2026 ГЪЭ, МАЙМ И 18—24
35 УЭРЭДЫР ЗэхэщІыкІ гъащІэм нэхъапэр
Псом нэхъ мыхьэнэ зиІэм ди акъылыр тедгъэтыну сыт къыддэІэпыкъунур?
«Зиусхьэныр зыхуейр зыгурывгъаІуэ» (ЕФ. 5:17).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Ди къарумрэ ди зэманымрэ къытІызых Іуэхугъуэхэм емылъытауэ, Иеговэ и лэжьыгъэм япэ увыпІэр дапхуэдэу етт хъунуми.
1, 2. Ди дежкІэ мыхьэнэ зиІэ гуэр Алыхьым дызэрыхуэлажьэм дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъуфынур? КъыдгурывгъаІуэ.
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт рулым удэсу, звонить зыгуэрым къыпхуищІу. Ар мыхьэнэ зиІэ Іуэхуу щытыфынуми, уэ къыбгуроІуэ, утемыплъэкъукІыу гъуэгум уеплъыным нэхъ мыхьэнэ зэриІэр. Пэж дыдэу дэтхэнэ зыри нэхъ мыхьэнэ зиІэр къыщыхэтхын хуей Іуэхугъуэхэм дохуэ.
2 НтІэ, дэ ди гъащІэм нэхъ мыхьэнэ зиІэн хуейр сыт? Ар Алыхьым дызэрыхуэлажьэращa (Мт. 6:33, ДЩІ). Рулым дэсым теплъэкъукІын зэрыхуэмейр къызэрыгурыІуэм хуэдэу, дэри Алыхьым дызэрыхуэлажьэм сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр зэран хуэхъуфынуми тщІэн хуейщ (Прит. 4:25; Мт. 6:22, ДЩІ).
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур икІи ар дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?
3 Дэ Алыхьым дызэрыхуэлажьэм зыри зэран хуэдгъэхъуну дыхуейкъым. Ауэ иныкъуэхэм деж абы тыншу дытезыгъэщхьэрыукІын Іуэхугъуэхэм дыпэщІохуэ (Лк. 21:34—36). Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ: 1) Алыхьым дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъуну сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм дыпэщІэхуэфынуми, 2) апхуэдэ Іуэхухэм Хьисэ дапхуэдэу пэщІэтами, 3) дэ абыхэм дапхуэдэу дыпэщІэтыфынуми. Мы упщІэхэм я жэуапхэр къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и лэжьыгъэм ди акъылыр тедгъэтыну.
АЛЫХЬЫМ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ СЫТ ХУЭДЭ ІУЭХУГЪУЭХЭР ЗЭРАН КЪЫТХУЭХЪУФЫНУ?
4—6. Псом нэхъ мыхьэнэ зиІэм япэ увыпІэр еттыну сыт зэран къытхуэхъуфынур?
4 Дэ гулъытэ зыхуэтщІын хуей Іуэхугъуэ куэд ди гъащІэм хэтщ. Псалъэм папщІэ, ди унагъуэри ди щхьэри зыхуей хуэдгъэзэн икІи ди узыншагъэм дыкІэлъыплъын хуейщ. ДауикІ, а псом мыхьэнэ иІэщ икІи абыхэм гулъытэ хуэпщІыну хуэфащэщ. Ауэ а Іуэхугъуэхэр нэхъ мыхьэнэ зиІэм ди акъылыр тедгъэтыну зэран къытхуэхъуфыну пІэрэ? Къытхуэхъуфынущ, абыхэм сыт щыгъуи дегупсысмэ икІи ди зэманри ди къарууэ хъуари абы тедгъэкІуадэмэ.
5 Абы нэмыщІ дэ тщыщ куэдыр политикэм, экономикэм, уз зэрыцІалэхэм икІи зауэхэм пыщІа гугъуехьхэм пэщІохуэ (2 Тим. 3:1). Апхуэдэм деж ди гугъуехьхэм фІэкІа нэгъуэщІым зыми демыгупсысыфу дыхъуфынущ.
6 А псом къыхэкІкІэ, дэ ди гъащІэм зэуэ зихъуэжыфынущ икІи абы ди лъэр щІихыфынущ. Апхуэдэу щІыщытыр, дауикІ, гурыІуэгъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэр апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэтын хуейуэ Иеговэ и мураду щытакъым. Апхуэдэ гугъуехьхэм цІыхур щыпэщІэхуэм деж, афІэкІа и гъащІэр тэмэм мыхъужыну абы къыщыхъуфынущ. Аращи, абыхэм емыгупсысын щхьэкІэ, цІыхум нэгу зегъэужьыным зэман куэд тригъэкІуадэу щІедзэ. Апхуэдэу уэри къыпщыщІамэ, сыт пщІэ хъунур? Иеговэ и лэжьыгъэм япэ увыпІэр ептыну зэран къыпхуэхъу Іуэхугъуэхэм уебэнын хуейщ. АбыкІэ уэ къыбдэІэпыкъунущ Хьисэ и щапхъэр. АдэкІэ абы дыхэплъэнщ.
АЛЫХЬЫМ ХУЭЛЭЖЬЭНУ ЗЭРАН КЪЫХУЭХЪУФЫНУ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ХЬИСЭ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫПЭЩІЭТАР?
7. Хьисэ Алыхьым хуэлэжьэну сытыт зэран къыхуэхъуфынур?
7 Иеговэ хуэлэжьэну Хьисэ сытыт зэран къыхуэхъуфынур? Псалъэм папщІэ, социальнэ икІи политическэ гугъуехьхэр абы зэран къыхуэхъуфынут. Хьисэ и зэманым цІыхухэр тхьэмыщкІагъэмрэ узыфэхэмрэ гугъу ирагъэхьт (Мт. 14:14; Мк. 14:7). Иджыри абыхэм я лъэпкъэгъухэри, рим цІыхухэри захуагъэ хэмылъу къахущытт. Хьисэ телъыджэ ищІэну къарурэ зэфІэкІрэ зэриІэр цІыхухэм щалъэгъуам, ар пащтыхь ящІыну хэтащ (Ин. 6:14, 15). Абы нэмыщІ ШейтІаным Хьисэ дуней псом и пащтыхь ищІыну жриІэри игъэунэхуащ (Мт. 4:8, 9). Абы и ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэхэм ящыщ апостол Петри Хьисэ гущІэгъу зыхуищІыжыну хуигъэушт (Мт. 16:21, 22).
8. Иеговэ и лэжьыгъэм япэ увыпІэр иритыну Хьисэ сытыт къыдэІэпыкъур?
8 Хьисэ Иеговэ и лэжьыгъэм япэ увыпІэр иритыну сытыт къыдэІэпыкъур? Япэрауэ, абы Алыхьым и гупсысэкІэр зригъэгъуэтащ (Ин. 8:28; 14:9). ЕтІуанэрауэ, ар сыт щыгъуи Алыхьым и лэжьыгъэм хэтт (Мт. 9:35). Ещанэрауэ, псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр абы фІыуэ къыгурыІуэт (Ин. 4:34). ШейтІаным къыжриІар Хьисэ занщІэу ІэщІыб ищІащ. Абы нэмыщІ Петри жиІа псалъэхэм Хьисэ едэІуакъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ къыгурыІуэт, и ныбжьэгъур къыдэІэпыкъуну хуейми, абы къыжриІар Иеговэ и мурадым зэрытемыхуэр (Мт. 4:10; 16:23). Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ, Хьисэ нэгъуэщІхэм я еплъыкІэр, я ІуэхущІафэр икІи я псалъэхэр зэран зыхуигъэхъутэкъым. ДауикІ, нобэ дэ дызыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэр Хьисэ зыпэщІэхуахэм емыщхьынкІэ хъунущ, ауэ абы сэбэп къыхуэхъуар дэри къыддэІэпыкъунущ.
АЛЫХЬЫМ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ ЗЭРАН КЪЫТХУЭХЪУФЫНУ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ДАПХУЭДЭУ ДЫЗЭРЫПЭЩІЭТЫФЫНУР?
9. Ефес 5:17 сыт хуэдэ чэнджэщ итыр?
9 Иеговэ хуэдэу фыгупсысэу зевгъасэ. Апхуэдэу зэрыфщІэр къывдэІэпыкъунущ Алыхьым и мурадыр къывгурыІуэну. (Къеджэ Ефес 5:17.) Библием уеджэмэ икІи абы куууэ уегупсысмэ, Иеговэ сытым игъэгуфІэми уэ къэпщІэнущ. Ауэ абы уи Іуэхум теухуауэ пыухыкІауэ имытми, уэ зэхэбгъэкІыфынущ Иеговэ сыткІэ къыпщыгугъми. Дапхуэдэу? Алыхьым и гупсысэкІэр зэрызэбгъэгъуэтыным хущІэкъу икІи абы утету узэрыпсэуным хуэхьэзыру щыт.
10. Иеговэ и гупсысэкІэр къэтщІэну сыт къыддэІэпыкъунур?
10 Иеговэ и гупсысэкІэр къэтщІэну сыт къыддэІэпыкъунур? Абы щхьэкІэ дэ Библием деджэу, ар цІыхухэм дапхуэдэу хущытми куууэ дегупсысын хуейщ (Иер. 45:5). Библием ит хъыбархэм дыщеджэкІэ, дэ мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ: «Иеговэ теухуауэ сыт абы къызигъащІэр? ГупсысэкІэ тэмэм сиІэну дапхуэдэу ар къызэрыздэІэпыкъур?» ДауикІ, Иеговэ дэ нэхърэ куэдкІэ нэхъ Іущщ (Ис. 55:9). Аращ дэ абы и мурадыр дапхуэдэу дгъэзэщІэнуми дригъэсэну дыщІелъэІур (Пс. 143:10). Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым Иеговэ ди тхьэлъэІум жэуап къызэрыритынум икІи абы и гупсысэкІэр зэдгъэгъуэтыну къызэрыддэІэпыкъунум (1 Ин. 5:14).
11. Дэр щхьэкІэ сыт Иеговэ ищІэну зыхуейр?
11 Иеговэ хуэдэу дыгупсысэу зыщедгъасэм деж, абы дэр щхьэкІэ ищІэну зыхуейр нэхъыфІу къыдгуроІуэ. Алыхьыр хуейщ ШейтІаным и дунейм кІэ къыщыхуэкІуэну зэманым дыхуэхьэзыру дыщытыну (Мт. 24:44). Аращи, Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ, дытемыплъэкъукІыу абы дыхуэлэжьэным. Ар хуейкъым дэ зыгуэр щхьэкІэ хуабжьу дыгузавэу, ди лъэр щІэхуну (Мт. 6:31, 32, ДЩІ). Абы къыхэкІкІэ, ди узыншагъэм, лэжьыгъэм, дызыщІэсыным икІи ди Іыхьлыхэм теухуауэ егъэлеяуэ дригузавэмэ, Иеговэ къыддэІэпыкъуну дыкъегъэгугъэ. Иеговэ дыхуегъэуш абы дыщыгугъыну икІи дыкъегъэгугъэ сыт хуэдэ гугъуехьми дызэрыпэлъэщын къарурэ Іущагърэ къыдитыну (Пс. 55:22; Прит. 3:5—7).
12. Мы дунейм къыщыхъум емылъытауэ, насыпыфІэу дыкъэнэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Маттэ 5:3).
12 Сыт щыгъуи Алыхьым и лэжьыгъэм фыхэт. Дэ дыхуей-дыхуэмейми мы дунейм къыщекІуэкІ Іуэхухэм дегъэгузавэ, ауэ абы къыщыхъум зэхъуэкІыныгъэ гуэр хэтлъхьэну дэ къару диІэкъым. Аращи, дэ тхузэфІэмыкІыным къару тедмыгъэкІуадэу, Алыхьым и лэжьыгъэм дызэрыхэтыным ди акъылыр тыдоухуэ. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар тщІэмэ, дэ насыпыфІэу дыщытынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым аращ дыкъыщІигъэщІар (Къеджэ Маттэ 5:3, ДЩІ.) НтІэ, сыт дэ абы щхьэкІэ тщІэн хуейр? Дэ Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхун, абы и Псалъэ Библиер куууэ дджын икІи и лэжьыгъэм дыхэтын щхьэкІэ, Іэмалу диІэу хъуар къэдгъэсэбэпын хуейщ. Ди зэманыр Іущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпмэ, абыкІэ дэ Иеговэ дгъэгуфІэнущ (Прит. 23:15).
13. Ди зэманыр Іущагъ хэлъу дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэп хъунур?
13 «Игъуэр блэвмыгъэкІ» жиІэу, Паул итха псалъэхэм дэ дытетыну дыхуейщ (Еф. 5:15, 16; «Учебная Библия» жыхуаІэм ит «игъуэр блэвмыгъэкІ» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ). Библием дэ дызыхуигъэушыр махуэ къэс ди Іуэхухэр зэтеухуауэ щытыным и закъуэкъым, атІэ мы дунеижьым и кІэр къызэрысар къыдгурыІуэу, ди зэманыр Іущагъ хэлъу къызэрыдгъэсэбэпынми дыхуегъэуш. Дэ ди гур хэзыгъэщІ икІи ди къарур тфІэзыгъэкІуэд хъыбарыщІэхэм ди зэманыр тедмыгъэкІуадэу, Иеговэ и лэжьыгъэм тедгъэкІуадэмэ нэхъыфІщ. Абы къыхэкІкІэ, хъыбарыщІэ дызэплъхэмрэ дызэджэхэмрэ нэхъ мащІэ тщІыным Іущагъ хэлъщ. Дэ апхуэдэу хъыбар Іейхэм ди лъэр щІедгъэхынукъым икІи Иеговэ дыхуэлэжьэну зэман нэхъыбэ диІэнущ. Абы нэмыщІ хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу дызэрыхэтыным дегупсыс хъунущ. Псалъэм папщІэ, хъыбарыфІыр зыжетІахэм я деж нэхъыбэрэ тедгъэзэжын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунуми дегупсыс хъунущ. Дэ къыдгуроІуэ цІыхухэм пэжыр зэхедгъэхыу, ахэр къедгъэлын щхьэкІэ, Іэмалу диІэр къэдгъэсэбэпыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр (1 Тим. 2:4).
14. Алыхьым и лэжьыгъэм дызэрыхэтыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (Сурэтми феплъ.)
14 Алыхьым и лэжьыгъэм дыхэтмэ, ар къыддэІэпыкъунущ мы дунейм къыщыхъум еплъыкІэ тэмэм худиІэну. Абы щыгъуэ уз зэрыцІалэхэм, политикэм икІи экономикэм пыщІа гугъуехьхэм ди гум илъ мамырыгъэр тфІагъэкІуэдынукъым. Дэ къыдгуроІуэ апхуэдэу Библием ит пророчествэхэр къызэрыхъур. Абы къыхэкІкІэ, дэ шынэр зытедгъакІуэкъым икІи къэкІуэну зэманым Иеговэ фІыгъуэ куэд зэрытхуигъэхьэзырам шэч лъэпкъ къытетхьэкъым. Иеговэ дыкъегъэгугъэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дыпэлъэщыну къыддэІэпыкъуну икІи абы дыщыгугъмэ, зэпІэзэрыту дыкъэнэфынущ (Пс. 16:8; 112:1, 6—8).
Мы дунейм къыщыхъум дызэригъэгузэвэфынум емылъытауэ, дэ Алыхьым и Іуэхухэм дыхэтын хуейщ (14 абзацым феплъ.)b
15. Сыт дэ зэхэщІыкІ тхэлъын щІыхуейр? (1 Петр 4:7).
15 Псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр зыщывмыгъэгъупщэ. ЦІыху куэдым я дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэр загъэпсэхунымрэ загъэтхъэжынымрэщ икІи ахэр мы дунейм кІэ къызэрыхуэкІуэнум егупсыскъым. ДауикІ, зыгъэпсэхуни хуейщ, ауэ мы дунейм и гупсысэкІэр зэран зыхуэдмыгъэхъун щхьэкІэ дэ зэхэщІыкІ тхэлъын хуейщ. (Къеджэ 1 Петр 4:7.) ЗэхэщІыкІыр дэ къыддэІэпыкъунущ нэгу зегъэужьыным еплъыкІэ тэмэм худиІэну икІи Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну. Апхуэдэ унафэхэм къагъэлъэгъуэнущ дэ Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ дызэриІэр икІи псом нэхърэ нэхъапэр сытми къызэрыдгурыІуэр (2 Тим. 1:7).
16. ЛІэн ипэ Хьисэ сытыт и акъылыр зытеухуауэ щытар?
16 Хьисэ зэи зыщигъэгъупщэтэкъым псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр сытми. Хьисэ и гъащІэм и иужьрей сыхьэтхэм и акъылыр зытеухуауэ щытар Алыхьым и мурадыр зэригъэзэщІэнымрэ абы хуэпэжу къызэрынэнымрэт. Аращ Хьисэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыщІыхуигъэзар. Ауэ, Хьисэ елъытауэ, апостолхэм Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзакъым икІи я лъэр зэрыщІэхуам къыхэкІкІэ, ахэр Іурихри жеящ (Лк. 22:39—46; Ин. 19:30).
17. Куэдым соцсетьхэмрэ мессенджерхэмрэ къыщІагъэсэбэпыр сыт икІи абы сытым дыхуишэфыну? (Сурэтми феплъ.)
17 Апостолхэм ещхьу дэри иныкъуэхэм деж ди лъэр щыщІэху къохъу. Иужьрей махуэхэм мы дунейм къыщыхъухэм дэ хуабжьу дигъэгузэвэнкІэ хъунущ. А гугъуехьхэм емыгупсысын щхьэкІэ, нобэ цІыху куэдым соцсетьхэмрэ мессенджерхэмрэ къагъэсэбэп. Ахэр соцсетьхэмкІэ нэгъуэщІ къэралхэм щыпсэу я Іыхьлыхэм йопсалъэ, сурэтхэр зыхурагъэхь, хъыбарыщІэхэмкІи зэдогуашэ. Куэдым иджыри соцсетьхэр къагъэсэбэп я нэгу зрагъэужьын щхьэкІэ. Ауэ абы къралъхьэ псом укІэщІыхьэну ухуежьэмэ, къомыщІэххэу уи зэманри, уи къарууэ хъуари пфІихьыфынущ. Соцсетьхэм тэмэму дыхущытрэ дыхущымытрэ къыдгурыІуэн щхьэкІэ мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Сызэджэмрэ сызэплъымрэ къару къызитрэ, хьэмэрэ псом нэхъ мыхьэнэ зиІэм си акъылыр тезгъэтыну зэран къысхуэхъурэ?»
Псом нэхъ мыхьэнэ зиІэм ди акъылыр тедухуэну соцсетьхэр, нэгу зегъэужьыныр икІи зыгъэпсэхуныр зэран къытхуэмыхъун щхьэкІэ дэ зэхэщІыкІым дыхуеинущ (17 абзацым феплъ.)
18. ЗыгъэпсэхукІэ гуэр къыщыхэтхым деж зэхэщІыкІ дгъэлъэгъуэн щІыхуейр сыт?
18 Иныкъуэхэм деж зыбгъэпсэхуным сэбэпынагъ хэлъщ, ауэ интернеткІэ е телевизоркІэ дызэплъымрэ дызэрыджэгумрэ Іущагъ хэлъу къыхэтхын икІи абы зэман дапщэ тедгъэкІуэдэнуми ипэкІэ дегупсысын хуейщ. Видеосервисхэм сыт щыгъуи щІэ гуэрхэр къралъхьэ икІи абыхэм залымыгъэрэ делагъэрэ зыхэт видеохэм ущрихьэлІэфынущ. Азием щыщ ди зы къуэшым апхуэдэу къыщыщІащ. Ар япэщІыкІэ фильмхэм я Іыхьэ гуэрхэм еплъурэ, иужькІэ рекомендацием къридзэ видеохэр къызэІуихыу щІидзащ. Абыхэм цІапІагъэ зыхэт видеохэр кІэщІ-кІэщІыурэ къридзэт. ИкІэм-икІэжым ар порнографие еплъу хъуащ. И насыпти, и ныбжьэгъухэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ къыдэІэпыкъури, абы а Іуэху мыхъумыщІэхэр къигъэнэфащ. Иджыри а къуэшым къыдэІэпыкъуащ языныкъуэ приложениехэр зэрытригъэкІыжар икІи зэман пыухыкІакІэ и телефоныр къигъэсэбэпыну зэрытриухуар. Мы щапхъэм фІы дыдэу къыдгурегъаІуэ зыгъэпсэхукІэ гуэрхэр къыщыхэтхым деж, зэхэщІыкІ дгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.
19. Ди гъащІэм зыгъэпсэхуным япэ увыпІэр еттмэ, сыт къэхъуфынур?
19 Дэ зыгъэпсэхуакІуэ дыщыкІуэкІэ, ди зэманыр дапхуэдэу къэдгъэсэбэп хъунуми къыдгурыІуэн щхьэкІэ, зэхэщІыкІ дгъэлъэгъуэн хуеинущ. ДауикІ, зэман-зэманкІэрэ зыдгъэпсэхуу, къару зэдгъэгъуэтыжыным дыхуэныкъуэщ икІи ар узыншагъэмкІэ сэбэпщ. Ауэ зыгъэпсэхуным зэман куэдыІуэ тедгъэкІуадэу щытмэ, мыхьэнэ нэхъ зиІэр тІэщІэхункІэ хъунущ (Флп. 1:10). Дэ зэхэдгъэкІын хуейщ сыт тщІэнуми икІи абы зэман дапщэ тедгъэкІуэдэнуми. Апхуэдэ унафэ къыщытщтэкІэ мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Зэрызызгъэпсэхумрэ абы зэман тезгъэкІуадэмрэ зэхэщІыкІ зэрысхэлъыр къыхэщыу пІэрэ? „Псоми я кІэухыр“ къызэрыблэгъар зыщызмыгъэгъупщэу, псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр япэ изгъэщу пІэрэ?» (1 Пет. 4:7).
20. Иеговэ дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъу Іуэхугъуэхэм дебэнын щІыхуейр сыт?
20 Иеговэ фыхуэлэжьэну зыгуэр зэран къыфхуэхъурэ къыфхуэмыхъурэ зэхэвгъэкІ (Ис. 48:17). Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэ сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэлъэщыфынущ, мы дунейм къыщыхъухэм хуабжьу дригузэвэнукъым икІи зыгъэпсэхуным зэман куэдыІуэ тедгъэкІуэдэнукъым. Аращи, адэкІи Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ дызэриІэным, абы дызэрыхуэлэжьэным икІи псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр зэрызыщыдмыгъэгъупщэным ди акъылыр тедвгъэухуэ. А псор дэ къыддэІэпыкъунущ Алыхьым и лэжьыгъэм дыхэтыну зэран къытхуэхъу Іуэхугъуэхэм дебэныну икІи «мыкІуэдыжын гъащІэр» къытІэрыхьэну (1 Тим. 6:19).
129 УЭРЭДЫР Теубыдагъэ зыхэдгъэлъынщ
a ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Алыхьым и лэжьыгъэм хохьэ Библиер куууэ джыныр, зэІущІэхэм кІуэныр, унагъуэм зэгъусэу Библиер джыныр икІи хъыбарыфІ гъэІуныр. Абы нэмыщІ дэ Алыхьым и лэжьыгъэм дыхэту жыпІэ хъунущ дыщызэхуэс Унэхэр ухуэным икІи ахэр зехьэным дыхэтмэ, гузэвэгъуэшхуэм пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дахуэхъумэ, зэхуэсышхуэхэр щекІуэкІкІэ дадэІэпыкъумэ е Вефилым дыщылажьэмэ.
b СУРЭТЫМ ИТЫР. Мы дунейм къыщыхъум гузавэу кІэлъыплъыным ипІэкІэ, зэщхьэгъуситІым унафэ ящІащ хъыбарыфІ гъэІуным я акъылыр траухуэну.