ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • th 13-нэ урокыр, н. 16
  • ЖыпІэр гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэп хъуныр гъэлъагъуэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ЖыпІэр гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэп хъуныр гъэлъагъуэ
  • Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ
  • Мыбы ещхь материал
  • КъодаІуэхэм яфІэгъэщІэгъуэн хъун хуэдэу къызэрыщІэбдзэ хъуныр
    Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ
  • КъодаІуэхэм я гум узэрынэсыным хущІэкъу
    Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ
  • Гушхуэныгъэ хэлъу псалъэ
    Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ
  • КупщІэ зыхэлъ псалъэ
    Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ
Нэхъыбэ еплъын
Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ
th 13-нэ урокыр, н. 16

13-НЭ УРОКЫР

ЖыпІэр гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэп хъуныр гъэлъагъуэ

Библием щыщ пычыгъуэр

Притчи 3:21

ПЩІЭН ХУЕЙР: Зи гугъу пщІы темэр къодэІуэнухэм я гъащІэм дауэ епхами къагурыгъаІуэ икІи ар къызэрагъэсэбэпынур къащІэну ядэІэпыкъу.

АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:

  • КъодэІуэнухэм егупсыс. Бгъэхьэзыра псалъэм хэт гупсысэхэр къодэІуэнухэм щІызэхахын хуейм и щхьэусыгъуэмрэ абы и сыт хуэдэ Іыхьэхэр нэхъ щхьэпэ хъунуми егупсыс.

  • Уи псалъэр жыпІэху жыпІэм сэбэпынагъ хэлъым гу лъегъатэ. КъодаІуэ цІыхухэр занщІэу «Мыр сэращ щІагъэхьэзырар!» жаІэу егупсысын хуэдэу уи псалъэр жыІэ. Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыхэбгъэщыху ар къызэрагъэсэбэпыну щІыкІэр къагурыбгъаІуэурэ щІы. Мыхьэнэ зимыІэ псалъэхэр жомыІэу, къагурыбгъэІуэну узыхуейм и купщІэр жыІэ.

    Къызэрыбгъэсэбэп хъунур

    КъодаІуэхэр бгъэкъуаншэ хуэдэу къащымыхъун щхьэкІэ, Библием ит принципхэр лъагъуныгъэ пхэлъу къагурыгъаІуэ. Абыхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІу, Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуну ядэІэпыкъу. Шэч къытомыхьэ уэ абыхэм епт чэнджэщхэр я гъащІэм къызэрыщагъэсэбэпынум.

ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫБГЪЭІУКІЭ

Фи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм сыт хуэдэ хъыбарыщІэ е темэ яфІэгъэщІэгъуэн хъунуми зыщыбгъэхьэзыркІэ егупсыс. Иджыпсту цІыхухэр нэхъ зыгъэгузавэм тепсэлъыхь. ЦІыхур зыгъэпІейтейр е фІэгъэщІэгъуэныр къэпщІэн щхьэкІэ, упщІэ къезэгъхэр ет. ЦІыхум жэуап къыуитам ипкъ иткІэ псалъэмакъым пыщэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын