Удихьэхыу икІи сэбэп къыпхуэхъуу Библием узэреджэ хъунур
НУН И КЪУЭ ЕХЬОШУА израил лъэпкъыр иришэн хуейт Алыхьым яритыну къызэригъэгугъа щІыналъэм. А къалэныр гугъуехь куэдым пыщІат. Ауэ Иеговэ Нун и къуэ Ехьошуа къигъэгугъат абы ехъулІэныгъэ иІэну икІи жриІат лІыгъэрэ теубыдагъэрэ зыхигъэлъыну. Ар Алыхьым и хабзэм жэщи махуи еджэн хуейт, абы итыр игъэзэщІэн щхьэкІэ. Абы и фІыгъэкІэ Нун и къуэ Ехьошуа ехъулІэныгъэ иІэнут икІи Іущагъ зыхэлъ унафэхэр ищІынут (Иис. Н. 1:7, 8).
Дэри гугъуехь куэдым дыпэщІохуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «зэман гугъухэм» дыщопсэу (2 Тим. 3:1). Ди гугъуехьхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ, Иеговэ Нун и къуэ Ехьошуа ирита унафэм дэри дытетын хуейщ. Аращи, Іущагъ зыхэлъ унафэхэр тщІын щхьэкІэ, мыхьэнэшхуэ иІэщ Библием махуэ къэс деджэу, абы ит чэнджэщхэр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпыным.
Языныкъуэхэм Библие джыныр зэшыгъуэу къащохъу е еджэныр къогугъуэкІ. Ауэ, дауэ щымытми, уэ езым Библиер куууэ бджыным мыхьэншхуэ иІэщ. Библием удихьэхыу икІи сэбэп къыпхуэхъуу уеджэн щхьэкІэ «Сэбэп къыфхуэхъуну чэнджэщхэр» жыхуиІэ рамкэм еплъ.
Псаломыр зытхам жиІащ: «Уи хабзэхэм я лъагъуэ сригъакІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ абы гуфІэгъуэ къысхуехь» (Пс. 119:35). Уэри апхуэдэу Тхыгъэ ЛъапІэр бджырэ абы уегупсысмэ, Алыхьым и Псалъэр фІыуэ плъэгъунущ икІи абы гуфІэгъуэ хэпхынущ. Абы нэмыщІ Тхыгъэм ит налкъутхэр къыщыбгъуэтынущ.
Нун и къуэ Ехьошуа хуэдэу, дауикІ, фэ Алыхьым и лъэпкъым и пашэу фыщыткъым, ауэ фэри гугъуехь фиІэщ. Аращи, Нун и къуэ Ехьошуа щапхъэ тефх: Алыхьым и псалъэр куууэ вджы икІи къафщІэхэр фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп. Апхуэдэу фщІэмэ, фэри ехъулІэныгъэ фиІэнущ.