ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Март н. 15—20
  • ХьэщІагъэ зэрытхэлъым гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ХьэщІагъэ зэрытхэлъым гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • СЫТ ХУЭДЭ ІЭМАЛХЭР ДИІЭ ХЬЭЩІАГЪЭ ДГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ?
  • ХЬЭЩІЭ КЪЕБГЪЭБЛЭГЪЭНУ УХУЕЙМЭ, СЫТ УКЪЭЗЫГЪЭУВЫІЭНКІЭ ХЪУНУР?
  • ХЬЭЩІЭФІУ ДЫЩЫТЫН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?
  • «ЩыІэ псоми я кІэухыр къэблэгъащ»
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
  • «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • ХьэщІагъэ зыхэгъэлъ
    Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Март н. 15—20

ХьэщІагъэ зэрытхэлъым гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь!

«Фымытхьэусыхэу зыр зым вгъэхьэщІэ» (1 ПЕТ. 4:9).

УЭРЭДХЭР: 100, 87

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Зэхуэсым къекІуалІэхэм хьэщІагъэ етхыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

  • Сыт хуэдэ Іэмалхэр диІэ хьэщІагъэ дгъэлъэгъуэну?

  • ХьэщІэ къебгъэблэгъэну ухуеймэ, сыт укъэзыгъэувыІэнкІэ хъунур икІи сыт абыкІэ къыбдыІэпыкъунур?

1. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?

ХУЭГЪЭФЭЩАУЭ 62—64 гъэхэм апостол Паул «хэгуэшауэ Понт, Галатие, Каппадокие, Асие, Вифиние хэкухэм щыпсэухэм» письмо яхуитхат (1 Пет. 1:1). ЩІыпІэ куэдым къикІа, лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм къыхэкІа а къуэш, шыпхъухэр гушхуэныгъэрэ дэІэпыкъуэгъурэ хуэныкъуэт. Абыхэм хуэмыфащэхэр къыжраІэт икІи дэнкІи къыщрахуэкІт. Ахэр егъэлеяуэ зэман гугъум щыпсэут, гъэунэхуапІэ хьэлъэхэми пэщІэхуэт. Петр абыхэм яхуитхат: «ЩыІэ псоми я кІэухыр къэблэгъащ». ИлъэсипщІи дэмыкІыу Ерусалимыр зэтракъутэнут. Сытыт Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къадэІэпыкъунур а зэман гугъум пхырыкІыну? (1 Пет. 4:4, 7, 12).

2, 3. Сытыт Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыщІыхуриджэр хьэщІагъэ зыхагъэлъыну? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

2 Иджыри Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджауэ щытащ: «Зыр зым вгъэхьэщІэ» (1 Пет. 4:9). «ГъэхьэщІэн» жиІэу зэрадзэкІа псалъэм алыджыбзэкІэ «лъагъуныгъэ е гуапагъэ хэлъу умыцІыхум хущытын» къокІ. Ауэ, гу лъытапхъэщ, Петр «зыр зым» хьэщІагъэ ирахыну къуэш, шыпхъухэр къызэрыхуриджар, ахэр зэрыцІыхуу щытами. Сытыт абыхэм хьэщІагъэ зыхагъэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

3 Абы ахэр нэхъ зэкъуэт ищІыфынут. Фэри абыкІэ фыарэзыуэ къыщІэкІынщ. Фи гуапэ хъукъэ хьэщІапІэ фыкъыщрагъэблагъэкІэ? Фэ фи гум ІэфІу къинэжауэ къыщІэкІынщ апхуэдэу фыкъырагъэблэгъауэ гуапэу фызэрызэбгъэдэсар. Ди гум къыбгъэдэкІыу зэхуэсым щыщхэр хьэщІапІэ къыщедгъэблагъэм деж, ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ мэхъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу дыщызэбгъэдэскІэ, нэхъыфІу дызэроцІыху. Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гугъуехь нэхъыбэ пэщІэхуэхукІэ, я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъун хуейт. Дэ, «иужьрей махуэхэм» щыпсэухэм щхьэкІи, апхуэдэу жыпІэ хъунущ (2 Тим. 3:1).

4. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

4 Сыт хуэдэ Іэмалхэр диІэ «зыр зым» хьэщІагъэ етхыну? ХьэщІэ къедгъэблэгъэну дыхуеймэ, сыт дыкъэзыгъэувыІэнкІэ хъунур икІи сыт абыкІэ къыддыІэпыкъунур? ХьэщІэфІу дыщытын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

СЫТ ХУЭДЭ ІЭМАЛХЭР ДИІЭ ХЬЭЩІАГЪЭ ДГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ?

5. ЗэІущІэхэм дауэ хьэщІагъэ зэрыщыдгъэлъэгъуэфынур?

5 ЗэІущІэхэм. Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу къыдогъэблагъэ, дэр хуэдэу, Алыхьыр ягъэлъэпІэну зэІущІэхэм къекІуалІэ ди къуэш ди шыпхъухэр. Иеговэрэ абы и организацэмрэ гуапэу псори дыкърагъэблагъэ (Рим 15:7). Дыщызэхуэс Унэхэм япэу зыгуэр къэкІуамэ, абыи хьэщІагъэ етх хъунущ. Япэ зивгъэщи, къэкІуахэр къевгъэблагъэ, абыхэм я теплъэм е я щытыкІэм емылъытауэ (Екъуб 2:1—4). ЦІыхур и закъуэу къэкІуауэ гу лъыфтамэ, фи гъусэу тІысыну жефІэ хъунущ. Абы и гуапэ хъуну къыщІэкІынщ программэм кІэлъыплъыну икІи Библием ит едзыгъуэ дызэджэн хуейхэр къигъуэтыну фыдэІэпыкъуу щытмэ. Аращи, ар ІэмалыфІщ хьэщІагъэ дгъэлъэгъуэну (Рим 12:13).

6. Япэ дыдэу хэт хьэщІэу къедгъэблэгъэн хуейр?

6 ХьэщІэ ди унэм къыщедгъэблагъэкІэ. Библиер щатха зэманым щыгъуэ цІыхухэм хьэщІагъэ зэрахэлъыр къагъэлъагъуэт нэгъуэщІхэр я унэм кърагъэблагъэу шхыныр берычэту къызэрыхуаІэтымкІэ (ЩІэдз. 18:1—8; Суд. 13:15; Лк. 24:28—30). ЦІыхум хьэщІэр къыдэшхэну къызэрыригъэблагъэм къигъэлъагъуэт абыхэм я зэхуаку мамырыгъэрэ ныбжьэгъугъэрэ дэлъыну зэрыхуейр. Хэт дэ къедгъэблагъэ хъунур? Япэрауэ, ар зэхуэсым щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэращ. Зэман гугъухэр къэса иужь дэ зыр зым дыздэІэпыкъужын хуеинущ. Абы къыхэкІкІэ иджыпсту ди зэхуаку дэлъ мамырыгъэр тхъумэжын хуейщ, ди зэныбжьэгъугъэри нэхъ быдэ тщІын хуейщ. ГъэщІэгъуэнщ, 2011 гъэм УнафэщІ гупым Америкэм щыІэ Вефилым щхьэкІэ «ХъумакІуэ чэщанэр» щадж зэманыр ихъуэжащ — сыхьэт ныкъуэкІэ нэхъ пасэу щІадзэу ящІащ (18:45 щытати, 18:15 яхьащ). Сыт щхьэкІэ? Объявлением щыжыІат, а зэІущІэр нэхъ жьыуэ зэриухыным щхьэкІэ, Вефилым щылажьэхэм Іэмал нэхъыбэ зэраІэнур зыр зым и деж хьэщІапІэ кІуэну. НэгъуэщІ филиалхэми апхуэдэу ящІащ. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэм вефиль унагъуэр нэхъ зэкъуэт ищІащ.

Зэхуэсым ди къуэш, ди шыпхъу къыхыхьахэр фызэдэшхэну къевгъэблагъэ хъунущ е зэгъусэу зывгъэпсэхуну зыщІыпІэ здэфшэ хъунущ

7, 8. Ди зэхуэсым псалъэ щыжаІэну къакІуэ къуэшхэм дауэ хьэщІагъэ етх хъуну?

7 Ди зэхуэсым псалъэ щыжаІэну нэгъуэщІ зэхуэсхэм щыщ къуэшхэр, районым и нэхъыжьхэр е филиалым къикІа къуэшхэр къыщыкІуэ щыІэщ. Къэдгъэсэбэп хъунукъэ дэ а Іэмалыр абыхэм хьэщІагъэ етхын щхьэкІэ? (Къеджэ 3 Иуан 5—8.) Псалъэм папщІэ, ахэр ди унэм къедгъэблагъэу дгъашхэ хъунущ.

8 Америкэм щыщ ди зы шыпхъум игу къегъэкІыж: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ илъэс куэдкІэ Іэмал диІащ ди зэхуэсым псалъэ щыжаІэну къакІуэ къуэшхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ унэм къедгъэблэгъэну. Дэ сыт щыгъуи абы гурыфІыгъуэ хэтхт икІи дигъэгушхуэт, ауэ псом нэхърэ нэхъапэр — ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІт. Дэ абы зэи дыхущІегъуэжакъым!»

9, 10. 1) ЗыщІэсын унэ хэт зыхуэныкъуэнкІэ хъунур? 2) Унэшхуэ зимыІэхэри дэІэпыкъуэгъу хъуфыну пІэрэ? Щапхъэ къэфхь.

9 Ди къуэш, ди шыпхъухэм здэпсэун яхуейуэ щытмэ. Библиер зытепсэлъыхьыж зэманхэм щыгъуэ, хьэщІэхэр жэщкІэ къыщагъанэ щІэх-щІэхыурэ къэхъут (Иов 31:32; Флм. 22). Ноби дэри апхуэдэ тщІэн хуеинкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, районым и нэхъыжьыр зэхуэсым къыщыкІуэм деж, и нэхъыбэм ар ди къуэшхэм я унэм щІагъэтІысхьэ. Здэпсэун иджыри хуэныкъуэнкІэ хъунущ организацэм иригъэкІуэкІ школхэм щеджэну къакІуэхэмрэ дыщызэхуэс Унэхэр зыухуэну къакІуэхэмрэ. Абы нэмыщІ гузэвэгъуэшхуэ къэхъухэм я ягъэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр унэншэу къэнэнкІэ хъунущ икІи абыхэм я унэхэр яухуэжыхукІэ, здыщыпсэун яхуеинущ. Унэшхуэ зиІэхэм фІэкІа адрейхэр дэІэпыкъуэгъу мыхъуфыну фемыгупсыс. Абыхэм дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэхэм здэпсэун мызэ-мытІэу иратауэ къыщІэкІынщ. Ауэ фэри дэІэпыкъуэгъу фыхъуфыну пІэрэ, унэшхуэ фимыІэми?

10 Ипщэ Кореем щыщ ди къуэшым гуапэу игу къегъэкІыж организацэм иригъэкІуэкІ школхэм щеджэну къакІуэхэр и щхьэгъусэмрэ абырэ я унэм къызэрырагъэблэгъауэ щытар. Абы етхыж: «ЯпэщІыкІэ сэ сытегушхуэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дызэрышагъащІэт икІи дызыщІэсри унэшхуэтэкъым. Ауэ дапхуэдэу щымытми, дэ еджакІуэхэр къедгъэблэгъащ икІи абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьащ. Дэ, зэрышагъащІэхэм, дгъэхьэщІахэм я щапхъэм дигъэлъэгъуащ зэщхьэгъусэхэр Иеговэ хуэлажьэмэ, абы нэхъ гъунэгъу хуэзыщІыну мурадхэр яІэмэ, ахэр насыпыфІэ зэрыхъур».

11. Зэхуэсым ди къуэш, ди шыпхъу къыхыхьахэм сыт хьэщІагъэ щІетхын хуейр?

11 Зэхуэсым ди къуэш, ди шыпхъу къыхыхьахэр. Фи щІыпІэм къуэш, шыпхъухэр е унагъуэхэр къэІэпхъуауэ къыщІэкІынщ. Языныкъуэхэр фи зэхуэсым дэІэпыкъуэгъу хуэхъун щхьэкІэ къэкІуа хъунщ, апхуэдэуи пионерхэри къагъэкІуэфынущ. ДауикІ, абыхэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ куэд халъхьэн хуейщ, здэІэпхъуа щІыпІэм, зэхуэсыщІэм, бзэм, къекІуэкІ хабзэм есэн щхьэкІэ. Ахэр фызэдэшхэну къевгъэблагъэ хъунущ е зэгъусэу зывгъэпсэхуну зыщІыпІэ здэфшэ хъунущ. АбыкІэ абыхэм фадэІэпыкъунущ ныбжьэгъу зрагъэгъуэтыну икІи щІыпІэ здэІэпхъуам есэну.

12. Зыгуэр бгъэхьэщІэн щхьэкІэ Іэмал имыІэу куэд бгъэхьэзырын зэрыхуэмейр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ жыфІэж.

12 Зыгуэр бгъэхьэщІэным къикІкъым Іэмал имыІэу куэд бгъэхьэзырын хуейуэ. (Къеджэ Лука 10:41, 42.) Ди зы къуэшым и щхьэгъусэр и гъусэу миссионеру лэжьэн щыщІадза зэманым теухуауэ игу къегъэкІыж: «Дэ дыщІалэт, лэжьыгъэм иджыри фІыуэ хэтщІыкІтэкъым, унэми дыхуэзэшт. Зэгуэрым пщыхьэщхьэм си щхьэгъусэр унэм апхуэдизкІэ хуэзэшти, сыт сымыщІэми схутегъэужтэкъым. Ауэ а пщыхьэщхьэм сыхьэтийм и ныкъуэм зыгуэр бжэм къытеуІуащ. БжэщхьэІум Библиер зыдж зы цІыхубз тетт, абы апельсинищ къыздихьат. Миссионер къэІэпхъуахэр зригъэцІыхун щхьэкІэ къэкІуауэ арат ар. ЦІыхубзыр унэм къедгъэблагъэри псы хутедгъэуващ. Абы иужь шейрэ шоколад пщтыррэ хуэтщІащ. Дэ иджыри суахили бзэр тщІэтэкъым, а цІыхубзри английскэбзэкІэ псалъэтэкъым, ауэ а Іуэхугъуэр щІэдзапІэ хуэхъуащ а щІыпІэм щыпсэу къуэшхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ дэлъыным».

ХЬЭЩІЭ КЪЕБГЪЭБЛЭГЪЭНУ УХУЕЙМЭ, СЫТ УКЪЭЗЫГЪЭУВЫІЭНКІЭ ХЪУНУР?

13. ХьэщІагъэ зэрызыхэдгъэлъым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьрэ?

13 ХьэщІэ къевгъэблэгъэну къывэгугъуэкІыу пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, зывгъэпсэхуну, фыуэршэрыну икІи ныбжьэгъу зэвгъэгъуэтыну Іэмал фиІэр зыфІыфІогъэкІуэд. ХьэщІагъэр — закъуэныгъэм и хущхъуэгъуэ нэхъыфІ дыдэщ. Сыт-тІэ языныкъуэхэм деж хьэщІагъэ ягъэлъэгъуэну гугъуу щІыщытыр? Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэщ.

14. Сыт фщІэ хъунур, хьэщІапІэ фыкІуэну, фэри нэгъуэщІхэр къевгъэблэгъэну зэмани къаруи фимыІэжу гу лъыфтамэ?

14 Зэманымрэ къарумрэ. Иеговэ и лэжьакІуэхэм Іуэху куэд яІэщ икІи къалэн куэди я пщэ дэлъщ. Абы къыхэкІкІэ языныкъуэхэм хьэщІэхэм щхьэкІэ зэмани къаруи къахуэнэжкъым. Фэри апхуэдэ зыхэфщІэмэ, фи графикыр фхъуэжын хуейуэ къыщІэкІынщ. Абы щыгъуэ фэ зэмани къару нэхъыби фиІэнущ хьэщІапІэ фыкІуэну, фэри нэгъуэщІхэр къевгъэблэгъэну. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием дыхуегъэуш хьэщІагъэ дгъэлъэгъуэну (Евр. 13:2). Абы зэман хухэфхын щхьэкІэ къару ефхьэлІэ. Абы щхьэкІэ фэ мыхьэнэшхуэ зимыІэ Іуэхухэр къэвгъэнэн хуейуэ къыщІэкІынущ.

15. ХьэщІэ кърагъэблэгъэну яхузэфІэмыкІыну сыт языныкъуэхэр щІэгузавэр?

15 УкІытэхыу ущытмэ. ХьэщІэ къевгъэблэгъэну фыхуейуэ, ауэ ар фхузэфІэмыкІыну фигугъэу апхуэдэ къэхъуауэ пІэрэ? Языныкъуэхэр укІытэхщи, мэгузавэ хьэщІэхэм дэмыуэршэрыфыну икІи ахэр зэшу щысыну. ХуэмыщІауэ псохэр мэгузавэ адрей къуэш, шыпхъухэм зэрагъэхьэщІэм хуэдэу я хьэщІэхэр щамыгъэсыфыну. Зыщывмыгъэгъупщэ: унэм хьэпшып лъапІэ щІэтыныракъым нэхъапэр. Фи унэр зэлъыІухамэ, къабзэу щытмэ икІи фэри хьэщІагъэ фхэлъмэ, аращ цІыхур зыщыгуфІыкІынур.

16, 17. ХьэщІэ къыфхуемыгъэблэгъэну фыгузавэу щытмэ, сыт фщІэ хъунур?

16 ХьэщІэ къыфхуемыгъэблэгъэну фыгузавэу щытмэ, фи закъуэкъым. Великобританием щыІэ зэхуэсым и нэхъыжьым жеІэж: «ХьэщІэ къебгъэблэгъэну зыщыбгъэхьэзыркІэ угузэвэнкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ и лэжьыгъэр щыбгъэзащІэм деж зэрыхъум хуэдэу, хьэщІэхэр къызэредгъэблэгъам гуфІэгъуэ къытхуихьыр нэхъыбэщ дызэрыгузэвам нэхърэ. Сэ сигу ирохь хьэщІэхэм я гъусэу кофе сефэу, садэуэршэру сыщысыну». Зыщывмыгъэгъупщэ: псом нэхъапэр хьэщІэм уи гум къыбгъэдэкІыу гу лъытэ хуэпщІу, уепсэлъэныращ (Флп. 2:4). Къапщтэу щытмэ, псоми яфІэфІщ я гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ гуэрхэр жаІэжыну. Аращи, дыщызэбгъэдэсым деж зыр зым теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэфынущ. Иджыри зы зэхуэсым и нэхъыжьыр къыддогуашэ: «Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр къыщезгъэблагъэкІэ, сэ ахэр нэхъ гъунэгъуу къызоцІыху икІи нэхъыфІу къызгуроІуэ. Псом хуэмыдэу абыхэм пэжыр къызэращІа щІыкІэр къэсщІэну сфІэгъэщІэгъуэнщ». Фи гум къыбгъэдэкІыу фи хьэщІэхэм гу лъытэ хуэфщІу, фепсалъэу щытмэ, шэч къытевмыхьэми хъунущ, псоми гуфІэгъуэ хахыу зэрыщысынум.

17 Пионеру лажьэ ди зы шыпхъум и унэм къригъэблагъэт организацэм иригъэкІуэкІ школхэм щеджэну къакІуэхэр. Абы жеІэж: «ЯпэщІыкІэ сэ сыгузавэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си унэр цІыкІущ, щІэт хьэпшыпхэри жьыщ. Ауэ школыр езыгъэкІуэкІ ди зы къуэшым и щхьэгъусэм сыгузэвэн зэрыхуэмейр къызгуригъэІуащ. Абы жиІащ и щхьэгъусэмрэ езымрэ районнэ лэжьыгъэр щагъэзащІэм деж, абыхэм зи унэ къыздэувыІэну псом нэхърэ нэхъ ягу ирихьыр мылъкушхуэ ябгъэдэмылъми, Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм дежу зэрыщытыр. ИкІи абы жиІащ мылъку зэгъэпэщыным хущІэмыкъуу Иеговэ хуэлэжьэныр ипэ изыгъэщхэм деж щыІэну нэхъ яфІэфІу. Абы сигу къигъэкІыжащ си анэм дэ, сабийхэм, щІэх-щІэхыурэ къыджиІэу щыта псалъэхэр: „ХадэхэкІ шхын фІэкІа уимыІэми нэхъыфІщ, щытепщэмэ абдеж фІылъагъуныгъэр“» (Прит. 15:17, Гъэсэпэтхыдэхэр). Фэ лъагъуныгъэ вгъэлъагъуэмэ, фыщІэгузэвэн щыІэкъым!

18, 19. ХьэщІагъэ зэрызыхэдгъэлъыр дауэ сэбэп къызэрытхуэхъунур нэгъуэщІхэм дазэрыхущытыр тхъуэжыну?

18 НэгъуэщІхэм фазэрыхущытыр. Фи зэхуэсым фигу иримыхь цІыху гуэр хэтынкІэ хъунущ. Зыри умыщІэмэ, апхуэдэ гурыщІэхэр езыр-езыру блэкІынукъым. Фи хьэлхэр зэрызытемыхуэм щхьэкІэ, фытемыгушхуэу къыщІэкІынщ а къуэшыр е шыпхъур къевгъэблэгъэну. Фи жагъуэ зэрищІауэ щытари абы щхьэусыгъуэ хуэхъункІэ хъунущ.

19 Библием зэрыжиІэмкІэ, хьэщІагъэ вгъэлъагъуэмэ, фэрэ нэгъуэщІхэмрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъыфІ фхуэщІынущ, уеблэмэ фи бийхэми фекІужыфынущ. (Къеджэ Рим 12:20.) Фи унэм къызэревгъэблагъэр къывдэІэпыкъунущ гурыщІэ Іейхэм фытекІуэу, адэкІэ мамырыгъэ фи зэхуаку дэлъыну. Абы нэмыщІ фи хьэщІэм хьэл-щэныфІ хэлъхэр — Иеговэ абы пэжыр къыщыхузэІуихам щыгъуэ хилъэгъуа хьэл-щэнхэр — къыфхуэщІэнущ (Ин. 6:44). Къевгъэблэгъэну зимыгугъэ цІыхур лъагъуныгъэм къыхэкІыу къевгъэблагъэмэ, ар фи ныбжьэгъугъэм и щІэдзапІэ хъуфынущ. Абы лъагъуныгъэ пэжым фыхуигъэушыну фыхуеймэ, Филиппи 2:3 ит чэнджэщым фытет: «НэгъуэщІ цІыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу». Ди къуэш, ди шыпхъухэм дэ нэхърэ нэхъыфІу ягъэлъагъуэ хьэл-щэнхэм гу лъыттэ хъунущ, псалъэм папщІэ я фІэщхъуныгъэм, теубыдагъэм, лІыгъэм икІи нэгъуэщІ хьэл-щэныфІхэми. Абы щыгъуэ ахэр фи гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ фхуэлъэгъунущ икІи иужькІи фи унэм къевгъэблэгъэну нэхъ тынш хъунущ.

ХЬЭЩІЭФІУ ДЫЩЫТЫН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?

ХьэщІэхэр къэкІуэным зыхуэбгъэхьэзырыну гуапэщ икІи абы гуфІэгъуэ хыбох. (20-нэ абзацым феплъ.)

20. ХьэщІапІэ дыкърагъэблэгъамэ, дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур ди псалъэм дызэрытетыжыр? Сыт апхуэдэу тщІэн щІыхуейр?

20 Даут итхауэ щытащ: «Уэ, Иеговэ, хэт уи шатырым хьэщІэу къебгъэблэгъэныр?» (Пс. 15:1). Абы иужь ар тепсэлъыхьащ Иеговэ и хьэщІэхэм сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр яхэлъу илъэгъуну хуейми. Абыхэм ящыщ зыщ уи псалъэм утетыжыныр. Даут апхуэдэ цІыхум щхьэкІэ итхауэ щытащ: «Псалъэ итамэ, езым и зэран къикІынуми, ар икІуэтыжкъым» (Пс. 15:4). ХьэщІапІэ дыкІуэну къэдгъэгугъамэ, щхьэусыгъуэшхуэ димыІэу щытмэ, дыкІуэн хуейщ. Дыкъезыгъэблэгъахэм загъэхьэзыру щІадзауэ къыщІэкІынщ, аращи дымыкІуэмэ, абыхэм лейуэ къару ягъэкІуэда хъунущ (Мт. 5:37). ХьэщІапІэ кърагъэблэгъа цІыхур щІегъуэжу щымыкІуа къэхъуащ, нэхъ здыфІэфІ гуэрым деж къызэрырагъэблэгъам щхьэкІэ. Ауэ апхуэдэу пщІэмэ, цІыхур фІыуэ плъагъуу икІи пщІэ хуэпщІу жыпІэ хъуну? Хэт укъримыгъэблэгъами, и зэфІэкІым емылъытауэ, ар фІыщІэ пщІын хуейщ (Лк. 10:7). Дэ дэмылъыта Іуэхугъуэ гуэрхэм къыхэкІкІэ, дымыкІуэфыну щытмэ, зэрыхъукІэ нэхъ псынщІэу дыкъезыгъэблэгъам ар жетІэмэ нэхъыфІщ.

21. ХьэщІэфІу дыщытын щхьэкІэ сыт дызэгупсысын хуейр?

21 Абы нэмыщІ фи щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэхэм утетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Языныкъуэ лъэпкъхэм зэмыжьа хьэщІэ къакІуэу щытмэ, я гуапэщ, ауэ нэгъуэщІхэм зэман иІэу зэгурыІуэмэ нэхъ къащтэ. Языныкъуэ къэралхэм хьэщІэхэм шхыныгъуэ нэхъыфІ дыдэхэр хутрагъэувэ, нэгъуэщІхэм хьэщІэхэми унагъуэм исхэми зэхуэдэщ иратыр. Языныкъуэ щІыпІэхэм хьэщІэхэм зыгуэр къыздахь, нэгъуэщІ щІыпІэхэм я хьэщІэр гугъу ирамыгъэхьмэ нэхъ къащтэ. Языныкъуэ лъэпкъхэм япэу е етІуанэу къыщрагъэблагъэкІэ кІуэн ядэкъым, иужькІэщ щыкІуэр, ауэ нэгъуэщІ лъэпкъхэм я дежкІэ ар къезэгъкъым. Аращи, къару едвгъэхьэлІэ дыкъезыгъэблэгъар арэзыуэ къэнэн щхьэкІэ.

22. ХьэщІагъэ тхэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

22 Петр итхат: «ЩыІэ псоми я кІэухыр къэблэгъащ» (1 Пет. 4:7). Иджыпсту дунейм и кІэр нэхъ гъунэгъуж хъуащ. Дэ зэи къэмыхъуа гузэвэгъуэшхуэр къэсыну дыпоплъэ. Мы дунейм нэхъ Іейуэ къыттрикъузэхукІэ, дэри ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр нэхъ быдэ зэрытщІыным иужь дитын хуейщ. Петр къыдита чэнджэщым зэи хуэмыдэу нобэ дытетын хуейщ: «Зыр зым вгъэхьэщІэ» (1 Пет. 4:9). Пэжщ, хьэщІагъэ пхэлъыну фІыщ икІи ар сыт щыгъуи тхэлъын хуейщ, ноби къэкІуэну зэманми.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын