11-НЭ УРОКЫР
Гушхуэныгъэ хэлъу псалъэ
Рим 12:11
ПЩІЭН ХУЕЙР: КъодаІуэхэм я гум унэсын икІи жыпІар я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну хуэбгъэушын хуэдэу гушхуэныгъэ хэлъу псалъэ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Уи гум къыбгъэдэкІыу псалъэ. Зыщыбгъэхьэзырым деж материал бгъэхьэзырым сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми егупсыс. Уи гум къыбгъэдэкІыу упсэлъэн щхьэкІэ, узытепсэлъыхь темэр фІыуэ бгъэхьэзырын хуейщ.
КъодаІуэхэм егупсыс. Укъызэджэну е зэпкърыпхыну материалыр сыткІэ сэбэп яхуэхъунуми икІи абы сэбэпынагъ хэлъыр наІуэу ялъэгъун щхьэкІэ зэрабгъэдэплъхьэ хъуну щІыкІэми егупсыс.
Жыджэру псалъэ. Псэ хэту псалъэ. Уи нэкІур, уи Іэхэр зэрыпщІымкІэ уи гурыщІэхэр къэгъэлъагъуэ.