ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • rk пс. 1, н. 3
  • Алыхьым фІыуэ дыкъилъагъуу пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым фІыуэ дыкъилъагъуу пІэрэ?
  • ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
  • Мыбы ещхь материал
  • Сыт зищІысыр фІэщхъуныгъэ пэжыр?
    ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
  • Зэщхьэгъусэхэм сабий яІэ щыхъум деж я гъащІэм зэрызихъуэжыр
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
  • ФІэщхъуныгъэ пэж узэриІэр къэгъэлъагъуэ!
    ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
  • ФІэщхъуныгъэ пэжым насып мыухыжым ухуешэ
    ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
Нэхъыбэ еплъын
ФІэщхъуныгъэ пэжым насыпым ухуешэ
rk пс. 1, н. 3

1 ПСАЛЪАЩХЬЭ

Алыхьым фІыуэ дыкъилъагъуу пІэрэ?

НОБЭРЕЙ дунейр гугъуехькІэ гъэнщІащ. Зауэхэм, гузэвэгъуэшхуэхэм, къулейсызыгъэм, Іулъхьэ тыным икІи нэгъуэщІ насыпыншагъэхэми цІыху мелуан куэдым гуауэ къахуехь. Уэри махуэ къэс гугъуехь куэдым урихьэлІэу къыщІэкІынщ. Ахэр зыгуэрым къыфІэІуэхуу пІэрэ? Хэт уэ къыбдэІэпыкъуфынур?

Анэм сабийм хуиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ Алыхьым къытхуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ гуащІэщ

Шэч къытомыхьэ ахэр Алыхьым къыфІэмыІуэхуу зэрыщымытым. Абы и Псалъэм щыжеІэ: «ЦІыхубзым и сабий быдзафэр щыгъупщэнкІэри хъуну, икІи и кІуэцІ къикІам гущІэгъу хуимыщІынкІэри хъуну? Къапщтэмэ, анэми щыгъупщэфынущ, ауэ сэ уэ усщыгъупщэнукъым»a.

Анэм и сабийм хуиІэ лъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ гуащІэ щыІэкъым, ауэ Алыхьым дэ къытхуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ гуащІэжщ. Гупсэхугъуэкъэ ар пщІэну? Алыхьым дэ зэи дыкъигъэнэнукъым! Абы нэмыщІ, Ар дэІэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ. Дауэ? ГъащІэм насып зэрызэдгъэгъуэтыфын Іэмалыр дигъэлъэгъуащ — ар фІэщхъуныгъэ пэжыращ.

ФІэщхъуныгъэ пэжым уэ насыпыфІэ уищІыфынущ. Абы и фІыгъэкІэ узыІущІэ гугъуехьхэм ехъулІэныгъэ уиІэу упэлъэщыфынущ икІи нэгъуэщІ гугъуехь куэдым зыщыпхъумэфынущ. Алыхьым нэхъ гъунэгъу ухуэхъунущ икІи гупсэхугъуэ бгъуэтынущ. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэм и фІыгъэкІэ Жэнэтым мыухыж гъащІэ уиІэу ущыпсэуфынущ. Сыту гъащІэ дахэ къытпэщылъ!

Ауэ сыт фІэщхъуныгъэ пэжыр зищІысыр? Ар дауэ зэрызэдгъэгъуэтыфынур?

a Еплъ Тхыгъэ ЛъапІэм Исаия 49:15.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын