІэ зыхузогъазэ езыр цІыхум зэреплъым хуэдэу сеплъын щхьэкІэ къыздэІэпыкъуну. Абы иужь сэ сыкъызэрагъэгубжьам икІи си жагъуэ зэращІам семыгупсысу цІыхум сызэрыдэІэпыкъуным егупсысын щІызодзэ».

Дэ пэжыр къэзыщІэну хуейхэр адэкІи къыдолъыхъуэ

Зэман дэкІа иужь языныкъуэ цІыхухэр къыдэдаІуэу щІадзэ икІи пэжыр къащІэ

Абы нэмыщІ ди гъусэу хъыбарыфІыр зыгъэІухэри дгъэгушхуэн хуейщ. Джэссикэ къыддогуашэ: «ХъыбарыфІыр зыгуэрым и гъусэу щызгъэІукІэ ди жагъуэ хъун Іуэхугъуэ гуэр къэхъуамэ, абы мыхьэнэ езмыту, ди гур фІы зыщІыжын гуэрым сытопсэлъыхь. Псалъэм папщІэ, псори къыдэмыдаІуэми, хъыбарыфІ гъэІуным фІыгъуэ куэд къызэрихьым и гугъу сощІ».

ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр Иеговэ фІы дыдэу ещІэ. Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ, абы хуэдэу дэри цІыхухэм гущІэгъу щахуэтщІым деж! (Лк. 6:36). ДауикІ, Иеговэ мы дунейм тет цІыхухэм гущІэгъу яхуищІу сыт щыгъуи щытынукъым. Шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ Иеговэ мы дунейм кІэ къыщыхуигъэкІуэну махуэр зэрищІэм. Ауэ а зэманыр къэсыхукІэ хъыбарыфІ гъэІуныр псом ипэ идгъэщу а лэжьыгъэм дыхэтын хуейщ (2 Тим. 4:2). Аращи, адэкІи хъыбарыфІ гъэІуным гукъыдэж диІэу дыхэвгъэт икІи «цІыху псоми» гущІэгъу тхэлъу дахущывгъэт!

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын