«Тхьэм и псалъэхэр мыкІуэдыжу игъащІэкІэ къонэ»
«Удзыр мэгъуж, гъэгъари мэкІуэдыж. Ауэ Тхьэм и псалъэр мыкІуэдыжу игъащІэкІэ къонэ» (ИС. 40:8).
УЭРЭДХЭР: 95, 97
1, 2. 1) Библиер димыІамэ, сыт хуэдэ гъащІэт диІэнур? 2) Сыт щыгъуэ Библием сэбэпынагъ нэхъыбэ къыщытхуихьынур?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт Библиер димыІэу. Сыт хуэдэ гъащІэт диІэнур? Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр къыздитхыныр тщІэнутэкъым. Алыхьым, гъащІэм, ди къэкІуэным теухуа упщІэхэм я жэуап нэсхэр къытхуэгъуэтынутэкъым. ИкІи Иеговэ япэм цІыхухэм дауэ хущытами тщІэнутэкъым.
2 Ди насыпщи, Иеговэ и Псалъэ Библиер къыдитащ. ИкІи абы дыкъегъэгугъэ и Псалъэм ит хъыбарыр игъащІэкІэ щыІэну. Мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэр апостол Петр и япэ тхылъым къыщехь. Абы «Тхьэм и псалъэхэр» жиІэу зи гугъу ищІар езы Библиеракъым, атІэ а тхылъым ит Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыращ. (Къеджэ 1 Петр 1:24, 25.) ДауикІ, Библием сэбэпынагъ нэхъыбэ къыщытхуихьынур ди бзэкІэ ар тхауэ щытмэщ. Алыхьым и Псалъэр зыджыну зи фІэфІхэм ар куэд щІауэ къагурыІуащ. Ижь-ижьыж лъандрэ зигу къабзэ цІыхухэм къару куэд ирахьэлІэт Библиер зэрадзэкІын икІи ар цІыхухэм лъагъэІэсын щхьэкІэ. Иеговэ хуейщ «цІыху псори мыкІуэду къригъэлыну икІи щыпкъагъэр ящІэну» (1 Тим. 2:3, 4).
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
3 Мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ Алыхьым и Псалъэр хъума зэрыхъуам мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэм емылъытауэ: 1) бзэм зэрызихъуэжым, 2) дунейпсо политикэм зихъуэжыху нэхъыбэ цІыхухэр зэрызэпсалъэ бзэми зэрызихъуэжым икІи 3) ар зэрадзэкІыным зэран хуэхъуу зэрыщытам. Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ Алыхьымрэ абы и Псалъэмрэ пщІэ нэхъыбэ хуэтщІыну (Мих. 4:2; Рим 15:4).
БЗЭМ ЗЭРЫЗИХЪУЭЖЫР
4. 1) Зэманыр кІуэтэхукІэ бзэхэм дауэ зэрызахъуэжыр? 2) Сытым къыхэщрэ Алыхьым цІыху зэхэгъэж зэримыщІыр икІи сыт хуэдэ гурыщІэ уэ абы къыуитыр?
4 Зэманыр кІуэтэхукІэ бзэхэм зэхъуэкІыныгъэ хохьэ, псалъэхэм я мыхьэнэхэм захъуэж. Фэри фи бзэм зэрызихъуэжам и щапхъэ гуэр фщІэуэ къыщІэкІынщ. Апхуэдэу Библием и Іыхьэ нэхъыбэр зэратхауэ щыта пасэрей журтыбзэмрэ алыджыбзэмрэ нобэ цІыхухэр зэрызэпсалъэ журтыбзэмрэ алыджыбзэмрэ зэтехуэкъым. А бзэхэм икъукІэ захъуэжащ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и Псалъэр къызыгурыІуэну хуей дэтхэнэ зыри Библие зэдзэкІам еджэн хуейщ, нобэ зэрыпсалъэ журтыбзэмрэ алыджыбзэмрэ ищІэми. Библиер япэ дыдэу зэрытхауэ щыта бзэхэмкІэ еджэн щхьэкІэ, языныкъуэхэр пасэрей журтыбзэмрэ алыджыбзэмрэ зрагъэщІэну иужь йохьэ. Ауэ абыхэм зэрагугъам хуэдэу ар сэбэп яхуэхъунукъым. Нобэ Библие псор е абы и Іыхьэ щхьэхуэхэр бзэ 3 200-рэ нэхъыбэкІэ зэрадзэкІащ. Зэрытлъагъущи, Иеговэ хуейщ абы и Псалъэр сэбэп яхуэхъуну «дунейм тет цІыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми». (Къеджэ Апокалипсис 14:6.) Ар къызэрыдгурыІуэм дыхуегъэуш цІыху зэхэгъэж зымыщІ, фІыуэ дыкъэзылъагъу Алыхьым нэхъ пэгъунэгъу зыхуэтщІыну (Апост. 10:34).
5. Пащтыхь Екъуб и Библием теухуауэ сыт тщІэр?
5 Библиер зэрызэрадзэкІауэ щыта бзэр зы зэманкІэ гурыІуэгъуэу щытми, а бзэми иужькІэ зехъуэж. Псалъэм папщІэ, английскэбзэкІэ 1611 гъэм къыдэкІауэ щыта пащтыхь Екъуб и Библиер (Библия короля Якова) цІыху куэдым яцІыхут икІи а Библием английскэбзэм зэхъуэкІыныгъэ куэд хилъхьащ. Ауэ пащтыхь Екъуб и Библием Алыхьым и цІэр зэкъуэтІакъуэт зэритыр. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм и нэхъыбэ едзыгъуэхэм Иеговэ цІэр хьэрфышхуэкІэ тхауэ «ЗИУСХЬЭН» псалъэкІэ яхъуэжащ. ИужькІэ къыдэкІа пащтыхь Екъуб и Библием, АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм Алыхьым и цІэм зэзэмызэ ущрихьэлІэт. Абы къегъэлъагъуэ а Библиер къыдэзыгъэкІахэм къазэрыгурыІуар АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм Алыхьым и цІэр зэрыхэтын хуейр.
6. Сыт лъапІэу щІэтлъытэр ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Библиер?
6 Пащтыхь Екъуб и Библиер къыщыдэкІа зэманым елъытауэ, нобэ а тхылъыр зэрытха бзэр цІыхухэм тэмэму къагурыІуэжкъым. НэгъуэщІ бзэхэмкІэ зэдзэкІауэ щыта Библиехэми ар дыдэращ къащыщІар. Нобэ тыншу къыдгурыІуэ бзэкІэ тхауэ ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Библиер дызэриІэм щхьэкІэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ! А Библиер зэрыщыту е абы и Іыхьэ щхьэхуэхэр бзэ 150-м щІигъукІэ зэдзэкІащи, цІыхухэм я нэхъыбэм а тхылъым еджэну Іэмал яІэщ. Ар тыншу икІи гурыІуэгъуэу зэрызэрадзэкІам и фІыгъэкІэ Алыхьым и Псалъэм ит хъыбарыр ди гум лъоІэс (Пс. 119:97). ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Библием Алыхьым и цІэр здэщытын хуейм деж зэрыщытыр гу лъытапхъэщ.
ЦІЫХУ НЭХЪЫБЭР ЗЭРЫЗЭПСАЛЪЭ БЗЭР
7, 8. 1) Ди эрэм ипэ къихуэу III-нэ лІэщІыгъуэм журтхэм я нэхъыбэм сытыт ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр къагурымыІуэжу щІэхъуар? 2) Септуагинтэр сыт зищІысыр?
7 Дунейпсо политикэм зихъуэжыху нэхъыбэ цІыхухэр зэрызэпсалъэ бзэми зихъуэжт. А зэхъуэкІыныгъэхэр Алыхьым и Псалъэр цІыхухэм къагурыІуэну зэран хуэмыхъун папщІэ сыт Иеговэ ищІар? Псалъэм папщІэ, Библием и япэ тхылъ 39-р журтхэм ятхат. «Япэрауэ, Тхьэм и псалъэхэр зыІэщІилъхьар журтхэр арщ» (Рим 3:1, 2). Ауэ ди эрэм ипэ къихуэу ещанэ лІэщІыгъуэм ирихьэлІэу журтхэм я нэхъыбэм я бзэр ящыгъупщэжат. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Александр Македонскэм и тепщэгъуэ зэманым Грецием и щІыналъэм зэрызиубгъуаращ (Дан. 8:5—7, 20, 21). А империем щыпсэуа цІыхухэр, журтхэри абыхэм хэту, алыджыбзэкІэ псалъэу щІадзащ. Абы къыхэкІкІэ ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр журтхэм къагурыІуэну къехьэлъэкІт. Сытыт а Іуэхум и хэкІыпІэр?
8 Ди эрэм ипэ къихуэу III-нэ лІэщІыгъуэм икум хуэзэу Библием и япэ тхылъитхур алыджыбзэкІэ зэрадзэкІащ. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм щыщу къэнахэри ди эрэм ипэ къихуэу II-нэ лІэщІыгъуэм зэрадзэкІащ. Апхуэдэу а зэрадзэкІа Тхыгъэхэм СептуагинтэкІэ еджэу щІадзащ. ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр зэдзэкІауэ ди зэманым къэсахэм щыщу япэу къыдэкІар а Септуагинтэращ.
9. 1) Септуагинтэмрэ япэу зэрадзэкІауэ щыта Библиехэмрэ Алыхьым и Псалъэр цІыхухэм къагурыІуэну дауэ дэІэпыкъуэгъу яхуэхъуа? 2) ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм щыщу сыт хуэдэ пычыгъуэ нэхъ уигу ирихьыр?
9 Септуагинтэр зэрыщыІэм и фІыгъэкІэ алыджыбзэкІэ псалъэ журтхэми, нэгъуэщІ цІыхухэми ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр къагурыІуэу щІадзащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абыхэм я бзэкІэ Алыхьым и Псалъэр щаджым икІи щызэхахым гурыщІэ яІахэр! ИужькІэ Библием и языныкъуэ Іыхьэхэр цІыхухэм я нэхъыбэр зэрызэпсалъэу щыта бзэхэмкІэ зэрадзэкІащ, псалъэм папщІэ сирийскэ, готскэ, латинскэ бзэхэмкІэ. ЦІыхухэм я бзэкІэ Тхыгъэ ЛъапІэр яджын щыщІадзам ар фІыуэ ялъэгъуащ. Абыхэм я гурыщІэхэр 119-нэ Псаломыр зытхам жиІа псалъэхэм къыхощ: «Уи псалъэм си гум гуфІэгъуэшхуэ кърелъхьэ... ...Уэ уи хабзэр сэ фІыщэу слъэгъуащ» (Пс. 119:162—165). Аращи, цІыху нэхъыбэр зэрызэпсалъэ бзэм зэрызихъуэжу щытам емылъытауэ, Алыхьым и Псалъэр хъума хъуащ.
БИБЛИЕР ЗЭРАДЗЭКІЫНЫМ ЗЭРАН ХУЭХЪУУ ЗЭРЫЩЫТАР
10. Джон Уиклиф и зэманым псэуа къызэрыгуэкІ цІыхухэм Библием итыр къащІэну Іэмал сытыт щІамыІэр?
10 ЛъэкІыныгъэ зиІэхэр къызэрыгуэкІ цІыхухэм Библием еджэну зэран щахуэхъу зэман щыІащ. Ауэ, абы емылъытауэ, Алыхь фІэлІыкІ зиІэхэм адэкІи къару ирахьэлІэт цІыхухэм Библиер яІэн щхьэкІэ. XIV-нэ лІэщІыгъуэм псэуа Джон Уиклиф абыхэм ящыщ зыт. Ар хуейт дэтхэнэ зыми Библием еджэну Іэмал иІэну. А зэманым Англием цІыху къызэрыгуэкІхэм Библием итыр къащІэну Іэмал яІэтэкъым. Сыт щхьэкІэ? Япэрауэ, Библиер ІэкІэ къызэрыратхыкІыжым щхьэкІэ егъэлеяуэ лъапІэти, и нэхъыбэм а тхылъыр къызэращэхун ахъшэ яІэтэкъым. ЕтІуанэрауэ, цІыху еджэфхэр мащІэт. Члисэм Библием къыщеджэу зэхахми, къагурыІуэтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зэрытха латиныбзэр кІуэдыжат икІи зыми ищІэтэкъым. Сыт Иеговэ ищІар цІыхухэр я бзэкІэ Библием еджэфын папщІэ? (Прит. 2:1—5, Гъэсэпэтхыдэхэр).
Джон Уиклифи нэгъуэщІ цІыхухэри хуейт дэтхэнэ зыри Алыхьым и Псалъэм еджэфыну. Уэри апхуэдэ гукъыдэж уиІэу пІэрэ? (11-нэ абзацым феплъ.)
11. Уиклиф и Библиер къызэрыдэкІам сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпэкІуар?
11 1382 гъэм английскэбзэкІэ зэдзэкІа Библие къыдэкІащ, абы Уиклиф и БиблиекІэ еджэт. Джон Уиклиф и лъэужь ирикІуэхэм а тхылъыр фІыуэ ялъэгъуащ. Алыхьым и Псалъэр цІыху къызэрыгуэкІхэм я гумрэ я псэмрэ нэсын щхьэкІэ къуажэ–къуажэкІэ лоллардхэм Англиер зэрыщыту къызэхакІухьащ. Ахэр Уиклиф и Библием цІыхухэм къахуеджэт икІи абы щыщ пычыгъуэхэр ІэкІэ къратхыкІыжауэ къыхуагъанэт. Лоллардхэм ящІам и фІыгъэкІэ цІыхухэм Алыхьым и Псалъэм еджэн щІадзэжащ.
12. Уиклиф и Библиемрэ лоллардхэм я лэжьыгъэмрэ дин пашэхэм дауэ къащыхъуа?
12 Дин пашэхэм Уиклиф, абы и Библиер икІи лоллардхэр ялъагъу мыхъуу хъуащ. Абыхэм лоллардхэр губжьауэ кърахуэкІт икІи Уиклиф и Библиеу къагъуэту хъуар ягъэкІуэдт. Уиклиф лІа иужь диным епцІыжауэ ягъэІуащ. Ари я фІэмащІэу Уиклиф и хьэдэ къупщхьэр щІым къыщІахыжри ягъэсащ икІи и сахуэр псыежэх Свифтым хапхъэжащ. Ауэ абыхэм сыт ямыщІэми, Алыхьым и Псалъэм еджэну хуей цІыхухэр къахуэгъэувыІэнутэкъым. КъыкІэлъыкІуэ лІэщІыгъуэхэм Европэмрэ нэгъуэщІ къэралхэмрэ цІыху къызэрыгуэкІхэм я бзэкІэ Библиер зэрадзэкІыу икІи къыдагъэкІыу щІадзащ.
«ФІЫМ УХУЕЗЫГЪАСЭ... УИ АЛЫХЬ ИЕГОВЭР СЭРАЩ»
13. Сыт дэ шэч къызытедмыхьэр икІи абы дауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр?
13 Езы Библиер Алыхьым иригъэтхами, Септуагинтэр, Уиклиф и Библиер, пащтыхь Екъуб и Библиер е нэгъуэщІхэм зэрадзэкІа Библиехэр Алыхьым и ІэмыркІэ зэрадзэкІауэ дегупсысын хуейкъым. Ауэ Библиер зэрызэрадзэкІа щІыкІэм дыщегупсыскІэ, дэ долъагъу Иеговэ зэрыжиІам хуэдэу и Псалъэр зэрихъумэжар. ИкІи абы Иеговэ дыкъызэригъэгугъа нэгъуэщІ псалъэхэри зэригъэзэщІэжынымкІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ (Иис. Н. 23:14).
14. Дауэ Библием дызэрыхуигъэушыр Алыхьыр нэхъыфІыжу тлъагъуну?
14 Библиер ди зэманым хъумауэ къызэрысам дыщегупсыскІэ Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу мэхъуa. Сыт абы и Псалъэр къыщІыдитар икІи ар ихъумэжыну дыкъыщІигъэгугъар? Абы фІыуэ дыкъелъагъу икІи фІым дыхуигъэсэну хуейщи аращ. Езы Иеговэ жеІэ: «ФІым ухуезыгъасэ икІи узрикІуэн хуей гъуэгур уэзыгъэлъагъу уи Алыхь Иеговэр сэращ» (Ис. 48:17, 18). Дэри абы дыхуегъэуш Алыхьыр фІыуэ тлъагъуну икІи и хабзэхэм дытетыну (1 Ин. 4:19; 5:3).
15. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
15 Дэ Алыхьым и Псалъэр лъапІэу долъытэ. НтІэ, абы сэбэпынагъ нэхъыбэ хэтхын папщІэ дауэ дызэреджэ хъунур? ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ цІыхухэм Библием гу лъедгъэтэну сыт къыддэІэпыкъунур? Къуэшхэм зэхуэсыр зыхурагъаджэ псори Алыхьым и Псалъэм тегъэщІарэ темыгъэщІарэ дауэ зэрызэхагъэкІыфынур? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.
a «Ар фигу ирихьынущ!» рамкэм феплъ.