ЗышыІэныгъэ зыхэфлъхьэ
«Тхьэм и Псэ ЛъапІэм къыбгъэдэкІ фІыхэр мыращ: ...зышыІэныгъэр» (ГАЛ. 5:22, 23).
УЭРЭДХЭР: 121, 36
1, 2. 1) ЗышыІэныгъэ зимыІэхэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм пэщІэхуэрэ? 2) Сыт нобэ зышыІэныгъэм дыщІытепсэлъыхьын хуейр?
ЗЫШЫІЭНЫГЪЭР — Алыхьыр къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ зыхэтлъхьэфыну хьэл-щэнщ (Гал. 5:22, 23). Иеговэ а хьэл-щэныр нэгъэсауэ егъэлъагъуэ. Ауэ цІыхухэм гуэныхь яхэлъым къыхэкІкІэ зышыІэныгъэ ягъэлъэгъуэну тыншкъым. А хьэл-щэныр цІыхухэм зэрахуримыкъум щхьэкІэ гугъуехь куэдым пэщІохуэ. Псалъэм папщІэ, абыхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэр ирагъэтІылъэкІ, тэмэму еджэкъым икІи фІыуэ я лэжьыгъэр ягъэзащІэкъым. Абы нэмыщІ зышыІэныгъэр пхуримыкъуным узыхуишэ Іуэхугъуэхэм ящыщщ мыхъумыщІэ псалъэкІэр, фадэкІэ егъэлеиныр, лей зехьэныр, нэчыхьыр къутэжыныр, щІыхуэшхуэхэр, тутнакъым ихуэныр, гуныкъуэгъуэхэр, уз зэрыцІалэхэр, нэчыхьыншэу уэндэгъу хъуныр (Пс. 34:11—14).
2 Зэрытлъагъущи, зышыІэныгъэ зыхуримыкъухэр езыхэри гугъу йохь, нэгъуэщІхэми зэран яхуохъу. ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, 1940 гъэхэм елъытауэ, зышыІэныгъэ зыхэлъ цІыхухэр нобэ куэдкІэ нэхъ мащІэ хъуащ. ИкІи, ди жагъуэ зэрыхъунщи, кІуэ пэтми Іуэхур нэхъ Іей мэхъу. Ауэ Алыхьым и Псалъэр зыджхэм ар ягъэщІагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, цІыхухэм зышыІэныгъэ зэрахуримыкъур «мы дунейм и иужьрей махуэхэм» и нэщэнэхэм ящыщ зыщ (2 Тим. 3:1—3).
3. Сыт Алыхьым и лэжьакІуэхэм зышыІэныгъэ яхэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
3 Сыт зышыІэныгъэм мыхьэнэшхуэ щІиІэр? ЩхьэусыгъуитІ зэпкърытхынщ. Япэрауэ, зышыІэныгъэ зыхэлъым и гугъуехьхэр нэхъ мащІэщ. Апхуэдэ цІыхухэр, къэгубжьыгъуафІэхэм елъытауэ, нэхъ зэпІэзэрытщ, нэгъуэщІхэм нэхъыфІу йозэгъ, нэхъ тэмакъкІыхьщ икІи апхуэдэ цІыхухэр депрессием нэхъыфІу пэщІотыф. ЕтІуанэрауэ, цІыхум Алыхьым и нэфІ щыхуэну хуеймэ, хъуэпсэныгъэ Іейхэм зыдригъэхьэхын хуейкъым. Іэдэмрэ Хьэуарэ къащыщІам ар фІыуэ къегъэлъагъуэ (ЩІэдз. 3:6). Абы нэмыщІ дегупсыс хъунущ нэгъуэщІ цІыхухэм а хьэл-щэныр зэрамыгъэлъэгъуам къахуихьа гугъуехьхэм.
4. Сыт гушхуэныгъэ къыдэзытыр зышыІэныгъэ дгъэлъэгъуэну къыщыдэхьэлъэкІым деж?
4 ЦІыхухэм псоми гуэныхь яхэлъщи, нэгъэсауэ зышыІэныгъэ ягъэлъэгъуэфкъым. Иеговэ ещІэ и лэжьакІуэхэм я дежкІэ хъуэпсэныгъэ Іейхэм пэщІэтыну зэрымытыншыр, икІи ар хуейщ абыхэм ядэІэпыкъуну (1 Цар. 8:46—50). Ныбжьэгъу пэжым хуэдэу, ар арэзы зыщІыну хуей цІыхухэм и гуапэу щІэгъэкъуэн яхуохъу. Мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ Иеговэ зышыІэныгъэ зэригъэлъагъуэм. Иджыри зэпкърытхынущ Библием зи гугъу ищІ цІыхухэм ягъэлъэгъуа щапхъэфІхэмрэ щапхъэ Іейхэмрэ сыт хуэдэ дерс хэтхыфынуми. Абы нэмыщІ дигу къэдгъэкІыжынщ зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъыну къыддэІэпыкъуну чэнджэщхэр.
ЗЫШЫІЭНЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫМКІЭ ИЕГОВЭ ЩАПХЪЭ ТХУОХЪУ
5, 6. ЗышыІэныгъэм теухуауэ Иеговэ сыт хуэдэ щапхъэ дигъэлъэгъуар?
5 Иеговэ гуэныхь лъэпкъ хэлъкъыми, зышыІэныгъэ гъэлъэгъуэнымкІэ зыми хуэмыдэу щапхъэфІ дегъэлъагъу (Втор. 32:4). Дэ гуэныхь тхэлъми, Иеговэ и щапхъэм дегупсысмэ икІи абы дытетмэ, дэ а хьэл-щэныр нэхъыфІу дгъэлъэгъуэфынущ. ЯпэщІыкІэ дигу къэдгъэкІыжынщ Иеговэ зышыІэныгъэ зэригъэлъэгъуар.
6 ШейтІаныр Алыхьым щыпэщІэувам щыгъуэ, Иеговэ ищІам дегупсысынщ. ДауикІ, мелыІыч пэжхэр ШейтІаныр Алыхьым зэрыпэщІэувам къигъэгубжьащ, икІи зэгуигъэпащ. ШейтІаным цІыхухэм къахуихьа гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэ фыщегупсысым деж фэри апхуэдэ гурыщІэхэр фиІэу къыщІэкІынщ. Иеговэ губжьыр зытригъэкІуакъым. Ар фІыуэ егупсысри зэпэшэча унафэ къищтащ икІи абыкІэ къигъэлъэгъуащ къэгубжьыгъуафІэу зэрыщымытыр икІи захуагъэм зэрытетыр (Исх. 34:6; Иов 2:2—6). Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъуныр? Иеговэ «зы цІыхуи кІуэдыну хуэмейуэ, цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну» зэрыхуейм къыхэкІкІэ абыхэм зэман гуэр яритащ (2 Пет. 3:9).
7. Иеговэ и щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ?
7 Иеговэ и щапхъэм дыхурегъасэ зыгуэр жыпІэн е пщІэн ипэ фІыуэ узэрыгупсысэн хуейм. Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм ущегупсысым деж упІащІэ хъунукъым. Унафэ пэж пщІын щхьэкІэ зэман хухэхын хуейщ. Алыхьым фелъэІу фи псалъэхэмрэ фи Іуэхухэмрэ Іущагъ хэлъыну (Пс. 141:3). Укъыщыгубжьам е уи лъэр щыщІэхуам деж ущыуэну тыншщ. Алыхьым и лэжьакІуэ куэдыр емыгупсысауэ псалъэ жаІахэм е Іуэху ящІахэм иужькІэ хущІегъуэжащ (Прит. 14:29; 15:28; 19:2, Гъэсэпэтхыдэхэр).
ЩАПХЪЭФІ ЗЫГЪЭЛЪЭГЪУАХЭМРЭ ЩАПХЪЭ ІЕЙ ЗЫГЪЭЛЪЭГЪУАХЭМРЭ
8. 1) ЗышыІэныгъэ зыгъэлъэгъуауэ щытахэм я щапхъэхэр дэнэ къыщыдгъуэтыныр? 2) Исуф Потифар и щхьэгъусэр къыщыкІэрыхъыжьам сыт абы къыдэІэпыкъуар гуэныхь къимыхьыну? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
8 ЗышыІэныгъэм теухуауэ щапхъэфІ зыгъэлъэгъуа цІыху куэдым я хъыбар Библием итщ. Абыхэм ящыщ зыщ Екъуб и къуэ Исуф. Ар фирхьэуным и щхьэхъумэхэм я Іэтащхьэ Потифар хуэлажьэт. Потифар и щхьэгъусэр теплъэ дахэ зиІэ Исуф ехъуэпсащ икІи ар мызэ-мытІэу абы кІэрыхъыжьащ. Сыт Исуф къыдэІэпыкъуар абы пэщІэтыну? Шэч хэмылъу ар егупсысу щытащ Потифар и щхьэгъусэм дэгъуэлъу щытмэ абы кърикІуэным. ИужькІэ а цІыхубзым Исуф иригъусэну хигъэзыхьу щиубыдам, ар щІэпхъуэжащ. Исуф егупсыст: «АтІэ сэ дауэ злэжьын а Іеягъэ ин дыдэр, дауэ гуэныхьи къыщысхьын Тхьэм и пащхьэ?» (ЩІэдз. 39:6, 9; къеджэ Притчи 1:10, Гъэс.).
9. ГъэунэхуапІэ уихуэ хъумэ, сыт къыбдэІэпыкъуныр абы упэлъэщыну?
9 Исуф и щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ? Дэ гъэунэхуапІэ дыщихуэм деж Алыхьым и хабзэм дызэремыбэкъуэным иужь дитын хуейщ. Иеговэ и Щыхьэт хъун ипэ языныкъуэхэм фадэкІэ ирагъэлейуэ, тутынафэу, наркотик зрахьэлІэу, зинэ щІакІуэу, шхыным хуэнэпсейуэ щытахэщ. Ауэ псым зыщІагъэуа иужьи гъуэгу мыхъумыщІэм техьэжыну абыхэм ягу къыщыкІи къохъу. Сыт тщІэ хъуныр апхуэдэ гупсысэхэр дигу къыщыкІым деж? Гуэныхьым зыдебгъэхьэхыу щытмэ, Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм ар зэран зэрыхуэхъуным уегупсыс хъунущ. Абы къару къыпхилъхьэнущ гупсысэ Іейхэм адэкІи упэщІэтыну. ГъэунэхуапІэ узыпэщІэхуэфынухэм икІи абыхэм уимыхуэн щхьэкІэ пщІэ хъунум егупсыс (Пс. 26:4, 5; Прит. 22:3, Гъэс.). ГъэунэхуапІэ уихуамэ, Иеговэ Іущагърэ зышыІэныгъэрэ къыпхилъхьэну елъэІу.
10, 11. 1) Школым щеджэ ди ныбжьыщІэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ? 2) Сыт абыхэм къадэІэпыкъуныр мыхъумыщІагъэ ящІэну щыхагъэзыхьым деж?
10 Алыхьым хуэлажьэ ныбжьыщІэ куэд Исуф зыпэщІэхуа гъэунэхуапІэхэм хуэдэ пэщІохуэ. Ди шыпхъу Ким и щапхъэм дытепсэлъыхьынщ. Абы и классэгъухэм и нэхъыбэм къакІухьт икІи зыгуэрым зэригъусам гъэщІэрэщІауэ тепсэлъыхьыжт. Ауэ Ким апхуэдэ Іуэхухэм хэттэкъыми, жиІэжын иІэтэкъым. Ар абыхэм зэремыщхьым щхьэкІэ иныкъуэхэм деж и закъуэу, зыри къыхуэмейуэ къыщыхъут. Ким щІалэ зэримыІэм щхьэкІэ и классым щІэсхэм абы зыгуэр и лажьэу ябжт. Ауэ Ким и щытыкІэм Іущагъ хэлът, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ищІэт ущыныбжьыщІэм деж зыгуэрым уригъусэным Іейуэ узэрызыІэпишэр (2 Тим. 2:22). Абы и классэгъухэм ягъэщІагъуэу къеупщІт: «Иджыри къыздэсым ухъыджэбзу ара?» Абы Іэмал къритт ар щІалэхэм щІримыгъусэр къагуригъэІуэну. Дэ ди ныбжьыщІэхэм дропагэ, къызэрытракъузэм емылъытауэ къабзагъэ зэрахъумэм щхьэкІэ. Абыхэм Иегови хуабжьу ягъэгуфІэ!
11 ЗышыІэныгъэ зэрамыгъэлъэгъуам къыхэкІкІэ зинэ щІэным и къапхъэным ихуахэм я щапхъэхэр Библием итщ икІи а цІыхухэр гугъуехь куэдым зэрыпэщІэхуари а тхылъым къегъэлъагъуэ. Ким зрихьэлІа Іуэхугъуэм хуэдэ уэри упэщІэхуамэ, Притчи 7-нэ псалъащхьэр зытепсэлъыхь щІалэ акъылыншэм и хъыбарым уегупсыс хъунущ. Амнон ищІари абы кърикІуари уигу къэгъэкІыж (2 Сам. 13:1, 2, 10—15, 28—32). Сабийхэм зышыІэныгъэрэ Іущагърэ зыхалъхьэн щхьэкІэ, адэ-анэхэм абыхэм я гъусэу Библиер щаджым деж апхуэдэ щапхъэхэр зэпкърах хъунущ.
12. 1) Дапхуэдэу Исуф зэрызиІыгъар и къуэшхэр и пащхьэ къыщиувам? 2) Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж зышыІэныгъэ щыдгъэлъэгъуэн хуейр?
12 Исуф иджыри зы лъэныкъуэкІэ зышыІэныгъэ игъэлъэгъуащ. Абы и къуэшхэр Мысырым шхын къащэхуну кІуауэ и пащхьэ щиувам, абыхэм закъригъэцІыхужакъым, я гум илъыр къищІэн щхьэкІэ. Исуф и нэпсхэр хуэмыІыгъыжу и гур къыщызэфІэнам, зыми къамылъэгъун щхьэкІэ, нэгъуэщІ пэшым щІыхьэри гъащ (ЩІэдз. 43:30, 31). Ди къуэш, ди шыпхъу гуэрым уи жагъуэ хъун ищІамэ, Исуф хуэдэу зышыІэныгъэ зыхэгъэлъ, иужькІэ узыхущІегъуэжын умыщІэн щхьэкІэ (Прит. 16:32; 17:27, Гъэс.). Уи благъэ гуэр Иеговэ и Щыхьэту щымытыжмэ, уэ зышыІэныгъэ бгъэлъэгъуэн хуейщ, Іэмалыншэ мыхъуамэ уемыпсэлъэну. Ар тыншкъым, ауэ дэ абыкІэ Иеговэ щапхъэ тыдох икІи и чэнджэщхэм дытетщ. А псор къызэрыдгурыІуэр къыддоІэпыкъу зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъыну.
13. Даут и щапхъэм сытым дыхуригъасэрэ?
13 Пащтыхь Даут и щапхъэми гу лъыттэ хъунущ. Щаули Шимейи ар и пІэ кърашыну щыхэтам, абыхэм Іей гуэр ярищІэжыну лъэкІыныгъэ иІэу щытами, абы и губжьыр зытригъэкІуакъым (1 Сам. 26:9—11; 2 Сам. 16:5—10). Къапщтэу щытмэ, Даут сыт щыгъуи зышыІэныгъэ игъэлъагъуэу щытакъым. Ар къыхощ Вирсавие и гъусэу ищІа гуэныхьым икІи Навал ищІам щхьэкІэ къызэрыгубжьам (1 Сам. 25:10—13; 2 Сам. 11:2—4). Абы емылъытауэ Даут и щапхъэм куэдым дыхурегъасэ. Япэрауэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм зышыІэныгъэ яхэлъын хуейщ, ирамыгъэлейуэ я къалэнхэр тэмэму ягъэзэщІэн щхьэкІэ. ЕтІуанэрауэ, ди гугъэ хъунукъым гуэныхьыр зэи къыттемыкІуэну (1 Кор. 10:12).
ГЪАЩІЭМ КЪЫЩЫБГЪЭСЭБЭП ХЪУНУ ЧЭНДЖЭЩХЭР
14. Ди къуэшыр сыт хуэдэ Іуэхугъуэ пэщІэхуа икІи апхуэдэ Іуэхугъуэхэм зышыІэныгъэ зыхэбгъэлъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
14 ЗышыІэныгъэм дауэ зэрызедгъэсэныр? Ди къуэш Луиджи къыщыщІа Іуэхугъуэм дытепсэлъыхьынщ. Абы и машинэм и пхэм нэгъуэщІ машинэ къеуащ. Адрей машинэм дэсар къуаншэу щытами ар ди къуэшым текІиеу щІидзащ икІи езэуэну хэтащ. Луиджи и пІэм къимыкІын щхьэкІэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуигъэзащ. ИкІи а цІыхухъур игъэсабырыжыну хэтащ, ауэ абы кІиин щигъэттэкъыми, машинэм и номерыр итхри ежьэжащ. Тхьэмахуэ дэкІауэ хъыбарыфІыр игъэІуу зы цІыхубз гуэрым деж Луиджи щытригъэзэжам, машинэм дэса цІыхухъур абы и щхьэгъусэу къыщІэкІащ! Ар зэрызищІамкІэ укІытэжащ икІи къыхуигъэгъуну елъэІуащ. А цІыхухъум Луиджи къигъэгугъащ страховой компанием зыхуигъэзэну, и Іуэхур нэхъ псынщІэу зыхагъэкІын щхьэкІэ. Библием теухуауи ахэр фІыуэ зэпсэлъащ. Луиджи абы щыгъуэ зэрызиІыгъам щыгуфІыкІыжащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэгъуэщІу зищІауэ щытамэ, а цІыхухъур къемыдэІуэнкІэ хъунут. (Къеджэ 2 Коринф 6:3, 4.)
ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, цІыхухэр къыдэдэІуэнрэ къыдэмыдэІуэнрэ зышыІэныгъэ зэрыдгъэлъагъуэм елъытащ. (14-нэ абзацым феплъ.)
15, 16. Уэри уи унагъуэми зышыІэныгъэ зыхэфлъхьэн щхьэкІэ дауэ Библие джыныр къызэрывдэІэпыкъуфынур?
15 Библиер куууэ зэрыдджыр къыддоІэпыкъу зышыІэныгъэр зыхэтлъхьэну. Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ: «ИщІэ псомкІэ гъуэгу махуэ теува цІыхур мыращ: Тхьэм и унафэм фІыуэ хэплъэ зэпыту икІи зэдэІуа Іуэхухэр щымыгъупщэжу зыгъэзащІэрщ. Тхьэм и унафэр щыщІагъэншэу икІи нэгъэсауэ щытщи, цІыхухэм щхьэхуитыныгъэ ирет» (Екъуб 1:25). Ауэ дапхуэдэу Библие джыныр къызэрыддэІэпыкъур?
16 Мы статьям щызэпкърытхам къегъэлъагъуэ Тхыгъэ ЛъапІэм зышыІэныгъэ зыгъэлъэгъуахэм фІыгъуэ къахуихьам икІи зышыІэныгъэ зыхуримыкъуахэр зыпэщІэхуа гугъуехьхэм теухуауэ щапхъэ куэд зэритыр. Абы хуэдэ хъыбархэр Иеговэ щІригъэтхар ди сэбэпынагъ хэлъщи аращ (Рим 15:4). Сыту мыхьэнэшхуэ иІэ а щапхъэхэм уеджэну икІи уегупсысыну! Абыхэм ущеджэм деж уи щхьэм щхьэкІи, уи унагъуэм щхьэкІи дерс хэлъым егупсыс. Иеговэ елъэІу къыбдэІэпыкъуну. ЗышыІэныгъэ пхуримыкъуу зыдэплъэгъужамэ, ар гулъытэншэу къомыгъанэ. Абы теухуауэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ зыпхъуэжын хуейми гу лъыптэну хущІэкъу (Екъуб 1:5). Ди публикациехэр куууэ бджымэ, шэч хэмылъу къыбдэІэпыкъун чэнджэщхэр къэбгъуэтынущ.
17. Сыт адэ-анэхэм ящІэ хъунур я сабийхэм зышыІэныгъэ зыхалъхьэн папщІэ?
17 ЗышыІэныгъэ цІыхум хэлъу къалъхукъым, атІэ сыт адэ-анэхэм ящІэ хъунур я сабийхэм а хьэл-щэныр зыхалъхьэфын щхьэкІэ? Адрей хьэл-щэнхэм хуэдэуи зышыІэныгъэм теухуауэ адэ-анэхэм ягъэлъагъуэ щапхъэм мыхьэнэшхуэ иІэщ (Еф. 6:4). Фи сабийхэм а хьэл-щэныр ягъэлъэгъуэну къехьэлъэкІыу ядэфлъэгъуамэ, фызэупщІыж хъунущ: «Сэ езым абыхэм щапхъэфІ езгъэлъагъуу пІэрэ?» Зыщывмыгъэгъупщэ фэ хъыбарыфІыр жыджэру зэрывгъэІум, зэхуэсхэр зэрыблэвмыгъэкІым икІи фи унагъуэм и гъусэу зэпымыууэ Библиер зэрывджым фи сабийхэм гу зэрылъатэр икІи щапхъэ зэрытрахыр. Фи сабийхэм «хьэуэ» яжефІэну фымышынэ. Іэдэмрэ Хьэуарэ зэбакъуэ мыхъун унафэ Иеговэ яхуищІат, абы и тепщэныгъэм пщІэ хуащІу зрагъэсэн папщІэ. Апхуэдэу адэ-анэхэм я щапхъэмрэ я гъэсэныгъэмрэ сабийхэм къадэІэпыкъунущ зышыІэныгъэ зыхалъхьэну. Алыхьым и тепщэныгъэмрэ и хабзэхэмрэ пщІэ хуащІу фи сабийхэр вгъасэмэ, абы нэхърэ нэхъыфІ яхуэфщІэфынукъым! (Къеджэ Притчи 1:5, 7, 8, Гъэс.)
18. Сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр ныбжьэгъу къыщыхэтхкІэ Іущагъ тхэлъу а Іуэхум дыбгъэдыхьэным?
18 ДауикІ, дэ псоми ныбжьэгъу къыщыхэтхкІэ Іущагъ тхэлъу а Іуэхум дыбгъэдыхьэн хуейщ. Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурадхэр ягъэувыну икІи Іуэхугъуэ Іейхэм упэщІэмыхуэну къыбдэІэпыкъуну цІыхухэм гъунэгъу зыхуэщІ (Прит. 13:20, Гъэс.). Алыхьым хуэлэжьэну хущІэкъу, зышыІэныгъэ зыгъэлъагъуэхэр ныбжьэгъу зэрыфщІым фыхуигъэушынущ абыхэм хуэдэу а хьэл-щэныр вгъэлъэгъуэну. Фэри фи щапхъэфІыр абыхэм сэбэп яхуэхъунущ. ЗышыІэныгъэ зыхэтлъхьэмэ, ди гъащІэр нэхъ насыпыфІэ хъунущ, Алыхьыр арэзы къытхуэхъунущ икІи ди ныбжьэгъухэмрэ дэрэ зэхущытыкІэфІ ди зэхуаку дэлъынущ.