ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Сентябрь н. 9—14
  • Иеговэ хуэдэу гущІэгъу зыхэвгъэлъ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ хуэдэу гущІэгъу зыхэвгъэлъ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ НЭГЪЭСАУЭ ГУЩІЭГЪУ ЕГЪЭЛЪАГЪУЭ
  • ДАПХУЭДЭУ ГУЩІЭГЪУ ЗЭРЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭФЫНУР?
  • ГУЩІЭГЪУ ЗЭРЫТХЭЛЪЫМ ДЭ ЕЗЫМ СЭБЭП КЪЫТХУЕХЬ
  • «ЦІыху псоми» гущІэгъу яхуэфщІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Гузэвэгъуэшхуэм ухуэхьэзыру пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • ГъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Хьисэ хэлъа гущІэгъум щапхъэ тех
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Сентябрь н. 9—14

Иеговэ хуэдэу гущІэгъу зыхэвгъэлъ

«Иеговэ, Иеговэ — Алыхь гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ» (ИСХОД 34:6).

УЭРЭДХЭР: 57, 147

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Сыт иныкъуэхэм деж гущІэгъу бгъэлъэгъуэну щІэмытыншыр?

  • Дауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэригъасэр гущІэгъу ягъэлъэгъуэну?

  • Дапщэщ гущІэгъу щыбгъэлъэгъуэфынур?

1. Дапхуэдэу Иеговэ Мусэ зэрызыкъригъэцІыхуар икІи сыт абы гъэщІэгъуэну хэлъыр?

ЗЭГУЭРЫМ Алыхьым Мусэ зыкъригъэцІыхуащ и цІэмрэ и хьэл-щэнхэмрэ къыхузэІуихри. Иеговэ и къарумрэ и Іущагъымрэ гу лъригъэтэфынут, ауэ абы япэу зи гугъу ищІар и гущІэгъуращ. Исход 34:6 итщ: «Иеговэ, Иеговэ — Алыхь гу щабэщ икІи гущІэгъу хэлъщ». Абы щыгъуэ Мусэ Иеговэ къыдэІэпыкъуну хуэныкъуэт (Исх. 33:13). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ а хьэл-щэным гу лъригъэтащ, и лэжьакІуэхэм дэІэпыкъуну зэрыхуейр къигъэлъэгъуэн щхьэкІэ. Сыту гупсэхугъуэ къыдитрэ Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъым! Мы статьям гущІэгъум теухуауэ нэхъыбэ къыщытщІэнущ. ГущІэгъур — зыгуэр гуауэ е гугъуехь пэщІэхуамэ, дыдэІэпыкъуну дыхуэзыгъэуш хьэл-щэнщ.

2, 3. 1) ЦІыхухэм гущІэгъу яхэлъу Алыхьым къызэригъэщІар сыт къэзыгъэлъагъуэр? 2) ГущІэгъум теухуауэ Библием итыр сыт щІызэпкърытхын хуейр?

2 Алыхьым цІыхухэр езым ещхьу къигъэщІащ. Аращ ар зымыцІыхухэми гущІэгъу щІагъэлъагъуэр (ЩІэдз. 1:27). Тхыгъэ ЛъапІэм щапхъэ куэд итщ цІыхухэм гущІэгъу ягъэлъагъуэу зэрыщытам теухуауэ. Сэлмэн и деж къэкІуа цІыхубзитІыр дигу къэдгъэкІыжынщ. Пащтыхьым зэхигъэкІын хуейт сабийм и анэр хэтми. Пэж жызыІэр къищІэн щхьэкІэ, Сэлмэн сабийр тІууэ зэгуаупщІыкІыну унафэ ищІащ. Абы щыгъуэ анэ дыдэм и гур хуабжьу сабийм щІэузащ. Абы и сабийр фІэгуэныхь зэрыхъуам къыхэкІкІэ ар нэгъуэщІ цІыхубзым иритыну хьэзырт, сабийр къелын папщІэ (1 Цар. 3:23—27). Иджыри дигу къэдгъэкІыж хъунущ Мусэ къезыгъэла фирхьэуным и пхъур. Абы къигъуэта щІалэ цІыкІур журтхэм я сабийуэ зэрыщытыр икІи ар псэууэ къэбгъанэ зэрымыхъуныр къыгурыІуэми, фІэгуэныхь хъури, и къуэм хуэдэу ипІыну мурад ищІащ (Исх. 2:5, 6).

3 ГущІэгъу дгъэлъагъуэрэ дымыгъэлъагъуэрэ дегупсысын щІыхуейр сыт? Дэ Библием дыкъыхуреджэ Иеговэ щапхъэ тетхыну (Еф. 5:1). ГущІэгъу тхэлъу Иеговэ дыкъигъэщІами, дэ псори дызэрыгуэныхьыщІэм къыхэкІкІэ и нэхъыбэм ди щхьэр япэ идогъэщ. Абы щхьэкІэ, иныкъуэхэм деж цІыхум дыдэІэпыкъуну къыдохьэлъэкІ. Сыт-тІэ дэ къыддэІэпыкъуныр нэгъуэщІхэм нэхъыбэу дегупсысыну? Япэрауэ, Иегови нэгъуэщІхэми гущІэгъу зэрагъэлъагъуэр куууэ вджы. ЕтІуанэрауэ, фегупсыс Иеговэ абыкІэ щапхъэ зэрытефхыфынум икІи абы къыфхуихьыну фІыгъуэхэм.

ИЕГОВЭ НЭГЪЭСАУЭ ГУЩІЭГЪУ ЕГЪЭЛЪАГЪУЭ

4. 1) Иеговэ и мелыІычхэр Содом щІигъэкІуар сыт? 2) ЛутІрэ и унагъуэмрэ теухуа хъыбарым сытым дыхуригъасэрэ?

4 Иеговэ гущІэгъу зэрыхэлъыр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ куэд щыІэщ. ЛутІ и хъыбарым дегупсысынщ. Содомрэ Іаморэрэ дэс цІыхухэм я мыхъумыщІэ псэукІэр а цІыху пэжым и гум къеуэрт. ИкІи Алыхьым а къалэхэр зэтрикъутэну мурад ищІат (2 Пет. 2:7, 8). Абы и мелыІычхэр ЛутІ и деж игъэкІуащ, а къалэхэр зэрызэтрикъутэныр икІи абы ахэр къызэрыдэкІын хуейр жраІэну. Библием жеІэ: «ЛутІ зиІэжьэрти, а лІыхэм, Зиусхьэным гущІэгъу къызэрыхуищІам щхьэкІэ... езыри, и фызри, и пхъуитІри я Іэхэр яубыдри къыдашащ къалэм, икІи щагъэуващ ахэр къалэ щІыбым» (ЩІэдз. 19:16). Мы щапхъэм къегъэлъагъуэ Иеговэ зэрищІэр и лэжьакІуэ пэжхэр сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэхуэми (Ис. 63:7—9; Екъуб 5:11; 2 Пет. 2:9).

5. 1 Иуан 3:17 едзыгъуэмрэ нэгъуэщІ едзыгъуэхэмрэ гущІэгъу дгъэлъэгъуэну дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

5 Иеговэ гущІэгъу езым зэригъэлъагъуэм нэмыщІ абы и лэжьакІуэхэри егъасэ а хьэл-щэныр ягъэлъэгъуэну. Деплъынщ Иеговэ израил лъэпкъым ирита хабзэм. ЩІыхуэ зыта цІыхум щІыхуэ зритам и щыгъыныр къыриІыхт иритар къызэрыритыжыным и щыхьэту (Исх. 22:26, 27). ГущІэгъуншэ цІыхум ар иримытыжмэ, щІыхуэ къезыІыхам жэщым зытрипІэн иІэнутэкъым. Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр игъасэрт гущІэгъуншэу щымытыну. Иеговэ израил лъэпкъым унафэ хуищІам сыт дызыхуригъасэр? Сыт дэ тщІэныр, гугъуехь пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм дыдэІэпыкъуну Іэмал диІэмэ? (Кол. 3:12; Екъуб 2:15, 16; къеджэ 1 Иуан 3:17.)

6. Иеговэ израил цІыхухэр щыуагъэм щихъумэн щхьэкІэ мызэ-мытІэу и лІыкІуэхэр хуигъакІуэу зэрыщытам сыт дызыхуригъасэр?

6 Израил лъэпкъым гуэныхь къихьу щытами, Иеговэ абы гущІэгъу хуищІт. 2 Летопись 36:15 итщ: «Я адэжьхэм я Алыхь Иеговэ и лІыкІуэхэр яхуигъакІуэ зэпытт, ахэр щыуагъэм щихъумэн щхьэкІэ, абы и лъэпкъымрэ и псэупІэмрэ фІэгуэныхь хъути». Абы ещхьу дэри зи гуэныхьхэм хущІегъуэжу Алыхьым и ныбжьэгъу хъуфыну цІыхухэм гущІэгъу хуэтщІын хуейкъэ? Иеговэ хуейкъым ар къыщыхэІэбэну махуэм зы цІыхуи хэкІуэдэну (2 Пет. 3:9). Алыхьым цІыху Іейхэр игъэкІуэдыну къыхэмыІэбэ щІыкІэ, абы гущІэгъу зэрыхэлъыр икІи цІыхухэм захъуэжыну зэман зэрыритыр яжетІэну дыхущІэвгъэкъу.

7, 8. Милан и унагъуэм Иеговэ гущІэгъу къазэрыхуищІар сыт я фІэщ щІэхъур?

7 Ди зэманми Алыхьым и гущІэгъур абы и лэжьакІуэ куэдым зыхащІэ. 90 гъэхэм Боснием лъэпкъ зэхэгъэжым къыхэкІкІэ зауэ щекІуэкІа зэманым къэхъуа Іуэхугъуэм ар къегъэлъагъуэ. Илъэс 12 хъу Миланa зи цІэ щІалэ цІыкІум и къуэшыр, и адэ-анэр икІи нэгъуэщІ Иеговэ и лэжьакІуэхэр и гъусэу автобускІэ Сербием кІуэт. Абы щекІуэкІыну конгрессым Милан и адэ-анэм псым зыщІагъэуэну мурад яІэт. Ауэ границэм щынэсам сэлэтхэм Миланрэ и унагъуэмрэ автобусым кърашащ — абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар ахэр нэгъуэщІ лъэпкъым зэрыщыщырат. Ауэ автобусым адрей исахэм я гугъу ямыщІу, адэкІэ кІуэну хуит ящІащ. Милан сымэ махуитІкІэ границэм щаІыгъащ. Абы иужькІэ офицерым рациекІэ и нэхъыщхьэм зыпищІэри еупщІащ сыт абыхэм иращІэнуми. Офицерыр гъунэгъуу щытти, абы къыжраІар псоми зэхахащ: «Іуши, фочкІэ укІи зэфІэкІащ!»

8 Офицерыр нэгъуэщІхэм епсалъэу щытыхукІэ, цІыхухъуитІ Милан и унагъуэм къыбгъэдыхьэри щэхуу къыжраІащ ахэри Иеговэ и Щыхьэту зэрыщытыр. Абыхэм къэхъуам теухуауэ автобусым исахэм къыжраІэжат. Миланрэ абы и къуэшымрэ зэрысабийм щхьэкІэ я документхэм еплъынутэкъыми, машинэм итІысхьэу я гъусэу границэм зэрызэпрашыфынур а къуэшхэм къыжраІащ. ИкІи абыхэм Милан и адэ-анэм жраІащ пограничнэ пунктым къекІуэкІыну. Милан ар щызэхихам гуфІэнми гъынми ищІэтэкъым. ИкІи абы и адэ-анэм сэлэтхэм апхуэдэу тыншу зэрыІэщІэкІыфынур я фІэщ мыхъуами, абыхэм къызэрыжраІам хуэдэу ящІащ. Зыми гу къылъамытэу ахэр границэм икІри я сабийхэм хуэзэжащ икІи конгрессыр щекІуэкІыну къалэм нэсащ. Миланрэ абы и унагъуэмрэ шэч къытрахьэтэкъым Иеговэ я тхьэлъэІум жэуап къызэрыритам. Библием къегъэлъагъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр къригъэлын щхьэкІэ сытым дежи зэрыхэмыІэбэр (Апост. 7:58—60). Ауэ Милан жеІэр: «Иеговэ мелыІычхэр къигъакІуэу сэлэтхэм я нэхэр зэхуригъэщІауэ къысщыхъуащ» (Пс. 97:10).

9. Хьисэ цІыхухэм гугъуехь яшэчыр щилъагъум сытыт ищІэр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

9 Хьисэ и щапхъэми куэдым дыхуригъэсэфынущ. ЦІыхухэр «мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкІыу» зэрыщытыр щилъагъум Хьисэ абыхэм гущІэгъу яхуищІт. Дапхуэдэут ар абыхэм зэрыдэІэпыкъур? Хьисэ хъыбарыфІымкІэ ядэгуашэт (Мт. 9:36; къеджэ Марк 6:34). Ар ещхьтэкъым цІыхухэм дэІэпыкъуну хуэмей фарисейхэм (Мт. 12:9—14; 23:4; Ин. 7:49). Хьисэ хуэдэу фэри фыхущІэкъурэ Иеговэ къэзыцІыхуну хуей цІыхухэм фадэІэпыкъуну?

10, 11. ГущІэгъур сыт щыгъуи дгъэлъэгъуэну къезэгърэ?

10 ЖыпІэ хъунукъым гущІэгъур сыт щыгъуи дгъэлъэгъуэну къезэгъыу. Ар къыхощ Щаул Алыхьым и лъэпкъым и бийуэ щыта Агагрэ Амалек цІыхухэм я Іэщхэмрэ зэримыукІам. Щаул и гугъэу къыщІэкІынт гущІэгъу игъэлъагъуэу. Ауэ ар Иеговэ жыІэмыдаІуэныгъэу илъытащ икІи а пащтыхьыр ІэщІыб ищІащ (1 Сам. 15:3, 9, 15). Иеговэ ищІ хьэкумхэм сыт щыгъуи пэжагъ хэлъщ, абы цІыхухэм я гум илъыр елъагъу икІи гущІэгъу щыгъэлъэгъуэн хуейр ещІэ (Плач 2:17; Иез. 5:11). Иеговэ жиІэм едэІуэну хуэмейхэм тезыр щытрилъхьэну зэманыр къоблагъэ (2 Фес. 1:6—10). Абы щыгъуэ Иеговэ хьэкум зытрищІыхьа цІыхухэм гущІэгъу яхуищІыжынукъым. Иеговэ цІыху мыхъумыщІэхэр зэригъэкІуэдыжыным къегъэлъагъуэ и лэжьакІуэ пэжхэм гущІэгъу зэрыхуищІыр.

11 Хэт псэуну хуэфащэми хэт хуэмыфащэми дэ зэхэдгъэкІыну хуитыныгъэ дызэримыІэр гурыІуэгъуэщ. Иджыпсту дэ тхузэфІэкІыр тщІэн хуейщ, цІыхухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ. Дэ гущІэгъу зэрытхэлъыр дапхуэдэу ІуэхукІэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? АдэкІэ Іэмал зыбжанэ зэпкърытхынщ.

ДАПХУЭДЭУ ГУЩІЭГЪУ ЗЭРЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭФЫНУР?

12. ГущІэгъу зэрыдгъэлъагъуэ хъун зы Іэмал къыжыфІэ.

12 Зыгуэрым ІуэхукІэ фызэрыдэІэпыкъуным иужь фит. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Иеговэ яхуегъэув я гъунэгъухэм икІи я къуэш, я шыпхъухэм гущІэгъу хэлъу хущытыну (Ин. 13:34, 35; 1 Пет. 3:8). «ГущІэгъу» псалъэм къокІ гугъу ехь цІыхум и гъусэу и гугъуехьыр дэшэчыныр. ГущІэгъу зыхэлъ цІыхур хущІокъу нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуу я гугъуехьыр нэхъ псынщІэ щищІыну. Псалъэм папщІэ унагъуэ Іуэхухэр е нэгъуэщІ Іуэху гуэрхэр я гъусэу фщІэ хъунущ (Мт. 7:12).

ГущІэгъу зыхэвгъэлъ — нэгъуэщІхэм ІуэхукІэ фазэрыдэІэпыкъуным иужь фит. (12-нэ абзацым феплъ.)

13. Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр ягъэлъагъуэрэ гузэвэгъуэшхуэхэр къыщыхъум деж?

13 Гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм фадэІэпыкъу. Гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуа цІыхухэр гугъу зэрехьыр щалъагъум куэдыр абыхэм ядэІэпыкъуну хуейщ. Иеговэ и Щыхьэтхэр апхуэдэ цІыхухэм зыпэщІагъэкъуэну хьэзырщ (1 Пет. 2:17). 2011 гъэм Японием щІы хъеиныгъэшхуэрэ цунамирэ здэщыІа щІыпІэм ди зы шыпхъу щыпсэуащ. Японием икІи нэгъуэщІ къэралхэм щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэм зэхэкъута унэхэр яухуэжын щхьэкІэ къаруушхуэ зэрырахьэлІам ар Іейуэ игъэгушхуащ икІи гупсэхугъуэ къритащ. Абы жеІэж: «Иеговэ и нэІэ къызэрыттригъэтыр икІи абы и лэжьакІуэхэр зыр зым зэрыдэІэпыкъур си нэкІэ слъэгъуащ. Абы нэмыщІ дуней псом тет ди къуэш, ди шыпхъухэм дэр щхьэкІэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зэрызыхуагъазэр зыхэсщІащ».

14. Зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ сымаджэхэмрэ дауэ фызэрыдэІэпыкъу хъуныр?

14 Зи ныбжь хэкІуэтахэми сымаджэхэми фадэІэпыкъу. Іэдэм и зэранкІэ цІыхухэм яшэч бэлыхьыр щытлъагъум деж дэ ар ди гум къоуэ. Узыфэхэмрэ жьыгъэмрэ щыщымыІэжыну зэманым дэ Іейуэ дыпоплъэ икІи Алыхьым долъэІу и Пащтыхьыгъуэр къэсыну. Абы нэмыщІ дэ нобэ тхузэфІэкІыр дощІэ адрейхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ. Зы журналист гуэрым зи ныбжь хэкІуэта и анэм къыщыщІа Іуэхугъуэр итхыжащ. Ар Альцгеймер узыфэкІэ сымаджэт. Зы махуэ гуэрым абы и щыгъыныр иуцІэпІыжауэ ар игъэкъэбзэжу здэщытым зыгуэр и бжэм къытеуІащ. КъэкІуа цІыхубзитІыр Иеговэ и Щыхьэту къыщІэкІащ. Ахэр щІэх-щІэхыурэ абы и деж къакІуэт. «ЗыгуэркІэ дыбдэІэпыкъун?» — жаІэу ахэр цІыхубзым щеупщІам, абы жиІащ: «Си дзэр мэш сынывэлъэІуну, ауэ, пэжу жысІэнщи, фыкъыздэІэпыкъуамэ си гуапэ хъунут». Шыпхъухэр абы дэІэпыкъуа нэужь шей хуащІащ, икІи тІэкІуи дэуэршэращ. А цІыхубзым и къуэм ар Іейуэ и гуапэ хъуащ. Абы итхыжащ: «Иеговэ и Щыхьэтхэр зыхурагъаджэм тетыжщ». Зи ныбжь хэкІуэтахэмрэ сымаджэхэмрэ фи къарум къызэрихькІэ фадэІэпыкъуну гущІэгъум фыхуигъэушрэ? (Флп. 2:3, 4).

15. ХъыбарыфІ дгъэІур дауэ цІыхухэм зэрыдэІэпыкъур?

15 ЦІыхухэм Алыхьым теухуа пэжыр къащІэну фадэІэпыкъу. Нобэ цІыхухэр гугъуехь куэдым пэщІохуэ. Абы къыхэкІкІэ дэ дыхуейщ абыхэм дадэІэпыкъуну. ИкІи псом нэхърэ нэхъ ІэмалыфІыр — Алыхьым теухуа пэжымрэ абы и Пащтыхьыгъуэм къытхуихьыну фІыгъуэхэмрэ къедгъэщІэныращ. Абы нэмыщІ Иеговэ и хабзэм тету псэуным Іущагъ зэрыхэлъыр едгъэлъагъу хъунущ (Ис. 48:17, 18). ХъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэрэ фыхэтыфыну? А лэжьыгъэм Иеговэ егъэлъапІэ икІи нэгъуэщІхэм гущІэгъу яхуэтщІыну Іэмал къыдет (1 Тим. 2:3, 4).

ГУЩІЭГЪУ ЗЭРЫТХЭЛЪЫМ ДЭ ЕЗЫМ СЭБЭП КЪЫТХУЕХЬ

16. ГущІэгъу зыгъэлъагъуэм езым сыт хуэдэ сэбэп къыхуихьрэ?

16 Психологхэм зэрыжаІэмкІэ, гущІэгъу зэрыдгъэлъагъуэр ди узыншагъэм сэбэп хуохъу икІи нэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр нэхъыфІ ещІ. ЦІыхухэм дыщыдэІэпыкъум деж дэ нэхъ насыпыфІэ дохъу, апхуэдэу закъуэныгъэ зыхэтщІэкъым икІи гупсысэ Іейхэри къыттекІуэкъым. НэгъуэщІхэм дызэрыдэІэпыкъур, шэч хэмылъу, дэ езым сэбэп къытхуохъу (Еф. 4:31, 32). Лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ адрейхэм дащыдэІэпыкъум деж напэ къабзэ диІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ Алыхьым и хабзэхэм дызэрытетыр. ГущІэгъу зэрытхэлъыр къыддоІэпыкъу адэфІу, анэфІу, щхьэгъусэфІу икІи ныбжьэгъуфІу дыщытыну. ГущІэгъу зыгъэлъагъуэ цІыхум нэгъуэщІхэри къыдэІэпыкъужынущ. (Къеджэ Маттэ 5:7; Лука 6:38.)

17. ГущІэгъу щІэдгъэлъагъуэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт?

17 Ауэ гущІэгъу щІэдгъэлъагъуэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр абы и сэбэп дэ езым къызэрыдэкІыракъым, атІэ лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ къызыбгъэдэкІ Иеговэ щапхъэ тетхыну икІи и цІэри дгъэлъэпІэну дызэрыхущІэкъуращ (Прит. 14:31, Гъэсэпэтхыдэхэр). Езы Алыхьми абыкІэ щапхъэфІ дегъэлъагъу. Аращи, зэрытхузэфІэкІкІэ Иеговэ хуэдэу гущІэгъу зыхэдвгъэгъэлъ. Апхуэдэу тщІэмэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм нэхъ гъунэгъу дахуэхъунущ икІи нэгъуэщІ цІыхухэми зэхущытыкІэфІ дахуиІэнущ (Гал. 6:10; 1 Ин. 4:16).

a ЦІэр хъуэжащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын