ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w26 Апрель н. 20—25
  • Гупсэхугъуэ къыдэзыт Алыхьым и деж зыщывгъасэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Гупсэхугъуэ къыдэзыт Алыхьым и деж зыщывгъасэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • БИБЛИЕМ ГУПСЭХУГЪУЭ ПСАЛЪЭМ КЪРИГЪЭКІЫР
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ ГУПСЭХУГЪУЭ ЗЭРЕТТЫФЫНУР
  • ДЭ ЕЗЫР ГУПСЭХУГЪУЭ ДЫЩЫХУЭНЫКЪУЭМ ДЕЖ
  • Вефилым щылажьэхэм зэрыдэІэпыкъумрэ зэрагъэгушхуэмрэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Дэ ди закъуэкъым
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Лей зрахахэм уазэрыдэІэпыкъу хъунур
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Иеговэ «зигу иудахэм гупсэхугъуэ ярет»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
w26 Апрель н. 20—25

2026 ГЪЭ, ИЮНЫМ И 22—28

90 УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ

Гупсэхугъуэ къыдэзыт Алыхьым и деж зыщывгъасэ

«Тхьэм дигу зэригъэзагъэм хуэдабзэу... цІыхухэм ягу дгъэзэгъэн тлъэкІынущ дэри» (2 КОР. 1:4).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэрэ абы и лэжьакІуэхэмрэ щапхъэ тетхыу, нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ дапхуэдэу етт хъунуми.

1. НэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ щІеттын хуейр сыт?

ДЭ ПСОМИ «гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэр» зэрытшэчым къыхэкІкІэ, гупсэхугъуэ къыдатыным икІи дагъэгушхуэным дыхуэныкъуэщ (1 Пет. 1:6). Дэ ди гуапэщ гупсэхугъуэ къыщыдатым деж икІи дэри хьэзыру дыщытын хуейщ гуауэ зиІэхэм гупсэхугъуэ еттыну (Мт. 7:12, ДЩІ). «Гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ» Иеговэ дегъэлъагъу цІыхум сыт хуэдэ гугъуехь имыІэми, дапхуэдэу абы гупсэхугъуэ еттыфынуми. Дэ зым адрейм гупсэхугъуэ щеттым деж, Алыхьым щапхъэ тыдох (2 Кор. 1:3, 4; 1 Фес. 4:18). Дэ апхуэдэу щІэтщІэр ар зэрытщІэн хуей закъуэракъым, атІэ къуэш, шыпхъухэр фІыуэ долъагъури аращ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ: 1) Библием гупсэхугъуэ псалъэм къригъэкІыр сытми, 2) нэгъуэщІхэм дапхуэдэу гупсэхугъуэ еттыфынуми, 3) дэ езыр гупсэхугъуэ дыщыхуэныкъуэм деж сыт тщІэн хуейми.

БИБЛИЕМ ГУПСЭХУГЪУЭ ПСАЛЪЭМ КЪРИГЪЭКІЫР

2. Библием ущрихьэлІэ «гупсэхугъуэ етын» жыхуиІэ алыджыбзэ псалъэхэм иджыри сыт хуэдэ мыхьэнэхэр яІэ?

2 «Гупсэхугъуэ етын» жиІэу Библием ущрихьэлІэ алыджыбзэ псалъэхэм мыхьэнэ зыбжанэ яІэщ. А псалъэхэр здыхэтым елъытауэ «гъэгушхуэн», «хуэгъэушын», «и фІэщ щІын» жиІэу къикІыфынущ (Рим 12:8; «Учебная Библия» жыхуаІэм ит «гъэгушхуэн» жыхуиІэ псалъэм хуэхьа комментарием феплъ). А псалъэм къикІ дыдэр «уи гъусэу щытыну зыгуэрым уелъэІуныращ». Дэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэ хъунущ гугъуехь пэщІэхуа и ныбжьэгъум дэІэпыкъуну епІэщІэкІ цІыхур. Дэ цІыхум дапхуэдэу дыдэмыІэпыкъуами, псом нэхърэ нэхъапэр абы гупсэхугъуэ зэредгъэгъуэтыжыныращ.

3. Варнавэ дапхуэдэу нэгъуэщІхэр игъэгушхуэу зэрыщытар? (Сурэтми феплъ.)

3 Библием ит зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ Иосий зи цІэ цІыхухъум нэгъуэщІхэр фІыуэ игъэгушхуэфт икІи гупсэхугъуэ яритт. Абы къыхэкІкІэ, апостолхэм а цІыхухъум Варнавэ фІащащ икІи а цІэм къикІыр «цІыхухэр зыгъэгушхуэ» жиІэу аращ (Апост. 4:36). А цІэр абы апхуэдизкІэ хуэкІуэти, Библием афІэкІа а лІым ИосийкІэ еджэу ущрихьэлІэкъым. Варнавэ мызэ-мытІэу къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъуащ. Псалъэм папщІэ, Щаул Хьисэ и лъэужь щиувам щыгъуэ, ар Ерусалим къэкІуащ къуэш, шыпхъухэм яхуэзэн щхьэкІэ. Ауэ ахэр Щаул щышынэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы япэм щыгъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гугъу иригъэхьу щытащ. Щаул Хьисэ и лъэужь зэриувар Варнавэ и фІэщ хъури, апостолхэм ар яригъэцІыхуащ (Апост. 9:26—28).

Варнавэ языныкъуэ апостолхэр щызэхуэса унэм гуфІэу Щаул кърегъэблагъэ. Апостолхэм дзыхь хуамыщІыщэу абы йоплъ.

Варнавэ Щаул гуапэу хущытащ икІи апостолхэм хуэзэну дэІэпыкъуащ (3 абзацым феплъ.)


НЭГЪУЭЩІХЭМ ГУПСЭХУГЪУЭ ЗЭРЕТТЫФЫНУР

4. НэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ еттын щхьэкІэ, сыт хуэдэ ІэмалыфІ диІэ? (Рим 1:11, 12).

4 Іэмал щыІэмэ, абыхэм я деж фыкІуэ. Иеговэ и лэжьакІуэхэр къигъэсэбэпурэ нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ ярет. Псалъэм папщІэ, бегъымбар Иляс и лъэр щыщІэхуам щыгъуэ, Алыхьым ар игъэгушхуэн щхьэкІэ, мелыІыч къыхуигъэкІуащ (1 Цар. 19:4—7). Апостол Паули къыгурыІуэт къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэн щхьэкІэ, абыхэм я деж кІуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. (Къеджэ Рим 1:11, 12.) Гупсэхугъуэ хуэныкъуэм и деж укІуа иужь, уи зэманым ущымысхь (1 Кор. 16:7). Ауэ апхуэдэ цІыхум и деж укІуэну Іэмал уимыІэми, ар уэ бгъэгушхуэфынущ звонить хуэпщІмэ, письмо хуэптхмэ, открыткэ е сообщение хуебгъэхьмэ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дадэІэпыкъуну дыхьэзырмэ, дэ Иеговэ дыкъигъэсэбэпу абыхэм гупсэхугъуэ яритыфынущ.

5. Дэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ гугъухэм дыпэщІэхуэнкІэ хъуну?

5 Мы иужьрей махуэхэм гъащІэр егъэлеяуэ гугъу хъуащ. Абы къыхэкІкІэ, къуэш, шыпхъухэр дгъэгушхуэн щхьэкІэ, абыхэм дахуэзэну нэхъ гугъу хъуурэ кІуэну къыщІэкІынщ. Ефес щыщ Онесифор и щапхъэм дэ куэдым дыхуигъэсэфынущ. Паул Рим къалэм щыІэу, лъэхъуэщым щисам щыгъуэ, Онесифор ар игъэгушхуэну хуейт. Абы къыхэкІкІэ, Онесифор Паул къилъыхъуащ, езыри ягъэтІысыну е яукІыну шынагъэ зэрыщыІэм емылъытауэ (2 Тим. 1:16—18). Урысейм щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэми апхуэдэ дыдэу ящІэ къуэш, шыпхъухэр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъу щрагъэхьым деж. Абыхэм щыщ гуэрым и судыр щащІкІэ, адрейхэр къокІуэ ар ягъэгушхуэн щхьэкІэ, езыхэри ягъэтІысыну шынагъэ зэрыщыІэм емылъытауэ. Уэри апхуэдэ Іуэхугъуэм ихуа къуэш, шыпхъухэр бгъэгушхуэфын щхьэкІэ, дапхуэдэу зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъунур? Псалъэм папщІэ, япэм щыгъуи, иджыпстуи Иеговэ и лэжьакІуэхэр зыр зым игъэгушхуэу зэрыщытам икІи гугъуехьхэм емылъытауэ гуфІэгъуэр зэрызыфІамыгъэкІуэдам теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

6. НэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ щеттым деж, дапхуэдэу Иеговэ щапхъэ зэрытетх хъунур? (Сурэтми феплъ.)

6 Абыхэм жаІэм фІыуэ федаІуэ. Бегъымбар Иляс и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ щыщыІам щыгъуэ, абы и гум илъыр Иеговэ хуиІуэтащ. Иляс зыгъэгузавэр Алыхьым ищІэу щытами, абы къыжриІэм фІыуэ едэІуащ. Лъагъуныгъэ зыхэлъ ди Алыхьым Иляс шыІэныгъэ хуигъэлъэгъуащ, абы жиІар къытригъэзэжурэ зэрыжиІам емылъытауэ (1 Цар. 19:9, 10, 14). Абы нэмыщІ Иеговэ бегъымбар Аввакуми и гурыщІэхэмрэ зыгъэгузавэ Іуэхухэмрэ жиІэну Іэмал иритат, ар пщІэ хэмылъу псэлъауэ къыпщыхъуфынуми (Авв. 1:2, 3). Ноби Иеговэ ди тхьэлъэІухэм фІыуэ йодаІуэ, дызыхуэныкъуэу хъуар абы ищІэу щытми. Дэ абы щапхъэ тетхыфынущ ди къуэш, ди шыпхъухэм жаІэм фІыуэ дедаІуэмэ. Ахэр зэпыдмыудыным икІи дыкъэмыгубжьыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, абыхэм мыхъун гуэр щыжаІэм е жаІар къытрагъэзэжурэ щыжаІэм деж (Эккл. 7:9; Екъуб 1:19).

Жэщыр хэкІуэтауэ, шыпхъум шыІэныгъэ хэлъу, нэгъуэщІ шыпхъур и гурыщІэхэмкІэ къызэрыдэгуашэм йодаІуэ.

Иеговэ щапхъэ тефхыу, къуэш, шыпхъухэм жаІэм фІыуэ федаІуэ (6 абзацым феплъ.)


7. ЦІыхур зыхуэныкъуэр къыдгурыІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

7 Ахэр зыхуэныкъуэр къывгурыІуэну фыхущІэкъу. Иеговэ елъытауэ, дэ цІыхум и гум илъыр тлъагъукъым. Абы къыхэкІкІэ, цІыхум гупсэхугъуэ зэреттыфыну щІыкІэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, абы жиІэм фІыуэ дедэІуэн хуейщ. Ар зыхуэныкъуэр пщІэуэ уимыгугъэ. Апхуэдэ Іуэхугъуэм деж уэ узыхуэныкъуэмрэ ар зыхуэныкъуэмрэ зэтемыхуэнкІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыху псори зэхуэдэкъым. Уи зэманым ущымысхьу абы жиІэм фІыуэ едаІуэ икІи къезэгъ упщІэхэр ет. А псор къыбдэІэпыкъунущ цІыхур зыхуейр къыбгурыІуэну (Прит. 20:5).

8. Лазар щылІам щыгъуэ, Хьисэ абы и шыпхъуитІым дапхуэдэу гупсэхугъуэ зэрыритар? (Сурэтхэми феплъ.)

8 Хьисэ Марфэрэ Мэриемрэ гупсэхугъуэ зэрыритам гу лъыттэнщ. А цІыхубзитІри гъыт, я дэлъху Лазар зэрылІам щхьэкІэ. Ауэ Хьисэ абыхэм гупсэхугъуэ зэрыритар зэщхьтэкъым. Хьисэ Марфэ щепсалъэм лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ абы и фІэщхъуныгъэр игъэбыдащ. Ауэ Мэрием гъыуэ къыщыбгъэдыхьам щыгъуэ, лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ абы зыри жриІауэ къыщІэкІынукъым. Хьисэ Лазар здыщІалъхьам теухуауэ абы еупщІащ икІи ар абы и гъусэу гъащ (Ин. 11:20—35). Мы хъыбарым сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? Гуауэ зиІэ цІыхум гупсэхугъуэ щеттым деж, ар зыхуэныкъуэр сытми къыдгурыІуэн хуейщ икІи цІыхухэм гупсэхугъуэ ептын щхьэкІэ, псоми хуэкІуэ зы ІэмалыфІ щыІэу уемыгупсыс.

Коллаж «Зэхуэсым и нэхъыжьыр зи щхьэгъусэ зыфІэкІуэда къуэшитІым я деж къэкІуащ»: 1) зэхуэсым и нэхъыжьым и Іэр гъыуэ щыс къуэшым и дамэм телъщ; 2) зэхуэсым и нэхъыжьым зи ныбжь хэкІуэта къуэшым Библием ит едзыгъуэ ирегъэлъагъу; ахэр зэгъусэу альбомым ит сурэтхэм йоплъ.

ЦІыхум гупсэхугъуэ ептын щхьэкІэ, ар зыхуэныкъуэр къыбгурыІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ (8 абзацым феплъ.)a


9. НэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ еттын щхьэкІэ, дапхуэдэу Библиер къызэрыдгъэсэбэп хъунур? (Рим 15:4, 5).

9 Библиер къэвгъэсэбэп. Библиер къэбгъэсэбэпу цІыхум гупсэхугъуэ щептым деж, абы гугъэ зригъэгъуэтыну удоІэпыкъу. (Къеджэ Рим 15:4, 5.) Апхуэдэ гугъэм цІыхур нэхъыбэжу егъэгушхуэ икІи гупсэхугъуэ ирет (Ис. 40:31). Ауэ цІыхум къыдэІэпыкъун едзыгъуэ дапхуэдэу къызэрыдгъуэтынур? Языныкъуэхэм гупсэхугъуэ къозыт Библием ит едзыгъуэхэр къетхыхауэ яІэщ. Псалъэм папщІэ, «Библейские стихи в помощь христианину» жыхуиІэ тхылъым ит «Утешение» жыхуиІэ темэм апхуэдэ едзыгъуэхэр къыщыбгъуэтыфынущ. Иеговэ елъэІу абы и Псалъэр нэхъыфІу къэбгъэсэбэпыфын щхьэкІэ къыбдэІэпыкъуну. Абы и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ, уэ ущыхуэныкъуэм деж, Іуэхум хуэкІуэ Библием ит едзыгъуэ уигу къэкІыжыфынущ (Ин. 14:26).

10. Зыгуэр дгъэгушхуэну дыщыхуейм деж, щабэу икІи гуапэу дыпсэлъэн щІыхуейр сыт?

10 Щабэу икІи гуапэу фыпсалъэ. ИпэкІэ зэрыжытІащи, «гупсэхугъуэ етын» жаІэу Библием ит алыджыбзэ псалъэр «хуэгъэушын», «и фІэщ щІын» жиІэуи зэбдзэкІыфынущ. Гупсэхугъуэ зэптыну узыхуей цІыхум и гупсысэкІэр ихъуэжын щхьэкІэ, иныкъуэхэм деж ар зыгуэрым хуэбгъэушын е зыгуэр и фІэщ пщІын хуеинкІэ хъунущ. Апхуэдэу пщІэн хуей хъумэ, зыгуэр жыпІэн ипэ фІыуэ егупсыс. Абы щыгъуэ уи псалъэхэм цІыхум и гур иуІэнукъым, атІэ ахэр хущхъуэм хуэдэу щытынущ (Прит. 12:18). АбыкІэ Иеговэ щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ, бегъымбар Иляс щепсэлъам щыгъуэ. А бегъымбарым и гугъэт Иеговэ зэрыхуэлажьэм мыхьэнэ имыІэу икІи езым фІэкІа нэгъуэщІ цІыху Алыхь пэжым хуэмылажьэу. Иеговэ Иляс зэрыщыуэр жримыІэу, щабэу абы и гупсысэкІэр ихъуэжыну дэІэпыкъуащ (1 Цар. 19:15—18). Уэри зыгуэрым удэІэпыкъун хуеймэ, жыпІэну узыхуейм егупсыси, цІыхум гуапэу епсалъэ. Абы нэмыщІ зэІущІэхэм дыщыщыІэм деж, ди къуэш, ди шыпхъухэр дгъэгушхуэфынущ. Аращи, зэІущІэм жэуап щыпткІэ е задание уиІэу укъыщыпсалъэкІэ, гуапагъэрэ щабагърэ зыхэлъ псалъэхэр сыт щыгъуи къэгъэсэбэп.

11. Гугъуехьхэм пэщІэхуахэр щІэх-щІэхыурэ сытым хуэныкъуэ? (1 Иуан 3:18).

11 НэгъуэщІхэм ІуэхукІэ фадэІэпыкъу. Гугъуехьхэм пэщІэхуэхэр псалъэкІэ бгъэгушхуэным и закъуэкъым зыхуэныкъуэр. (Къеджэ 1 Иуан 3:18.) Абы теухуауэ Варнавэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Абы иІа щІы Іыхьэр ищэжри, псым зыщІэзыгъэуагъащІэхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ, ахъшэр апостолхэм яритащ (Апост. 4:36, 37). Ноби ди къуэш, ди шыпхъу куэдыр а щапхъэм тету, дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм щІэгъэкъуэн яхуохъу. Польшэм щыщ ди шыпхъу Габрие́лэ и лъэр щІэхуат, псыдзэр и унэм хуабжьу зэран щыхуэхъуам щыгъуэ. А шыпхъур къыддогуашэ: «А зэманым сэ си адэ-анэм я гъусэу сыпсэут. А псыдзэм дэ Іейуэ дигъэшынащ икІи дигъэгузэващ. Унэр сыт хуэдэ щІыкІэкІэ тщІыжынуми сщІэтэкъым. Ауэ нэгъуэщІ зэхуэсхэм щыщ къуэшхэр къакІуэри, зы махуэм и кІуэцІым унэр зыхуей хуагъэзэжащ. А Іуэхугъуэм си фІэщхъуныгъэр хуабжьу игъэбыдащ. Сэ къэслъэгъуащ Иеговэ и лэжьакІуэхэр гугъуехь пэщІэхуахэм дэІэпыкъуну зэрыхуигъэушыр».

12. ГъэунэхуапІэхэм теубыдагъэ тхэлъу дызэрыпэщІэтыр, ди къуэш, ди шыпхъухэм дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуфынур?

12 Теубыдагъэ фхэлъу гъэунэхуапІэхэм фыпэщІэт. Фессалоникэ къалэм дэс къуэш, шыпхъухэм пэжагърэ теубыдагъэрэ зэрагъэлъагъуэр Паул щызэхихам, къарурэ гупсэхугъуэрэ абы къритыжащ. Абы къыгурыІуащ лэжьыгъэ ирихьэкІар пщІэншэу зэрыщымытар (1 Фес. 3:5—8). Паул езым и щапхъэмкІи къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэну хуейт, уеблэмэ, къэзымыцІыхухэри абыхэм яхэту. Абыхэм щхьэкІэ Паул и гугъуехьым теубыдагъэ хэлъу пэщІэтт (Кол. 2:1, 2). Апхуэдэ дыдэу дэри теубыдагъэ тхэлъу ди гугъуехьхэм дызэрыпэщІэтыр къуэш, шыпхъухэм щалъагъум деж, ахэр абы хуабжьу егъэгушхуэ. Абы и фІыгъэкІэ ахэри гугъуехь пэщІэхуэмэ, Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуным шэч лъэпкъ къытрахьэнукъым.

13. НэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ щетткІэ, сыт иджыри тщІэн хуейр?

13 ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ. ДызыдэІэпыкъуну дызыхуей цІыхум занщІэу гупсэхугъуэ зэхимыщІэнкІэ хъунущ. Ауэ дэ Библием дыхуегъэуш: «Зым адрейр ирырегъэгушхуэ». «Ирырегъэгушхуэ» жыхуиІэ псалъэм къегъэлъагъуэ ар зэпымыууэ тщІэн зэрыхуейр (1 Фес. 5:11). Абы къыхэкІкІэ, зи лъэ щІэхуа цІыхур щыдгъэгушхуэм деж, шыІэныгъэ дгъэлъэгъуэн хуейщ (1 Фес. 5:14). ДауикІ, дэ езыри гупсэхугъуэ къыдатыным дыщыхуэныкъуэ къэхъунущ. Сыт апхуэдэм деж тщІэ хъунур?

ДЭ ЕЗЫР ГУПСЭХУГЪУЭ ДЫЩЫХУЭНЫКЪУЭМ ДЕЖ

14, 15. Ди лъэр щыщІэхуам е зыгуэр щхьэкІэ хуабжьу дыщыгузавэм деж, сыт тщІэн хуейр?

14 Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Уи лъэр щыщІэхуам е зыгуэр щхьэкІэ хуабжьу ущыгузавэм деж, Иеговэ гупсэхугъуэ къыуитыну елъэІу (Пс. 94:19). Уи гум щыщІэ псори абы къыхузэІух (Пс. 62:8). ДауикІ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъэзэн ипэ уэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр уиІэми абы елъагъу. Ауэ уи гум илъ псори Иеговэ щыхуэпІуатэм деж, уэ къыбогъэлъагъуэ фІэщхъуныгъэ узэриІэр. Узэригугъам хуэдэу Иеговэ жэуап къыуимытми, абы уи тхьэлъэІум мыхьэнэ иримыту къигъэнэнукъым (Мк. 11:24). Филиппи 4:6, 7 итыр зыщомыгъэгъупщэ: «Сыт ищІыс Іуэхуми щхьэкІэ Тхьэм фелъэІу... Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри... къихъумэнущ итІанэ».

15 НэгъуэщІхэм къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ уи ныбжьэгъум е дзыхь зыхуэпщІ зэхуэсым и нэхъыжьым уи гурыщІэхэмкІэ дэгуашэ. Къуэш, шыпхъухэм уэ гупсэхугъуэ къыуатыфынущ, ауэ уи гукъеуэхэмрэ узыхуэныкъуэмрэ теухуауэ абыхэм яжомыІэмэ, ахэр къыбдэІэпыкъуфынукъым (Прит. 14:10). Абыхэм яжеІэ уэ зыгуэрым узэригъэгузавэр икІи уепсэлъэну узэрыхуейр. Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэм уелъэІу хъунущ гупсэхугъуэ къозыт Библием ит едзыгъуэкІэ е статья гуэркІэ къыбдэгуэшэну.

16. Зыгуэрым дигъэгушхуэну щыхэткІэ, сыт къэхъуфынур икІи апхуэдэм деж сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

16 ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ икІи вгъэгъуну хьэзыру фыщыт. Къуэш, шыпхъухэм ущагъэгушхуэкІэ щыуагъэ гуэрхэр ящІэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, абыхэм уи жагъуэ зыщІын псалъэ гуэр жаІэн е Іуэху гуэр ящІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэу къэхъумэ, къуэш, шыпхъухэм шыІэныгъэ хэлъу хущыт (1 Кор. 13:4, 7). Екъуб 3:2 итыр зыщомыгъэгъупщэ: «И псалъэхэмкІэ гуэныхь зымыщІэ цІыхур цІыху нэгъэсауэ щытщ». Ахэр къыбдэІэпыкъуну зэрыхуейм уи акъылыр тебухуэмэ нэхъыфІщ. Иджыри зыщомыгъэгъупщэ: «Гур мэхъуапсэ, ауэ пкъым хузэфІэкІыркъым» (Мт. 26:41).

17. Дэ сытым ди акъылыр тедухуэн хуей?

17 Мы иужьрей махуэхэм дэ псори гупсэхугъуэм дыхуэныкъуэщ. ГъащІэр нэхъ гугъу мэхъу, Алыхьым и бийхэми кІуэ пэтми нэхъ къыттракъузэ. Абы къыхэкІкІэ, къэкІуэну зэманым дэ гупсэхугъуэмрэ гушхуэныгъэмрэ нэхъыбэу дыхуэныкъуэнущ. Аращи, зым адрейр игъэгушхуэн щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар зэрытщІэным ди акъылыр тедвгъэухуэ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Библием гупсэхугъуэ псалъэм къригъэкІыр сыт?

  • НэгъуэщІхэм дапхуэдэу гупсэхугъуэ еттыфыну?

  • Дэ езыр гупсэхугъуэ дыщыхуэныкъуэм деж сыт тщІэ хъунур?

130 УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу

a СУРЭТХЭМ ИТЫР. Зэхуэсым и нэхъыжьым гущІэгъу хэлъу, куэд мыщІауэ зи щхьэгъусэ зыфІэкІуэда къуэшым жиІэм йодаІуэ. Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт а къуэш дыдэр илъэс зыбжанэ хъуауэ зи щхьэгъусэр зыфІэкІуэда къуэшым и деж къэкІуащ; дунейм ехыжа а цІыхубзым теухуауэ абыхэм ягу къагъэкІыж икІи гуапэу топсэлъыхь.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын