ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Март н. 21—26
  • Тезырым Алыхьым и лъагъуныгъэр къегъэлъагъуэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Тезырым Алыхьым и лъагъуныгъэр къегъэлъагъуэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ХЭЛЪУ АЛЫХЬЫМ ДИ ЩЫУАГЪЭХЭР КЪЫДГУРЕГЪЭІУЭЖ
  • АБЫ И ЩЫУАГЪЭР КЪЫГУРЫІУЭЖАЩ
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ Я ЩЫУАГЪЭР КЪАЩЫГУРЫВГЪЭІУЭЖЫМ ДЕЖ АЛЫХЬЫМРЭ ХЬИСЭРЭ ЩАПХЪЭ ЯТЕФХ
  • МАМЫРЫГЪЭ ДИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪУ ДЫПСЭУНУ ЗЫДОГЪАСЭ
  • Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъум къыхэкІкІэ дегъасэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
  • «Си ущие фыкъедаІуи — Іущ фрихъу»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Зи тепщэныгъэр тэмэму къэзымыгъэсэбэпым ар фІэкІуэдынущ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2016
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Март н. 21—26

Тезырым Алыхьым и лъагъуныгъэр къегъэлъагъуэ

«Зиусхьэным фІыуэ илъагъу цІыхур ІурыщІэ ещІ» (ЕВР. 12:6).

УЭРЭДХЭР: 123, 86

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ тезыр къызэрыттрилъхьэм теухуауэ Севнэ и щапхъэм сыт къыдгуригъаІуэр?

  • НэгъуэщІхэм я щыуагъэр къащыгурыдгъэІуэжым деж Иеговэрэ абы и Къуэмрэ дауэ щапхъэ зэратетхыфынур?

  • Тезырым сытым дыхуигъэхьэзырыфыну?

1. Тезырым теухуауэ сыт Библием итыр?

СЫТ фэ фызэгупсысыр «тезыр» псалъэр зэхэфха иужь? Библием «тезыр» жаІэу зэрадзэкІа псалъэр иджыри «гъэсэн, егъэджэн, щыуагъэр къыгурыгъэІуэжын» псалъэхэмкІэ зэбдзэкІ хъунущ. Библием зэрыжиІэмкІэ тезырым сэбэпынагъ къытхуехь икІи ар иныкъуэм деж щІэныгъэм, Іущагъым, лъагъуныгъэм икІи гъащІэм епхауэ къыщехь (Прит. 1:2—7; 4:11—13, Гъэсэпэтхыдэхэр). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, тезырым къегъэлъагъуэ Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи гъащІэ мыухыж къыдитыну зэрыхуейр (Евр. 12:6). Алыхьым гущІэгъуншэу тезыр къыттрилъхьэкъым икІи абы зэи и зэран къыдэкІкъым. Библием и нэхъыбэм ущрохьэлІэ «тезыр» псалъэр гъэсэныгъэм пыщІауэ, псалъэм папщІэ адэ-анэм фІыуэ ялъагъу сабийр зэрагъасэм.

2, 3. Сыт тезырым хиубыдэнкІэ хъунур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

2 Щапхъэ зэпкърытхынщ. ДжонникІэ зэджэ щІалэ цІыкІур унэм топкІэ щоджэгу. Абы и анэм мыпхуэдэу къыжреІэ: «Джонни, унэм топкІэ ущыджэгу зэрымыхъунур пщІэркъэ?! Уэ зыгуэр пкъутэнкІэ хъунущ». Ауэ Джонни и анэм къыжриІар къримыдзэу адэкІи джэгуурэ, топыр вазэм тохуэри, екъутэ. Сыт абы и анэм иджы ищІэ хъунур? Анэр абы епсалъэу къыгуригъэІуэну къыщІэкІынщ, апхуэдэу пщІэ зэрымыхъунур, тезыр гуэр трилъхьэнуи къыщІэкІынщ. Абы жриІэ хъунущ адэ-анэхэм уедэІуэным сэбэпынагъ къызэрыпхуихьыр, абыхэм ягъэув хабзэхэм тетын зэрыхуейр, Іущагъи зэрыхэлъыр. Анэм унафэ ищІынкІэ хъунщ Джонни абы дерс хихын щхьэкІэ, топыр зы зэман гуэркІэ иримытыну. Апхуэдэу щІалэ цІыкІум жыІэмыдаІуэныгъэм кърикІуэр зыхищІэфынущ.

3 Дэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр, «Тхьэм и унагъуэм» дыщыщщ (1 Тим. 3:15). Дэ ди Адэ Иеговэ хуитыныгъэ иІэщ дызытетын хуей хабзэхэр игъэувыну икІи дыщымыдаІуэм деж тезыр къыттрилъхьэну. Ди щытыкІэ Іейм кърикІуахэм дыщыІущІэм деж, тезырым дигу къегъэкІыж уафэм щыІэ ди Адэм дедэІуэну мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Гал. 6:7). Иеговэ фІыщэу делъагъури гукъеуэ димыІэн щхьэкІэ гугъуехьхэм дыщихъумэну хуейщ (1 Пет. 5:6, 7).

4. 1) Дапхуэдэу Иеговэ зэрыхуейр цІыхухэр едгъэджэну? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

4 Сабийм е Библиер зыджым и щыуагъэр къыщыгурыдгъэІуэжым деж Библием итыр лъабжьэ хуэтщІмэ, ар Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ дыдэІэпыкъуфынущ. Библиер къэбгъэсэбэпын хуейщ ебгъаджэм «щыпкъагъэр зыхэлъ псэукІэр ебгъэщІэн» щхьэкІэ, икІи Хьисэ унафэ къыдитам тетыну удэІэпыкъун щхьэкІэ (2 Тим. 3:16; Мт. 28:19, 20). Апхуэдэущ Иеговэ цІыхухэр едгъэджэну зэрыхуейр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ аращ цІыхум дэІэпыкъуэгъу хуэхъунур Хьисэ и лъэужь иувэну. (Къеджэ Тит 2:11, 12, 14.) Мы статьям мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІищ щызэпкърытхынщ: 1) Тезырым Алыхьым и лъагъуныгъэр дауэ къызэригъэлъагъуэр? 2) Зи щыуагъэхэр Иеговэ къазыгуригъэІуэжахэм я щапхъэхэм сытым дыхуагъэсэфыну? 3) Дауэ Иеговэрэ абы и Къуэмрэ щапхъэ зэратетхыфынур зыгуэрым и щыуагъэр къыщыгурыдгъэІуэжым деж?

ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ХЭЛЪУ АЛЫХЬЫМ ДИ ЩЫУАГЪЭХЭР КЪЫДГУРЕГЪЭІУЭЖ

5. Иеговэ ди щыуагъэхэр къызэрыдгуригъэІуэжым и лъагъуныгъэр къыхэщу сыт жыпІэ щІэхъунур?

5 Иеговэ ди щыуагъэр къыщІыдгуригъэІуэжыр, дыщІригъаджэр, дыщІигъасэр фІыуэ делъагъури аращ. Ар хуейщ абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тхъумэжыну икІи гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум дытемыкІыну (1 Ин. 4:16). Алыхьым зэи ди пщІэр ириудыхкъым, зыри дримыщІысу зыкъытщигъэхъужкъым (Прит. 12:18, Гъэс.). АтІэ абы ди хьэл-щэныфІхэм гу лъетэ икІи хуитыныгъэ диІэр къыдегъэгъэсэбэп. Ди щыуагъэхэр къыдгурыІуэжын щхьэкІэ Библиемрэ, абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ чэнджэщыфІхэр ярытщ, абы нэмыщІ адэ-анэхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ сэбэп къытхуэхъуну ущиехэр къыдатыфынущ. А псом Иеговэ къытхуиІэ лъагъуныгъэр хэтлъагъуэрэ? Дэ езым къыдгурымыІуэжу щыуагъэ щытщІэм деж, зэхуэсым и нэхъыжьхэм лъагъуныгъэрэ Іэдэбагърэ яхэлъу къыддэІэпыкъуну иужь итмэ, абыхэм Иеговэ и лъагъуныгъэм хуэдэ ягъэлъагъуэ (Гал. 6:1).

6. Иеговэ и гъэсэныгъэм лъагъуныгъэ дауэ къызэрыхэщыр зыгуэрым зэхуэсым щигъэзащІэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр фІэкІуэду щытмэ е зэхуэсым хагъэкІмэ?

6 Гъэсэныгъэм къикІыр зыгуэрым чэнджэщ ептын е и щыуагъэр жепІэн закъуэкъым. ЦІыхум гуэныхьышхуэ ищІауэ щытмэ, зэхуэсым щигъэзащІэ пщІэ зыпылъ къалэнхэр фІэкІуэдынкІэ хъунущ. Абы щыгъуэми апхуэдэ гъэсэныгъэм Алыхьым и лъагъуныгъэр къегъэлъагъуэ. Псалъэм папщІэ, ар цІыхум сэбэп хуэхъуфынущ зэман хухихыу Библиер куууэ джыным, зэджам егупсысыным икІи Алыхьым лъэІукІэ зыхуэгъэзэным — мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыгурыІуэну. Ар абы къыдэІэпыкъунущ Алыхьымрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъуну (Пс. 19:7). Зэман гуэр дэкІа иужь зэхуэсым щигъэзащІэу щыта пщІэ зыпылъ къалэнхэр иратыжыфынущ. ЦІыхур зэхуэсым хагъэкІыу щытмэ, абыи Алыхьым и лъагъуныгъэр къегъэлъагъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэ щІыкІэкІэ Алыхьым зэхуэсыр къехъумэ (1 Кор. 5:6, 7, 11). Иеговэ и тезырым сыт щыгъуи захуагъэ хэлъщи, тезырыр зэхуэсым хагъэкІам доІэпыкъу ищІар къыгурыІуэжу и гуэныхьым хущІегъуэжыну (Апост. 3:19).

АБЫ И ЩЫУАГЪЭР КЪЫГУРЫІУЭЖАЩ

7. Севнэ хэту щыта икІи сыт хуэдэ хьэл мыхъумыщІэхэр иужькІэ иІэ хъуа?

7 Гъэсэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ зи щыуагъэхэр Иеговэ къазыгуригъэІуэжа цІыхухъуитІым я щапхъэ зэпкърытхынщ. Зыр Езекие пащтыхьу щытета зэманым псэуа Севнэщ, етІуанэр ди зэманым Иеговэ и лэжьакІуэу щыт Грэмщ. Севнэ «зи унэ кІэлъыплъу» щытар пащтыхь Езекиеу къыщІэкІынт, икІи абы куэд и ІэмыщІэ илът (Ис. 22:15). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэман гуэр дэкІа иужь ар пагэ хъури и цІэр гъэлъэпІа зэрыхъун къилъыхъуэу щІидзащ. ЛІэмэ здыщІалъхьэжыну кхъэлэгъунэр лъапІэу иригъэщІащ абы нэмыщІ шыгу дахащэхэр зригъэпэщащ (Ис. 22:16—18).

Дэ Іэдэбагъ тхэлъмэ икІи зытхъуэжыну дыхьэзырмэ, Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ. (8—10-нэ абзацхэм феплъ.)

8. Иеговэ Севнэ и щыуагъэр дауэ къызэрыгуригъэІуэжар икІи дауэ ар абы къызэрыщыхъуар?

8 Севнэ и цІэр гъэлъэпІа зэрыхъун къилъыхъуэу зэрыщІидзам щхьэкІэ Иеговэ ар тригъэкІри, абы и пІэкІэ Елиаким тригъэуват (Ис. 22:19—21). Ар къыщыхъуар Ашурым (Ассирием) и пащтыхь Сеннахирим Ерусалим теуэну иужь щихьаращ. Абы и лІыкІуэхэмрэ и дзэшхуэмрэ Ерусалим игъэкІуащ абы дэсхэмрэ Езекиерэ игъэшынэну, зауэншэу абыхэм затын щхьэкІэ (2 Цар. 18:17—25). Абыхэм епсалъэну Елиаким ягъэкІуат, цІыхуитІ щІыгъуу. Зыр Севнэт, иджы ар секретарт. АбыкІэ дэ къыдощІэ Севнэ зэрымыгубжьар, гужьгъэжьи зэримыщІар, атІэ Іэдэбагъ хэлъу пщІэ нэхъ мащІэ зыпылъ къалэн игъэзэщІэну хьэзыру зэрыщытар. Севнэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Ар сэбэп къызэрытхуэхъуну лъэныкъуищым дытепсэлъыхьынщ.

9—11. 1) Севнэ къыщыщІам сытым дыхуигъэсэфыну? 2) Иеговэ Севнэ и щыуагъэр къызэрыгуригъэІуэжа щІыкІэм фэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ?

9 Япэрауэ, Севнэ ІэнатІэ зыІутар фІэкІуэдат. Абы мы псалъэхэр зэрыпэжыр къегъэлъагъуэ: «Унэхъунум япэ щІыкІэ зыкъыфІощІыжри, зи унэгъуэбжэр хуэзыщІыжынур пагэ мэхъу» (Прит. 16:18, Гъэс.). Фэ зэІущІэм пщІэ зыпылъ къалэнхэр щывгъэзащІэмэ, нэгъуэщІхэми пщІэ къыфхуащІмэ Іэдэбагъ зэрызыхэвгъэлъыным фыхущІэкъурэ? ФхузэфІэкІымрэ ехъулІэныгъэ фиІэмрэ щхьэкІэ Иеговэ щІыхь хуэфщІрэ? (1 Кор. 4:7) Апостол Паул итхащ: «Фэ фщыщ дэтхэнэми жызоІэ: зыкъыфІэмыщІыж икІи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фІэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщІыкІ уиІэу зэплъыж» (Рим 12:3).

10 ЕтІуанэрауэ, Иеговэ Севнэ и щыуагъэр зэрыригъэлъэгъужам къыхэщт, ар зызымыхъуэжыфын цІыхуу зэримылъытэр (Прит. 3:11, 12, Гъэс.). Мыр зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр щызыгъэзащІэу щыта, ауэ иужькІэ ахэр зыфІэкІуэдахэм я дежкІэ щапхъэфІщ. Фэри апхуэдэу къыфщыщІамэ, фымыгубжь, гужьгъэжьи фымыщІ. Абы и пІэкІэ иджыпсту пхузэфІэкІыр Иеговэ хуэпщІэмэ икІи тезырым Иеговэ и лъагъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэ Іэмалу ухущытмэ нэхъыфІщ. Дэ Іэдэбагъ зыхэдгъэлъу щытмэ, ди Адэм зызымыхъуэжыфын цІыхуу дилъытэнукъым. (Къеджэ 1 Петр 5:6, 7.) Алыхьым лъагъуныгъэ хэлъу ди щыуагъэхэр къыщыдгуригъэІуэжым деж, абы нэхъыфІ дещІ, абы къыхэкІкІэ узыхуейр къызыхэпщІыкІыф ятІагъуэ ІэтІэлъатІэм хуэдэу дыщытыну дыхущІэвгъэкъу.

11 Ещанэрауэ, Иеговэ Севнэ зэрыхущытар щапхъэфІ яхуохъу нэгъуэщІхэм чэнджэщ езытыну къалэн зи пщэ дэлъхэм, псалъэм папщІэ адэ-анэхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ. Сыт хуэдэ дерс абыхэм хахыфыну? Иеговэ гуэныхьыр илъагъу хъукъым, ауэ цІыхум и щыуагъэр къыщыгуригъэІуэжым деж, ар фІыуэ зэрилъагъур зыхрегъащІэ. Фи сабийм е зэхуэсым щыщ ди къуэш, ди шыпхъум и щыуагъэр къыгурывгъэІуэжын хуейуэ, Иеговэ щапхъэ тефхыу, Іейр флъагъу мыхъуу, ауэ щыуагъэ зыщІа цІыхум фІы гуэр хэфлъэгъуэну иужь фитыну? (Иудэ 22, 23).

12—14. 1) Иеговэ тезыр зытрилъхьа языныкъуэ и лэжьакІуэхэм, дауэ ар къазэрыщыхъур? 2) Алыхьым и Псалъэм и фІыгъэкІэ ди зы къуэшым и гупсысэкІэр дауэ зэрихъуэжыфар икІи сыт хуэдэ ехъулІэныгъэ абы къыхуихьар?

12 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, языныкъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я щыуагъэр къыгурагъэІуэжа иужь гужьгъэжь ящІ, уеблэмэ Алыхьымрэ абы и лъэпкъымрэ пэжыжьи зыхуащІ (Евр. 3:12, 13). КъикІыу пІэрэ абы апхуэдэ цІыхухэм уадэмыІэпыкъужыфыну? Грэм и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар зэхуэсым хагъэкІри, зэман гуэр дэкІа иужь къыхагъэхьэжат, ауэ иужькІэ абы хъыбарыфІ гъэІуныр къигъэнащ, зэІущІэхэми кІуэн щигъэтащ. Зэхуэсым и нэхъыжь ди зы къуэшым абы ныбжьэгъу зыхуищІыну къару ирихьэлІащ, икІэм-икІэжым илъэс зыбжанэ дэкІа иужь Грэм а къуэшым Библием иригъэджэну елъэІуащ.

13 Зэхуэсым и нэхъыжьым игу къегъэкІыж: «Грэм зэран къыхуэхъур пагагъэрат. Абы зэхуэсым хагъэкІыну унафэ зыщІа къуэшхэр игъэкъуаншэт икІи абыкІэ арэзытэкъым. Абы къыхэкІкІэ пагагъэр зищІысымрэ икІи абы узыхуишэнымрэ теухуауэ еджэгъуэ зытІущ хухэтхащ. Грэм Библием ит псалъэхэм щеджэм гъуджэм къищым хуэдэу зилъэгъужу щІидзащ, икІи абы илъэгъуар игу ирихьакъым! Абы и гугъуехьхэр къызыхэкІыр пагагъэрат — и нэм щІэлъ „бжэгъум“, абы нэмыщІ адрейхэр игъэкъуаншэу гупсысэкІэ зэриІэрат. Ар къыгурыІуэжа иужь, Грэм зэлэжьыжын щІидзащ. Абы блимыгъэкІыу зэІущІэхэм кІуэн, куууэ Алыхьым и Псалъэр иджын щІидзащ икІи махуэ къэс Алыхьым лъэІукІэ зыхуэгъэзэныр хьэл хуэхъуащ. Абы нэмыщІ Грэм унагъуэм и нэхъыжьым игъэзэщІэну Алыхьым игъэува къалэнхэр игъэзащІэу щІидзащ, дауикІ, абы и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ хуабжьу щыгуфІыкІащ» (Лк. 6:41, 42; Екъуб 1:23—25).

14 АдэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьым пещэ: «Зэгуэрым Грэм хуабжьу си гум хыхьа псалъэхэр къызжиІащ. Ар къыздэгуэшащ: „Сэ илъэс куэд щІауэ Алыхьым къыбгъэдэкІ пэжыр сощІэ, уеблэмэ пионеруи сылэжьащ. Ауэ иджыпстущ си гум къыбгъэдэкІыу щыжысІэфынур Иеговэ фІыуэ зэрыслъагъур“. Куэд мыщІэу абы зэІущІэхэм микрофоныр къыщрихьэкІыну къалэн хуащІащ икІи а къалэныр зэриІэм ар щогуфІыкІ. Абы и щапхъэм сэ сыхуегъасэ: цІыхум Іэдэбагъ зыхигъэлъу, Алыхьым къыбгъэдэкІ тезырым дерс хихыу щытмэ, Иеговэ и фІыгъуэхэр къытещэщэнущ».

НЭГЪУЭЩІХЭМ Я ЩЫУАГЪЭР КЪАЩЫГУРЫВГЪЭІУЭЖЫМ ДЕЖ АЛЫХЬЫМРЭ ХЬИСЭРЭ ЩАПХЪЭ ЯТЕФХ

15. Зыгуэрым и щыуагъэр къыщыгурыдгъэІуэжым деж дапхуэдэу дызэрыщытын хуейр, и гум дынэсыну дыхуеймэ?

15 ЕгъэджакІуэфІыр, япэрауэ, езыр еджэкІуэфІу щытын хуейщ (1 Тим. 4:15, 16). Апхуэдэу нэгъуэщІхэм я щыуагъэр къыгурагъэІуэжыну Иеговэ къалэн зыхуищІахэм уащыщу щытмэ, Іэдэбагъ пхэлъу абы и унафэхэм сыт щыгъуи утетын зэрыхуейр зыщомыгъэгъупщэ. НэгъуэщІхэм Іэдэбагъ зэрыпхэлъыр щалъагъум деж пщІэ къыпхуащІынущ икІи абыхэм я дежкІэ нэхъ тынш хъунущ чэнджэщ ептым едэІуэну. АдэкІэ Хьисэ и щапхъэм гу лъыттэнщ.

НэгъуэщІхэм Іэдэбагъ зэрыпхэлъыр щалъагъум деж, абыхэм я дежкІэ нэхъ тынш хъунущ чэнджэщ ептым едэІуэну

16. Хьисэ и щапхъэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр тэмэму къагурыдгъэІуэну?

16 Хьисэ и Адэм сыт щыгъуи хуэжыІэдаІуэу щытащ, ар къегугъуэкІыу щыщытами (Мт. 26:39). Абы сыт щыгъуи къедаІуэхэм яжриІэт зыхуригъаджэри и Іущагъри Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр (Ин. 5:19, 30). Іэдэбагъымрэ жыІэдаІуэныгъэмрэ Хьисэ къыдэІэпыкъут гущІэгъу зыхэлъ егъэджакІуэу щытыну. Зигу къабзэ цІыхухэм яфІэфІт абы иригъусэну. (Къеджэ Маттэ 11:29.) Хьисэ псалъэ гуапэхэмкІэ зи лъэ щІэхуа, къарууншэ цІыхухэр игъэгушхуэт (Мт. 12:20). Ар къыщагъэгубжьым дежи абы лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ игъэлъагъуэт. Псалъэм папщІэ, ар къыхощ апостолхэм нэхъ ин дыдэу ялъытэн хуеймкІэ зэдауэу щыщІадзам, Хьисэ я щыуагъэр къазэрыгуригъэІуэжа щІыкІэм (Мк. 9:33—37; Лк. 22:24—27).

17. Сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм сэбэп яхуэхъуну Алыхьым и мэл хъушэм дэІэпыкъуэгъу хуэхъун щхьэкІэ?

17 Библиер къагъэсэбэпу нэгъуэщІхэм я щыуагъэр къыгурагъэІуэжыну Иеговэ къалэн зыхуищІа къуэш псоми Хьисэ щапхъэ трахын хуейщ. АбыкІэ апхуэдэ къуэшхэм къагъэлъагъуэ Алыхьымрэ абы и Къуэмрэ ягъэсэну хуит зэращІыр. Апостол Петр итхащ: «Мэлыхъуэм и нэІэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цІыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъуи, фи нэІэ ятевгъэт, хэгъэзыхь хэмылъу, фи гуапэу, Тхьэм зэрыфІэзахуэм хуэдэу. Мылъкум фыщІэмыхъуэпсу, абыхэм фи фІэщу фахуэлажьэ. Ауэ фи ІэмыщІэ илъ цІыхухэм хэгъэзыхькІэ тепщэныгъэ яхувиІэу фадэмыгъуэгурыкІуэ, атІэ абыхэм щапхъэ фахуэхъун щхьэкІэ, фІы влэжь» (1 Пет. 5:2—4). Шэч хэмылъу, зэхуэсым и нэхъыжьхэм гуфІэгъуэ хахыу Алыхьымрэ Хьисэрэ жаІэм едаІуэмэ, езыхэми зэхуэсми сэбэп къахуихьынущ (Ис. 32:1, 2, 17, 18).

18. 1) Иеговэ адэ-анэхэм сыткІэ щыгугърэ? 2) Адэ-анэхэм я къалэныр ягъэзэщІэну дауэ Алыхьыр ядэІэпыкъурэ?

18 А принципыр унагъуэми къыщыбгъэсэбэп хъунущ. Унагъуэм и нэхъыжьхэр Библием къыхуреджэ: «Фи бынхэр фымыгъэгубжь, атІэ Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету фпІы икІи вгъасэ» (Еф. 6:4). Сыт хуэдэ мыхьэнэ абы иІэр? Притчи тхылъым щыжыІащ: «ХэмытІасэ щІыкІэ быным еущие: умыхъу и жэуаптакІуэ абы и кІуэдыр къызыхэкІынум» (Прит. 19:18, Гъэс.). Адэ-анэхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым я бынхэр ягъэсэну Иеговэ къалэн къазэрыхуищІар икІи абыкІэ жэуап зэрахьыжынур (1 Сам. 3:12—14). Иеговэ адэ-анэхэм Іущагърэ зыхуэныкъуэ къарумрэ ярет Іэдэбагъ яхэлъу щелъэІум деж, абы нэмыщІ чэнджэщ къагъуэтын щхьэкІэ и Псалъэм зыщыхуагъазэм икІи и къару лъапІэм иунэтІыну хуит щащІым деж ядоІэпыкъу. (Къеджэ Екъуб 1:5.)

МАМЫРЫГЪЭ ДИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪУ ДЫПСЭУНУ ЗЫДОГЪАСЭ

19, 20. 1) Иеговэ ди щыуагъэр къщыдгуригъэІуэжым деж, жиІэм дедаІуэмэ, абы сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьыну? 2) Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур?

19 Иеговэ ди щыуагъэхэр щыдигъэлъагъум деж дедаІуэмэ икІи езымрэ Хьисэрэ нэгъуэщІхэм я щыуагъэр къызэрыгурагъэІуэжымкІэ щапхъэ ятетхмэ, дэ фІыгъуэ куэд диІэнущ. Унагъуэхэмрэ зэхуэсхэмрэ мамырыгъэ илъынущ икІи дэтхэнэ зыми фІыуэ зэралъагъур, пщІэ къызэрыхуащІыр зыхищІэу зы щхьэкІи мышынэу псэунущ (Пс. 72:7). Ди Адэ, Иеговэ, ди щыуагъэхэр къызэрыдгуригъэІуэжым дыхуегъэхьэзыр абы дыкъихъумэу, дызэгурыІуэу, зы унагъуэм хуэдэу гъащІэ мыухыж диІэу дыщыпсэуну зэманым. (Къеджэ Исаия 11:9a.) Ар тщІэжмэ, Иеговэ къыбгъэдэкІ тезырым и лъагъуныгъэр къэзыгъэлъагъуэ Іэмалыу сыт щыгъуи дыхущытынущ.

20 КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ нэхъыбэ къыщытщІэнущ адэ-анэхэм я сабийхэр зэрагъэсэным икІи зытхъуэжыну зэхуэсыр къызэрыддэІэпыкъум теухуауэ. Абы нэмыщІ зышыІэныгъэ зэрызыхэдгъэлъыным икІи тезырым къыпхуихь гуауэм нэхърэ нэхъыбэ гуауэ къыпхуэзыхьыфыным дытепсэлъыхьынущ.

a Исаия 11:9: «Зэраныгъэ щащІэнукъым икІи зыри щызэтракъутэнукъым сэ си бгыщхьэ лъапІэм, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ тенджызыр псыкІэ зэрыгъэнщІам ещхьыу, щІылъэр Иеговэ теухуа щІэныгъэмкІэ гъэнщІауэ щытынущ».

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • Иеговэ тезыр къыщыттрилъхьэм деж абы дегъасэ икІи дрегъаджэ. Алыхьым гущІэгъу хэмылъу тезыр къыттрилъхьэкъым икІи абы зэи и зэран къыдэкІкъым, абы сыт щыгъуи гуапагъэрэ Іущагърэ хэлъщ. ФІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ, Иеговэ, къыддоІэпыкъу зэрызытхъуэжын хуей лъэныкъуэхэм гу лъыттэну икІи ар дауэ тщІынуми къыджеІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын