14-НЭ УРОКЫР
Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыхэгъэщ
Еврейхэм 8:1
ПЩІЭН ХУЕЙР: Темэр зэрызэпкърыпхым кІэлъыплъыну къодаІуэхэм дэІэпыкъу икІи гупсысэ нэхъыщхьэхэр темэмрэ псалъэр щІыжыпІэм и щхьэусыгъуэмрэ зэрепхар гурыІуэгъуэу къэгъэлъагъуэ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Псалъэр щІыжыпІэм и щхьэусыгъуэр зэхэгъэкІ. КъохъулІэну узыхуейм егупсыс, псалъэм папщІэ, къодаІуэхэм зыгуэрым теухуауэ нэхъыбэ къебгъэщІэну, зыгуэр я фІэщ пщІыну е зыгуэр ящІэну хуэбгъэушыну икІи абы уи псалъэр тегъэщІауэ ухуэ. Дэтхэнэ зы гупсысэ нэхъыщхьэми мурад пщІам узэрыхуишэм кІэлъыплъ.
Къытебгъэзэжурэ темэр къыхэгъэщ. Псалъэ жыпІэм и темэр ягу къэгъэкІыж, абы и псалъэ нэхъыщхьэхэм къытебгъэзэжурэ е абыхэм я синонимхэр къэбгъэсэбэпурэ.
Гупсысэ нэхъыщхьэхэр ІупщІу икІи гурыІуэгъуэу зэхэлъхьэ. Гупсысэ нэхъыщхьэ пщІын хуейр уи темэм хуэкІуэхэращ икІи зэман уиІэм щІомыгъэгъуу фІыуэ зэпкърыпхыфынухэращ. Гупсысэ нэхъыщхьэхэр куэд хъун хуейкъым. Дэтхэнэ зы гупсысэ нэхъыщхьэри гурыІуэгъуэу къыхэгъэщ икІи зы гупсысэ нэхъыщхьэ жыпІа иужь адрейм занщІэу ухэмыхьэу, тІэкІу зэпыгъэу.