20 СТАТЬЯР
67-НЭ УЭРЭДЫР «Тхьэм и псалъэр цІыхухэм егъащІэ»
Лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ адэкІи хъыбарыфІыр вгъэІу!
«ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми хуаІуэтэн хуейщ япэщІыкІэ» (МК. 13:10).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Лъагъуныгъэм дапхуэдэу дыхуигъэушми ди гум къыбгъэдэкІыу хъыбарыфІыр дгъэІуну.
1. 2023-нэ гъэм щыІа илъэс къэс екІуэкІ зэІущІэм сыт дэ къыщытщІар?
2023-НЭ ГЪЭМa щыІа илъэс къэс екІуэкІ зэІущІэм гупсысэ гъэщІэгъуэныщэхэр щыжаІащ! Дэ абы щызэхэтхащ Библием зи гугъу ищІ языныкъуэ Іуэхугъуэхэр къызэрыдгурыІуэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэр. Абы хъыбарыфІ гъэІуным теухуа объявленэ зыбжанэ щыжаІащ. Псалъэм папщІэ, дэ къэтщІащ Бабилэнышхуэр ягъэкІуэда иужьи Иеговэ и лъэныкъуэр яубыдыну цІыхухэм иджыри Іэмал яІэнкІэ зэрыхъунур. Дэ иджыри къэтщІащ 2023-нэ гъэм ноябрым щыщІэдзауэ хъыбарыфІ гъэІуным теухуа отчетыр убгъуауэ зэрыдмытхынур. Абы къикІрэ Алыхьым дызэрыхуэлажьэр нэхъ мащІэ тщІы хъуну? ДауикІ, къикІкъым!
2. ХъыбарыфІ гъэІуным кІуэ пэтми нэхъ мыхьэнэшхуэ щІеттын хуейр сыт? (Марк 13:10).
2 Махуэ къэс хъыбарыфІ гъэІуным нэхъ мыхьэнэшхуэ иІэ хъуурэ макІуэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэман къэнэжар мащІэщ. Фегупсыс, иужьрей махуэхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящІэным теухуауэ яжриІауэ щытам. (Къеджэ Марк 13:10.) Хьисэ и псалъэхэр Маттэ мыпхуэдэу къиІуэтэжащ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ... дунейм и кІэухыр къэсынущ абы и ужькІэ» (Мт. 24:14). Мы едзыгъуэм зи гугъу ищІыр ШейтІаным и дунейм кІэ къызэрыхуэкІуэныращ. Иеговэ триухуащ къэхъун хуей Іуэхугъуэхэр къыщыхъуну «махуэри сыхьэтри» (Мт. 25:13; 24:36; Апост. 1:7). А зэманым дэ махуэ къэс нэхъ гъунэгъу дыхуохъу (Рим 13:11). Ауэ а махуэр къэсыху дэ хъыбарыфІыр дгъэІун хуейщ.
3. ХъыбарыфІыр дгъэІуну сыт дэ дыхуэзыгъэушыр?
3 Дегупсысынщ мыпхуэдэ упщІэм: «ХъыбарыфІыр дгъэІуну сытым дыхуигъэушрэ?» Зы псалъэкІэ жыпІэмэ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш. Дэ хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж къыдогъэлъагъуэ а хъыбарри, цІыхухэри, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, Иегови абы и цІэри фІыуэ зэрытлъагъур. Абы нэхъ убгъуауэ иджыпсту дытепсэлъыхьынщ.
ДЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩІЭДГЪЭІУР А ХЪЫБАРЫР ФІЫУЭ ДОЛЪАГЪУРИ АРАЩ
4. ХъыбарыфІ гуэр щызэхэтхым сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэ?
4 ХъыбарыфІ гуэр щызэхэфхам сыт хуэдэ гурыщІэхэр фиІами фигу къэвгъэкІыж. Псалъэм папщІэ, фэ фи благъэ гуэрым сабий къыхуалъхуащ, е фызыхуэныкъуэ лэжьыгъэ къыкъуэкІащ. ДауикІ, а хъыбарыфІымкІэ фи Іыхьлыхэмрэ фи ныбжьэгъухэмрэ фадэгуэшэну хуабжьу фыхуейт. НтІэ, псом нэхърэ нэхъ гуфІэгъуэ хъыбарыр — Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр щызэхэфхам сыт зыхэфщІар?
5. Япэ дыдэу Алыхьым и Псалъэм ит пэжхэр щызэхэфхам сыт зыхэфщІар? (Сурэтми феплъ.)
5 Дигу къэдгъэкІыжынщ япэ дыдэу Алыхьым и Псалъэм ит пэжхэр щызэхэтха зэманыр. Дэ къыдгурыІуащ уафэм щыІэ ди Адэм фІыщэу дызэрилъагъур икІи абы и унагъуэм щыщ дыхъуну зэрыхуейр. Дэ къэтщІащ абы узхэмрэ гугъуехьхэмрэ зэрыІуихынур. Абы нэмыщІ дэ гугъэ диІэ хъуащ фІыуэ тлъагъу ди лІахэр дунеищІэм къызэрыщытэджыжынумкІэ (Мк. 10:29, 30; Ин. 5:28, 29; Рим 8:38, 39; Апок. 21:3, 4). А пэжхэм дэ дигухэр ягъэхуабэ (Лк. 24:32). Дэ а пэжхэр фІыуэ тлъэгъуащ икІи абыхэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэмыгуашэу тхуэшэчкъым. (Евгъапщэ Иеремия 20:9.)
Дэ япэ дыдэу хъыбарыфІыр щызыхэтхам, абыкІэ нэгъуэщІхэм псоми дадэгуэшэну дыхуейуэ хъуащ (5-нэ абзацым феплъ.)
6. Эрнестрэ Розэрэ я щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
6 Зы унагъуэ гуэрым и щапхъэм деплъынщ. Эрне́стb илъэси 10 хъууэ и адэр лІащ. Эрнест мыпхуэдэ упщІэ иІэт: «Си адэр уафэм кІуа, хьэмэрэ щымыІэжыххэу ара?» Ар ехъуапсэт адэ зиІэ сабийхэм. Эрнест махуэ къэс жыхуаІэм хуэдэу и адэм и кхъащхьэм деж лъэгуажьэмыщхьэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэт. Абы жиІэт: «Алыхьышхуэ, сынолъэІу си адэр здэщыІэр къэзбгъэщІэну». Илъэс 17 хуэдиз дэкІауэ Библиер иджыну Эрнест щыхуагъэушам щыгъуэ, гуфІэжу ар иджын щІидзащ. Абы къыгурыІуащ лІахэм зыри зэрызыхамыщІэр, ахэр жей Іувым хэтым хуэдэу зэрыщытыр икІи Алыхьым къызэригъэтэджыжынур (Эккл. 9:5, 10; Апост. 24:15). А къищІам ар хуабжьу игъэгуфІащ. Апхуэдэу, илъэс куэд хъуауэ зыгъэпІейтей упщІэхэм я жэуапыр абы къыІэрыхьащ. Библием ит пэжхэр Эрнест хуабжьу игу ирихьт. Абы и щхьэгъусэ Рози Библиер иджын щІидзэри, къищІа пэжыр фІыуэ илъэгъуащ. 1978-нэ гъэм абыхэм псым зыщІагъэуащ. Ахэр зэгъусэу я къарум щымысхьу къащІа щІэныгъэ лъапІэмкІэ я унагъуэми, я ныбжьэгъухэми, нэгъуэщІхэми дэгуашэт. Эрнестрэ Розэрэ я фІыгъэкІэ цІыху 70-м щІигъум Иеговэ къацІыхури псым зыщІагъэуащ.
7. Библием ит щІэныгъэр ди гум лъэІэса иужь сыт къэхъур? (Лука 6:45).
7 Библием ит щІэныгъэр ди гум лъэІэса иужь дэ ар дымыІуатэу тхуэшэчкъым. (Къеджэ Лука 6:45.) Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь итахэм яІа гурыщІэм хуэдэ дэри диІэщ. Абыхэм жаІат: «Дэ Іуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыІуэтэжу хъунукъым» (Апост. 4:20). АпхуэдизкІэ дэ пэжыр фІыуэ долъагъури, ар цІыху нэхъыбэм зэрыжетІэным дыхущІокъу.
ДЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩІЭДГЪЭІУР ЦІЫХУХЭР ФІЫУЭ ДОЛЪАГЪУРИ АРАЩ
8. ХъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэну сыт дэ дыхуэзыгъэушыр? («ЦІыхухэр фІыуэ флъагъу — Хьисэ и лъэужь иувэну фадэІэпыкъу» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) (Сурэтми феплъ.)
8 Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхухэр фІыуэ ялъагъу (Прит. 8:31, Гъэсэпэтхыдэхэр; Ин. 3:16). Дэ дыхуейщ абыхэм щапхъэ ятетхыну. ЦІыхухэм Алыхьыр яцІыхукъым, гугъапІи яІэкъыми дэ ахэр тфІэгуэныхь мэхъу (Еф. 2:12). ГъащІэм и гугъуехьхэм къыхэкІкІэ мащэ куум ихуа хуэдэу цІыхухэм къащыхъуфынущ, ауэ ахэр мащэм къызэрикІыжыфын кІапсэ дэ диІэщ — ар Алыхьым и Тепщэныгъэм теухуа хъыбарыфІыращ. ЦІыхухэм яхудиІэ лъагъуныгъэмрэ гущІэгъумрэ дэ дыхуагъэуш, хъыбарыфІымкІэ абыхэм дадэгуэшэн щхьэкІэ Іэмалу хъуар къэдгъэсэбэпыну. Алыхьым теухуа щІэныгъэм ахэр ноби нэхъ насыпыфІэ ищІыфынущ икІи «мыкІуэдыжын гъащІэм» теухуауэ гугъэ яритыфынущ (1 Тим. 6:19).
Лъагъуныгъэмрэ гущІэгъумрэ дыхуагъэуш хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэн щхьэкІэ Іэмалу щыІэу хъуар къэдгъэсэбэпыну (8-нэ абзацым феплъ.)
9. Сыт иджыпсту цІыхухэм яжетІэр икІи апхуэдэу щІэтщІэм сыт и щхьэусыгъуэр? (Иезекииль 33:7, 8).
9 ЦІыхухэм яхудиІэ лъагъуныгъэм иджыри дыхуегъэуш мы дуней Іейм и кІэр къызэрысар яжетІэну. (Къеджэ Иезекииль 33:7, 8.) Ди гур гузэвэгъуэм ехуз, Алыхьым хуэмылажьэ ди Іыхьлыхэми адрей цІыхухэми къащыщІынум дыщегупсысым деж. Инэхъыбэ цІыхур мэпсэу мы дунейр зыхуэкІуэр къагурымыІуэу. Сыт-тІэ дунейр зыхуэкІуэр? Библием щыжыІащ: «Дунейр къыщыхъуам къыщыщІэдзауэ иджыри къэсыху щыІакъым дяпэкІи щыІэнукъым апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ» (Мт. 24:21). Дэ дыхуейщ абыхэм ящІэну Иеговэ хьэкум щищІынум деж сыт къэхъунуми: япэщІыкІэ абы дин нэпцІыр игъэкІуэдынущ, иужькІэ Армагеддоным деж Іей псори Іуихынущ (Апок. 16:14, 16; 17:16, 17; 19:11, 19, 20). Дэ Алыхьым лъэІукІэ зыхудогъазэ цІыху нэхъыбэм пэжыр зэхахыу иджыпсту дин пэжым и лъэныкъуэр яубыдыну. НтІэ, иджыпсту къыдэмыдаІуэ ди благъэхэмрэ адрей цІыхухэмрэ щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур?
10. Иджыпсту сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр куэд мыщІэу къэхъуну Іуэхугъуэм теухуауэ цІыхухэм яжетІэным?
10 Мыбы ипэ ита статьям къызэрыщытщІащи, дин нэпцІыр щагъэкІуэдкІэ, Иеговэ зи фІэщ хъуа цІыхухэм къелыну Іэмал яІэнкІэ хъунущ. Ар апхуэдэу щытмэ, иджыпсту мыхьэнэшхуэ иІэщ Бабилэнышхуэм сыт къыщыщІынуми цІыхухэм яжетІэным. Фегупсысыт: иджыпсту цІыхухэм яжетІэхэр иужькІэ ягу къэкІыжынкІэ хъунущ. (Евгъапщэ Иезекииль 33:33.) Хэт ищІэрэ, абыхэм яжетІахэр ягу къэкІыжу, мыгувапэ щІыкІэ дин пэжым и лъэныкъуэр яубыдынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Филиппи къалэм дэта лъэхъуэщым и хъумакІуэм ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ иІэ щыхъуар «щІыр напІэзыпІэм ин дыдэу щыхъеяращ» (Апост. 16:25—34). Апхуэдэу, иджыпстуи хъыбарыфІым емыдаІуэхэри Бабилэнышхуэр щызэтракъутэкІэ а Іуэхум «зэщІигъэсысэу», я гупсысэкІэм зихъуэжынкІэ хъунущ.
ДЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ЩІЭДГЪЭІУР ИЕГОВЭРЭ АБЫ И ЦІЭМРЭ ФІЫУЭ ДОЛЪАГЪУРИ АРАЩ
11. Дапхуэдэу Иеговэ щІыхьрэ пщІэрэ зэрыхуэтщІыр икІи ди къарур зэреттыр? (Апокалипсис 4:11). (Сурэтхэми феплъ.)
11 Дэ хъыбарыфІыр щІэдгъэІум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — ар Иеговэрэ абы и цІэ лъапІэмрэ фІыуэ зэрытлъагъуращ. ХъыбарыфІ гъэІуным дэ Іэмал къыдет фІыуэ тлъагъу ди Адэр дгъэлъэпІэну. (Къеджэ Апокалипсис 4:11.) Дэ гурэ псэкІэ арэзы дытохъуэ ди Алыхь Иеговэ щІыхьрэ пщІэрэ хуэтщІыну зэрыхуэфащэм. ГъащІэ къыдэзытари «псори къэзыгъэщІари» Иеговэу зэрыщытыр цІыхухэм щажетІэкІэ, дэ абы щІыхь къыхудохь. Дэ ди Іуэхур зыІутым елъытауэ ди зэманри, ди зэфІэкІри, ди мылъкури хъыбарыфІ гъэІуным щытедгъэкІуадэм деж, ди къару псомкІэ Алыхьым дыхуэлажьэу жыпІэ хъунущ (Мт. 6:33; Лк. 13:24; Кол. 3:23). А псор дэ щІэтщІэр фІыщэу тлъагъу Алыхьым теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэну дигу ирохьри аращ. Дэ иджыри дыхуейщ нэгъуэщІхэм Алыхьым и цІэр яжетІэну, и хьэл-щэн дахэхэри къахузэІутхыну. Сыт щхьэкІэ?
Дэ ди Іуэхур зыІутым елъытауэ, ди зэманри, ди зэфІэкІри, ди мылъкури хъыбарыфІ гъэІуным щытедгъэкІуадэм деж, ди къару псомкІэ Алыхьым дыхуэлажьэу жыпІэ хъунущ (11-нэ абзацым феплъ.)
12. ХъыбарыфІ гъэІуным дыщыхэтым деж Иеговэ и цІэр дапхуэдэу зэрыдгъэлъапІэр?
12 Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъум дыхуегъэуш абы и цІэр дгъэлъэпІэну (Мт. 6:9). ШейтІаным Алыхьым пцІы трилъхьэу и цІэ игъэулъияр дэ дгъэкъэбзэжыну дыхуейщ (ЩІэдз. 3:1—5; Иов 2:4; Ин. 8:44). КъыдэдэІуэну хуейхэм Алыхьым теухуа пэжыр щажетІэкІэ, дэ Иеговэ дыкъыщхьэщож. Дэ къэтщІа пэжыр нэгъуэщІхэми къащІэну дыхуейщ. Абы и хьэл-щэн нэхъыщхьэр — лъагъуныгъэращ. Абы и Тепщэныгъэм пэжагърэ захуагъэрэ хэлъщ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм куэд мыщІэу гузэвэгъуэ псом кІэ иритынурэ, цІыхубэм мамырыгъэрэ насыпрэ къахуихьынущ (Пс. 37:10, 11, 29; 1 Ин. 4:8). Иеговэ дыкъыщыщхьэщыжым деж и цІэр догъэлъапІэ. Абы нэмыщІ Иеговэ и цІэ лъапІэм хуэфащэу дыщыпсэум деж дэ абы гуфІэгъуэшхуэ хыдох. Сыт дэ зи гугъу тщІыр?
13. Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытым сыт дыщІрипагэр? (Исайя 43:10—12).
13 Иеговэ дэ и Щыхьэту дыкъыхихащ. (Къеджэ Исайя 43:10—12.) УнафэщІ гупым итха зы письмом мыпхуэдэу щыжыІат: «Иеговэ и Щыхьэту ущытыныр — ар псом нэхърэ нэхъ щІыхьышхуэщ»c. Апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур сыт? Щапхъэ къэтхьынщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт, щІэпхъаджагъэшхуэ гуэр пщІа хуэдэу пцІы къыптралъхьауэ. Уэ ухуейщ цІыхуфІу узэрыщытыр икІи апхуэдэ щІэпхъаджагъэ зэрумыщІэфынур хеящІэм и пащхьэм щыжызыІэн щыхьэт. Хэтыт уэ къыхэпхынур? ДауикІ, уэ къыхэпхынур фІыуэ пцІыху, дзыхь зыхуэпщІ, пэжагъым тет, зи цІэр фІыкІэ ящІэ цІыхущ. Иеговэ и Щыхьэту дыкъыщыхихам, абы къигъэлъэгъуащ фІыуэ дызэрицІыхур икІи дзыхь къызэрытхуищІыр ар зэры-Алыхь пэж закъуэр жытІэну. Алыхьым и Щыхьэту дыщытыну ди дежкІэ щІыхьышхуэщ! Аращи, дэ Іэмалу диІэр къыдогъэсэбэп Алыхьым теухуауэ пцІы жаІэр къыщІэдгъэщыну. Апхуэдэу щытщІэм деж, дэ Иеговэ и Щыхьэту дыкъоув икІи цІэ зетхьэм хуэфащэу дыпсэууэ жыпІэ хъунущ! (Пс. 83:18; Рим 10:13—15).
ИКІЭМ НЭСЫХУ ДЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ДГЪЭІУНУЩ
14. Куэд мыщІэу къэкІуэну зэманым сыт дэ дызыпэплъэр?
14 Дэ къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ куэд мыщІэу къэкІуэну зэманым къэхъунум. Дэ дыщогугъ хъыбарыфІ гъэІуным къару етхьэлІэм Иеговэ фІыгъуэ къыпигъакІуэу, гузэвэгъуэшхуэр къэмыс щІыкІэ пэжыр иджыри цІыху куэдым къащтэну. Гузэвэгъуэшхуэм дежи цІыхухэм Іэмал яІэнкІэ хъунущ ШейтІаным и дуней кІуэдыжым къыхэкІыу, Иеговэ и лъэпкъым къыхыхьэну. Дэ а гупсысэм хуабжьу дегъэгуфІэ. (Апост. 13:48).
15, 16. Сыт дэ тщІэнур икІи дапхуэдизрэ?
15 Дэ иджыпсту лэжьыгъэр ди куэдщ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр щІылъэ псом щыдогъэІу. Апхуэдэ лэжьыгъэм зэи къытригъэзэжынукъым. ХъыбарыфІым и гъусэу дэ догъэІу мы дуней бзаджэм и кІэр пІащІэу къызэрыблагъэр. Алыхьым хьэкум щищІыну махуэр къыщысам деж абыхэм къагурыІуэнущ дэ къетхьэкІа хъыбарыр Иеговэ къыбгъэдэкІыу зэрыщытар (Иез. 38:23).
16 Сыт-тІэ адэкІи дэ тщІэну ди мурадыр? Дэ хъыбарыфІри, цІыхухэри, Иегови, абы и цІэри фІыуэ долъагъу. А лъагъуныгъэм дыхуегъэуш псэемыблэжу хъыбарыфІыр дгъэІуну. Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу икІи къарууэ диІэр етхьэлІэу а Іуэхум дыхэтынущ, Иеговэ: «Лэжьыгъэр зэфІэкІащ!» — жиІэху.
54-НЭ УЭРЭДЫР «Мис гъуэгур»
a 2023-нэ гъэм октябрым и 7-м илъэс къэс щыІэ зэІущІэр Ньюберг (Нью-Йорк штатым, США-м) щекІуэкІащ. ИужькІэ программэ псори JW Broadcasting® къыщагъэлъэгъуэжащ: 1 Іыхьэр — 2023-нэ гъэм ноябрым, 2-нэ Іыхьэр — 2024-нэ гъэм январым.
b 2015-нэ гъэм февралым и 1-нэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Библия меняет жизнь. Меня убедили ясные и логичные ответы из Библии» жыхуиІэ статьям феплъ.