ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Июль н. 21—26
  • Дэ Иеговэ и лъэпкъыу дыщытщ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дэ Иеговэ и лъэпкъыу дыщытщ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДИ ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭ ИДОЛЪХЬЭ
  • ДУНЕЙР ЗЫЩІЭХЪУЭПС ІУЭХУХЭР ІЭЩІЫБ ДОЩІ
  • ФІЫЩЭУ ДЫЗЭРОЛЪАГЪУ
  • «ИЕГОВЭ И ЛЪЭПКЪЫР КЪИГЪЭНЭНУКЪЫМ»
  • Псым зыщІэдгъэуэным мыхьэнэ щІиІэр сыт?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Иеговэ и унагъуэм фызэрыщыщыр лъапІэу флъытэ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Дэ ди Адэ Иеговэ фІыщэу долъагъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Июль н. 21—26

Дэ Иеговэ и лъэпкъыу дыщытщ

«НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр! Езым ейуэ къыхиха лъэпкъыр» (ПС. 33:12).

УЭРЭДХЭР: 40, 50

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэу псым зэрызыщІэдгъауэм сыт къигъэлъагъуэр?

  • Сыт цІыхухэм щІалъэгъун хуейр Иеговэ фІэкІ нэгъуэщІым зыми дызэрыхуэмылажьэр?

  • Ди къуэш, ди шыпхъухэм хьэщІагъэ етхыу, гуапэу, хьэлэлагъ тхэлъу дахущытыным икІи я щыуагъэхэр яхуэдгъэгъуным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

1. Иеговэ псори ейуэ сыт жыпІэ щІэхъунур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

ИЕГОВЭ псори ейщ! Абы и ІэмыщІэм илъщ «уафэхэри, уафэхэм я щхьэж щыІэхэри, щІылъэри абы щыІэ псори» (Втор. 10:14; Апок. 4:11). Абы цІыхухэр къыщигъэщІакІэ, ахэри ейщ (Пс. 100:3). Ауэ тхыдэр къапщтэмэ, Алыхьым езым хуэлэжьэн щхьэкІэ цІыхухэр къыхихыу щытащ.

2. Хэт Иеговэ езым къыхихауэ и «лъэпкъ лъапІэу» илъытэу щытар?

2 Псалъэм папщІэ, япэм Иеговэ хуэпэжу щыта израил цІыхухэм щхьэкІэ Псалом 135-м щыжыІащ ахэр Алыхьым «езым ейуэ» (Пс. 135:4). Абы нэмыщІ Хьошеа (Осие) и тхылъым щыжыІащ израил цІыхухэм щымыщхэри Иеговэ и лъэпкъым зэрыгухьэнур (Ос. 2:23). Абы и псалъэхэр къэхъуащ Хьисэ и тепщэныгъэр дэзыІыгъынухэр Иеговэ нэгъуэщІ лъэпкъхэм къахишу щыщІидзам щыгъуэ (Апост. 10:45; Рим 9:23—26). Ахэр «лъэпкъ лъапІэу» икІи «Тхьэм и цІыхухэу» щытщ (1 Пет. 2:9, 10). Абы хыхьэхэм уафэм кІуэну гугъэ яІэщ. Ауэ щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Иеговэ ахэри езым «къыхиха» и «лъэпкъыу» елъытэ (Ис. 65:22).

3. 1) Хэт нобэ Иеговэ къыхихауэ и цІыхуу щытыр? 2) Мы статьям сыт дэ щызэпкърытхынур?

3 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ «гуп мащІэмрэ» щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэ «нэгъуэщІ мэлхэмрэ» нобэ «зы мэл хъушэу» щытщ (Лк. 12:32; Ин. 10:16). Иеговэ и дежкІэ ахэр зы лъэпкъщ. Дэ дыхуейщ апхуэдэ щІыхьышхуэ къызэрытхуищІам щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ хуэтщІыну! Аращи, ди гум фІыщІэ илъыр дапхуэдэу къэдгъэлъагъуэ хъунуми мы статьям щызэпкърытхынущ.

ДИ ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭ ИДОЛЪХЬЭ

4. Иеговэ и лъэпкъым щыщ дыхъуну Іэмал къызэрыдитам щхьэкІэ ди гум фІыщІэ зэрилъыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур икІи Хьисэ дауэ ар къызэригъэлъэгъуар?

4 Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьэмкІэ, абы къытхуищІэ псор фІыщІэ зэрытщІыр къыдогъэлъагъуэ. Дэ псым зыщыщІэдгъауэм деж, псоми ялъагъу Иеговэ ейуэ дыщытыну дызэрыхуейр икІи и унафэм дедэІуэну дызэрыхьэзырыр (Евр. 12:9). Хьиси псым зэрызыщІигъэуам арат къигъэлъагъуэр. Ар Иеговэ къыхиха и лъэпкъым къыщалъхуами, псым зыщІигъэуащ, Алыхьым и мурадыр игъэзэщІэну зэрыхьэзырыр игъэлъэгъуэн папщІэ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, абы Иеговэ мыпхуэдэу жриІащ: «Уи Іэмырыр зэрызгъэзащІэм, си Алыхь лъапІэ, гурыфІыгъуэ къызет» (Пс. 40:7, 8).

5, 6. 1) Иеговэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІа Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ? 2) Ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щитлъхьэм деж, абы иІэ гурыщІэхэр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ къэфхь.

5 Иеговэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІа Хьисэ псым зыщыщІигъэуам щыгъуэ? Библием щыжыІащ: «Иуан зригъэумэхъри, Хьисэ псым къыхэкІыжащ. Псым къыщыхэкІыжым, уафэр зэІукІри, Тхьэм и Псэ ЛъапІэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иІэу, къызэрыхуехар Хьисэ илъэгъуащ. Уафэм макъ къиІукІащ итІанэ: „Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр“» (Мт. 3:16, 17). Хьисэ Иеговэ ейуэ щытт. Ауэ, ар нэгъуэщІым хуэмылажьэу и Адэм хуэлэжьэну мурад зэрищІар Иеговэ и гуапэ хъуащ. Апхуэдэу Иеговэ мэгуфІэ икІи и нэфІ къытщохуэ дэри ди гъащІэр и ІэмыщІэ щитлъхьэм деж (Пс. 149:4).

6 ЗэрыжытІащи, Иеговэ псори ейщ. Сыт-тІэ дэ абы еттыфынур? Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ удз гъэгъа дахэхэр хадэм щызыгъэкІ цІыху. Зэгуэрым абы и пхъу цІыкІум зы удз гъэгъа къречри и адэм ирет. А удз гъэгъар адэм езым ейуэ щытми, и пхъум тыгъэ къызэрыхуищІам ар егъэгуфІэ. Зи пхъур фІыуэ зылъагъу адэм и гуапэу а тыгъэр къыриІыхынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къегъэлъагъуэ сабийм и адэр фІыуэ зэрилъагъур. А удз гъэгъа цІыкІур хадэм ит удз гъэгъахэм нэхърэ псом нэхъ лъапІэу илъытэнущ абы. Апхуэдэу дэри Иеговэ догъэгуфІэ, и мурадыр дгъэзэщІэну ди гъащІэр и ІэмыщІэ щитлъхьэм деж (Исх. 34:14).

7. Малахия тхылъым къызэрыхэщымкІэ, я гум къыбгъэдэкІыу хуэлажьэхэм Иеговэ дауэ зэрыхущытыр?

7 Къеджэ Малахия 3:16a. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? ЦІыхур ныбэм щилъым щыщІэдзауэ и гъащІэр Иеговэ ейуэ щытщ. Апхуэдэу уэри уи гъащІэр Иеговэ ейщ. Ауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт, Иеговэ и тепщэныгъэм и лъабжьэ ущІэувэу уи гъащІэр и ІэмыщІэ иплъхьэмэ, ар зэрыгуфІэнур! (Прит. 23:15, Гъэсэпэтхыдэхэр). Я гум къыбгъэдэкІыу хуэлажьэхэр Иеговэ ецІыху икІи абыхэм я цІэхэр «и пащхьэ илъ тхылъым» иретхэ.

8, 9. Иеговэ «и пащхьэ илъ тхылъым» зи цІэ иритхахэм сыт яхуигъэувыр?

8 Иеговэ «и пащхьэ илъ тхылъым» ди цІэхэр щритхэм деж, дэри зыгуэр тщІэн хуейуэ къытхуегъэув. Малахия тхылъым зэритымкІэ дэ Алыхь фІэлІыкІ диІэн хуейщ икІи абы и цІэм дегупсысын хуейщ. НэгъуэщІ гуэрым дыхуэлэжьэн щІэддзэу щытмэ, «мыкІуэдыжын гъащІэ зыгъуэтынухэм я цІэхэр зэрыт тхылъым» ди цІэр Иеговэ иритхъыкІыжынущ (Апок. 3:5; Исх. 32:33).

ДыпсэухукІэ Иеговэ жиІэм дызэредаІуэр махуэ къэс дгъэлъэгъуэн хуейщ

9 Иеговэ и мурадыр дгъэзэщІэн щхьэкІэ дыхуэлэжьэну къэдгъэгугъэу, псым зыщІэдгъэуэныр мащІэщ. Апхуэдэ псалъэ зэщ зэрыттыр, ауэ Иеговэ хуэлэжьэныр ди гъащІэм хэпщауэ щытын хуейщ. ДыпсэухукІэ Иеговэ жиІэм дызэредаІуэр махуэ къэс дгъэлъэгъуэн хуейщ (1 Пет. 4:1, 2).

ДУНЕЙР ЗЫЩІЭХЪУЭПС ІУЭХУХЭР ІЭЩІЫБ ДОЩІ

10. Иеговэ хуэлажьэхэр абы хуэмылажьэхэм сыткІэ къащхьэщыкІын хуей?

10 Мыбы ипэ зэпкърытха статьям Къаин, Сэлмэн, израил лъэпкъым я щапхъэхэм дытепсэлъыхьауэ щытащ. Абыхэм Иеговэ хуэлажьэу ябжт, ауэ ягу псокІэ хуэпэжтэкъым. Абыхэм я щапхъэм къыдгурегъаІуэ Иеговэ и лъэпкъым щыщхэм пэжыгъэр фІыуэ ялъагъуу икІи Іейр ІэщІыб ящІу щытын зэрыхуейр (Рим 12:9). Гу лъытапхъэщ, Малахие Иеговэ «и пащхьэ илъ тхылъым» и гугъу щищІам щыгъуэ, мыпхуэдэу зэритхам: «Фэ аргуэру флъэгъунущ пэжыгъэ зигу илъымрэ мыхъумыщІагъэ зыщІэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр» (Мал. 3:18).

11. Гурэ псэкІэ Иеговэ закъуэ дызэрыхуэлажьэр псоми ялъэгъун щІыхуейр сыт?

11 Иеговэ и лъэпкъым щыщ дыхъуну Іэмал къызэрыдитар фІыщІэ зэрытщІыр дауэ иджыри къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Иеговэ и лъэныкъуэр зэрытІыгъыр псоми наІуэу ялъэгъун хуейщ (Мт. 5:16; 1 Тим. 4:15). ФызэупщІыж: «Гурэ псэкІэ Иеговэ закъуэ сызэрыхуэлажьэр псоми ялъагъурэ? Иеговэ и Щыхьэту сызэрыщытыр нэгъуэщІхэм яжесІэну сыукІытэу пІэрэ?» Фегупсысыт, сыт Иеговэ и гум щыщІэнур, абы и лэжьакІуэу дызэрыщытыр нэгъуэщІхэм яжетІэну дытемыгушхуэмэ? (Пс. 119:46; къеджэ Марк 8:38).

Фи псэукІэм къигъэлъагъуэу пІэрэ Иеговэ и Щыхьэту фызэрыщытыр? (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)

12, 13. ЦІыхур Иеговэ и Щыхьэту зэрыщытыр къыбгурыІуэну иныкъуэм деж сыт щІэгугъур?

12 Ди жагъуэ зэрыхъущи, языныкъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм мы дунейм и еплъыкІэр зэран зыхуагъэхъуащ. Абы къыхэкІкІэ ахэр Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм къазэрыщхьэщыкІыр плъэгъуну гугъущ (1 Кор. 2:12). Мы дунейм и еплъыкІэм цІыхухэр хуегъэуш я «гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыщІэхъуэпс... Іуэху мыхъумыщІэхэм» хущІэкъуну (Еф. 2:3). Псалъэм папщІэ, ди теплъэм и гугъу тщІынщ. Абы теухуауэ мызэ-мытІэу чэнджэщ къыдат, ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу щыгъын къемызэгъ щызытІагъэхэр щыІэщ. Языныкъуэхэм щыгъын зэв е къихыІуа щатІагъэ икІи апхуэдэу зэхуэсым щыкІуи къохъу. НэгъуэщІхэм мы дунейм щыщхэм зрагъэщхьри я щхьэцыр къемызэгъыу ящІ (1 Тим. 2:9, 10). Абы къыхэкІкІэ апхуэдэ цІыхум ущеплъкІэ гугъущ къыбгурыІуэну ар Иеговэ и Щыхьэту щытрэ щымытрэ (Екъуб 4:4).

13 Иеговэ и Щыхьэту щыт языныкъуэхэм дунейм и еплъыкІэр нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ зэран къахуохъу. Псалъэм папщІэ, абыхэм я къэфэкІэр, я зыщІыкІэр Иеговэ и Щыхьэтхэм я деж къемызэгъыу щытщ. Социальнэ сетьхэм щатххэмкІэ икІи сурэт иралъхьэхэмкІэ абыхэм Иеговэ и лъэныкъуэр яІыгъыу жыпІэ хъунукъым. Абыхэм тезыр щІытралъхьэн гуэныхьышхуэ ящІэ хъункъым, ауэ мы дунейм щымыщу щытын щхьэкІэ къарууэ яІэр езыхьэлІэ къуэш, шыпхъухэм зэран яхуэхъуфынущ ахэр. (Къеджэ 1 Петр 2:11, 12.)

Иеговэ и лъэныкъуэр быдэу зымыІыгъхэр зэран зыхуэвмыгъэхъу

14. Сыт дэ тщІэн хуейр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр тхъумэжын щхьэкІэ?

14 Мы дунейм «цІыхухэм я гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэри, я нэхэр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэри, цІыхухэр зэрыпагэ Іуэхугъуэхэри» ящІэну хуегъэуш (1 Ин. 2:16). Ауэ дэ Иеговэ и лъэпкъым дыщыщщи дыхущІэкъун хуейщ «Тхьэм и фІэлІыкІ зыхэмылъ псэукІэми, мы дунейм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэми ди щІыб яхуэдгъэзэну, гулъытэрэ щыпкъагъэрэ диІэу, Тхьэм и фІэлІыкІ ди гум илъу, мы зэманым дыпсэуну» (Тит 2:12). Ди псэлъэкІэмкІэ, зыхуэпэкІэмкІэ, теплъэмкІэ, абы нэмыщІ лэжьыгъэм, шхэным, фадэм дызэрыхущытымкІэ — зы псалъэкІэ жыпІэмэ, ди псэукІэмкІэ Иеговэ дызэрыхуэпэжыр псоми къагурыІуэу щытын хуейщ. (Къеджэ 1 Коринф 10:31, 32.)

ФІЫЩЭУ ДЫЗЭРОЛЪАГЪУ

15. Ди къуэш, ди шыпхъухэм гуапэу икІи лъагъуныгъэ тхэлъу сыт дахущытын щІыхуейр?

15 Иеговэ и ныбжьэгъуу дызэрыщытыр фІыщІэ тщІымэ, ар ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыхущытым къигъэлъэгъуэнущ. Ахэри Иеговэ ейщ. Ар зыщыдмыгъэгъупщэу щытмэ, дэ сыт щыгъуи абыхэм гуапэу икІи лъагъуныгъэ тхэлъу дахущытынущ (1 Фес. 5:15). Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытащ: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Ин. 13:35).

16. Алыхьым Мусэ ирита хабзэм дауэ къызэрыхэщыр Иеговэ и лэжьакІуэхэр лъапІэу зэрилъытэр?

16 Зэхуэсым хэт къуэш, шыпхъухэм дазэрыхущытын хуейр къэзыгъэлъагъуэ зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Алыхьым и Унэшхуэм щІэлъ хьэпшыпхэр Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэт къыщІагъэсэбэпыр, нэгъуэщІ Іуэху щхьэкІэ къагъэсэбэптэкъым. Алыхьым Мусэ ирита хабзэм а хьэпшыпхэр дапхуэдэу къэбгъэсэбэпынуми гурыІуэгъуэу итт икІи абы итым ебакъуэхэр лІэнут (Чис. 1:50, 51). Иеговэ а хьэпшыпхэм апхуэдэ мыхьэнэ ириту щыщытакІэ, фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абы и лэжьакІуэ пэжхэм дазэрыхущытым дапхуэдиз мыхьэнэ иритми! Иеговэ лъапІэу дызэрилъытэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къигъэлъэгъуауэ щытащ: «Фэ къывэІусэр си нэкугъуэм къеІусэм хуэдэщ» (Зах. 2:8).

Ди къуэш, ди шыпхъухэм хьэщІагъэ етхмэ, гуапэу, хьэлэлагъ тхэлъу дахущытмэ икІи я щыуагъэхэр яхуэдгъэгъумэ, Иеговэ абы гу лъетэ

17. Иеговэ сытым гу лъитэрэ?

17 Иеговэ и лэжьакІуэхэр зыр зым зэрыхущытым «гу лъитэу икІи едаІуэу» Малахия тхылъым щыжыІащ (Мал. 3:16). Пэжщ, «Зиусхьэным езым и цІыхухэр ещІэ» (2 Тим. 2:19). Абы дэ жытІэ псори, тщІэуэ хъуари ещІэ (Евр. 4:13). Ди къуэш, ди шыпхъухэм гуапэу дахущымытмэ, Иеговэ абы гу лъетэ. Апхуэдэ дыдэу, ди къуэш, ди шыпхъухэм хьэщІагъэ етхмэ, гуапэу, хьэлэлагъ тхэлъу дахущытмэ икІи я щыуагъэхэр яхуэдгъэгъумэ, шэч къытедмыхьэми хъунущ Иеговэ абыи гу зэрылъитэм (Евр. 13:16; 1 Пет. 4:8, 9).

«ИЕГОВЭ И ЛЪЭПКЪЫР КЪИГЪЭНЭНУКЪЫМ»

18. Иеговэ и лъэпкъым щыщ дыхъуну Іэмал къызэрыдитам щхьэкІэ ди гум фІыщІэ зэрилъыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

18 Дэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ Иеговэ и лъэпкъым щыщ дыхъуну Іэмал къызэрыдитам щхьэкІэ. Дэ къыдгуроІуэ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэритлъхьар псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ икІи Іущагъ зыхэлъ унафэу зэрыщытыр. ЦІыху ерыщхэм икІи мыхъумыщІагъэ зыщІэхэм дахэту дыпсэуми, «къуаншагъэ» дымыщІэу, «гукъабзагъэ» диІэу дыпсэуфынущ икІи «дуней кІыфІым къыхэцІуукІ вагъуэхэм хуэдэу а цІыхухэм» дакъыхэлыдыкІыфынущ (Флп. 2:15). Абы къыхэкІкІэ дэ дыхущІокъу Иеговэ илъагъу мыхъу псоми пэІэщІэ зыхуэтщІыну (Екъуб 4:7). Абы нэмыщІ ди къуэш, ди шыпхъухэм лъагъуныгъэ тхэлъу дахущытщ икІи пщІэ яхудощІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ къыдгуроІуэ ахэри Иеговэ ейуэ зэрыщытыр (Рим 12:10).

19. Иеговэ и цІыхухэр сыткІэ къигъэгугъэрэ икІи сыт абыхэм яхуищІэр?

19 Тхыгъэ ЛъапІэм дызыгъэгушхуэ псалъэхэр итщ: «Иеговэ и лъэпкъыр къигъэнэнукъым» (Пс. 94:14). НэгъуэщІу жыпІэмэ, Иеговэ дыкъегъэгугъэ сыт къэмыхъуами, ар сыт щыгъуи дигъусэну. ДылІэу щытми, Иеговэ дыщыгъупщэнукъым (Рим 8:38, 39). Рим 14:8 щыжыІащ: «Дыпсэуми, Зиусхьэным дыхуопсэу, дылІэми, Зиусхьэным дыхуолІэ. Аращи, дыпсэуми дылІэми, Зиусхьэным дрейщ». Дэ къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ Иеговэ и ныбжьэгъу пэжхэр къыщигъэтэджыжыну зэманым (Мт. 22:32). Ауэ иджыпстуи уафэм щыІэ ди Адэм фІыгъуэ куэд къытхуещІэ. Псалом 33:12 итщ: «НасыпыфІэщ Иеговэ зи Алыхьу щыт лъэпкъыр! Езым ейуэ къыхиха лъэпкъыр».

a Малахия 3:16: «Абы щыгъуэ Иеговэ щышынэхэр зэпсалъэт, щхьэж езым и гъунэгъум, Иегови абы гу лъитэт икІи едаІуэт. Иеговэ щышынэхэмрэ и цІэм егупсысхэмрэ абы и пащхьэ илъ тхылъым иратхэт».

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • Дэ Иеговэ езым къыхиха и лъэпкъым дыщыщщ: Иеговэ гъащІэ къыдитащи, ныбэм дыщилъым щыщІэдзауэ Иеговэ ейуэ дыщытщ. Ауэ ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьэу, псым зыщыщІэдгъауэм деж икІи абы дыхуэлэжьэн щхьэкІэ ди гъащІэр къыщыдгъэсэбэпым деж, езым къыхиха и лъэпкъым щыщ дохъу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын