ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w26 Апрель н. 14—19
  • Гугъуехьхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зигъэІэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Гугъуехьхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зигъэІэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ГУГЪУЕХЬХЭМ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ХУДИІЭНЫР
  • ДИ ГУГЪУЕХЬХЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ДИМЫІЭМЭ, АР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРАН КЪЫЗЭРЫТХУЭХЪУФЫНУР?
  • ГУГЪУЕХЬХЭМ ДЫЩЫПЭЩІЭХУЭМ ДЕЖ ТЩІЭН ХУЕЙР
  • Зыщывмыгъэгъупщэ, Иеговэ — «Алыхь псэущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Теубыдагъэ тхэлъу гугъуехьхэм дыпэщІэтыну дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Зыгуэрым теухуауэ щыгъуазэу дыщымытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Дэ ди закъуэкъым
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
w26 Апрель н. 14—19

2026 ГЪЭ, ИЮНЫМ И 15—21

122 УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт

Гугъуехьхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зигъэІэ

«Гугъуехьхэмрэ гуауэхэмрэ сыпэщІэхуэми, сэ япэм хуэдэу иджыпстуи уи хабзэхэр лъапІэу солъытэ» (ПС. 119:143).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Гугъуехьхэм еплъыкІэ тэмэм дызэрыхуиІэр абыхэм дыпэлъэщыну дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми.

1, 2. Гугъуехьхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

ИЕГОВЭ и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм ящыщ куэдым я гъащІэр «гузэвэгъуэкІэрэ гуауэкІэрэ гъэнщІащ» (Пс. 90:10). Хэти и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ и унагъуэр къыпэщІэтщ е къэрал унафэщІхэм гугъу ирагъэхь. Хэти узыфэхэм е и ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ, гугъуехь куэд иІэщ. НэгъуэщІхэми фІыуэ ялъагъу цІыху лІэныгъэм ІэщІихащ е нэгъуэщІ гуауэ гуэрым я гур хегъэщІ. Уэри иджыпсту гугъуехь гуэрым щхьэкІэ угузавэу ущыт?

2 Дэ ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыфынущ абыхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зидгъэІэмэ. Щапхъэ къэтхьынщ. Гугъуехьхэр ебгъэщхь хъунущ машинэкІэ гъуэгу ущытетым деж зэран къыпхуэхъуфыну гуэрхэм. Рулым дэсыр зэрыхуа Іуэхугъуэм елъытауэ зэран къыхуэхъум къыпежэкІыфынущ, нэхъ хуэм зищІыфынущ е къэувыІэн хуеинкІэ хъунущ. Дапхуэдэу мыхъуами, абы зэран къыхуэхъур тэмэму илъэгъун хуейщ, аварие хэмыхуэн щхьэкІэ. Ауэ и щхьэгъубжэр фІеймэ е уэс телъмэ абы здэжэр илъэгъунукъым икІи псынщІэу унафэ гуэр къыхуэщтэнукъым. Апхуэдэ дыдэу дэри ди гугъуехьхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ, абыхэм Иеговэ и нэкІэ деплъын хуейщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ: 1) гугъуехьхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэным сыт къикІми, 2) ди Іуэхум теухуауэ еплъыкІэ тэмэм димыІэмэ, дапхуэдэу ар зэран къытхуэхъуфынуми, 3) гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж сыт тщІэ хъунуми.

Рулым дэсым и гупэ абджыр зэрыфІейм къыхэкІкІэ, гъуэгур зэрызэхуащІам гу лъитакъым.

Ди гугъуехьхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэмэ, абыхэм ехъулІэныгъэ диІэу дыпэлъэщыфынущ (2 абзацым феплъ.)


ГУГЪУЕХЬХЭМ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ХУДИІЭНЫР

3. Мы дунейм дэ Іэмал имыІэу гугъуехьхэм дыщІыпэщІэхуэнур сыт?

3 Мы дуней бзаджэм дэ Іэмал имыІэу гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэнущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ псоми гуэныхьыр тхэлъщ икІи мы дунейм и тепщэу щытыр ШейтІаныращ. Абы нэмыщІ мы дунейм и кІэр нэхъ гъунэгъу хъуху, ди гугъуехьхэр нэхъыбэ хъунущ, цІыхухэм я ягъэкІэ къэхъу гузэвэгъуэшхуэхэри абы хэту (Мт. 24:8; 2 Тим. 3:13). А гугъуехьхэр Иеговэ иджыпсту Іуихыу щытамэ, ар ШейтІаным дэІэпыкъуу къыпщыхъуфынут. ШейтІаныр мы дунейм и тепщэу щытыху, цІыхухэр гугъуехьхэм пэщІэхуэнущ (Эккл. 9:12).

4. Иеговэ и лэжьакІуэхэм иджыри сыт хуэдэ гугъуехьхэр яІэ?

4 Иеговэ и лэжьакІуэхэр нэгъуэщІ гугъуехьхэми пэщІохуэ. Хьисэ и гъэсэнхэм щІэх-щІэхыурэ яжриІэу щытащ я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ ахэр гугъу зэрырагъэхьынур (Мт. 24:9; Ин. 16:2). Ар зэрытщІэр дэ къыддоІэпыкъу апхуэдэ гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж ди фІэщхъуныгъэр тхъумэну (1 Фес. 3:3, 4). Ди фІэщхъуныгъэр тхъумэу щытмэ, шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум дызэрытетым. Абы нэмыщІ дэ иджыри къыдогъэлъагъуэ Иеговэ и лъэныкъуэр зэрытІыгъыр. Алыхьым и цІэр игъэулъиину хэту, ШейтІаным жиІащ цІыхухэр я фейдэ щхьэкІэ абы къыхуэлажьэу. ШейтІаным жиІар пэжу цІыхухэм къащигъэхъун щхьэкІэ, ар губжьауэ Алыхьым и лъэпкъым тоуэ (Иов 1:9—11). Аращи, гугъуехьхэм теубыдагъэ тхэлъу дыщыпэщІэтым деж, дэ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур къыдогъэлъагъуэ икІи апхуэдэу абы и гур догъэгуфІэ (Прит. 27:11).

5. Экклезиаст 7:13, 14 итым сыт къыдигъащІэр? (Сурэтхэми феплъ.)

5 Дэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэр Алыхьым къыбгъэдэкІкъым, атІэ ахэр къэхъуну хуит ищІу аращ. Иеговэ зэи гущІэгъуншагъэ зыхэлъ Іуэху илэжькъым икІи ІейкІэ дигъэунэхукъым (Екъуб 1:13). Ауэ пащтыхь Сэлмэн итхауэ щытащ «Алыхь пэжым илэжь Іуэхухэм... гузэвэгъуэ махуэри» ящыщ зыуэ зэрыщытыр. (Къеджэ Экклезиаст 7:13, 14.) Сыт абы къригъэкІар? ЩІэх-щІэхыурэ Библием Иеговэ зыгуэр ещІэ жиІэу ущрихьэлІэм деж, ар къэхъуну хуит ещІ жиІэуи къикІыфынущ. Пащтыхь Сэлмэн и псалъэхэр къыддоІэпыкъу ди гугъуехьхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэну. Япэрауэ, дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым, ШейтІаным и дунейр щыІэху махуэфІхэри махуэ Іейхэри дызэриІэнур. «ГуфІэгъуэ махуэ» дыщиІэм деж Алыхьым фІыщІэ хуэтщІ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фІыуэ диІэу хъуар абы и тыгъэщ. ЕтІуанэрауэ, Сэлмэн дигу къегъэкІыж «къэкІуэну зэманым сыт къахуихьынуми, цІыхухэм зэрамыщІэфынур». Аращи, дэ тщІэкъым пщэдейрей махуэм къытхуихьынур сытми — гуфІэгъуэ хьэмэрэ гузэвэгъуэ. Алыхьым хуэпэжхэри хуэмыпэжхэри зыпэмыплъа гугъуехьхэм пэщІохуэ.

Коллаж «МахуэфІхэри махуэ Іейхэри зиІэ хадэ зезыхьэр»: 1) абы помидор плъыжь дахэ къыпичхэм щогуфІыкІ; 2) адрей махуэм ар нэщхъейуэ помидорхэр зэрыгъужам йоплъри щысщ.

Дэ къыдгурыІуэн хуейщ ШейтІаным и дунейр щыІэху махуэфІхэри махуэ Іейхэри дызэриІэнур (5 абзацым феплъ.)


6. ГъэунэхуапІэхэм дыпэщІэхуэну Иеговэ хуит щІищІыр сыт? (Еврейхэм 12:7, 11).

6 ГъэунэхуапІэ гуэр дыщиІэм деж, Иеговэ дигъэсэфынущ ди щхьэм дыщымыгугъыжу, абы дыщыгугъыну. Уафэм щыІэ ди Адэм дызыпэщІэхуэ псоми гу лъетэ икІи гугъу дыщехьым деж къыддоІэпыкъу. «Къуэ кІыфІым» ебгъэщхь хъуну гугъуехьхэм дыпэщІэхуэну Иеговэ хуит ищІми, абы диунэтІын къигъанэкъым, и лъагъуныгъэр зыхыдегъащІэ икІи псори тшэчыфын щхьэкІэ къару къыдет (Пс. 23:4). Абы нэмыщІ гъэунэхуапІэхэм я фІыгъэкІэ ди тІасхъапІэхэр къэтлъэгъуфынущ икІи Иеговэ зыдэдгъэІэпыкъуу абыхэм делэжьыфынущ. (Къеджэ Еврейхэм 12:7, 11.) Псалъэм папщІэ, Іэиуб Іэдэбагъым нэхъыбэу елэжьын хуейт. Ар зыпэщІэхуа гугъуехьхэр Алыхьым къыбгъэдэмыкІами, абы ахэр къэхъуну хуит ищІащ икІи мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэр къыгурыІуэну дэІэпыкъуащ (Иов 42:1—6). Дэ дощІэ: Иеговэ имыгъэзэкІуэжыфын гуэр къытщыщІыну зэи хуит ищІынукъым. ГъэунэхуапІэхэм деж Алыхьым хуэпэжу дыкъыхуэнэмэ, дэ «текІуэныгъэшхуэр» къыдохь (Рим 8:35—39).

7. Уи фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъу урагъэхьми, гуфІэгъуэр ущІиІэфынур сыт?

7 Гугъу дыщрагъэхьым деж, дэ гуфІэгъуэ диІэфынущ. Уи фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъу урагъэхьмэ, Иеговэ и нэфІ къыпщыхуэн щигъэтауэ уимыгугъэ. Уеблэмэ, апхуэдэу гугъу узэрырагъэхьым къегъэлъагъуэ ар къызэрыпхуэарэзыр (Мт. 5:10—12). Уи фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъу узэрырагъэхьым еплъыкІэ тэмэм ухуиІэмэ, апостолхэм хуэдэу уэ гуфІэгъуэ зыхэпщІэфынущ икІи уи щхьэм пщІэ хуэпщІыфынущ (Апост. 5:40—42). Абы нэмыщІ апхуэдэу цІыху гуэрым пэжыр къищІэну икІи Алыхьым и цІэр игъэлъэпІэну удэІэпыкъуфынкІэ хъунущ (1 Пет. 2:12). Иджыри Исуф и Іуэхум хуэдэу, уи гъэунэхуапІэм имыух щІыкІэ, Иеговэ и нэфІ къыпщыхуэфынущ (ЩІэдз. 39:3, 23).

8. ГъэунэхуапІэхэм теубыдагъэ тхэлъу дыпэщІэтыну иджыри сыт къыддэІэпыкъур?

8 Ди гъэунэхуапІэхэр игъащІэкІэ екІуэкІынукъым. Іэиуб и щапхъэм къегъэлъагъуэ гъэунэхуапІэхэр игъащІэкІэ зэремыкІуэкІынур. ЗэрытщІэщи, «Иеговэ Іэиуб и нэфІ щыхуэри, япэм иІам нэхърэ нэхъыбэ иритыжащ» (Иов 42:12). Апхуэдэ дыдэу Иеговэ уэри укъегъэгугъэ «уиІам нэхърэ нэхъыбэ» къыуитыжыну. Иджыпсту уи гъащІэр гуауэкІэ икІи гузэвэгъуэкІэ гъэнщІами, куэд мыщІэу щыІэну дунеищІэ дахэм уэ гъащІэ мыухыж къыппэщылъщ. А гугъэ дахэм дэтхэнэ зыри дыхуегъэуш икІэм нэс теубыдагъэ дгъэлъэгъуэну (Мт. 24:13).

ДИ ГУГЪУЕХЬХЭМ ТЕУХУАУЭ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ДИМЫІЭМЭ, АР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРАН КЪЫЗЭРЫТХУЭХЪУФЫНУР?

9. Ди Іуэхум теухуауэ еплъыкІэ тэмэм димыІэмэ, ар дапхуэдэу зэран къызэрытхуэхъуфынур?

9 Сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэмыхуами, дэ абыхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэн хуейщ, ахэр ди ІэкІэ нэхъ куу дымыщІын щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, дэ къытщыхъуфынущ ди гугъуехьхэмкІэ Иеговэ къуаншэу щыту. Зы зэман гуэркІэ Іэиуб и гугъэу щытащ и насыпыншагъэхэр Иеговэ къыбгъэдэкІыу. Апхуэдэ еплъыкІэ зэриІэм къыхэкІкІэ, Іэиуб егупсысу щІидзащ Алыхьым нэхърэ езыр нэхъ захуэу щыту (Иов 32:2). Иджыри НэІумий и щапхъэм дегупсысынщ. Абыи япэщІыкІэ зыпэщІэхуа насыпыншагъэхэм щхьэкІэ Иеговэ игъэкъуаншэт (Руфь 1:13, 20, 21). Іэиубрэ НэІумийрэ я гупсысэкІэр яхъуэжыну хьэзыру щымытатэмэ, абыхэмрэ Алыхьымрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр яфІэкІуэдынут (Прит. 19:3). Ауэ Иеговэ и фІыгъэкІэ абыхэм я гугъуехьхэм еплъыкІэ тэмэм хуаІэу хъуащ икІи ахэр пэжу къызэрынам щхьэкІэ, Алыхьым и нэфІ къащыхуащ.

10. Гугъу дыщехьым деж сытым шэч къытетхьэу щІэддзэфыну?

10 Ди гугъуехьхэр Иеговэ къызэрыбгъэдэмыкІыр быдэу ди фІэщ хъуми, ар къызэрыддэІэпыкъум шэч къытетхьэу щІэддзэфынущ. Апхуэдэ гупсысэхэм ди лъэр щІахыфынущ (Прит. 24:10). Пащтыхь Даутрэ бегъымбар Аввакумрэ гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІэхуащ икІи Алыхьым я тхьэлъэІухэр зэрызэхихым абыхэм шэч къыщытрахьа къэхъуащ (Пс. 10:1; Авв. 1:2). Ауэ абыхэм Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэн щагъэтакъым. Иеговэ абыхэм жэуап яритт икІи ядэІэпыкъут, уэри апхуэдэ дыдэу ар къыбдэІэпыкъунущ (Пс. 10:17).

11. Гугъуехьхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм димыІэмэ, сыт къэхъуфынур?

11 Гугъуехьхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм димыІэмэ, дэ ди гугъэфынущ Иеговэ и лэжьакІуэхэр гугъуехь псоми щихъумэн хуейуэ. Ауэ апхуэдэу дегупсысмэ, гугъуехь дызэрыпэщІэхуэу дэ Іэнкун дыхъуфынущ (1 Пет. 4:12). Хьисэ и гъэсэнхэм дежкІэ фІэщхъугъуейт ар гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм зэрыпэщІэхуэнур (Лк. 18:33, 34). Псалъэм папщІэ, Хьисэ къехьэкІ-нехьэкІ хэмылъу къыпэщылъ гугъуехьхэм теухуауэ жиІами, апостол Петр и гугъэт апхуэдэ дыдэу Іуэхур щымытыну. Хьисэ ищІэт Петр хуэдэу гупсысэу щытамэ, Иеговэ и Іэмырыр игъэзэщІэну ар зэран къызэрыхуэхъунур. Аращ Хьисэ Петр щІегияр (Мк. 8:31—33). Уеблэмэ, Хьисэ яукІа иужьи, апхуэдэу къыщІэхъуар абы и гъэсэнхэм къагурыІуэтэкъым. Ауэ Хьисэ и гугъэр абыхэм хихыжакъым. Ар лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь, и гъэсэнхэм яхуэзэри «Тхьэм и псалъэу тхахэм езым теухуауэ хэтхэр ягуригъэІуащ» икІи гугъу щІехьын хуеяр къагурыІуэну ядэІэпыкъуащ (Лк. 24:25—27, 32, 44—48). Хьисэ и псалъэхэм егупсысурэ абы и гъэсэнхэм къапэщылъ гугъуехьхэм зыхуагъэхьэзырыфынут. Дэри гъэунэхуапІэхэм зыхуэдгъэхьэзырыфынущ, абыхэм теухуауэ Библием итым куууэ дегупсысмэ.

12. Ди Іуэхум еплъыкІэ тэмэм худимыІэмэ, абы сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитыфыну?

12 Иеговэ и нэкІэ ди Іуэхум демыплъмэ, дэ ди гугъэфынущ нэгъуэщІхэр захуагъэ хэмылъу къытхущыту е ди Іуэхур зэрыщытым нэхърэ куэдкІэ нэхъ Іейуэ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэм пщІэ зыпылъ къалэн гуэр яфІэкІуэдамэ е кърамытамэ, захуагъэ хэмылъу къахущытауэ къащохъу. Иджыпсту дыхэплъэнщ жызум хадэм щылэжьа лэжьакІуэхэм теухуауэ Хьисэ жиІа ущие хъыбарым. Языныкъуэ лэжьакІуэхэм гукъанэ ящІу щІадзат, кърата лэжьапщІэр яфІэмащІэу. Ауэ жызум хадэр зейм абыхэм ящыщ зым жриІащ: «Си ныбжьэгъу, мыхъун уэсщІэркъым» (Мт. 20:10—13). Къапщтэмэ, жызум хадэр зейр а лэжьакІуэхэм захуагъэ хэмылъу хущытатэкъым. Абыхэм гукъанэ щІащІар зыщыгугъын хуэмейм щыгугъати аращ. Апхуэдэ зыгуэр дэри къытщыщІыну дыхуейкъым. НтІэ, гугъуехь гуэрхэм дыщыпэщІэхуэм деж сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр тчын хуей, еплъыкІэ тэмэм зидгъэІэн щхьэкІэ?

ГУГЪУЕХЬХЭМ ДЫЩЫПЭЩІЭХУЭМ ДЕЖ ТЩІЭН ХУЕЙР

13. Гугъуехь гуэрым дыщыпэщІэхуэм деж сыт къэхъункІэ хъунур?

13 Уэ пщІэуэ къыщІэкІынщ гугъуехьхэм теухуауэ Библием сыт итми. Уеблэмэ, гъэунэхуапІэ пэщІэхуахэм ахэр зыгъэгушхуэ Библием ит едзыгъуэхэми уакъыхуеджэ къыщІэкІынщ. Ауэ гугъуехьхэм уэ езыр упэщІэхуа иужь, абыхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зибгъэІэну къогугъуэкІынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, уэ къыпщыхъункІэ хъунущ Иеговэ тезыр къыптрилъхьэу е уи тхьэлъэІухэм емыдаІуэу. НтІэ, сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр уэ къыбдэІэпыкъуну гугъуехьхэм еплъыкІэ тэмэм ухуиІэн щхьэкІэ?

14. ГъэунэхуапІэ ущыпэщІэхуэм деж Иеговэ сыткІэ уелъэІу хъуну? (Филиппи 4:13).

14 Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. Уи Іуэхур зытетым икІи абы къыуит гурыщІэхэм теухуауэ Иеговэ дэгуашэ. Алыхьым къыпхуищІэну узыхуейм теухуауэ пыухыкІауэ елъэІу. Абы нэмыщІ и къару лъапІэр къыуитыну Алыхьым елъэІу. Абы и фІыгъэкІэ уэ гъэунэхуапІэм узэрыпэлъэщын къарурэ Іущагърэ уиІэнущ. Ауэ зыщомыгъэгъупщэ, Иеговэ уи лъэІум жэуап зэрыритамрэ уэ узэригугъамрэ зэрызэтемыхуэнкІэ хъунур (Еф. 3:20). Иеговэ къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ мелыІычхэр е къуэш, шыпхъухэм щыщ гуэр къигъэсэбэпыфынущ (Пс. 34:7). Сыт хуэдэ ІэмалкІэ Иеговэ къыбдэмыІэпыкъуами, ар ІэщІыб умыщІ. Иеговэ и къару лъапІэр куэду къыдет икІи абы и фІыгъэкІэ дэ сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщыфынущ. (Къеджэ Филиппи 4:13, ДЩІ.)

15. ГъэунэхуапІэм упэлъэщыну сыт къыбдэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

15 Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэм адэкІи хэт. Зэман гугъухэм деж япэм пхуэщІэу щытам хуэдиз пхуэмыщІэжынкІэ хъунущ. Ауэ абы щыгъуэ псом нэхъ мыхьэнэ иІэщ Алыхьым и гупсысэкІэ зибгъэІэным (Пс. 119:143). Аращи, адэкІи зэпымыууэ Библием еджэ, ар куууэ зэпкърых икІи узэджам егупсыс. ЗэрыпхузэфІэкІкІэ хъыбарыфІ гъэІуным хэт, зэІущІэхэм кІуэ икІи абыхэм жэуап зэрыщыптыным хущІэкъу. Уи закъуэ укъэнэну ухуейми, къуэш, шыпхъухэм пэІэщІэ захуомыщІ (Прит. 18:1).

Къуэшыр сымаджэщым щІэлъу зэІущІэм видеоконференциекІэ зыпищІащ. Ар «ХъумакІуэ чэщанэр» зэраджым кІэлъоплъ, ибгъумкІэ Библиер зэІухауэ щылъщ.

ЗэрыпхузэфІэкІкІэ Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІ Іуэхухэм адэкІи хэт (15 абзацым феплъ.)


16. Сытым шэч къытепхьэу ухъуфыну икІи абы дапхуэдэу узэрыпэлъэщыфынур? (2 Коринф 10:4, 5).

16 Уи гупсысэкІэр пхъуэжын щхьэкІэ Библиер къэгъэсэбэп. Гугъуехьхэм къыхэкІкІэ, уэ езым птеухуауэ е Иеговэ теухуауэ гупсысэ пхэнж гуэрхэр уиІэнкІэ хъунущ. (Къеджэ 2 Коринф 10:4, 5.) Апхуэдэ гупсысэхэм упэлъэщын щхьэкІэ, уэ уи Іуэхум еплъыкІэ тэмэм ухуиІэн хуейщ. Аращи, абы теухуауэ Библиемрэ ди тхыгъэхэмрэ итыр куууэ зэпкърых. Псалъэм папщІэ, Иеговэ къызэрыпхуэарэзым уэ шэч къытепхьэу щІэбдзэнкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж апостол Паул и гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ. Паул гъэунэхуапІэ хьэлъэ куэдым пэщІэхуауэ щытащ, ауэ а псом Иеговэрэ Хьисэрэ къызэрыхуэарэзыр быдэу и фІэщ ищІауэ аращ (2 Кор. 11:23—27). Е уэ япэм пщІа щыуагъэхэр Иеговэ нэгъэсауэ къызэрыпхуигъэгъуам шэч къытепхьэу щытыфынущ. Абы щыгъуэ, Иеговэ ди щыуагъэхэр къызэрытхуигъэгъум теухуауэ Библием ит едзыгъуэхэр къетхых (Ис. 43:25). ИужькІэ а едзыгъуэхэм къеджэжи, абыхэм куууэ егупсыс (Пс. 119:97). Иджыри уэ уи гъащІэм гуауэ гуэр къыщыхъуамэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэр къихъумэну къызэригъэгугъэм шэч къытепхьэу щІэбдзэнкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж Алыхьым гугъуехьхэр щІыщигъэІэм икІи ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ къызэрыддэІэпыкъум теухуауэ куууэ зэпкърых (Пс. 91:9—12). Абы нэмыщІ гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэщІэхуа, ауэ адэкІи гуфІэгъуэ яІэу Иеговэ хуэлажьэ къуэш, шыпхъухэм теухуауэ еджэa.

17. Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж сыт дэ тщІэн хуейр?

17 Иджыпсту «гуфІэгъуэ махуэ» уиІэмэ, Иеговэ къыпхуищІэ фІыгъуэхэм щхьэкІэ фІыщІэ хуэщІ (Эккл. 7:14). Ауэ зэман гугъухэм щІидзэмэ, уи Іуэхум теухуауэ еплъыкІэ тэмэм зигъэІэ икІи адэкІи нэгъэсауэ Иеговэ дзыхь хуэщІ. Абы Іэмал имыІэу хэкІыпІэ къыуитынущ икІи псори пхуэшэчын щхьэкІэ къыбдэІэпыкъунущ (1 Кор. 10:13). НтІэ, гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Гугъуехьхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэну сыт къыддэІэпыкъунур?

  • Ди Іуэхум теухуауэ еплъыкІэ тэмэм димыІэмэ, ар дапхуэдэу зэран къызэрытхуэхъуфынур?

  • Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж сыт дэ тщІэн хуейр?

150 УЭРЭДЫР Иеговэ къэлъыхъуэ, укъелын щхьэкІэ

a Псалъэм папщІэ, jw.org сайтым ит «Снова счастливы, несмотря на трагедию» жыхуиІэ статьям феджэ. Абы ди къуэш Дэвид Мейза щыжеІэж я къуэр лІэныгъэм зэраІэщІихар икІи а гуауэм я унагъуэр пэлъэщыну сыт къадэІэпыкъуами.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын