Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ фиІэ зэкъуэтыныгъэр фхъумэ
АПОСТОЛ ПАУЛ Ефес щыІэ къуэш, шыпхъухэм мыпхуэдэу яхуитхат: «Зым зыр ирешыІэ. Тхьэм и Псэ ЛъапІэм зэакъылэгъу фищІащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыІуэныгъэмкІэ фыхущІэкъу» (Еф. 4:2, 3).
Дэ ди зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэр зи фІыщІэр Иеговэ и къару лъапІэращ. Ауэ, Паул къызэрыхигъэщамкІэ зэкъуэтыныгъэр хъумэн хуейщ. Хэт ар зыщІэн хуейр? Къапщтэмэ, ар дэтхэнэ зыми ди къалэнщ.
Щапхъэ къэтхьынщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт машинэщІэ тыгъэу къыуатауэ. Хэт абы кІэлъыплъын хуейр? Жэуапыр, дауикІ, гурыІуэгъуэщ: машинэр укІэлъымыплъу къутамэ, тыгъэ зыщІар абыкІэ бгъэкъуаншэ хъунукъым.
Апхуэдэ зыгуэр ди зэкъуэтыныгъэм теухуауи жыпІэ хъунущ. Зэкъуэтыныгъэр Алыхьым тыгъэу къыдитами, ар тхъумэн щхьэкІэ дэтхэнэ зыми къару етхьэлІэн хуейщ. Аращи, зэхуэсым щыщ гуэрымрэ уэрэ фи зэхущытыкІэр зэтекъутамэ, зэупщІыж: «ДызэгурыІуэжын икІи ди зэкъуэтыныгъэр зэтезгъэувэжын щхьэкІэ сыт сэ сщІар?»
ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭР ФХЪУМЭН ЩХЬЭКІЭ КЪАРУУЭ ФИІЭУ ХЪУАР ЕФХЬЭЛІЭ
Паул гу зэрылъитамкІэ, зэкъуэтыныгъэр тхъумэн щхьэкІэ къару етхьэлІэн хуейщ, псом хуэмыдэу, зэхуэсым щыщ гуэрым ди жагъуэ къищІамэ. Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж сыт щыгъуи ди жагъуэ къэзыщІам депсэлъэн хуей? Хьэуэ. Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Си жагъуэ къэзыщІам сепсалъэмэ, ди Іуэхур мамыр хъужыну, хьэмэрэ нэхъ Іеиж сымыщІыну пІэрэ?» Иныкъуэхэм деж Іущагъ хэлъщ къэхъуа Іуэхум мыхьэнэ йомыту, цІыхум хуэбгъэгъуным (Прит. 19:11; Мк. 11:25).
Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Си жагъуэ къэзыщІам сепсалъэмэ, ди Іуэхур мамыр хъужыну, хьэмэрэ нэхъ Іеиж сымыщІыну пІэрэ?»
Паул къыхуриджэт: «Зым зыр ирешыІэ» (Еф. 4:2). Зыщыдгъэгъупщэнкъым, дэ тхуэдэу, ди къуэш, ди шыпхъухэми щыуагъэхэр зэращІэр. Дэ псори дыхущІокъу «щэныщІэфІыр фащэу зэтшэкІыну» (Еф. 4:23, 24). Ауэ ар нэгъэсауэ тщІэну зыми тхузэфІэкІкъым (Рим 3:23). Ар тщІэжу щытмэ, дэ тыншу нэгъуэщІхэм дадэгъуэгурыкІуэфынущ, яхуэдгъэгъуфынущ икІи зэкъуэтыныгъэр тхъумэфынущ.
Къэхъуа Іуэхум мыхьэнэ едмыту, ди жагъуэ къэзыщІам хуэдгъэгъуфу зедгъасэмэ, ди зэхуэсыр нэхъ зэкъуэту щытынущ. Ефес 4:3 Паул къыщигъэсэбэпа алыджыбзэ псалъэм «зэпхын, зэпыщІэн» жиІэу къокІ. А псалъэ дыдэр Колоссэ 2:19 «хуэхэр» жаІэу зэрадзэкІащ. Хуэхэм быдэу къупщхьэхэр зрапх. Абы ещхьу мамырыгъэм дызэрыхущІэкъумрэ къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэ зэрахуэдгъэлъагъуэмрэ къыддоІэпыкъу, дызэрызэмыщхьым емылъытауэ, зэкъуэтыныгъэр тхъумэну.
Аращи, зэхуэсым щыщ гуэрым уи жагъуэ къищІмэ е зыгуэр уигу темыхуэмэ, апхуэдэ цІыхум и ныкъусанхэм уи акъылыр томыухуэу, зэхэщІыкІ пхэлъу узэрыхущытыным хущІэкъу (Кол. 3:12). Дэ псоми гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ, уэри зыгуэрым и жагъуэ щыпщІи къохъу. Ар зыщомыгъэгъупщэмэ, зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэр нэхъ тыншу пхъумэфынущ.