2-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Сыт зищІысыр фІэщхъуныгъэ пэжыр?
ФІэщхъуныгъэр, ахъшэм хуэдэу, пэжу щытын хуейщ, мыхьэнэ иІэн щхьэкІэ
ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ пэжым къикІыр Алыхьыр зэрыщыІэр уи фІэщ хъун закъуэракъым. ЦІыху мелуан куэдым Алыхьыр я фІэщ мэхъу, ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу мыхъумыщІагъэ куэд ящІэу мэпсэу. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэр ахъшэ нэпцІым ебгъэщхь хъунущ. Ар пэжу къыпщыхъункІэри хъунущ, ауэ абы сэбэп къыпхуихькъым. Сыт-тІэ фІэщхъуныгъэ пэжыр зищІысыр?
ФІэщхъуныгъэ пэжым лъабжьэ хуэхъур Тхыгъэ ЛъапІэм ит щІэныгъэ пэжхэращ. А тхыгъэхэр Алыхьым теухуа пэжыгъэм топсэлъыхь, дэ ар нэхъыфІу къэтцІыхуфын папщІэ. Абыхэм дэ къытхузэІуах Алыхьым и хабзэхэр, мурадхэр, щІэныгъэ пэжхэр. Псалъэм папщІэ:
Алыхьыр закъуэщ. Абы хуэбгъадэ хъун щыІэкъым;
Хьисэ — ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхькъым. Ар Алыхьым и бегъымбарщ;
Алыхьым тхьэ нэпцІхэм хуэлэжьэныр къищтэкъым;
Алыхьым хьэкум щищІыну махуэр цІыхухэм къапэщылъщ;
бжыгъэ зимыІэ лІа куэд къэтэджыжынущ Жэнэтым щыпсэуну.
ФІэщхъуныгъэ пэжым ІуэхуфІхэм ухуегъэуш. Апхуэдэ Іуэхухэм Алыхьыр ягъэлъапІэ икІи дэри нэгъуэщІхэми сэбэпынагъ къытхуахь. ІуэхуфІхэм хеубыдэ:
Алыхьым хуэлэжьэныр;
Алыхьым фІэфІ хьэл-щэнхэр зыхэлъхьэныр, псом хуэмыдэу лъагъуныгъэр;
гупсысэ Іейхэмрэ мыхъумыщІэ хъуэпсэныгъэхэмрэ зыпыІудзыныр;
гъэунэхуапІэхэм ущихуэм деж фІэщхъуныгъэр хъумэныр;
Алыхьым теухуа щІэныгъэмкІэ цІыхухэм уадэгуэшэныр.
ФІэщхъуныгъэ пэжым фІы щІэным ухуегъэуш
ФІэщхъуныгъэ пэжыр дауэ зэдгъэгъуэта хъуну?
ФІэщхъуныгъэр Іэпкълъэпкъым ебгъэщхь хъунущ, уелэжьыхукІэ нэхъ быдэ мэхъу
Алыхьыр къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Мусэ бегъымбар Алыхьым зыхуигъэзащ: «СынолъэІу, уи гъуэгухэр къысхузэІупхыну, усцІыхун щхьэкІэ икІи адэкІи уи нэфІ къысщыхуэн щхьэкІэ»a. Алыхьым абы и лъэІур зэхихри, жэуап иритащ. Мусэ фІэщхъуныгъэ иІамкІэ щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ. Уэри фІэщхъуныгъэ пэж зэбгъэгъуэтынымкІэ Алыхьыр къыбдэІэпыкъунущ.
Тхыгъэ ЛъапІэр джыным зэман хухэх. Алыхьым къыбгъэдэкІ тхыгъэхэу Торэтыр, Забурыр, Инджылыр щыбгъуэтынущ Библием — псом нэхърэ нэхъыбэу къыдэкІ икІи бзэ нэхъыбэ дыдэкІэ зэдзэкІа тхылъым. А тхыгъэхэр уиІэу пІэрэ?
Тхыгъэ ЛъапІэм ит чэнджэщхэр уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп. ФІэщхъуныгъэр Іэпкълъэпкъым ебгъэщхь хъунущ, уелэжьыхукІэ нэхъ быдэ мэхъу. ФІэщхъуныгъэр ІуэхукІэ къэбгъэлъагъуэмэ, ар хэхъуэнущ. Уэ уи гъащІэм щыплъэгъунущ Алыхьым и чэнджэщхэм лъэкІыныгъэшхуэ зэриІэр. Тхыгъэм ит чэнджэщхэм цІыху куэдым я гъащІэр нэхъыфІ ящІащ. Мы брошюрэм ущеджэкІэ, апхуэдэ щапхъэ зыбжанэм урихьэлІэнущ.