11-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
ФІэщхъуныгъэ пэж зиІэхэр дауэ къэтцІыхуну?
НОБЭ цІыху куэдым жаІэ фІэщхъуныгъэ яІэу. Ауэ Хьисэ жиІат фІэщхъуныгъэ пэжыр зиІэныр цІыху мащІэу зэрыщытынур. Абы жиІащ: «Куэбжэ зэвымкІэ фыдыхьэ; кІуэдыпІэм и куэбжэр бгъуфІэщ, абы кІуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикІуэхэр куэд мэхъу. Ауэ гъащІэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащІэщ» (Маттэ 7:13, 14).
ФІэщхъуныгъэ пэж зиІэхэр дауэ къэтцІыхуа хъуну? Хьисэ жиІащ: «Жыгыр зыхуэдэр къыпыкІэмкІэ зэрыпщІэм хуэдэу, а цІыхухэр зыхуэдэр ялэжь ІэхухэмкІэ къэфщІэнущ. [...] Дэтхэнэ зы жыгыфІми фІы къыпокІэ, ауэ жыг Іейм Іейщ къыпыкІэр» (Маттэ 7:16, 17). Зэрытлъагъущи, фІэщхъуныгъэ пэжым ІуэхуфІхэр къыпокІуэ — абы Алыхьым фІэфІ хьэл-щэнхэр ягъэлъэгъуэну цІыхухэр хуегъэуш. Апхуэдэ хьэл-щэнхэр абыхэм дауэ ягъэлъагъуэрэ?
Я къарур тэмэму къагъэсэбэп
ЦІыхум фІэщхъуныгъэ пэж иІэмэ, абы и къарумрэ и лъэкІыныгъэмрэ Алыхьыр игъэлъэпІэн икІи цІыхухэм сэбэп къахуихьын худэу къигъэсэбэпынущ. Хьисэ мыпхуэдэу иригъаджэрт: «Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ІуэхутхьэбзащІэ къыфхурехъу» (Марк 10:43). Апхуэдэ фІэщхъуныгъэ зиІэ цІыхухъухэм я унагъуэхэм исхэми нэгъуэщІхэми я зэран ирагъэкІкъым. Ахэр я щхьэгъусэхэм щабэу хущытщ, пщІэ хуащІ икІи лъагъуныгъэ хэлъу гулъытэ хуащІ. Тхыгъэ ЛъапІэм итщ: «ЛІыхэ, фэ фщыщ дэтхэнэми и фызыр фІыуэ илъагъун хуейщ, абыхэм фахуэпхъэшэн хуейкъым» (Колоссэ 3:19). «Фэ, лІыхэм, нывжызоІэ, фи фызхэм фагурыІуэу фадэгъуэгурыкІуэ. Ахэр фэр нэхърэ нэхъ гуащІэмащІэщ. ПщІэ яхуэфщІ, фэ фхуэдабзэу абыхэми Тхьэм и нэфІ къащыхуэурэ ІыхьэфІу гъащІэ къаретри. Апхуэдэу фщІэмэ, Тхьэм фыщелъэІукІэ, зыри къыфпэувынукъым» (1 Петр 3:7).
ФІэщхъуныгъэ пэж зиІэ цІыхубзхэм мы псалъэхэр ягъэзащІэ: «Фызми и лІым щІыхь хурещІ» (Ефес 5:33). Абыхэм «ялІхэмрэ я бынхэмрэ фІыуэ ялъагъун» хуейщ (Тит 2:4). ФІэщхъуныгъэ зиІэ адэ-анэхэм я сабийхэм зэман трагъэкІуадэ икІи Алыхьым и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ хурагъаджэ. Унэми, лэжьапІэми, дэнэ щымыІэми абыхэм дэтхэнэ зы цІыхуми пщІэ хуащІ. Ахэр мыпхуэдэ чэнджэщым тетщ: «Фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфІэу флъытэ» (Рим 12:10).
«Іулъхьэ къомыІых» жыхуиІэ унафэм Алыхьым и лэжьакІуэхэр тетщ (Исход 23:8). Абыхэм я увыпІэр я фейдэкІэ къагъэсэбэпкъым, атІэ адрейхэм дэІэпыкъуну хэтщ, псом хуэмыдэу тхьэмыщкІэхэм. Абыхэм ягу ирохь мы чэнджэщым тетыну: «ФІы фщІэнри зыщывмыгъэгъупщэ, фиІэр нэгъуэщІ цІыхухэм ядэвгуэшынри зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ къурмэныпхъэхэр Тхьэм и гуапэщи» (Еврейхэм 13:16). А псалъэхэр щагъэзащІэм деж, абыхэм зыхащІэ Хьисэ жиІар зэрыпэжыр: «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апостолхэм 20:35).
Алыхьым и захуагъэм тету мэпсэу
ФІэщхъуныгъэ зиІэ цІыхухэм Алыхьым и хабзэхэр яфІэфІу ягъэзащІэ, абыхэм щхьэкІэ Алыхьым «и унафэхэри гугъукъым» (1 Иуан 5:3). Абыхэм ящІэ «Иеговэ и хабзэхэр щыщІагъэншэу» зэрыщытыр икІи Тхыгъэм ит мыпхуэдэ псалъэхэм арэзы тохъуэ: «Иеговэ и унафэхэм захуагъэ хэлъщ — уи гур егъэгуфІэ. Иеговэ и унафэхэм къабзагъэ хэлъщ — уи нэр егъэнэху» (Псалом 19:7, 8).
ФІэщхъуныгъэ пэжым и фІыгъэкІэ зэхэгъэж лъэпкъ ящІкъым апхуэдэ цІыхухэм. Абыхэм лъэпкъкІэ, къэралкІэ е мылъку ябгъэдэлъымкІэ цІыхухэр ягуэшкъым, атІэ Алыхьым щапхъэ трах. «Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу, цІыху псори и зэхуэдэу [щытщ]... Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІауи щрет, Тхьэм и фІэлІыкІыр зи гум илъыр икІи щыпкъагъэр зыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ» (Апостолхэм 10:34, 35).
ФІэщхъуныгъэ пэжым Іуэху псомкІи щыпкъагъэ ягу илъу псэуну цІыхухэр хуегъэуш (Еврейхэм 13:18). ЦІыхум Алыхьыр и фІэщ хъумэ, абы нэгъуэщІхэм ІейкІэ ятепсэлъыхьынукъым икІи пцІы ятрилъхьэнукъым. Алыхьыр арэзы зыхуэхъу цІыхум теухуауэ Даут итхат: «Абы зыми пцІы трилъхьэкъым, и гъунэгъум и ягъэ иригъэкІкъым» (Псалом 15:3).
Алыхьым и Іущагъыр я гъащІэм къыхощ
ФІэщхъуныгъэ пэж зиІэ цІыхухэм я еплъыкІэхэр Тхыгъэ ЛъапІэ закъуэращ зытегъэщІар. Абыхэм мы псалъэхэр я фІэщ мэхъу: «Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори Тхьэм и Псэ ЛъапІэм [къару лъапІэм, ДЩІ] деж къикІащ. ЦІыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщІэнкІи, уегиинкІи, бгъэдэІуэнкІи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукІэр ебгъэщІэнкІи щхьэпэщ а псалъэхэр» (2 Тимофей 3:16). Ахэр нэгъуэщІ цІыхухэм зэрыхущытым «уафэм къикІ акъылыфІагъэр» къыхощ, ар «къабзэщ, итІанэ зэкІужыныгъэ хэлъщ, гущабэщ, ІурыщІэщ, гущІэгъу хэлъ зэпытщ, фІы ищІэ зэпытщ» (Екъуб 3:17). Ахэр Алыхьым ифІэмыфІ хабзэхэм теткъым икІи Іэзэгъуазэм зыпыІуадз, абы нэмыщІ «тхьэ нэпцІхэм» зыщахъумэ (1 Иуан 5:21).
Лъагъуныгъэ яхэлъщ
Тхыгъэ ЛъапІэм щыжыІащ: «Уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи, уи къару псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» (Марк 12:30). ФІэщхъуныгъэ зиІэ цІыхухэм апхуэдэ лъагъуныгъэ Алыхьым хуаІэщ. Абыхэм Алыхь Иеговэ и цІэм пщІэ хуащІ, фІэщхъуныгъэ яІэу и цІэмкІэ зыхуагъазэ икІи абы фІыщІэ хуащІ (Псалом 105:1). Алыхьым и лэжьакІуэхэм щхьэкІэ мы унафэм мыхьэнэшхуэ иІэщ: «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» (Маттэ 22:39). Абы къыхэкІкІэ, абыхэм залымыгъэ лъэпкъ зрахьэкъым икІи «цІыху псоми фазэрыгурыІуэным фыхущІэкъу» жыхуиІэ псалъэхэм тетщ (Рим 12:18). Алыхьым и лэжьакІуэхэм «я джатэхэм пхъэІэщэ, я мыжурэхэм гъубжэ» къыхаІущІыкІыжауэ жыпІэ хъунущ (Исаия 2:4). А псом и фІыгъэкІэ яку дэлъ лъагъуныгъэр хохъуэ икІи зы унагъуэм хуэдэу зэкъуэту мэпсэу (Иуан 13:35). ПцІыхуу пІэрэ уэ апхуэдэ цІыхухэр?