13 СТАТЬЯР
«Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»
«Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу» (1 ПЕТ. 1:22).
109-НЭ УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
Хьисэ и апостолхэм щригъуса иужьрей пщыхьэщхьэм жиІауэ щытащ лъагъуныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр. (1, 2-нэ абзацхэм феплъ.)
1. Мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ унафэ Хьисэ и гъэсэнхэм яхуищІа? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
ХЬИСЭ щылІэну махуэм ипэ къихуэ пщыхьэщхьэм мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ и гъэсэнхэм яхуищІащ: «Сэ фІыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фІыуэ фызэрылъагъу». Абы иужь мыпхуэдэу пищащ: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Ин. 13:34, 35).
2. Ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
2 Хьисэ жиІауэ щытащ езым игъэлъэгъуа лъагъуныгъэм хуэдэ и лъэужь ирикІуэхэми ягъэлъагъуэмэ, абыкІэ нэгъуэщІхэм къызэрацІыхунур. Япэ лІэщІыгъуэм апхуэдэу щытащ, ноби апхуэдэу щытщ. Аращи, зыри зэран зыхуэдмыгъэхъуу, лъагъуныгъэ зэрыдгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Дэ гуэныхь тхэлъыр зэран къытхуохъу гурэ псэкІэ фІыуэ дызэрылъагъуну. Дапхуэдэу щымытми, Хьисэ щапхъэ зэрытетхыным дыхущІэкъун хуейщ. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ лъагъуныгъэр дауэ къыддэІэпыкъуми мамырыгъэр зэтезыгъэувэж цІыхуу дыщытыну, цІыху зэхэгъэж дымыщІыну икІи нэгъуэщІхэм хьэщІагъэ етхыну. Мы статьям фыщеджэкІэ фызэупщІыж: «Гугъуехьхэм емылъытауэ лъагъуныгъэ зыгъэлъэгъуэн щызымыгъэта къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм сытым сыхуигъэсэфыну?»
МАМЫРЫГЪЭР ЗЭТЕЗЫГЪЭУВЭЖ ЦІЫХУУ ФЫЩЫТ
4. Маттэ 5:23, 24 зэритымкІэ, ди къуэшым гукъеуэ гуэр къытхуиІэмэ, ди зэхуаку дэлъ зэгурымыІуэныгъэр дэтхын щІыхуейр сыт?
4 Ди къуэшым гукъеуэ гуэр къытхуиІэмэ, ди зэхуаку дэлъ зэгурымыІуэныгъэр дэтхыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр Хьисэ жиІауэ щытащ. (Къеджэ Маттэ 5:23, 24.) Абы къыхигъэщащ Алыхьыр дгъэгуфІэну дыхуеймэ, нэгъуэщІ цІыхухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр тхъумэн зэрыхуейр. Иеговэ мэгуфІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм декІужын щхьэкІэ тхузэфІэкІыр щытщІэм деж. Ди къуэш, ди шыпхъухэм гужьгъэжь яхуэтщІмэ икІи ди зэхущытыкІэр зытедгъэувэжыну дыхущІэмыкъумэ, Иеговэ хуэтщІэр къищтэнукъым (1 Ин. 4:20).
5. Марк и дежкІэ къуэшым екІужыну сытыт щІэмытыншыр?
5 Къуэшым уекІужыну тыншу щымытынкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ? Маркb и щапхъэм деплъынщ. Абы хуабжьу и жагъуэ хъуат къуэш гуэрым игъэкъуаншэу къызэрешхыдар икІи къуэш, шыпхъухэм абы теухуауэ Іей зэражриІар. Сыт Марк ищІар? Абы игу къегъэкІыж: «Сэ сыкъэгубжьри, си пІэ сыкъикІащ». Ауэ иужькІэ Марк щІегъуэжащ. Я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр нэхъыфІ ищІыжын щхьэкІэ Марк а къуэшым елъэІуат къыхуигъэгъуну, ауэ абы къыхуигъэгъуакъым. ЯпэщІыкІэ Марк егупсысащ: «ДызэкІужыну езыр щыхуэмейкІэ, сыт сэ ди зэхущытыкІэр зэтезгъэувэжыну иужь ситын щІыхуейр?» Ауэ районым и нэхъыжьым ар хуигъэушащ абыхэм я зэхущытыкІэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ и Іэр иримыхьэхыну. Сыт Марк ищІар?
6. 1) Марк сытыт ищІэр къуэшым екІужын щхьэкІэ? 2) Колоссэ 3:13, 14 ит принципыр Марк дапхуэдэут къызэригъэсэбэпыр?
6 Марк зэгупсысыжри къыгурыІуэжащ Іэдэбагъ зэрыхуримыкъур икІи нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу зилъытэжу зэрыщытыр. Абы иджыри къыгурыІуащ цІыхухэм зэрыхущытыр ихъуэжын зэрыхуейр (Кол. 3:8, 9, 12). Марк иджыри зэ къуэшым бгъэдыхьэри къыхуигъэгъуну елъэІуащ. Абы нэмыщІ письмо зыбжанэ хуитхри зэрызищІам хуабжьу зэрыхущІегъуэжыр иритхащ икІи елъэІуащ ахэр зэныбжьэгъу хъужыну. Марк а къуэшым игу ирихьыну и гугъэ тыгъэхэр мызэ-мытІэу иритащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, къуэшым абы къыхуигъэгъуакъым. Дапхуэдэу мыхъуами, ди къуэшхэр фІыуэ тлъагъуну икІи къахуэдгъэгъуну Хьисэ унафэ къытхуигъэнам Марк тетын щигъэтакъым. (Къеджэ Колоссэ 3:13, 14.) Дапхуэдиз къару евмыхьэлІэми къуэшыр къывэкІужыну хуэмеймэ, Хьисэ хуэдэу цІыхухэр фІыуэ флъагъумэ, абы фыхуигъэушынущ адэкІи къуэшым хуэвгъэгъуну икІи фи зэхущытыкІэр зэтевгъэувэжыфын щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъэзэну (Мт. 18:21, 22; Гал. 6:9).
Зыкъытхуэзыгъэгусамрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр зытедгъэувэжын щхьэкІэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэ къэдгъэсэбэпын хуеинкІэ хъунущ. (7, 8-нэ абзацхэм феплъ.)c
7. 1) Хьисэ сыт хуэдэ унафэ къыдитар? 2) Ларэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ пэщІэхуа?
7 Хьисэ унафэ къыдитащ цІыхухэр къытхущытыну дызэрыхуейм хуэдэу, дэри абыхэм дахущытыну. Абы иджыри жиІащ фІыуэ дыкъэзылъагъухэм ямызакъуэу, нэгъуэщІхэри фІыуэ тлъагъуну (Лк. 6:31—33). Зэхуэсым щыщ гуэр къывэпсэлъэну хуэмеймэ икІи сэлам къывимыхмэ сыт фщІэнур? Апхуэдэ Іуэхугъуэхэр щІэх-щІэхыурэ къэмыхъуми, Ларэ абы пэщІэхуащ. Абы жеІэж: «Ди зэхуэсым щыщ зы шыпхъур къызэпсэлъэну хуэмейуэ хъуат икІи абы и щхьэусыгъуэр сэ къызгурыІуэтэкъым. Ар хуабжьу си жагъуэ хъут. Зэхуэсхэми гуфІэгъуэ хэсхыжтэкъым». Ларэ егупсысащ: «Сэ абы зыри Іей есщІакъым икІи зэхуэсым щыщ нэгъуэщІхэми гу лъатэ абы хьэл гугъу иІэу зэрыщытым».
8. Ларэ езымрэ шыпхъумрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ сыт ищІар икІи абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
8 Ларэ Иеговэ елъэІуащ езымрэ шыпхъумрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ икІи мурад ищІащ а шыпхъум епсэлъэну. Ахэр зэпсэлъащ, ІэплІи зэхуащІащ икІи псори зэхэкІа хуэдэт. «Ауэ зэман гуэр дэкІа иужь шыпхъум зэрызищІу щытам хуэдэу къысхущытын щІидзэжащ,— игу къегъэкІыж Ларэ,— сэ сщІэнур сымыщІэу си Іэр есхьэхащ». ЯпэщІыкІэ Ларэ егупсыст шыпхъум зимыхъуэжмэ, гупсэхугъуэ зримыгъэгъуэтыжыфыну. Ауэ абы иужькІэ къыгурыІуащ: Іуэхугъуэ зэрыхуам псом нэхъыфІыр — а шыпхъум лъагъуныгъэ хэлъу хущытыныр икІи и гум къыбгъэдэкІыу хуигъэгъуныращ (Еф. 4:32—5:2). Ларэ ищІэжт: лъагъуныгъэ пэжым «зигъэгусэркъым, бзаджагъэми егупсысыркъым», абы «мыхъумыщІэ псори егъэгъу, ТхьэмкІэ фІэщхъуныгъэ иІэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыІэ иІэщ сыт щыгъуи» (1 Кор. 13:5, 7). Ар къыдэІэпыкъуащ Ларэ гупсэхугъуэ зригъэгъуэтыжыну. Зэман дэкІа иужь а шыпхъур Ларэ нэхъыфІу къыхущыту хъужащ. Зэхуэсым щыщ гуэрымрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр зэтевгъэувэжыну фыхущІэкъумэ икІи адэкІи ар фІыуэ зэрыфлъагъуным иужь фитмэ, «фІылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикІ Тхьэр фи гъусэнущ итІанэ» (2 Кор. 13:11).
ЦІЫХУ ЗЭХЭГЪЭЖ ФЫМЫЩІ
9. Апостолхэм 10:34, 35 зэритымкІэ, цІыху зэхэгъэж тщІын щІыхуэмейр сыт?
9 Иеговэ цІыху зэхэгъэж ищІкъым. (Къеджэ Апостолхэм 10:34, 35.) Дэри цІыху зэхэгъэж дымыщІу щытмэ, абыкІэ къыдогъэлъагъуэ Алыхьым и быну дызэрыщытыр. «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» жыхуиІэ унафэм додаІуэ икІи Алыхьым и лъэпкъым мамырыгъэ илъыну дыхущІокъу (Екъуб 2:8, 9; Рим 12:9, 10).
10, 11. Ритэ гурыщІэ Іей иІахэм дапхуэдэу зэрытекІуар?
10 Языныкъуэхэм я дежкІэ гугъущ цІыху зэхэгъэж ямыщІыну. Ритэ и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар щыныбжьыщІэм и унагъуэм нэгъуэщІ къэралым щыщ цІыхубз гуэрым Іей кърищІат. Абы и ягъэкІэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэ хъуа Ритэ? Абы жеІэ: «А къэралым пыщІауэ хъуар слъагъу мыхъуу хъуащ. Сэ си гугъэт абы щыпсэууэ хъуар — къуэш, шыпхъухэри абыхэм яхэту — а цІыхубзым хуэдэу». Сыт Ритэ къыдэІэпыкъуар и гурыщІэ Іейхэм пэлъэщыну?
11 Ритэ къыгурыІуащ зыгуэр ихъуэжын зэрыхуейр. А къэралым и отчетхэм икІи а щІыпІэм хъыбарыфІыр зэрыщагъэІум теухуауэ «Ежегодник» тхылъым итым ар еджэн щІидзащ. Ритэ къыддогуашэ: «Сэ къаруушхуэ есхьэлІэн хуей хъуащ, абы щыпсэу цІыхухэм фІыкІэ сегупсысу сыхъун щхьэкІэ. Сэ гу лъыстэу щІэздзащ а къэралым щыщ къуэш, шыпхъухэр Иеговэ гурэ псэкІэ зэрыхуэлажьэм икІи ахэри Алыхьым и лъэпкъым щыщу зэрыщытым». Хуэмурэ Ритэ къыгурыІуащ абы адэкІи къару ехьэлІэн зэрыхуейр. Абы къыдгурегъаІуэ: «А къэралым щыщ къуэш, шыпхъухэм сахуэзэху сэ схузэфІэкІыр сщІэт абыхэм гуапэу сахущытын щхьэкІэ — абыхэм сепсалъэт нэхъыфІу къэсцІыхуну си мураду». Сыт абы къыпэкІуар? Ритэ жеІэ: «Зэман дэкІри, гурыщІэ Іей сиІахэр кІуэдыжащ».
Ди къуэш, ди шыпхъухэр ди гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ тлъагъумэ, цІыху зэхэгъэж дымыщІын щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэнущ. (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)d
12. Сарэ ихъуэжын хуейуэ сыт гу зылъитар?
12 Языныкъуэхэм къагурымыІуэжынкІэ хъунущ цІыху зэхэгъэж зэращІыр. Псалъэм папщІэ, ди шыпхъу Сарэ цІыху зэхэгъэж имыщІу егупсыст, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар нэгъуэщІхэм зэрыхущытыр елъытатэкъым цІыхур къызыхэкІа лъэпкъым, ахъшэ иІэм икІи зэхуэсым къалэн щигъэзащІэм. «Ауэ сэ къызгурыІуащ: пэжыр жыпІэмэ цІыху зэхэгъэж сщІыт»,— жеІэ Сарэ. Сыт абы зи гугъу ищІыр? Сарэ и унагъуэм щыщхэр еджауэ щІэныгъэ нэхъыщхьэ яІэти, апхуэдэ щІэныгъэ зиІэхэм епсалъэмэ нэхъ къищтэт. Зэгуэр абы и ныбжьэгъум мыпхуэдэу жриІауэ щытащ: «ЩІэныгъэ зиІэ къуэш, шыпхъухэращ сэ нэхъыбэу сызэпсалъэр, адрейхэм гулъытэ яхуэсщІкъым». ДауикІ, Сарэ зихъуэжын хуейт. Сыт абы ищІар?
13. Сарэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
13 Сарэ къуэш, шыпхъухэм зэрыхущытыр ихъуэжыну районым и нэхъыжьыр къыдэІэпыкъуащ. Абы игу къегъэкІыж: «Ар сэ къысщытхъуащ Иеговэ сызэрыхуэпэжым, купщІэ зиІэ жэуапхэр зэрыстым икІи Библием итыр фІыуэ зэрысщІэм щхьэкІэ. Абы иужь къызгуригъэІуащ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтыным нэмыщІ хьэл-щэныфІхэр зыхэплъхьэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр, псалъэм папщІэ Іэдэбагъыр бгъэлъэгъуэным, гущІэгъу цІыхухэм яхуэпщІыным икІи уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжу ущытыным». Районым и нэхъыжьым къыжриІам Сарэ едэІуащ. Абы жеІэ: «Сэ къызгурыІуащ псом нэхъапэр — лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ гъэлъэгъуэныращ». А псом и фІыгъэкІэ къуэш, шыпхъухэм зэрыхущытым зихъуэжащ. Абы жеІэ: «Сэ къызгурыІуэну сыхущІэкъут абыхэм яхэлъ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр Иеговэ лъапІэу илъытэми». Ауэ дэ ттеухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Дэ щІэныгъэ диІэмэ, адрейхэм нэхърэ дынэхъыфІу дегупсыс хъунукъым! Ди къуэш, ди шыпхъухэр ди гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ тлъагъумэ, цІыху зэхэгъэж дымыщІын щхьэкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэнущ (1 Пет. 2:17).
ХЬЭЩІАГЪЭ ЗЫХЭВГЪЭЛЪ
14. Еврейхэм 13:16 зэритымкІэ, дэ хьэщІагъэ щытхэлъым деж сыт Иеговэ зыхищІэр?
14 Иеговэ мэгуфІэ хьэщІагъэ щытхэлъым деж. (Къеджэ Еврейхэм 13:16.) ХьэщІагъэ зыхэгъэлъыныр Иеговэ дызэрыхуэлажьэ Іэмалхэм щыщу ебж, псом хуэмыдэу зыхуэныкъуэхэм хьэщІагъэ щетхым деж (Екъуб 1:27; 2:14—17). Аращ Библием дыкъыщІыхуриджэр: «ХьэщІэр зэрывгъэлъэпІэным фыхущІэкъу» (Рим 12:13). ХьэщІагъэ зыхэлъ цІыхум нэгъуэщІхэр фІыуэ елъагъу, гулъытэ яхуещІ икІи ядоІэпыкъу. Иеговэ ифІэфІщ хьэщІагъэ тхэлъу, нэгъуэщІхэр щыдгъашхэм икІи я гъусэу дыщыщысым деж (1 Пет. 4:8—10). Ауэ хьэщІагъэ зыхагъэлъыну псом я деж тыншкъым.
«Япэм сэ хьэщІэ си деж къезгъэблэгъэну сфІэфІтэкъым, ауэ иджы хьэщІагъэ зэрызыхэзгъэлъыным сыхущІокъу икІи абы гуфІэгъуэ къысхуехь». (16-нэ абзацым феплъ.)e
15, 16. 1) Языныкъуэхэр сыт щІытемыгушхуэр зыгуэр я деж кърагъэблэгъэну? 2) Эдитэ сыт къыдэІэпыкъуар хьэщІагъэ игъэлъагъуэу зригъэсэну?
15 Языныкъуэхэр тегушхуэкъым зыгуэр я деж кърагъэблэгъэну. Абы щхьэусыгъуэ куэд иІэнкІэ хъунущ. Фызабэ Эди́тэ и щапхъэр зэпкърытхынщ. Иеговэ и Щыхьэт хъун ипэ хьэщІэ къригъэблэгъэну абы ифІэфІтэкъым. Эдитэ и гугъэт нэгъуэщІхэм езым нэхърэ нэхъыфІу хьэщІагъэ ягъэлъэгъуэфыну.
16 Эдитэ Иеговэ и Щыхьэт хъуа иужь, нэгъуэщІхэм хьэщІагъэ ярихыу зригъэсэну мурад ищІащ. Абы жеІэж: «Сыщыпсэу щІыпІэм Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэ ящІу щІадзати, зэхуэсым и нэхъыжьым къызжиІащ а лэжьыгъэм хэтын щхьэкІэ зэщхьэгъусэ зы унагъуэ къызэрыкІуэнур. Ар къызэупщІащ ахэр си деж тхьэмахуитІкІэ щызгъэІэ хъунрэ мыхъунрэ. Сарептэ щыщ фызабэм Иеговэ фІыгъуэ зэрыхуищІэжар сигу къэкІыжри, сэ ахэр къезгъэблэгъащ» (1 Цар. 17:12—16). Эдитэ абы хущІегъуэжа? «Ахэр тхьэмахуитІ зэрыщыІэнур мазитІ хъуащ икІи сэ абы хуабжьу сригуфІащ,— игу къегъэкІыж абы.— Ахэр щыІэхукІэ дэ ныбжьэгъуфІ дызэхуэхъуащ». Абы нэмыщІ Эдитэ зэхуэсым ныбжьэгъу куэд къыщигъуэтащ. Иджы Эдитэ пионеру мэлажьэ икІи абы ифІэфІщ хъыбарыфІыр и гъусэу зыгъэІу цІыхур къригъэблагъэу и деж щигъэшхэну. Абы жеІэ: «НэгъуэщІым зыгуэр щыхуэпщІэм деж, уэ нэхъыбэж къыпІэрохьэ! Ар зэрыпэжыр сэ езым згъэунэхуащ» (Евр. 13:1, 2).
17. Люкрэ абы и щхьэгъусэмрэ сыт гу зылъатар?
17 Дэ хьэщІагъэ зыгъэлъагъуэ цІыхуу дыщыту къыщІэкІынщ, ауэ дэ дегупсыс хъунущ ар нэхъыфІу тхуэгъэлъэгъуэнрэ тхуэмыгъэлъэгъуэнрэ. Люкрэ абы и щхьэгъусэмрэ я щапхъэм деплъынщ. Абыхэм я деж щІэх-щІэхыурэ кърагъэблагъэт я адэ-анэр, Іыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр икІи районым и нэхъыжьымрэ абы и щхьэгъусэмрэ. Ауэ Люк жеІэ: «Дэ гу лъыттащ фІыуэ тцІыхухэм фІэкІа нэгъуэщІ зыри къызэредмыгъэблагъэм». Сыт-тІэ Люкрэ абы и щхьэгъусэмрэ ящІар цІыху нэхъыбэм хьэщІагъэ ирахын щхьэкІэ?
18. Сыт Люкрэ абы и щхьэгъусэмрэ къадэІэпыкъуар цІыху нэхъыбэм хьэщІагъэ ирахыну?
18 Люкрэ абы и щхьэгъусэмрэ Хьисэ жиІа псалъэхэм егупсыса иужь хьэщІагъэ пхэлъыным теухуауэ я бгъэдыхьэкІэр яхъуэжащ: «ФІыуэ фыкъэзылъагъухэм фІэкІа фІыуэ фымылъагъужмэ, сыт хуэдэ ІыхьэфІ фызыщыгугъыр?» (Мт. 5:45—47). Абыхэм къагурыІуащ псоми хьэлэлу хущыт Иеговэ щапхъэ трахын зэрыхуейр. Абы къыхэкІкІэ Люкрэ абы и щхьэгъусэмрэ мурад ящІащ я деж зэи щымыІа къуэш, шыпхъухэр кърагъэблэгъэну. Люк жеІэ: «Дэ хуабжьу дигу ирохь зэгъусэу дыщысыну. Апхуэдэу дызэрызэбгъэдэсым дэ къару къытхелъхьэж икІи гуфІэгъуэ къыдет».
19. Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур? ИкІи сытым фыхущІэкъуну фэ мурад фщІа?
19 Дэ дытепсэлъыхьащ гурэ псэкІэ фІыуэ дызэрызэрылъагъур дауэ къыддэІэпыкъуми. Ар къыддоІэпыкъу мамырыгъэр зэтезыгъэувэж цІыхуу дыщытыну, цІыху зэхэгъэж дымыщІыну икІи нэгъуэщІхэм хьэщІагъэ етхыну. ГурыщІэ Іейхэр ди гум идгъэкъэбзыкІыу гурэ псэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ тлъагъун хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ насыпыфІэу дыщытынущ икІи Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэр къэдгъэлъэгъуэнущ (Ин. 13:17, 35).
89-НЭ УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ
a Хьисэ жиІауэ щытащ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэ къызэрацІыхунур. Ди къуэш, ди шыпхъухэр гурэ псэкІэ фІыуэ зэрытлъагъум дыхуегъэуш мамырыгъэр зэтезыгъэувэж цІыхуу дыщытыну, цІыху зэхэгъэж дымыщІыну икІи нэгъуэщІхэм хьэщІагъэ етхыну. Ар сыт щыгъуи тыншкъым. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ адэкІи гурэ псэкІэ фІыуэ дызэрылъагъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми.
b Мы статьям ит языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c СУРЭТХЭР. ЯпэщІыкІэ шыпхъум мамырыгъэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ къару ирихьэлІэми, зыри къикІкъым, ауэ абы и Іэр иримыхьэхыу адэкІи лъагъуныгъэ егъэлъагъуэ. ИкІэм-икІэжым абырэ шыпхъумрэ я зэхуаку мамырыгъэ дэлъ мэхъуж.
d СУРЭТЫР. Зи ныбжь хэкІуэта къуэшым зэхуэсым закъуэныгъэ щызыхещІэ.
e СУРЭТЫР. ХьэщІэ къригъэблэгъэну япэщІыкІэ темыгушхуэу щыта шыпхъум иджы хьэщІэ и деж кърегъэблагъэ икІи абы гуфІэгъуэ куэд къыхуехь.