ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Сентябрь н. 20—25
  • «Пэжыр къэзыщІэну хуейхэм» фадэІэпыкъу

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Пэжыр къэзыщІэну хуейхэм» фадэІэпыкъу
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЦІЫХУМ БИБЛИЕМ ИТЫР ИФІЭГЪЭЩІЭГЪУЭН ЩЫХЪУМ ДЕЖ
  • ЦІЫХУР БИБЛИЕМ ЕБГЪЭДЖЭН ЩЫЩІЭБДЗАМ ДЕЖ
  • ЦІЫХУР ЗЭІУЩІЭХЭМ КЪЭКІУЭН ЩЫЩІИДЗАМ ДЕЖ
  • ЦІыхухэр зэребгъаджэ щІыкІэм егъэфІакІуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • ХъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу гуфІэгъуэ нэхъыбэ зэрыхэтхыфынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Зыгуэрым теухуауэ щыгъуазэу дыщымытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Сентябрь н. 20—25

39 СТАТЬЯР

54 УЭРЭДЫР «Мис гъуэгур»

«Пэжыр къэзыщІэну хуейхэм» фадэІэпыкъу

«ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэ пэжыр къэзыщІэну хуей цІыху псоми ЗиусхьэнымкІэ фІэщхъуныгъэ яІэ хъуащ» (АПОСТ. 13:48, ДЩІ).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

ЦІыхухэм Библиер яджыну дапщэщ хуэдгъэушын хуейми икІи дапщэщ ахэр ди зэІущІэхэм къедгъэблэгъэн хуейми.

1. Дапхуэдэу цІыхухэр хъыбарыфІым зэрыхущытыр? (Апостолхэм 13:47, 48; 16:14, 15).

ЯПЭ ЛІЭЩІЫГЪУЭМ цІыху куэдым хъыбарыфІыр занщІэу къащтэу щытащ. (Къеджэ Апостолхэм 13:47, 48, ДЩІ; 16:14, 15.) Ноби апхуэдэ цІыхухэм дахуозэ. Ауэ зыгуэрым Библием итыр занщІэу ифІэгъэщІэгъуэн мыхъумэ-щэ? Абы къикІкъым цІыхум и еплъыкІэр иужькІэ имыхъуэжыну икІи Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къищІэну гукъыдэж имыІэну. Иджыпсту дытепсэлъыхьынщ «пэжыр къэзыщІэну хуей» цІыхум дрихьэлІэмэ сыт тщІэн хуейми.

2. ЦІыхухэр Библием ебгъэджэнымрэ хадэм уилэжьыхьынымрэ сыткІэ зэщхь?

2 ЦІыхухэр Библием ебгъэджэныр хадэм узэрилэжьыхьым ебгъэщхь хъунущ. Языныкъуэ къэкІыгъэхэр нэхъ пасэу къокІри, абыхэм къыпыкІар цІыхум занщІэу Іуехыж. Ауэ нэхъ гувауэ къэкІын хуейхэми, цІыхум елэжьын къигъанэкъым. Апхуэдэ дыдэу Библием итыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъухэр къыщыдгъуэтым деж дэ абыхэм дадоІэпыкъу, ахэр Хьисэ и лъэужь нэхъ псынщІэу иувэн щхьэкІэ. Ауэ Библием итым и мыхьэнэр къагурыІуэн щхьэкІэ зэман нэхъыбэ хуейхэри дэ къэдгъанэкъым (Ин. 4:35, 36). ЗэхэщІыкІыр къыддэІэпыкъунущ дэтхэнэ зыми бгъэдыхьэкІэ зырыз къыхуэдгъуэтыну. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ цІыхум япэу дыщепсалъэкІэ Библиер ифІэгъэщІэгъуэн хъумэ, сыт дэ тщІэн хуейми. Иджыри абы Алыхьым гъунэгъу зыхуищІын щхьэкІэ дапхуэдэу дыдэІэпыкъу хъунуми и гугъу тщІынущ.

ЦІЫХУМ БИБЛИЕМ ИТЫР ИФІЭГЪЭЩІЭГЪУЭН ЩЫХЪУМ ДЕЖ

3. ЦІыхум япэу дыщепсалъэкІэ хъыбарыфІыр ифІэгъэщІэгъуэн хъуамэ, сыт дэ тщІэн хуейр? (1 Коринф 9:26).

3 Зыгуэрым хъыбарыфІыр ифІэгъэщІэгъуэн хъумэ, гъуэгу пэжым нэхъ псынщІэу теувэну дэ абы дыдэІэпыкъуну дыхуейщ. Аращи, цІыхум япэу ущепсалъэкІэ, Библиер иджыну хуэбгъэушыну икІи ди зэІущІэхэм къебгъэблэгъэну умыукІытэ. (Къеджэ 1 Коринф 9:26.)

4. ЦІыхум Библиер иджыну занщІэу арэзы зэрытехъуам и щапхъэ къэфхь.

4 ЦІыхум Библиер иджыну хуэвгъэуш. Языныкъуэ цІыхухэм Библиер яджыну занщІэу арэзы тохъуэ. Канадэ къыщыхъуа Іуэхугъуэм дыхэплъэнщ. Зэгуэр ди тхыгъэхэр зытет стендым хъыджэбз гуэр къыбгъэдыхьэри «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр къищтащ. Стендым къыбгъэдэта шыпхъум абы жриІащ пщІэншэу Библиер иджыну Іэмал зэриІэр. Хъыджэбзым ар игу ирихьри, абыхэм я телефон номерхэр зэІэпахащ. Ар къыщыхъуар четверг махуэрат. А махуэ дыдэм хъыджэбзым шыпхъум къыхуитхри, Библие джыныр дапщэщ щІадзэнуми къеупщІащ. Шыпхъум абы хуитхыжащ тхьэмахуэм икІэм и деж къызэрыкІуэфынур. Ауэ хъыджэбзым мыпхуэдэу жэуап къритыжащ: «Пщэдей ухуэхъуну пІэрэ? Сэ зэман сиІэнущ». Арати, абыхэм етІуанэ махуэм Библиер яджын щІадзащ икІи тхьэмахуэм икІэм хъыджэбзыр зэІущІэм къэкІуащ. ИужькІи абы псынщІэу Алыхьым гъунэгъу зыхуищІын щІидзащ.

5. ЦІыхум Библиер иджыну занщІэу арэзы темыхъуэмэ, сыт тщІэн хуейр? (Сурэтхэми феплъ.)

5 ДауикІ, дэ дыщыгугъкъым ипэкІэ зи гугъу тщІа хъыджэбзым хуэдэу, псоми занщІэу Библиер яджын щІадзэну. Иныкъуэхэм деж а Іуэхум къарурэ зэман нэхъыбэрэ токІуадэ. ЯпэщІыкІэ дэ цІыхум ифІэгъэщІэгъуэн хъун къызэрыщІэддзэ псалъэхэр къыхэтхын хуейщ. ЦІыхум япэу дыщепсалъэкІэ, абы Библиер иджыну щІидзэн темыгушхуэмэ, ди Іэр етхьэхынкъым. Абы адэкІи гулъытэ хуэтщІмэ, Библиер иджыну гукъыдэж иІэнкІэ хъунущ. АдэкІэ Библие джыныр ехъулІэныгъэ яІэу щІэзыдзэ къуэш, шыпхъухэм къыдат чэнджэщхэм деплъынщ.

Коллаж: 1) унэ щІыхьэпІэм деж щыс зи ныбжь хэкІуэта цІыхухъум ди къуэшитІыр йопсалъэ; 2) ди шыпхъуитІыр сабиитІ зиІэ цІыхубзым и унэм деж щыту йопсалъэ икІи «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ брошюрэр ират; а цІыхубзым зы сабийр и ІэкІэ иІыгъщ, адрейр къыбгъэдэтщ.

Мы цІыхухэм Библиер яджыну гукъыдэж яІэ хъун щхьэкІэ дапхуэдэут фэ псалъэмакъыр зэревгъэжьэнур? (5 абзацым феплъ.)a


6. ЦІыхур адэкІи къыдэпсэлъэну хуеин щхьэкІэ сыт абы жетІэ хъунур?

6 Языныкъуэ къэралхэм щыщ къуэш, шыпхъухэм гу лъатащ «Библие джын», «урок» жыхуиІэ псалъэхэм куэдыр зэригъэшынэр. Ауэ абыхэм гукъыдэж яІэщ Библием «тепсэлъыхьыну» е ар «нэхъыфІу къащІэну». ЦІыхур адэкІи къыдэпсэлъэну хуеин щхьэкІэ, мыпхуэдэу жепІэ хъунущ: «Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр Библием зэритыр пщІэуэ пІэрэ?» Е: «Библиер ауэ сытми пасэрей тхылъу щыткъым, атІэ абы чэнджэщ щхьэпэ куэд итщ». Иджыри мыпхуэдэу пыпщэ хъунущ: «ДакъикъипщІ, пщыкІутхум къриубыдэу уэ сэбэп къыпхуэхъун гуэр къэпщІэфынущ». ИкІи сыт щыгъуи къыхэбгъэщын хуейкъым «тхьэмахуэ къэс» фызэрызэхуэзэнур, цІыхум ар Іэмал имыІэу ищІэн хуейуэ къыщымыхъун щхьэкІэ.

7. Языныкъуэ цІыхухэм сытым и фІыгъэкІэ къагурыІуа пэжыр къызэрагъуэтар? (1 Коринф 14:23—25).

7 ЦІыхур зэІущІэм къевгъэблагъэ. Апостол Паул и зэманым языныкъуэхэм пэжыр къызэрагъуэтар къащыгурыІуар япэу зэІущІэм щыкІуарауэ къыщІэкІынущ. (Къеджэ 1 Коринф 14:23—25.) Ноби апхуэдэу щІэх-щІэхыурэ къохъу. И нэхъыбэм цІыхур нэхъ псынщІэу Алыхьым гъунэгъу щыхуэхъур зэІущІэхэм кІуэн щІидза иужьщ. Дапщэщ-тІэ ар зэІущІэхэм къедгъэблагъэ щыхъунур? «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыр зэІущІэхэм щытепсэлъыхьыр 10-нэ урокыращ. Ауэ абы фынэсыху упэмыплъэми хъунущ. ЦІыхум япэу ущепсалъэкІэ а тхьэмахуэм и кІэм екІуэкІыну зэІущІэм ар къегъэблагъэ. Ар къыщебгъэблагъэкІэ псалъэ гъэхьэзырам и цІэр е «ХъумакІуэ чэщанэм» ит статьям и темэ зэпкърыфхынур жепІэ хъунущ.

8. ЗэІущІэм япэу къедгъэблагъэ цІыхум сыт жетІэ хъунур? (Исайя 54:13).

8 ЦІыхум къыгурыгъаІуэ нэгъуэщІ дин зыІыгъхэм я зэІущІэхэр зэрекІуэкІымрэ дэ ди зэІущІэхэр зэрекІуэкІымрэ зэрызэмыщхьыр. Зы цІыхубз гуэр япэ дыдэу ди зэІущІэм къэкІуауэ, «ХъумакІуэ чэщанэм» ит статьяр щызэпкърахым щыгъуэ, ар къезыгъэблэгъа ди шыпхъум еупщІащ: «Сценэм ит цІыхухъум псоми я цІэр ищІэу ара?» Ди шыпхъум абы къыгуригъэІуащ зэхуэсым щыщхэр зы унагъуэм хуэдэу зэрыщытыр икІи дэ фІыуэ дызэрыцІыхуну дызэрыхущІэкъур. ЦІыхубзым жиІащ езыр здэкІуэ члисэм цІыхухэр апхуэдэу зэрызэхущымытыр. Куэдми ди зэІущІэхэр зэрекІуэкІым и нэгъуэщІ лъэныкъуэми гу лъатэ. (Къеджэ Исайя 54:13.) Дэ дыщІызэхуэсыр Иеговэ дгъэлъэпІэн, абы и деж дыщеджэн икІи зым зыр дгъэгушхуэн щхьэкІэщ (Евр. 2:12; 10:24, 25). Абы къыхэкІкІэ, ди зэІущІэхэр зытеухуар гъащІэм сэбэп къытхуэхъуну щІэныгъэхэр къызэрытІэрыхьэныращ (1 Кор. 14:40). Дэ дыщызэхуэс Унэхэм уэздыгъэр нэхуу къыщоблэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ абы дыщІэкІуэр деджэн щхьэкІэщ. Абы нэмыщІ ди зэІущІэхэм политикэм пыщІа Іуэхугъуэхэм ущрихьэлІэнукъым. ЦІыхум зэІущІэм къыщекІуэкІынур ищІэн щхьэкІэ «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?» жыхуиІэ роликыр ипэкІэ егъэлъагъу.

9, 10. Ди зэІущІэхэм къэкІуэну темыгушхуэ цІыхум сыт жепІэ хъунур? (Сурэтми феплъ.)

9 ЦІыхум и гугъэнкІэ хъунущ ди зэІущІэхэм къэкІуэн щІидзэмэ, Іэмал имыІэу, Иеговэ и Щыхьэт хъун хуейуэ. Ауэ дэ абы жетІэ хъунущ, хьэщІэхэр тлъагъуну дызэригуапэр икІи ар программэм хэмыту, абы кІэлъыплъ зэрыхъунур. ЗэІущІэхэм зэрыунагъуэу, сабийхэр уи гъусэу укъакІуэ хъунущ. Абы къакІуэ балигъхэри сабийхэри гуп-гупкІэ гуэшауэ щыткъым, атІэ псори зэгъусэу программэм йодаІуэ. Аращи, адэ-анэхэр гузавэкъым, я сабийхэр здэщыІэри зыхуагъасэри зэращІэм къыхэкІкІэ (Втор. 31:12). Абы нэмыщІ ди зэІущІэхэм ахъшэ щыхахкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ жиІащ: «Абы фэ пщІэ щІэфтакъым, фэри пщІэ къеІывмых» (Мт. 10:8). ЦІыхур гузэвэнкІэ хъунущ зэІущІэм хуэфащэ щыгъын имыІэ и гугъэу. Аращи, абы жепІэ хъунущ щыгъыныр, Іэмал имыІэу, лъапІэу е гъэщІэрэщІауэ щытын зэрыхуэмейр. Алыхьым дежкІэ мыхьэнэ зиІэр дэ ди теплъэракъым, атІэ ди гум илъыращ (1 Сам. 16:7).

10 ЦІыхур зэІущІэм къэкІуа иужь, ар плъагъуну узэригуапэр зыхищІэн щхьэкІэ пхузэфІэкІыу хъуар щІэ. Ар зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэмрэ егъэцІыху. Абы ахэр гуапэу къызэрыхущытыр икІи гулъытэ къызэрыхуащІыр къилъагъумэ, ар иджыри зэІущІэм къэкІуэну гукъыдэж иІэну къыщІэкІынщ. ЗэІущІэр щекІуэкІкІэ, Библием ит едзыгъуэхэмрэ зэпкърах материалымрэ цІыхум ебгъэлъагъу хъунущ. Апхуэдэу программэм кІэлъыплъыну абы и дежкІэ нэхъ тыншу щытынущ.

ИпэкІэ ита сурэтым щытлъэгъуа цІыхубзыр зэІущІэм къэкІуащ. Къуэш, шыпхъухэм ар гуапэу кърагъэблагъэ. Абы и къуэ нэхъыщІэр и Іэблэм тесщ, нэхъыжьыр нэгъуэщІ щІалэ цІыкІум йопсалъэ.

ЦІыхур нэхъ псынщІэу ди зэІущІэхэм къэкІуэн щІидзэмэ, ар Алыхьым нэхъ псынщІэу гъунэгъу хуэхъунущ (9, 10 абзацхэм феплъ.)


ЦІЫХУР БИБЛИЕМ ЕБГЪЭДЖЭН ЩЫЩІЭБДЗАМ ДЕЖ

11. Библие едгъаджэм и зэманыр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

11 Зыгуэр Библием щебгъаджэм деж сыт зыщыбгъэгъупщэн хуэмейр? ЦІыхум и зэманыр лъапІэу лъытэ икІи уигу игъэлъ, мыхьэнэшхуэ зиІэ нэгъуэщІ Іуэхухэри абы зэриІэфынур. Ущыпсэу щІыпІэм цІыхухэм къыкІэрыхуну я хьэлми, уэ укъыкІэрымыху. Абы нэмыщІ Библие джыныр япэу щебгъэкІуэкІкІэ, ар кІыхьлІыхь умыщІ. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм гу лъатащ Библие джыныр и зэманым быухыным мыхьэнэшхуэ зэриІэм, цІыхум иджыри упщІэ гуэрхэр иІэми. Иджыри куэдыІуэу умыпсалъэу, ебгъаджэм и гум илъыр жиІэну Іэмал ет (Прит. 10:19, Гъэсэпэтхыдэхэр).

12. ЦІыхур Библием едгъэджэн щыщІэддзэм деж, сыт хуэдэ мурад дгъэувыр?

12 Зыгуэр Библием едгъэджэн щыщІэддзэм деж, абы Иеговэрэ Хьисэрэ къицІыхуу, ахэр фІыуэ илъагъуну дыдэІэпыкъуну дыхуейуэ аращ. Абы къыхэкІкІэ, цІыхум гу зылъедгъэтэн хуейр дэракъым икІи ди щІэныгъэхэракъым, атІэ Алыхьым и Псалъэращ (Апост. 10:25, 26). АбыкІэ дэ апостол Паул щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ. НэгъуэщІхэр щригъаджэм абы щІэх-щІэхыурэ Хьисэ и гугъу ищІт. Ар щІылъэм къыщІэкІуауэ щытар Иеговэ къацІыхуну икІи фІыуэ ялъагъуну цІыхухэм ядэІэпыкъун щхьэкІэт (1 Кор. 2:1, 2). Абы нэмыщІ Паул мыхьэнэшхуэ иритт Библие иригъэджэн щІидзахэм Иеговэ и фІэфІ хьэл-щэнхэр зыхалъхьэну ядэІэпыкъуным. А хьэл-щэнхэр дыщэм, дыжьыным икІи мывэ лъапІэхэм ебгъэщхь хъунущ (1 Кор. 3:11—15). Абыхэм хохьэ: фІэщхъуныгъэр, Іущагъыр, зэхэщІыкІыр, Алыхь фІэлІыкІыр (Пс. 19:9, 10; Прит. 3:13—15, Гъэс.; 1 Пет. 1:7). Паул хуэдэу, ебгъаджэм и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыну икІи фІыщэу дыкъэзылъагъу ди Адэм нэхъ гъунэгъу хуэхъуну дэІэпыкъу (2 Кор. 1:24).

13. Библие ебгъаджэм шыІэныгъэрэ зэхэщІыкІрэ пхэлъу дапхуэдэу узэрыхущыт хъунур? (2 Коринф 10:4, 5). (Сурэтми феплъ.)

13 Хьисэ щапхъэ тепхыу, Библие ебгъаджэм шыІэныгъэрэ зэхэщІыкІрэ пхэлъу хущыт. Псалъэм папщІэ, абы зыгъэукІытэн упщІэхэр йомыт. ЦІыхум темэ гуэр къыгурыІуэну къегугъуэкІмэ, абы зэман куэд тевмыгъэкІуадэ. АдэкІэ фыкІуэу, а темэм иужькІэ къытевгъэзэжмэ нэхъыфІщ. ЦІыхум тепкъузэ хъунукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и гум пэжым лъабжьэ щищІын щхьэкІэ, зэман дэкІын хуейщ (Ин. 16:12; Кол. 2:6, 7). Дэ къыщІэдгъэщыну дызыхуей щІэныгъэ нэпцІхэр Библием быдапІэм ирегъэщхь. (Къеджэ 2 Коринф 10:4, 5.) ЦІыхум и дежкІэ а быдапІэр къигъэнэну, е нэгъуэщІу жыпІэмэ, куэд щІауэ и фІэщ хъур ІэщІыб ищІыну къытехьэлъэнкІэ хъунущ. Аращи, япэщІыкІэ дэ а цІыхум дыдэІэпыкъун хуейщ нэгъуэщІ быдапІэ иухуэну — Иеговэ дзыхь хуищІу зригъэсэну. Апхуэдэу Иеговэ абы и быдапІэ хъунущ (Пс. 91:9).

ИпэкІэ ита сурэтым щытлъэгъуа ныбжь зиІэ цІыхухъум къуэшитІым я гъусэу Библиер едж икІи абы «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыр ІэщІэлъщ. Абы и пэгъунэгъуу армэм къыщрата медалхэр рамкэм иту, полкэм тетщ.

ЦІыхум и гум пэжым лъабжьэ щищІын щхьэкІэ, зэман дэкІын хуейщ (13 абзацым феплъ.)


ЦІЫХУР ЗЭІУЩІЭХЭМ КЪЭКІУЭН ЩЫЩІИДЗАМ ДЕЖ

14. Ди зэІущІэхэм къэкІуэн щІэзыдзахэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр?

14 Иеговэ хуейщ цІыху псоми гуапэу дахущытыну, ахэр къызыхэкІам икІи яІэ мылъкум емылъытауэ (Екъуб 2:1—4, 9). Сыт дэ тщІэ хъунур, ди зэІущІэхэм къекІуалІэхэм ди лъагъуныгъэр зыхащІэн щхьэкІэ?

15, 16. Сыт дэ тщІэ хъунур ди зэІущІэхэм къакІуэ хьэщІэхэр тлъагъуну дызэригуапэр зыхащІэн щхьэкІэ?

15 Хэти ди зэІущІэхэм къыщІэкІуэр абы къыщекІуэкІыр зригъэщІэн щхьэкІэщ, хэти нэгъуэщІ щІыпІэ щыпсэу Иеговэ и Щыхьэт гуэрым ар зэІущІэм къэкІуэну зэрыхуигъэушарауэ къыщІэкІынщ. Аращи, зыгуэр зэІущІэм япэу къэкІуауэ плъэгъуамэ, ар зэгъэцІыху, гулъытэ хуэщІ, ауэ йомыгъэлей. ХьэщІэр уи гъусэу тІысыну къегъэблагъэ икІи программэр щекІуэкІкІэ, уи БиблиемкІэ едзыгъуэхэм кІэлъыгъэплъ. Е Іэмал щыІэмэ, езым Библиемрэ вджыну публикациемрэ Іэрыгъэхьэ. ЦІыхур мыгузэвэн щхьэкІэ иджыри пщІэфынум егупсыс. Зы щапхъэм деплъынщ. Зэгуэр къуэшым гу лъитат зы цІыхухъу гуэр зэІущІэм къызэрыкІуар. Абы сэлам ирихыну щыбгъэдыхьам цІыхухъум жиІащ адрейхэм хуэдэу дахэу зэрымыхуэпам щхьэкІэ зэрыгузавэр. Къуэшым абы жриІащ: «Умыгузавэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр цІыху къызэрыгуэкІщ». Зэман дэкІри а цІыхухъум псым зыщІигъэуащ икІи къуэшым гуапэу къызэрыригъэблэгъар иджыри къэс абы и гум илъщ. ДауикІ, зэІущІэм къэкІуа хьэщІэр дэ фІыуэ зэдгъэцІыхуну дыхуейщ, ауэ едгъэлейуэ, зыгъэукІытэн упщІэхэр етт хъунукъым (1 Пет. 4:15).

16 Сыт дэ иджыри тщІэ хъунур ди зэІущІэхэм къакІуэ хьэщІэхэр тлъагъуну дызэригуапэр абыхэм зыхащІэн щхьэкІэ? Задание гуэр щыбгъэзащІэм, программэр щекІуэкІым е нэгъуэщІхэм уащыдэуэршэрым деж Иеговэ и Щыхьэту щымытхэм теухуауэ пщІэ хэлъу псалъэ. ХьэщІэхэр зыгъэукІытэн е я пщІэр езыудыхын гуэр жумыІэ (Тит 2:8; 3:2). Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІ дин зыІыгъхэм я еплъыкІэм ущымыдыхьэшх (2 Кор. 6:3). Псом хуэмыдэу ар зигу изыгъэлъын хуейр псалъэ гъэхьэзыра жызыІэ къуэшхэращ. Ахэр иджыри хьэщІэхэм ядэІэпыкъуфынущ, абыхэм къагурымыІуэ псалъэхэм къикІыр нэхъ зэпкърыхауэ жаІэмэ.

17. Сыт дэ тщІэн хуейр «пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэм» дащыхуэзэм деж?

17 ЦІыхухэр Библие ебгъэджэным кІуэ пэтми нэхъ мыхьэнэ иІэу мэхъу. Аращи, «гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэр» дэ къэтлъыхъуэн щыдгъэткъым (Апост. 13:48, ДЩІ). Апхуэдэ цІыхум ухуэзамэ, къехьэкІ-нехьэкІ имыІэу, занщІэу Библиер иджын щІидзэну хуэгъэуш, ди зэІущІэхэми къегъэблагъэ. Апхуэдэу уэ абы удэІэпыкъунущ гъащІэ мыухыжым хуэзышэн япэ лъэбакъуэхэр ичыну (Мт. 7:14, ДЩІ).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • ЦІыхум япэу дыщепсалъэкІэ хъыбарыфІыр ифІэгъэщІэгъуэн хъуамэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

  • Зыгуэр Библием едгъэджэн щІэддзамэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

  • Сыт дэ тщІэ хъунур ди зэІущІэхэм къакІуэ хьэщІэхэр тлъагъуну дызэригуапэр абыхэм зыхащІэн щхьэкІэ?

64 УЭРЭДЫР ДыгуфІэу гъавэр Іудохыж

a СУРЭТХЭМ ИТЫР. Унэ щІыхьэпІэм деж щыс военнэу щыта цІыхухъум ди къуэшитІыр йопсалъэ; ди шыпхъуитІыр сабий зиІэ цІыхубзым щепсалъэкІэ, абы зэман куэд зэримыІэр зыщагъэгъупщэкъым.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын