ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Сентябрь н. 26—30
  • «Дыздыхасам деж дыщыгъэгъэну» Иеговэ къыддэІэпыкъут

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Дыздыхасам деж дыщыгъэгъэну» Иеговэ къыддэІэпыкъут
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Мыбы ещхь материал
  • Сызэрыщыгугъам нэхърэ нэхъыбэжу Иеговэ и нэфІ къысщыхуащ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Иеговэ си гъуэгур занщІэ ищІащ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • ФІыуэ плъагъу лэжьыгъэр къэбгъэнэн щыхуейм деж
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Ди ЕгъэджакІуэшхуэм деж зэпымыууэ зыщыдогъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Сентябрь н. 26—30
Матсрэ Анн-Катринрэ къуажэ гуэрым деж щыІэу, я машинэм бгъэдэтщ.

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

«Дыздыхасам деж дыщыгъэгъэну» Иеговэ къыддэІэпыкъут

ЖЫЗЫІЭЖАР КАССХОЛЬМ МАТСРЭ АНН-КАТРИНРЭ

«ФЫЗДЫХАСАМ деж фыщыгъагъэ». Иеговэ и организацием лэжьыгъэ куэд щызыгъэзэщІа, Швецием щыщ Ма́тсрэ Анн-Катри́нрэ мы чэнджэщыр дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуар?

Зэщхьэгъусэ Ка́ссхольм Матсрэ Анн-Катринрэ 1979 гъэм Галаад школым щеджащ. А чэнджэщыр абыхэм къезытар а школым щезыгъэджа ди къуэш Джек Ре́дфорд зи цІэращ. КъыкІэлъыкІуэ илъэсхэм мызэ-мытІэу щІыпІэ зэмылІэужьыгъуэхэм ахэр ягъэкІуащ. Псалъэм папщІэ, абыхэм хъыбарыфІыр щагъэІуащ Заир, Иран, Мьянмэ, Танзание, Угандэ, Маврикий жыхуаІэ къэралхэм икІи ахэр дэнэ щымыІами «щыгъагъэт». Абыхэм теухуауэ иджыпсту нэхъыбэ къэтщІэнщ.

Пэжыр къызэрыфщІам теухуауэ фыкъыддэгуашэ.

Матс: ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэр щекІуэкІ зэманым си адэр Польшэм щыпсэуащ икІи абы католическэ чылисэм фэрыщІагъ куэд зэрызэрихьэр илъагъут. Си адэм щІэх-щІэхыурэ жиІэт: «Дин пэжыр зыщІыпІэ щыІэн хуейщ». ИужькІэ сэри къызгурыІуащ си адэм жиІар зэрыпэжыр. Сэ тхылъ яІыгъа куэд къэсщэхут икІи зэгуэр, обложкэ щІыху тедзауэ «Истина, ведущая к вечной жизни» жыхуиІэ тхылъыр къысІэрыхьащ. А тхылъым и цІэр сфІэгъэщІэгъуэн хъури, ар жэщ псом зджащ. Пщэдджыжьым сэ къызгурыІуащ пэжыр къызэрызгъуэтар.

Ар къыщыхъуар 1972 гъэм апрель мазэращ. Абы иужькІэ сэ Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІауэ тхыгъэ куэд седжащ икІи си упщІэ псоми я жэуапхэр къысІэрыхьащ. Сэ зезгъэщхьт Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарым хэта сатуущІэм. Налкъутналмэс лъапІэр къищэхун щхьэкІэ, абы иІа псори ищэжащ. Сэри сиІа мурадыр сщэжауэ жыпІэ хъунут — ар щІэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэту, дохутыр сыхъунырат. А псор щІэсщІар «налкъутналмэсу» щыт пэжыр къэсщэхун щхьэкІэщ (Мт. 13:45, 46). 1972 гъэм, декабрым и 10 сэ псым зыщІэзгъэуащ.

А илъэсым къриубыдэу си адэ-анэми си къуэш нэхъыщІэми псым зыщІагъэуащ. 1973 гъэм, июлым сэ пионеру сылэжьэн щІэздзащ. Ди зэІущІэм щыщ пионерхэм Анн-Катрин и цІэу, зэкІужу зы шыпхъу дахэ яхэтт. Абы Иеговэ фІыщэу илъагъут. Дэ тІур фІыуэ дызэрылъагъури, 1975 гъэм дызэрышащ. КъыкІэлъыкІуэ илъэсиплІым дэ Швецием, Стрёмсунд зи цІэ къалэ дахэм дыщыпсэуащ икІи абы хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ехъулІэныгъэхэр щыдиІащ.

Анн-Катрин: Си адэм Стокгольм дэт университетым щеджэм щыгъуэ пэжыр къищІащ. Абы щыгъуэ сэ мазищ сыхъуу арат, ауэ зэІущІэхэми хъыбарыфІ гъэІунми папэ сыкъыздищтэт. Си анэм ар ифІэфІтэкъым. Иеговэ и Щыхьэтхэр щыуэу абы и гугъэти, ар къыщІигъэщыну хэтт. Ауэ ар мамэ хузэфІэкІакъым икІи зэман дэкІри, езыми псым зыщІигъэуащ. Сэри илъэс 13 сызэрыхъуу псым зыщІэзгъэуащ икІи илъэс 16 сыхъуа иужь пионеру сылэжьэн щІэздзащ. ХъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ У́мео зи цІэ къалэм сыщылэжьа иужь, сэ специальнэ пионер сащІащ.

Матсрэ сэрэ ди хьэгъуэлІыгъуэ нэужьым Иеговэ и Щыхьэт хъуну цІыху зыбжанэм дадэІэпыкъуащ, Ма́йвор зи цІэ хъыджэбзри абыхэм яхэту. Ар щедгъаджэм иджыри щІалэ дыдэт. Майвор спортымкІэ ехъулІэныгъэшхуэхэр иІэфынут, ауэ абы къыхихар нэгъуэщІ гъуэгущ. Абырэ си шыпхъу нэхъыщІэмрэ пионер лэжьыгъэр щрахьэкІым гъусэ зыхуэхъуащ. 1984 гъэм абыхэм Галаад Школыр зэгъусэу къаухащ икІи иджыри къыздэсым Эквадор къэралым миссионеру щолажьэ.

Фэ къэрал куэдым миссионеру фыщылэжьащ. «Фыздыхасам деж фыщыгъагъэ» жыхуиІэ чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрывгъэсэбэпар?

Матс: Дэ щІэх-щІэхыурэ нэгъуэщІ щІыпІэхэм дагъакІуэт. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм десэну къыддэІэпыкъуащ Хьисэ щапхъэ зэрытетхыр, псом хуэмыдэу, Іэдэбагъ зэрыдгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ (Кол. 2:6, 7). Псалъэм папщІэ, дыздагъакІуэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэр зыкъыддрагъэкІун хуейуэ дегупсыстэкъым, атІэ дэ езыр абыхэм зэрызыдедгъэкІуным дыхущІэкъут. Дэ дыхуейт абыхэм я хабзэхэр къэтцІыхуу, я гупсысэкІэр нэхъыфІу къыдгурыІуэну. Хьисэ нэхъыбэу щапхъэ тетхыху, дэ нэхъыбэу зыхэтщІэт «дыгъэгъэн» щхьэкІэ псори дызэриІэр (Пс. 1:2, 3).

Матсрэ Анн-Катринрэ я хьэпшыпхэмрэ шхынымрэ яІыгъыу щытщ.

ЗэІущІэхэм дыкІуэн щхьэкІэ дэ куэдрэ гъуэгу дытетын хуей хъут

Анн-Катрин: Жыгыр нэгъуэщІ щІыпІэ щагъэтІысым деж, ар хэкІэн щхьэкІэ дыгъэ хуэныкъуэщ. Апхуэдэ «дыгъэу» Иеговэ ди дежкІэ сыт щыгъуи щытащ (Пс. 84:11). Абы дэ къуэш, шыпхъу куэд къыдитащ икІи абыхэм я лъагъуныгъэмкІэ дагъэхуабэт. Псалъэм папщІэ, Тегеран (Иран) щыІэ зэхуэс цІыкІум щыщ къуэш, шыпхъухэм хьэщІагъэшхуэ къыдахащ. Ахэр къызэрытхущытам дэ дигу къигъэкІыжащ Библием зи гугъу ищІ цІыхухэм хьэщІагъэ ягъэлъагъуэу зэрыщытар. Дэ дыгуфІэжу Иран дыкъыщынэнут, ауэ 1980 гъэм, июлым Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр а къэралым щызэхуащІащ. Абы дикІын щхьэкІэ дэ махуитІ фІэкІа диІакъым. Абы иужькІэ дэ Африкэм, Заир къэралым дагъэкІуащ (иджыпсту ар «Демократическая Республика Конго» жыхуаІэращ).

Къуажэм дэт унэ. Заир.

ГуфІэгъуэ диІэу Заир хъыбарыфІыр зэрыщыдгъэІуар. 1982 гъэ

Африкэм дызэрагъакІуэр къыщысщІам щыгъуэ, сэ сыгъыу щІэздзащ. Сэ зэхэсхат абы блэ куэди узыфэ куэди зэрыщыІэр икІи абы щхьэкІэ хуабжьу сышынэт. Ауэ Африкэм илъэс куэдкІэ хъыбарыфІыр щызыгъэІуа, ди ныбжьэгъуу щыт зэщхьэгъуситІым къыджаІащ: «Абы фэ зэи фыщыІакъым. ФыкІуи феплъ! Ар фэ, Іэмал имыІэу, фигу ирихьынущ». Апхуэдэ дыдэуи къэхъуащ. Африкэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэрэ гуапагъэрэ яхэлът. Илъэсих дэкІауэ, ди лэжьыгъэр зэрызэхуащІам къыхэкІкІэ, Заир къэралым дикІын хуей щыхъуам, сэ Иеговэ мыпхуэдэу селъэІут: «КхъыІэ, Африкэм дыкъэнэну къыддэІэпыкъу».

А илъэсхэм къриубыдэу зыхэфщІа гуфІэгъуэмкІэ фыкъыддэгуашэ.

Анн-Катрин «Фольксваген-Комби» жыхуаІэ машинэм и гъунэгъуу шэнтым тесщ.

Танзанием дыщыщыІам мы машинэр дэ унэ тхуэхъуащ. 1988 гъэ

Матс: Япэу сигу къэкІыжыр къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ миссионерхэр ныбжьэгъушхуэ къызэрытхуэхъуаращ. Иджыри дэ нэгъуэщІхэр Библие зэредгъаджэм гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьт. Иныкъуэхэм деж Анн-Катринрэ сэрэ дэтхэнэ зыми цІыху тІощІ Библием щедгъаджэ къэхъут. Абы нэмыщІ Африкэм щыІэ къуэш, шыпхъухэм я лъагъуныгъэмрэ я хьэщІагъэмрэ зэи дигу ихужынукъым. Танзание щыІэ зэІущІэхэм дыщыкІуэм «Фольксваген-Комби» зи цІэ ди машинэр къуэш, шыпхъухэм я пщІантІэхэм дэдгъувэт. Абы дэ дыщыжейт икІи дызыхуэныкъуэу хъуар къуэш, шыпхъухэм къыдатт, езыхэр хуэмыщІауэ псэу пэтми (2 Кор. 8:3). Абы нэмыщІ Анн-Катринрэ сэрэ пщыхьэщхьэхэм деж махуэм и кІуэцІым къэхъуахэр зыжетІэжт икІи Иеговэ къытхуищІэ псом щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІт.

Анн-Катрин: Сэ псом хуэмыдэу гуфІэгъуэ къысхуэзыхьар дуней псом щыщ къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу къэсцІыхуну Іэмал сызэриІаращ. Дэ нэгъуэщІ бзэхэр зэдгъащІэт, псалъэм папщІэ, луга́ндэ, суахи́ли, фарси́, французыбзэр икІи а бзэхэмкІэ псалъэ цІыхухэм я хабзэхэри къэтцІыхут. Иджыри дэ Библием едгъаджэхэр ныбжьэгъуфІ тхуэхъут икІи дызэгъусэу Иеговэ дыхуэлажьэт (Соф. 3:9).

Абы нэмыщІ дэ Иеговэ и ІэдакъэщІэкІ зэмылІэужьыгъуэ куэд тлъэгъуащ. ХъыбарыфІыр дгъэІуну нэгъуэщІ къэрал дагъэкІуэху, дэ къытщыхъут Иеговэ ди гъусэу гъуэгу дытеувэу икІи дыздэкІуэнур езым дигъэлъагъуу. Ар димыгъусамэ, дэ ди гъащІэр апхуэдэу гъэщІэгъуэну екІуэкІынутэкъым.

Коллаж: 1) Матсрэ Анн-Катринрэ бынитху зиІэ цІыхубзым пэжымкІэ догуашэ; 2) Анн-Катрин масаи лъэпкъым щыщ щІалэм хъыбарыфІымкІэ догуашэ.

Танзанием дыщыщыІам дэ лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшащ

Сыт хуэдэ гугъуехьхэр фиІа икІи абыхэм дапхуэдэу фызэрыпэлъэщар?

Матс: Гугъуехьхэм ящыщ зыр — ар узыфэ зэмылІэужьыгъуэ къызэрыдэуэлІаращ, «малярия» жыхуаІэри абыхэм яхэту. Иджыри Анн-Катрин ебгъэтІылъэкІ мыхъуну операцэ зыбжанэ хуащІащ. Абы нэмыщІ зи ныбжь хэкІуатэ ди адэ-анэхэм щхьэкІи дыгузавэт. Къыддалъхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм фІыщІэшхуэ яхудощІ лъагъуныгъэрэ шыІэныгъэрэ яхэлъу, гуфІэгъуэ яІэу, ди адэ-анэхэр зыхуей зэрыхуагъэзам щхьэкІэ (1 Тим. 5:4). Абыхэм я пэжыжьэу дыпсэуми, зэрытхузэфІэкІкІэ дадэІэпыкъут. Ауэ иныкъуэхэм дежи зыдгъэкъуэншэжт ди адэ-анэхэм нэхъыбэ зэрахуэдмыщІэфым къыхэкІкІэ.

Анн-Катрин: 1983 гъэм, Заир дыщыІэу, «холера» жыхуаІэ узыр къызэуалІэри, сымаджэ хьэлъэ сыхъуащ. Дохутырым си лІым къыжриІащ: «Мыр нобэ фІомыгъэкІыу, къэралым иш!» ЕтІуанэ махуэм, нэгъуэщІ рейс зэрыщымыІэм къыхэкІкІэ, «транспортный самолёт» жыхуаІэм дису, Швецием дылъэтащ.

Матс: Миссионер лэжьыгъэм дыхэтыну афІэкІа Іэмал димыІэжу къытщыхъути, абы хуабжьу ди гур хигъэщІт икІи дэ дыгът. Ауэ, дохутырым жиІам емылъытауэ, Анн-Катрин и узыншагъэр зэтеувэжащ. Зы илъэс дэкІри, дэ Заир дгъэзэжащ. Иджы дэ дыздагъэкІуар Лубумба́ши къалэм щыІэ, суахили бзэкІэ псалъэ зэхуэс цІыкІурат.

Анн-Катрин: Лубумбаши дыщыІэу сэ сабий сфІэкІуэдыжащ. Сабий зэдгъэгъуэтыну мурад димыІами, къэхъуар си дежкІэ гуауэшхуэт. А зэман хьэлъэм димыгугъэххауэ, Иеговэ тыгъэшхуэ къытхуищІащ: Библием едгъаджэхэр зэи хуэмыдэу куэд хъуащ. Илъэс дэмыкІыу, цІыху 35 хъу ди зэхуэсыр цІыху 70 хъуат. Япэм щыгъуэ ди зэІущІэхэм цІыху 40 къакІуэу щытамэ, иджы цІыху 220 къакІуэу щІадзащ. Дэ ди зэману хъуар хъыбарыфІ гъэІуным тедгъэкІуадэт икІи тлъагъут Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэр. А псом сэ гупсэхугъуэ къызитащ, гуауэм сыпэлъэщынуи къыздэІэпыкъуащ. Дэ иджыри къыздэсым щІэх-щІэхыурэ ди сабийм догупсыс, дытопсэлъыхь икІи ди гум илъ гуауэр Иеговэ нэгъэсауэ щыІуихыжыну зэманым къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ.

Матс: Зы зэман гуэрым Анн-Катрин егъэлеяуэ къарууншэ хъуат. Сэри си кІэтІийм еплІанэ стадием иту, лышх къыщагъуэтащ. Иджыпсту си узыншагъэр тэмэмщ, Анн-Катрини Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ хузэфІэкІыу хъуар ещІэ.

Дэ къыдгуроІуэ гугъуехьхэм пэщІэхуэхэр ди закъуэу зэрыщымытыр. 1994 гъэм, Руандэ «геноцид» жыхуаІэр къыщыхъуам дэ ди къуэш, ди шыпхъу куэдым я деж дыкІуащ. Ахэр зи щІыпІэ къэзыгъэнэн хуей хъуахэр здэщыІэ лагерьхэм щыІэт. Апхуэдэ гугъуехь зэраІэм емылъытауэ, абыхэм фІэщхъуныгъэ, теубыдагъэ, хьэщІагъэ ягъэлъагъуэт. А Іуэхугъуэм иджыри зэ къыдгуригъэІуащ Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрадэІэпыкъуфынур, ахэр сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами (Пс. 55:22).

Анн-Катрин: 2007 гъэм, Угандэ щыІэ филиалыр Иеговэ и ІэмыщІэ щралъхьам щыгъуэ, иджыри зы гуауэшхуэ къэхъуащ. Программэр щиухам щыгъуэ, дэрэ цІыху 25 хуэдиз хъу миссионерхэмрэ вефилецхэмрэ Найро́би (Кение) дыкІуащ. Кением и гъунапкъэм дыщынэсым машинэшхуэ ди лъэныкъуэм къытелъадэри, къыджьэхэуащ. Рулым дэсамрэ цІыхуитхумрэ занщІэу иукІащ. ИужькІэ зы шыпхъур больницэм щІэлъу, дунейм ехыжащ. А къуэш, шыпхъухэм дэ хуабжьу дахуозэш икІи дащыхуэзэжыну зэманым къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ! (Иов 14:13—15).

Зэман дэкІри си уІэгъэхэр хъужащ. Ауэ Матси сэри, ди гъусэу гъуэгу тетахэм щыщ языныкъуэхэми къэхъуам стрессышхуэ къыдитат. Сэ «панические атаки» жыхуаІэр сиІэу сыхъуащ икІи си гур къэувыІэн си гугъэу жэщхэм сыкъызэщыут. Ар егъэлеяуэ шынагъуэт. Ауэ апхуэдэхэм деж Матсрэ сэрэ Иеговэ тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуэдгъазэт икІи Библием ит, фІыуэ тлъагъу едзыгъуэхэм деджэт. Гупсэхугъуэ дгъуэтыжыну а псор къыддэІэпыкъут. Абы нэмыщІ дохутырхэми зэрызыхуэдгъэзар сэбэп къытхуэхъуащ. Иджыпсту дэ куэдкІэ дынэхъыфІщ икІи апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуахэм гупсэхугъуэ еттын щхьэкІэ, Иеговэ къыддэІэпыкъуну долъэІу.

Фэ щІэх-щІэхыурэ жывоІэ: «Ди гугъуехьхэм дыщІыпэлъэщыфар Иеговэ джэдыкІэ къутэным хуэдэу дызэрихьати аращ». Сыт абы къивгъэкІыр?

Матс: Суахили бзэкІэ псалъэ цІыхухэм мыпхуэдэу жаІэ: «Тумебэ́буа ка́ма мая́и маби́чи». Абы къокІ «Дэ джэдыкІэ къутэным хуэдэу дызэрахьащ». ЦІыхум джэдыкІэ цІынэхэр щихьым деж ахэр имыкъутэн щхьэкІэ хуабжьу хуосакъ. Апхуэдэ дыдэу дэ къалэн зэмылІэужьыгъуэхэр къыщыдатым щыгъуэ, Иеговэ щабэу къытхущытт. Дэ сыт щыгъуи дызыхуэныкъуэр, уеблэмэ, нэхъыбэжи диІащ. Абы нэмыщІ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъумрэ къызэрыддэІэпыкъумрэ унафэщІ гупым щыщ къуэшхэр къызэрытхущытым къыхощ.

Анн-Катрин: Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуам и зы щапхъэ жысІэжыну сыхуейт. Зэгуэр Швецием къращІыкІри, къыджаІащ си адэр реанимацием зэрыщІэхуар. Матс «малярия» жыхуаІэр къеуза къудейти, къарууншэт. Унэм дызэрыкІуэжын ахъшэ диІэтэкъыми, ди машинэр тщэжыну ди гугъэт. Ауэ ди цІыхугъэу щыт зэлІзэфызым звонить къащІри, къыджаІащ ди Іуэхур зыІутыр зэрызэхахар икІи зы билет къытхуащэхуну зэрыхуейр. ИужькІэ ныбжь зиІэ ди зы шыпхъуми звонить къищІри, къыджиІащ нэгъуэщІхэм зэрыдэІэпыкъун ахъшэ игъэтІылъу зэрыщытар. Апхуэдэу дакъикъэ зыбжанэм и кІуэцІым ди гугъуехьым дыпэлъэщыну Иеговэ къыддэІэпыкъуащ! (Евр. 13:6).

Фэ илъэс 50 нэхърэ нэхъыбэ хъуауэ полновременнэу фолажьэ. А зэманым къриубыдэу сытым зыхуевгъэса?

Матсрэ Анн-Катринрэ гуфІэу зыбгъэдэтщ.

Мьянмэ Иеговэ дыщыхуолажьэ

Анн-Катрин: Сэ къызгурыІуащ дымыгужьейуэ, Иеговэ дзыхь хуэтщІмэ, къару дызэриІэнур. Иеговэ дзыхь щыхуэтщІым деж ар ди гугъуехьым елэжьыну иужь йохьэ (2 Лет. 20:15, 17; Ис. 30:15). Дэ сыт хуэдэ къалэн къыдамытами, ар ди гум къыбгъэдэкІыу дгъэзащІэт. Иеговэ и лъэныкъуэкІи дызэримыгугъэххам хуэдэу и нэфІ къытщыхуэт.

Матс: Си дежкІэ псом нэхъ дерсышхуэ схуэхъуар — сыт хуэдэ Іуэхугъуэм дежи Иеговэ сыщыгугъыу, ар къызэрыздэІэпыкъум гу лъыстэныращ (Пс. 37:5). Сыкъызэригъэгугъам хуэдэуи, ар сытым щыгъуи къыздэІэпыкъуащ. Иджыпсту дэ Мьянмэ щыІэ Вефилым дыщолажьэ, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъури зыхыдощІэ.

Дэ дыхуейт щІалэу щыт къуэш, шыпхъухэми зыхащІэну, Иеговэ нэхъыбэ хуэзыщІэну хуейхэм абы дапхуэдэу и нэфІ ящыхуэми. ИкІи дэ быдэу ди фІэщ мэхъу, абыхэм Иеговэ и ІэмыщІэ зралъхьэмэ, ахэр дэнэ щымыІами «зэрыгъэгъэнур».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын