3-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
ГъащІэр зыхъуэж чэнджэщхэр
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт ущыпсэу щІыпІэм дохутырыщІэ къэІэпхъуауэ. ЯпэщІыкІэ абы дзыхь хуэпщІкъым. Ауэ уи ныбжьэгъухэм абы зыхуагъазэ, икІи я узыншагъэр нэхъыфІ зэрыхъур болъагъу. Ухуеинутэкъэ уэри абы зыхуэбгъэзэну?
Тхыгъэ ЛъапІэр зыгуэркІэ ебгъэщхь хъунущ апхуэдэ дохутырым. ЯпэщІыкІэ языныкъуэ цІыхухэм Тхыгъэм дзыхь хуащІкъым, ауэ абы ит чэнджэщхэр къыщагъэсэбэпым деж, я гъащІэр зэхэпщІэу нэхъыфІ мэхъу. Мис языныкъуэ щапхъэхэр.
Унагъуэм илъ гугъуехьхэм и хэкІыпІэр
Сюмиетюн игу къегъэкІыж: «Зы унагъуэ дызэрыхъурэ, сэ зыхэсщІэрт си щхьэгъусэ Дюмас сыкъызэрыфІэмыІуэхур. ЗысхуэмышыІэу, псалъэ фІей куэд жесІэт, хьэпшып къыспэщІэхуэхэр езутІыпщт, сыщеуи къэхъут. Абы си лъэр щІихт.
Дюмас Тхыгъэ ЛъапІэр джын щыщІидзам, сэ ар ауан сщІыт. Ауэ Тхыгъэ ЛъапІэр щаджкІэ, адрей пэшым сыщІэсу сакІэщІэдэІухьт. Зэгуэрым зэхэсхат мы пычыгъуэхэм къеджэу: „Фэ, фызхэ, Зиусхьэным фызэрыхуэІурыщІэм хуэдэу, филІхэми фахуэІурыщІэ... Фызми и лІым щІыхь хурещІ“ (Ефес 5:22, 33). А псалъэхэр си гум хыхьат. Сэ Алыхьым селъэІут си щхьэгъусэм пщІэ хуэзмыщІу сызэрыщытар къысхуигъэгъуну икІи щхьэгъусэфІ сыхъунымкІэ къыздэІэпыкъуну. Куэд дэмыкІыу, Дюмас и гъусэу сэри Тхыгъэ ЛъапІэр зджын щІэздзащ».
Дюмасрэ Сюмиетюнрэ
Тхыгъэ ЛъапІэм иджыри щыжыІащ: «ЛІым езым и пкъым хуэдэу и фызыр фІыуэ илъагъун хуейщ» (Ефес 5:28). Сюмиетюн къыддогуашэ: «Дэ къэтщІахэр тІуми ди гум нэсащ. Дюмас лэжьапІэ къикІыжа нэужь, шей хутезгъэувэт икІи пщІэ хуэсщІу сепсалъэт. Езы Дюмаси нэхъыбэу и лъагъуныгъэр сигъэлъагъут икІи унагъуэ ІуэхухэмкІэ къыздэІэпыкъут. ТІури дыхущІэкъут мы чэнджэщым дытетыну: „Зыр зым фІыуэ хущрет, гущІэгъу зэхуэфщІ икІи зым адрейм хуэвгъэгъу“ (Ефес 4:32). Абы и фІыгъэкІэ ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмрэ пщІэмрэ сыт щыгъуи хэхъуэт. Илъэс плІыщІым щІигъуауэ дэ насыпыфІэу дыздопсэу. Алыхьым и Псалъэм ит Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэм ди унагъуэр яхъумащ!»
Губжьым ебэныныр
Таиб жеІэж: «Сэ сытэмакъкІэщІт, сыт щыгъуи сызауэт икІи цІыхухэр ІэщэкІэ згъэшынэт. Си щхьэгъусэри Іейуэ сыукІт. Куэдыр къысщышынэт.
Кюстриерэ Таибрэ пщыхьэщхьэ къэс зэгъусэу Алыхьым йолъэІу
Зэгуэрым Хьисэ и псалъэхэм сыкъеджат: „УнафэщІэ фхузощІ: ФІыуэ фызэрылъагъу. Сэ фІыуэ фызэрыслъагъум хуэдэу, фэри фІыуэ фызэрылъагъу“ (Иуан 13:34). А псалъэхэр куууэ си гум хыхьащ, икІи зысхъуэжыну мурад сщІащ. Сыкъыщыгубжьым деж, Алыхьым лъэІукІэ зыхуэзгъазэт, зысІыгъын щхьэкІэ къыздэІэпыкъуну. Абы иужь сытеужт. Си щхьэгъусэмрэ сэрэ Ефес 4:26, 27 ит чэнджэщыр къэдгъэсэбэпт: „Фыгубжьми, гуэныхь зыхэль фымыщІэ. Фыгубжьауэ, жэщ зытевмыгъахъуэ. ШейтІаным гъуэгу евмыт“. Пщыхьэщхьэ къэс дэ Тхыгъэм деджэт икІи Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэт. Абы махуэ гугъум къытхуихьа гу бампІэхэр тщхьэщихт икІи дэ Библием гъунэгъу дызэрызэхуищІыр зыхэтщІэт.
Иджы псоми цІыху мамырущ сыкъызэрацІыхур. Си щхьэгъусэми си бынхэми фІыуэ сыкъалъагъу, пщІэи къысхуащІ. Ныбжьэгъу куэд сиІэщ икІи Алыхьымрэ сэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ. Сэ сынасыпыфІэ дыдэщ!»
Наркотик зэхьэлІэным текІуэныр
Гоин
Гоин игу къегъэкІыж: «МыхъумыщІагъэ куэд зылэжь щІалэгъуалэ гупым сахэтт, тутынафэу сыщытт икІи куэдрэ жэщ псом уэрамым чэфу сыдэлът. Абы нэмыщІ наркотик зэмылІэужьыгъуэхэр зэсхьэлІэт икІи сщэт, ахэр бронежилет щІагъым щызгъэпщкІут. ЛІыхъужьыфэ стетми, зэпымыууэ шынэ си гум илът.
Зэгуэрым Тхыгъэм ит мы пычыгъуэхэр сагъэлъэгъуат: „Си къуэ, си унафэр зыщомыгъэгъупщэ... сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи гъащІэр нэхъ кІыхь хъунущ икІи уи мамырыгъэри хэхъуэнущ“ (Притчи 3:1, 2). Сэ сыщІэхъуэпст гъащІэ кІыхь сиІэу, мамыру сыпсэуну! Иджыри Тхыгъэм сэ сыкъыщеджат: „ФІыуэ слъагъухэ, Тхьэм а ІуэхуфІхэмкІэ дыкъызэригъэгугъам щхьэкІэ дипкърэ дигурэ зыгъэуфІей псори зыхэдвгъэгъэкъэбзыкІи, Тхьэм и фІэлІыкІ ди гум илъу, дигу нэхъ къабзэ зэрыхъуным и ужь дивгъэт“ (2 Коринф 7:1). Абы иужь наркотик зэхьэлІэныр щызгъэтащ, си ныбжьэгъухэри зыпызгъэхури Алыхьым хуэлэжьэн щІэздзащ.
Илъэс 17-м щІигъуауэ наркотик зэсхьэлІэжкъым. Узыншагъэ быдэ, унагъуэ насыпыфІэ, ныбжьэгъуфІ икІи напэ къабзэ сиІэщ. АфІэкІа сэ уэрамым сыдэлъыжкъым, атІэ си пІэм ІэфІу сыщожей».
Лъэпкъ зэхэгъэж щІыныр зыхэныныр
Бамбанг игу къегъэкІыж: «СыщыщІалэм щыгъуэ щІэпхъаджагъэ куэд зесхьэт. Лей зэсхахэм я нэхъыбэр слъагъу мыхъу лъэпкъым щыщт.
Зэманыр кІуэурэ сэ Алыхьыр къэслъыхъуэн щІэздзащ. Сылъыхъуэурэ, Тхыгъэ ЛъапІэр яджын щхьэкІэ зэхуэс цІыхухэр къэзгъуэтащ. Лъэпкъ нэхъ слъагъу мыхъум щыщи яхэтт! Абыхэм сэ гуапэу срагъэблагъэт. Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэр хуиту икІи яфІэфІу здэуэршэру сэ къэслъэгъуащ. Ар хуабжьу згъэщІэгъуащ! Абы щыгъуэщ къыщызгурыІуар мы псалъэхэр: „Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу, цІыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыІуащ. Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІауи щрет, Тхьэм и фІэлІыкІыр зи гум илъыр икІи щыпкъагъэр зыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ“ (Апостолхэм 10:34, 35).
Си гум афІэкІа лъагъумыхъуныгъэ илъыжкъым. Си ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэхэм яхэтщ нэхъ слъагъу мыхъуу щыта лъэпкъым щыщ цІыхухэри. Тхыгъэ ЛъапІэмкІэ Алыхьым цІыхухэр фІыуэ слъагъуу сигъэсащ».
Бамбанг лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэр зэриныбжьэгъум щогуфІыкІ
Лей зехьэныр къэгъэнэныр
Гароге жеІэж: «Иджыри сыбалигъ ныкъуэхъуу тутнакъым щэ сисащ: сызэрыдыгъуам щхьэкІэ — тІэу, сэ къихакІэ сызэрызэуам щхьэкІэ — зэ. ИужькІэ зыкъэзыІэта цІыху гупым гъусэ сахуэхъури цІыху куэд сыукІащ. А зауэр иуха иужь рэкетир гупым я пашэ сыхъуащ. Сыкъэзыхъумэ цІыху сыт щыгъуи си гъусэт. ГущІэгъу лъэпкъ схэлътэкъым.
Гароге цІыху гущІэгъуншэу щытыжкъым, атІэ Алыхьым и Псалъэм хурегъаджэ икІи пщІэ къыхуащІ
Зэгуэрым Тхыгъэ ЛъапІэм сыкъыщеджауэ щытат: „ФІылъагъуныгъэм шыІэрэ гущІэгъурэ иІэщ. ФІылъагъуныгъэр фыгъуэркъым, зыщытхъужыркъым икІи зыкъыфІэщІыжыркъым. ФІылъагъуныгъэм хабзэншагъэ зэрихьэркъым, езым и щхьэм и фІагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым, бзаджагъэм егупсысыркъым“ (1 Коринф 13:4, 5). А псалъэхэр си гум лъэІэсащ. Сэ нэгъуэщІ щІыпІэ сыІэпхъуэжри, Тхыгъэ ЛъапІэр зджыуэ икІи абы итыр си гъащІэм къыщызгъэсэбэпу щІэздзащ.
Иджы цІыху гущІэгъуншэу сыщытыжкъым, атІэ Алыхьым и Псалъэм хузогъаджэ икІи пщІэ къысхуащІ. Си гъащІэми мыхьэнэ иІэ хъуащ».
Алыхьым и Псалъэм лъэкІыныгъэшхуэ иІэщ
Мы щапхъэхэри нэгъуэщІхэри мы псалъэхэм щыхьэт тохъуэ: «Тхьэм и псалъэхэм гъащІэшхуэмрэ лъэкІыныгъэшхуэмрэ яхэлъщ» (Еврейхэм 4:12). Абы и чэнджэщхэр гурыІуэгъуэщ икІи сэбэп къытхуахь.
Гугъуехь узыпэщІэхуэхэм упэлъэщынымкІэ Тхыгъэр уэри къыбдэІэпыкъуфыну пІэрэ? НтІэ, къыбдэІэпыкъуфынущ. «Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапІэм [къару лъапІэм, ДЩІ] деж къикІащ. ЦІыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщІэнкІи, уегиинкІи, бгъэдэІуэнкІи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукІэр ебгъэщІэнкІи щхьэпэщ а псалъэхэр. Тхьэм хуэлажьэ цІыхур дэтхэнэ ІуэхуфІми хуэхьэзыру икІи хуэгъэпсауэ щытынущ апхуэдэ щІыкІэкІэ» (2 Тимофей 3:16, 17).
Абы къыхэкІкІэ, Тхыгъэ ЛъапІэм ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэм дыхэвгъаплъэ.