25 СТАТЬЯР
96 УЭРЭДЫР «Алыхьым и Псалъэм хъугъуэфІыгъуэ куэд итщ»
Къэхъун хуейуэ Екъуб жиІа псалъэхэм къыхэтх дерсхэр (етІуанэ Іыхьэр)
«Къалъигъэсащ и нэфІ щыхуэныгъэр, щхьэж езым ейр» (ЩІЭДЗ. 49:28).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Екъуб лІэн ипэ и щІалийм яжриІа псалъэхэм икІи а псалъэхэм къыхэтх хъуну дерсхэм.
1. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
ЗИ НЫБЖЬ хэкІуэта Екъуб и къуэхэр зэхуишэсащ икІи абыхэм яжриІэм щІалэхэр фІыуэ йодаІуэ. Мыбы ипэ ит статьям къызэрыщытщІащи, Рубэн, Симеон, Лэуий, Иудэ сымэ хуабжьу ягъэщІэгъуауэ къыщІэкІынущ я къэкІуэным теухуауэ Екъуб жиІа псалъэхэр. Иджы адрей и къуэхэм яжриІэнум ахэр хуабжьу поплъэ. Мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ Екъуб Зэбулун, Иссашхар, Дан, Гад, Ащэр, Нафталий, Исуф, Биниамин сымэ яжриІа псалъэхэм къыхэтх хъуну дерсхэмa.
ЗЭБУЛУН
2. Сыт Екъуб Зэбулун жриІар икІи дапхуэдэу абы и псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар? (ЩІэдзапІэ 49:13). (Рамкэми феплъ.)
2 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:13. Екъуб зэрыжиІамкІэ, Зэбулун хы Іуфэм щыпсэунут. Дапхуэдэу абы и псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар? Илъэс 200 щІигъу дэкІауэ, Зэбулун и щІэблэм къылъысащ Галилей хымрэ Средиземнэ хымрэ я зэхуакум дэлъ щІыналъэр. Мусэ бегъымбарым жиІат: «Зэбулун, уи Іуэху псоми гуфІэгъуэ хэх» (Втор. 33:18). Абы и псалъэхэм къагъэлъагъуэу къыщІэкІынт Зэбулун къытехъукІахэм хитІым я зэхуакум зэрыщыпсэум и фІыгъэкІэ хуиту сату ящІэну Іэмал зэраІэнур. Дауэ мыхъуами, абыхэм щІэгуфІэн щхьэусыгъуэ яІэт.
3. Ди Іуэхур зыІутым емылъытауэ, насыпыр зэпымыууэ зыхэтщІэну сыт къыддэІэпыкъунур?
3 Дерсхэр. Дыщыпсэу щІыпІэмрэ ди Іуэхур зыІутымрэ емылъытауэ, дэ дыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэ сыт щыгъуи диІэщ. Насыпыр зэпымыууэ зыхэтщІэн щхьэкІэ, мыхьэнэшхуэ иІэщ диІэмкІэ арэзыуэ дыщытыным (Пс. 16:6; 24:5). ДимыІэм зэпымыууэ дегупсысмэ, абы дигъэнэщхъеифынущ. Ауэ ди гъащІэм хэлъ фІым гу лъыттэу зедгъасэмэ, гуфІэгъуэ диІэнущ (Гал. 6:4).
ИССАШХАР
4. Сыт Екъуб Иссашхар жриІар икІи дапхуэдэу абы и псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар? (ЩІэдзапІэ 49:14, 15). (Рамкэми феплъ.)
4 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:14, 15. Иссашхар егугъуу зэрылажьэм щхьэкІэ Екъуб абы щотхъу икІи хьэлъэ къезышэкІ шыд лъэрызехьэм ар ирегъэщхь. Абы нэмыщІ Екъуб жеІэ Иссашхар щІыналъэ дахэ къызэрылъысынур. Дапхуэдэу абы и псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар? Иссашхар и щІэблэм къылъысащ Иордан псыежэхым пэгъунэгъуу щІыгулъ пшэр здэщыІэ щІыналъэ дахэ (Иис. Н. 19:22). ДауикІ, ахэр а щІым егугъуу телэжьыхьт, ауэ адрейхэм псэемыблэжу зэрыдэІэпыкъун хуейри зыщагъэгъупщэтэкъым (1 Цар. 4:7, 17). Псалъэм папщІэ, Иссашхар лъэпкъыр хеящІэ Варакрэ бегъымбар цІыхубз Деворэрэ дэІэпыкъуащ ахэр Сисарэ щезауэм щыгъуэ. НэгъуэщІ зауэхэми а лъэпкъыр хэтащ (Суд. 5:15).
5. Псэемыблэжу Иеговэ дыщІыхуэлэжьэн хуейр сыт?
5 Дерсхэр. Иеговэ лъапІэу елъытэ дэ абы жыджэру дызэрыхуэлажьэр (Эккл. 2:24). Псалъэм папщІэ, зэхуэсым кІэлъыплъ къуэшхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэкІ (1 Тим. 3:1). ДауикІ, ахэр зауэхэм хэткъым, ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр духовнэ лъэныкъуэкІэ зэран къахуэхъуфынум щахъумэн щхьэкІэ яхузэфІэкІ къагъанэкъым (1 Кор. 5:1, 5; Иудэ 17—23). Ар тыншкъым. Абы нэмыщІ абыхэм къару куэд ирахьэлІэ псалъэхэр ягъэхьэзырын щхьэкІэ. Апхуэдэ гъэхьэзыра псалъэхэм къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэ икІи абыхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ (1 Тим. 5:17).
ДАН
6. Дан лъэпкъым сыт хуэдэ къалэнт иратар? (ЩІэдзапІэ 49:17, 18). (Рамкэми феплъ.)
6 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:17, 18. Екъуб и къуэ Дан блэм иригъэщхьащ. А блэр езым нэхърэ нэхъ ин псэущхьэхэм еуэну шынэкъым, псалъэм папщІэ зауэм къыщагъэсэбэп шым. Дан лъэпкъыр хахуэт икІи Израилым и бийхэм езэуэну сыт щыгъуи хьэзырт. Израил цІыхухэр Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм щыкІуэм щыгъуэ, Дан лъэпкъыр иужьым иту кІуэт, адрей лъэпкъхэр къихъумэн щхьэкІэ (Чис. 10:25). Дан къытехъукІахэм ирахьэкІ лэжьыгъэм куэдым гу лъамытэми, абыхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн ягъэзащІэт.
7. Иеговэ и организацэм къыдит къалэнхэр щыдгъэзащІэм деж, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
7 Дерсхэр. Уэ бгъэзэщІа лэжьыгъэм зыми гу щылъимыта къэхъуа? Псалъэм папщІэ, дыщызэхуэс Унэр зыхуей хуэбгъэзамэ, конгрессыр къызэгъэпэщыным ухэтамэ е нэгъуэщІ лэжьыгъэ гуэр бгъэзэщІамэ, уэ щытхъушхуэ пхуэфащэщ! Иеговэ псори зэрилъагъур икІи хуэпщІэр лъапІэу зэрилъытэр зэи зыщумыгъэгъупщэ. Уэ Алыхьым ущІыхуэлажьэр зыгуэр зыщыбгъэтхъун щхьэкІэкъым, атІэ ар уи гум къыбгъэдэкІыу фІыуэ болъагъури аращ. Иеговэ и дежкІэ ар псом хуэмыдэу лъапІэщ (Мт. 6:1—4).
ГАД
8. Бийхэр Гад лъэпкъым теуэну сыт щыгъуи шынагъэ щІыщыІэр сытыт? (ЩІэдзапІэ 49:19). (Рамкэми феплъ.)
8 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:19. Екъуб жиІат Гад лъэпкъым хъунщІакІуэхэр къызэрытеуэнур. Илъэс 200 щІигъу дэкІри, Гад къытехъукІахэм Иордан псыежэхым пэгъунэгъуу щІыналъэ къалъысащ. Абыхэм пэмыжыжьэу Алыхьым и лъэпкъым и бийхэр псэути, сыт хуэдэ зэманми къатеуэфынут. Абы емылъытауэ, Гад лъэпкъыр а щІыналъэм щыпсэуну хуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ я Іэщым папщІэ а щІыпІэм хъупІэфІ дыдэхэр щыІэт (Чис. 32:1, 5). Гад къытехъукІахэм лІыгъэшхуэ зрахьэт икІи быдэу я фІэщ хъут Иеговэ ахэр хъунщІакІуэхэм зэращихъумэнур. Абы нэмыщІ, илъэс куэдым къриубыдэу, Гад лъэпкъыр и къуэшхэм дэІэпыкъуащ Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм щыщу къэнар къазэуну (Чис. 32:16—19). ЦІыхухъухэр зауэм щыкІуэм деж, я щхьэгъусэхэмрэ я бынхэмрэ къагъэнэн хуей хъут, ауэ абыхэм шэч къытрахьэтэкъым Алыхьым ахэр къызэрихъумэнум. Гад къытехъукІахэр псэемыблэжу икІи лІыгъэ хэлъу зэрыщытам щхьэкІэ Иеговэ и нэфІ абыхэм ящыхуащ (Иис. Н. 22:1—4).
9. Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу ди унафэхэм къызэрыхэщынур?
9 Дерсхэр. Ди Іуэхур щымытыншым дежи, Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къыддоІэпыкъу абы дыхуэлэжьэну (Пс. 37:3). Куэдыр ди ухуэныгъэхэм хэтщ, хъыбарыфІыр нэхъыбэу ягъэІун щхьэкІэ нэгъуэщІ щІыпІэхэм мэІэпхъуэ е нэгъуэщІ зыгуэру ди организацэм доІэпыкъу. Ахэр зыгуэрым зыхуагъэныкъуэну хьэзырщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ быдэу я фІэщ мэхъу Иеговэ и нэІэ къазэрытригъэтынур (Пс. 23:1).
АЩЭР
10. Екъуб Ащэр теухуауэ жиІа псалъэхэр дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар? Сыт Ащэр и лъэпкъым имыщІар? (ЩІэдзапІэ 49:20). (Рамкэми феплъ.)
10 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:20. Екъуб жиІат Ащэр и щІэблэр къулей зэрыхъунур. Апхуэдэуи къэхъуащ. Ащэр къылъыса щІыр икъукІэ бэвт (Втор. 33:24). А щІыналъэр Средиземнэ хы Іуфэм и кІыхьагъымкІэ екІуэкІт. Финикие хэкум и Сидон къалэри абыхэм я щІыналъэм хыхьэт. Абы щыІэ кхъухь увыпІэм сатуушхуэ къыщекІуэкІти, мылъкушхуэ къахуихьт. Ауэ Ащэр а щІыналъэм хананей цІыхухэр ирихуакъым (Суд. 1:31, 32). Мылъкушхуэ зэрабгъэдэлъымрэ хананей цІыхухэр зэран зэрызыхуагъэхъумрэ я ягъэкІэ Ащэр къытехъукІахэр Иеговэ жыджэру хуэмылэжьэжу хъуащ. Псалъэм папщІэ, хеящІэ Варак хананейхэм езэуэну дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ израил цІыхухэм щелъэІуам Ащэр абы дэІэпыкъуакъым. Абы къыхэкІкІэ, Иеговэ Мегиддо къалэм пэгъунэгъу псым деж телъыджэ щІыкІэкІэ и лъэпкъым ирита текІуэныгъэр Ащэр илъэгъуакъым (Суд. 5:19—21). Варакрэ Деворэрэ а текІуэныгъэм теухуауэ жаІа уэрэдым Ащэр игъэукІытэжауэ къыщІэкІынщ. А уэрэдым мыпхуэдэ псалъэхэр хэтт: «Ащэр псы Іуфэм деж Іуэхуншэу щысащ» (Суд. 5:17).
11. Япэ увыпІэр ахъшэм щІедмытыр сыт?
11 Дерсхэр. Дэ диІэм и нэхъыфІыр Иеговэ еттыну дыхуейщ. Нобэ цІыхухэм мылъкум япэ увыпІэр ират, ауэ дэ абыхэм щапхъэ тетхыну дыхуейкъым (Прит. 18:11). ДауикІ, дэ дыпсэун щхьэкІэ ахъшэ дыхуейщ, ауэ мылъку зэгъэпэщыныр Иеговэ дызэрыхуэлажьэм зэран хуэдгъэхъун хуейкъым (Эккл. 7:12; Евр. 13:5). Дэ ди зэманымрэ ди къарумрэ лъапІэу долъытэри, апхуэдэуи дызыхуэмыныкъуэ хьэпшып къэтщэхукъым. Аращи, диІэ псори Иеговэ и лэжьыгъэм тедгъэкІуадэмэ нэхъ къыдощтэ. Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу Алыхьым хуэпэжу дыкъанэмэ, насып нэгъэсарэ мамырыгъэрэ щыщыІэну зэманыр ди нэкІэ зэрытлъэгъунур (Пс. 4:8).
НАФТАЛИЙ
12. Екъуб Нафталий теухуауэ жиІа псалъэхэм сытыт къикІыу къыщІэкІынур? (ЩІэдзапІэ 49:21). (Рамкэми феплъ.)
12 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:21, ДЩІ. Екъуб жиІат Нафталий псалъэ дахащэхэр зэрыжиІэнур. Абы къигъэлъагъуэу къыщІэкІынт Хьисэ зэрыпсэлъэну щІыкІэр. Хьисэ зэман куэдкІэ езым «и къалэм», Капернаум, хъыбарыфІыр щигъэІуащ. А къалэр Нафталий къылъыса щІыналъэм хыхьэт (Мт. 4:13; 9:1). Бегъымбар Ешайа Мэссихьым теухуауэ къэхъун хуей псалъэхэр щыжиІэм, къыхигъэщащ Зэбулунрэ Нафталийрэ нэхушхуэ къызэралъэгъунур (Ис. 9:1, 2). Пэж дыдэу «нэху пэжу цІыху псори къэзыгъэнэхур» Хьисэт. Абы хуэдэ егъэджакІуэфІ дуней псом тетакъым (Иуан 1:9; 7:46).
13. Ди псэлъэкІэмкІэ дауэ Иеговэ зэрыдгъэгуфІэ хъунур?
13 Дерсхэр. Иеговэ дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ жытІэ псалъэхэми, ахэр зэрыжытІэ щІыкІэми. Сыт дэ къыддэІэпыкъунур Иеговэ и гуапэ хъун псалъэ дахэхэр жытІэну? Япэрауэ, пцІы умыупс, пэжыр жыІэ (Пс. 15:1, 2). ЕтІуанэрауэ, щІэх-щІэхыурэ цІыхухэм ящытхъу, ахэр зэрумыгъэкъуэншэным хэт икІи тхьэусыхэрейуэ ущымыт. Апхуэдэу уэ адрейхэм щІэгъэкъуэн уахуэхъуфынущ (Еф. 4:29). Абы нэмыщІ уэ мурад бгъэув хъунущ цІыхухэм уепсэлъэн щІэбдзэфу зебгъэсэну, иужькІэ Иеговэ теухуауэ абыхэм яжепІэфын щхьэкІэ.
ИСУФ
14. Екъуб Исуф теухуауэ жиІа псалъэхэр дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар? (ЩІэдзапІэ 49:22, 26). (Рамкэми феплъ.)
14 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:22, 26. Екъуб фІыуэ илъагъу и щхьэгъусэ Рахэл и щыпэлъхур Исуфт. Екъуб абы «куэд къызыпыкІэ жыгым и къудамэкІэ» еджащ. «Жыгыр» езы Екъубт, «къудамэр» — Исуфт. Екъуб ирипагэу къыщІэкІынт «зэкъуэшхэм ящыщу къыхаха» Исуф. Абы жиІат Рубэн и пІэкІэ щІэиным щыщу ІыхьитІ Исуф къызэрылъысынур (ЩІэдз. 48:5, 6; 1 Лет. 5:1, 2). Дауэ абы и псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар? Исуф и къуэ Ефремрэ Манассиерэ лъэпкъ зырыз къытехъукІащ икІи а тІуми Алыхьым и лъэпкъыр къызэригъэгугъа щІыналъэм Іыхьэ зырыз къащылъысащ (ЩІэдз. 49:25; Иис. Н. 14:4).
15. Исуф захуагъэ хэмылъу къызэрыхущытам дапхуэдэу зэрытекІуар?
15 Екъуб зэрыжиІамкІэ, «шабзэшэкІэ еуащ абы, шабзауэхэри къебиящ» Исуф (ЩІэдз. 49:23). Шабзауэхэм къагъэлъагъуэр абы къефыгъуэ и къуэшхэрат. Ахэр захуагъэ хэмылъу къызэрыхущытам Исуф гугъуехь куэд къыхуихьащ. Ауэ Исуф къыщыщІам щхьэкІэ Иеговэ игъэкъуэншакъым и къуэшхэми гужьгъэжь яхуищІакъым. Екъуб зэрыжиІам хуэдэу, «шэщІауэ къэнащ [Исуф] и шабзэр, икІи ткІийщ абы и Іэ лыпцІэхэр» (ЩІэдз. 49:24). Сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ пэщІэмыхуами, Исуф Иеговэ щыгугът. Абы и къуэшхэм зэрыхуигъэгъуам нэмыщІ, фІы куэд яхуищІащ (ЩІэдз. 47:11, 12). Исуф и къуэшхэм къращІа Іейм гущІэгъумрэ лъагъуныгъэмрэ я «шабзэкІэ» текІуауэ жыпІэ хъунущ. ГъэунэхуапІэ зэрыхуахэм Исуф нэхъыфІ ящІащ (Пс. 105:17—19). Абы къыхэкІкІэ, пщІэшхуэ зыпылъ къалэнхэр Иеговэ Исуф иритащ.
16. ГъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтыну Исуф и щапхъэр дапхуэдэу къыддэІэпыкъурэ?
16 Дерсхэр. ГъэунэхуапІэ узыпэщІэхуэхэм Иеговэрэ уи къуэш, уи шыпхъухэмрэ пэІэщІэ ухуащІыну хуит умыщІ. Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, Иеговэ зыгуэрым дызэрыхуигъасэр зыщыдгъэгъупщэнкъым (Евр. 12:7). Псалъэм папщІэ, дызыпэлъэща гугъуехьхэм къыдгурагъэІуам и фІыгъэкІэ дэ нэгъуэщІхэм гущІэгъу яхуэтщІу икІи яхуэдгъэгъуу зедгъэсэфынущ (Евр. 12:11). Дэ шэч къытетхьэкъым, Исуф хуэдэу дэри теубыдагъэ дгъэлъагъуэмэ, Иеговэ и нэфІ къызэрытщыхуэнум.
БИНИАМИН
17. Екъуб Биниамин теухуауэ жиІа псалъэхэр дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар? (ЩІэдзапІэ 49:27). (Рамкэми феплъ.)
17 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:27. Екъуб Биниамин дыгъужьым иригъэщхьащ. Апхуэдэу абы къыжиІащ Биниамин и щІэблэр зауэлІ хахуэу зэрыщытынур (Суд. 20:15, 16; 1 Лет. 12:2). «Пщэдджыжьым», Израил пащтыхьыгъуэр къыщыунэхуа къудейм, абы и япэ пащтыхь хъуар Биниамин къытехъукІа Щаулщ. Ар лІыгъэ хэлъу филистимлянхэм езауэт (1 Сам. 9:15—17, 21). Илъэс куэд дэкІауэ, «пщыхьэщхьэм», Биниамин къытехъукІа Мардохейрэ пащтыхь гуащэ Эсфиррэ израил цІыхухэр кІуэдыжыпІэм кърашыжащ (Эсф. 2:5—7; 8:3; 10:3).
18. Пэжагъ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ дауэ Биниамин лъэпкъым щапхъэ тетх зэрыхъунур?
18 Дерсхэр. Биниамин къытехъукІахэр ирипагэу къыщІэкІынт я лъэпкъым къыхэкІа цІыхухъур Израилым и пащтыхь зэрыхъуам. Ауэ иужькІэ Иеговэ Иудэ лъэпкъым къыхэкІа Даут пащтыхьу тригъэуващ. Биниамин къытехъукІахэм занщІэу ар ягу иримыхьами, иужькІэ абыхэм Даут и пащтыхьыгъуэр даІыгъащ (2 Сам. 3:17—19). Илъэс куэд дэкІауэ, лъэпкъипщІым зыкъыщаІэтам щыгъуэ, Биниамин лъэпкъыр Иеговэ тригъэува пащтыхьымрэ Иудэ лъэпкъымрэ хуэпэжу къэнащ (1 Цар. 11:31, 32; 12:19, 21). Нобэ дэри Иеговэ и лъэпкъыр зыхуей хуигъэзэну зыхуигъэфэща цІыхухъухэм хуэжыІэдаІуэу дыщывгъэт, щІэгъэкъуэни дахуэвгъэхъу (1 Фес. 5:12).
19. ЛІэн ипэ Екъуб къэхъун хуейуэ жиІа псалъэхэм сыт хуэдэ дерсхэр къыхэтха?
19 Къызэрытлъэгъуащи, лІэн ипэ Екъуб къэхъун хуейуэ жиІа псалъэхэм дерс щхьэпэ куэд хэтщ. Абы жиІахэр гъэзэщІа зэрыхъуар къыддэІэпыкъуащ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэм нэхъыбэжу дзыхь хуэтщІыну. Унагъуэ лъэпкъ къэс къылъыса фІыгъуэхэр къэтлъэгъуащ икІи абы фІыуэ къыдгуригъэІуащ Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми.
128 УЭРЭДЫР ИкІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къанэ
a Екъуб япэ и къуиплІым ныбжькІэ зэрызэкІэлъыкІуэм хуэдэу захуигъэзащ. Адрей и щІалэхэм защыхуигъазэм абы нэхъыжь нэхъыщІэкІэ ахэр зэхидзакъым.