24 СТАТЬЯР
98 УЭРЭДЫР Тхыгъэ ЛъапІэр Алыхьым къыбгъэдокІ
Къэхъун хуейуэ Екъуб жиІа псалъэхэм къыхэтх дерсхэр (япэ Іыхьэр)
«Фыкъызэхуэс, къэкІуэну махуэхэм къыфщыщІынур вжесІэнущ» (ЩІЭДЗ. 49:1).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Екъуб лІэн ипэ Рубэн, Симеон, Лэуий, Иудэ сымэ яжриІа псалъэхэр икІи а псалъэхэм къыхэтх хъуну дерсхэм.
1, 2. ЛІэн ипэ сыт Екъуб ищІар икІи сыт щхьэкІэ? (Сурэтым феплъ.)
ЕКЪУБ и ныбжьыр хэкІуэтауэ и унагъуэр и гъусэу Ханаан щІыналъэм икІри Мысыр къэралым Іэпхъуащ. Абы насыпрэ гуфІэгъуэрэ зыхищІэт, Исуф зэрыхуэзэжам икІи и бын унагъуэр псори зэгъусэ зэрыхъужам щхьэкІэ (ЩІэдз. 47:28). Абы иужькІэ илъэс 17 дэкІауэ, и лІэгъуэр къызэрысар щызэхищІам щыгъуэ, Екъуб и къуэхэр зэхуишэсри, мыхьэнэшхуэ зиІэ псалъэхэр яжриІащ (ЩІэдз. 49:28).
2 Пасэ зэманым хабзэ щыІэт унагъуэм и нэхъыжьым лІэн ипэ и бынхэм уэсят яхуищІыжу (Ис. 38:1). Псалъэм папщІэ, абы унафэ ищІт езыр лІа иужь унагъуэм нэхъыжьыгъуэр хэт къылъысынуми.
Екъуб и къуэ 12 зэхуишэсауэ, я къэкІуэным теухуауэ яжреІэ. (1, 2 абзацхэм феплъ.)
3. ЩІэдзапІэ 49:1, 2 сыт къыщытщІэр?
3 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:1, 2. Екъуб и унагъуэр щІызэхуишэсам мыхьэнэшхуэ иІэт. Ар бегъымбарт икІи Алыхьым и къарукІэ и къуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къэкІуэну махуэхэм къащыщІынур яжриІэну зигъэхьэзырт.
4. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур? («Екъуб и унагъуэр» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
4 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Екъуб лІэн ипэ Рубэн, Симеон, Лэуий, Иудэ сымэ яжриІа псалъэхэр. КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ къыщытщІэнущ Екъуб адрей и къуэхэм яжриІа псалъэхэр. Къызэрытлъэгъунущи, Екъуб и псалъэхэр зыхуэгъэзар и къуэ закъуэхэратэкъым, атІэ абыхэм я щІэблэ псоми хуэгъэзат. Зэман дэкІри а зэкъуэшхэм израил лъэпкъышхуэр къатехъукІащ. Екъуб и псалъэхэр а лъэпкъым деж гъэзэщІа щыхъуащ. Дэри абы мыхьэнэшхуэ зиІэ дерсхэр хэтхыфынущ. Псалъэм папщІэ, уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми къэтлъэгъунущ.
РУБЭН
5. Рубэн сытыт зыщыгугъыу къыщІэкІынур?
5 Екъуб япэщІыкІэ и къуэ нэхъыжьым мыпхуэдэу зыхуигъэзащ: «Рубэн, си щыпэлъху!» (ЩІэдз. 49:3). Рубэн зэрыщыпэлъхум щхьэкІэ и гугъэу къыщІэкІынт ІыхьитІ щІэину къылъысыну. Абы нэмыщІ ар щыгугъ хъунт лъэпкъым и нэхъыжь хъууэ, и щІэблэми а увыпІэр сыт щыгъуи яІыгъыну.
6. Рубэн щыпэлъхум кърит зэфІэкІыр сыт щІыфІэкІуэдар? (ЩІэдзапІэ 49:3, 4).
6 Ауэ Рубэн щыпэлъхум кърит зэфІэкІыр фІэкІуэдащ (1 Лет. 5:1). Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Рахэл лІэри зэман гуэр дэкІауэ, Рубэн и адэм и унэІут бзылъхугъэ Билхьэ и гъусэу зинэ ищІащ (ЩІэдз. 35:19, 22). Сыт Рубэн апхуэдэу щІищІар? Ар а цІыхубзым ехъуэпсагъэнт е зинэ ищІа иужь и адэм Билхьэ гущыкІ хуищІу, езы Рубэн и анэ Леа нэхъыфІу илъагъуну щыгугъыу къыщІэкІынт. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ абы имыІами, Рубэн ищІар Иеговэ дежкІи Екъуб дежкІи гущыкІыгъуэт. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:3, 4.)
7. Рубэнрэ абы и щІэблэмрэ теухуауэ Екъуб жиІа псалъэхэр дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар? («Къэхъун хуейуэ Екъуб жиІа псалъэхэр» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
7 Екъуб Рубэн жриІащ: «УефІэкІынукъым абыхэм». Мы псалъэхэр гъэзэщІа хъуащ. Библием зыщІыпІи иткъым Рубэн и щІэблэм щыщ гуэр пащтыхь, дин пашэ е бегъымбар хъуауэ. Ауэ Екъуб и къуэм и щІыб хуигъэзакъым икІи щІэиным хинакъым. Рубэн и щІэблэр израилым хыхьэ лъэпкъ 12 ящыщ зы хъуащ (Иис. Н. 12:6). Пэжщ, Рубэн Билхьэ и гъусэу ищІар щыуагъэшхуэт, ауэ абы апхуэдэ гуэныхь къытригъэзэжу ищІауэ зыщІыпІи дыкъыщеджэкъым. Рубэн и гъащІэм ухэплъэмэ болъагъу абы хьэл-щэныфІхэр зэрыхэлъар (ЩІэдз. 37:20—22; 42:37).
8. Рубэн и гъащІэм сыт хуэдэ дерсхэр къыхэтхрэ?
8 Дерсхэр. Дэ псори зышыІэныгъэм делэжьын хуейщ, зинэ щІэным зыдедмыгъэхьэхын щхьэкІэ. Гуэныхь щІэным узыІэпишэмэ, къэувыІи егупсыс Иегови, уи унагъуэми, адрей цІыхухэми абы къахуихьыну гухэщІым. Абы нэмыщІ зыщумыгъэгъупщэ: «ЦІыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ» (Гал. 6:7). Иджыри Рубэн и гъащІэм къегъэлъагъуэ Иеговэ гущІэгъушхуэ зэрыхэлъыр. Пэжщ, щыуагъэ тщІахэм къыпэкІуэм Алыхьым дэ дыщихъумэкъым, ауэ дыщІегъуэжрэ фІым адэкІэ дыхущІэкъумэ, абы къытхуегъэгъу икІи и нэфІ къытщохуэ.
СИМЕОНРЭ ЛЭУИЙРЭ
9. Екъуб Симеонрэ Лэуийрэ щІахуэмыарэзыр сытыт? (ЩІэдзапІэ 49:5—7).
9 Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:5—7. ИужькІэ Екъуб Симеонрэ Лэуийрэ захуегъазэ икІи абы и псалъэхэм къыхощ ар абыхэм хуабжьу зэрыхуэмыарэзыр. Ахэр иджыри Ханааным щыщыІэм щыгъуэ, а щІыпІэм щыпсэу Щэхэм Екъуб и пхъу Динэ лей ирихат. ДауикІ, зэкъуэш псори абы хуабжьу къигъэгубжьат, ауэ Симеонрэ Лэуийрэ я губжьым гъуэгу иратащ. ЦІыхухъухэм сунэт ящІмэ зэгурыІуэныгъэ иращІылІэну жаІэри, Симеонрэ Лэуийрэ Щэхэм и къалэм дэсхэр къагъэгугъащ. Къалэм дэс цІыхухъухэр абы арэзы техъуащ, ауэ «ещанэ махуэм, ахэр гукъыдэмыжу здэщылъым, Екъуб и къуитІым, Динэ и дэлъхухэу Симеонрэ Лэуийрэ, къащтащ щхьэж и джатэр икІи пэрыуэ щымыІэу къалэм дыхьэри, яукІащ цІыхухъу псори» (ЩІэдз. 34:25—29). Апхуэдэу зэкъуэшитІым ахэр къагъэпцІащ.
10. Симеонрэ Лэуийрэ теухуауэ Екъуб жиІа псалъэхэр дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар? («Къэхъун хуейуэ Екъуб жиІа псалъэхэр» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
10 Екъуб и къуитІым ягъэлъэгъуа гущІэгъуншагъэр ищІэжти, абы жиІащ ахэр зэкъуэуда зэрыхъунур икІи Израил щІыналъэ псом хэгуэшауэ зэрыщытынур. Екъуб и псалъэхэр гъэзэщІа хъуащ илъэс 200 щІигъу дэкІа нэужь, израил лъэпкъыр Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм щихьам щыгъуэ. Симеон лъэпкъым Иудэ лъэпкъым и щІыналъэм хыхьэ къалэхэм щыщ къылъысащ (Иис. Н. 19:1). Лэуий Израил псом хэгуэшауэ къалэ 48 къылъысащ (Иис. Н. 21:41).
11. Симеонрэ Лэуийрэ я щІэблэхэм сыт хуэдэ ІуэхуфІхэр ялэжьа?
11 Симеонрэ Лэуийрэ къатехъукІахэм я адэжьхэм ялэжьа щыуагъэхэм хуэдэ ящІакъым. Лэуий и щІэблэм къабзагъэр ихъумэу Иеговэ пэжу хуэлажьэт. Мусэ Алыхьым и Хабзэр къыІэрыхьауэ Синай бгым къыщехыжам щыгъуэ, къилъэгъуащ израил цІыхухэм щыщу куэдым дыщэм къыхэщІыкІа танэр зэрагъэлъапІэр. Мусэ жиІащ: «Иеговэ и лъэныкъуэр зыІыгъхэр си дежкІэ фыкъакІуэ!» Абы щыгъуэ левитхэм псоми Мусэ и лъэныкъуэр яубыдри, тхьэ нэпцІым хуэлажьэхэр зэтраукІащ (Исх. 32:26—29). ИужькІэ Иеговэ левитхэм хуигъэфэщащ ахэр дин пашэу лэжьэну (Исх. 40:12—15; Чис. 3:11, 12). Симеон къытехъукІахэм лІыгъэ яхэлъу Иудэ лъэпкъым и гъусэу Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэр къазэуащ. Ар Иеговэ и мурадым техуэт (Суд. 1:3, 17).
12. Симеонрэ Лэуийрэ я гъащІэм сыт хуэдэ дерсхэр къыхэтхрэ?
12 Дерсхэр. Дэ дыгубжьауэ зэи унафэ къатщтэ хъунукъым. Ди щхьэм, ди унагъуэм е ди ныбжьэгъум захуагъэ хэмылъу зыгуэр къыщыхущытым деж, дауикІ, хуабжьу ар ди жагъуэ мэхъу (Пс. 4:4). Ауэ губжьыр зытедгъакІуэу, ди жагъуэ къэзыщІам и гум еуэн гуэр жетІэмэ е етщІэмэ, Иеговэ ар игу ирихьынукъым (Екъуб 1:20). НтІэ, зыгуэр захуагъэ хэмылъу къыщытхущытым деж, сыт тщІэн хуейр? Библием къыдит чэнджэщхэм сыт щыгъуи дытетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, ди жагъуэ къэзыщІар ди къуэш, ди шыпхъухэрами е нэгъуэщІ гуэрми. Алыхьым и чэнджэщхэр дгъэзащІэмэ, псалъэкІи ІуэхукІи зыми зэран дыхуэхъунукъым (Рим 12:17, 19; 1 Пет. 3:9). НыбжьыщІэхэ, фи дежкІи абы дерс хэлъщ: фи адэ-анэхэм щыуагъэ ящІэхэм хуэдэ фэри фщІэжын хуейкъым. Абыхэм щыуагъэ зэращІам къикІкъым Алыхьыр арэзы фхуэмыщІыну. Фэ ІуэхуфІхэр влэжьын щывмыгъэтмэ, Іэмал имыІэу Иеговэ вгъэгуфІэнущ, и нэфІи къыфщыхуэнущ.
ИУДЭ
13. Иудэ щІэгузэвэн сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр иІэт?
13 Иджы Екъуб Иудэ зыхуегъазэ. Абы и къуэ нэхъыжьхэм яжриІар Иудэ щызэхихым, дауикІ, къэгузэват, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ езыми щыуагъэшхуэхэр ищІат. Псалъэм папщІэ, Щэхэм къалэр щызэхадыгъуэжым ари хэтауэ къыщІэкІынут (ЩІэдз. 34:27). Иудэ и къуэшхэм яжриІащ Исуф ящэну икІи я адэм пцІы хуэзыупсахэм ари яхэтащ (ЩІэдз. 37:27, 31—33). ИужькІэ Иудэ и нысэ Тамарэ и гъусэу зинэ ищІащ, ар къэхьпэ и гугъэу (ЩІэдз. 38:15—18).
14. Иудэ сыт хуэдэ ІуэхуфІхэр илэжьа? (ЩІэдзапІэ 49:8, 9).
14 Иудэ гузэвами, Екъуб абы щытхъуащ икІи езыми и щІэблэми Иеговэ и нэфІ зэрыщыхуэнур жриІащ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:8, 9.) Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Иудэ и адэ зи ныбжь хэкІуэтам и гурыщІэхэм зэрегупсысар икІи и къуэш нэхъыщІэ Биниамин гущІэгъу зэрыхуищІаращ (ЩІэдз. 44:18, 30—34).
15. Иудэ теухуауэ Екъуб жиІа псалъэхэр дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар?
15 Екъуб Иудэ жриІащ ар и къуэшхэм я тепщэу зэрыщытынур. Ауэ абы и псалъэхэр къыщыхъуар илъэс 200 хуэдиз дэкІа иужьщ. Израил лъэпкъыр Мысырым къикІыжауэ, губгъуэ нэщІым иту Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм щыкІуам щыгъуэ, ипэ иту кІуар Иудэ къытехъукІахэращ (Чис. 10:14). Илъэс бжыгъэ дэкІауэ, Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэр къыщазэум щыгъуэ, хананейхэм езэуэну япэу кІуар Иудэ лъэпкъыращ (Суд. 1:1, 2). Пащтыхь Даути къызыхэкІар Иудэ лъэпкъырат икІи абы къыщІэхъуахэм илъэс куэдкІэ пащтыхьыгъуэр яІыгъащ. Ауэ Екъуб Иудэ къызэригъэгугъа фІыгъуэхэр абдеж щиухакъым.
16. ЩІэдзапІэ 49:10 ит псалъэхэр дапхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъуар? («Къэхъун хуейуэ Екъуб жиІа псалъэхэр» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
16 Екъуб жиІат Иудэ къытехъукІа Пащтыхьыр цІыхухэм я тепщэу игъащІэкІэ зэрыщытынур. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 49:10.) А Пащтыхьыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы теухуауэ мелыІычым жиІащ: «И адэшхуэ Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм абы къритынущ» (Лк 1:32, 33). Абы нэмыщІ Хьисэ «Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщ аслъэнкІэ» йоджэ (Апок. 5:5).
17. Дапхуэдэу Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрыхущытыр икІи дауэ дэ абы щапхъэ тетх зэрыхъунур?
17 Дерсхэр. Иеговэ Иудэ и нэфІ щыхуащ, абы щыуагъэшхуэхэр зэрищІам емылъытауэ. Иудэ и къуэшхэм къагурыІуэ хъунтэкъым апхуэдэ щІыхь абы къыщІылъысар. Дауэ мыхъуами, Иудэ и хьэл-щэныфІхэр Иеговэ илъагъути, и нэфІ абы щыхуащ. Дапхуэдэу дэ Иеговэ щапхъэ зэрытетх хъунур? Псалъэм папщІэ, зыгуэрым пщІэ зыпылъ къалэн хуагъэфэщамэ, япэщІыкІэ мыпхуэдэу дегупсысынкІэ хъунущ: «Мыбы и щыуагъэхэр ямылъагъуу ара, а къалэныр дауэ абы хуагъэфэща?» Ауэ дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым а цІыхум хэлъ хьэл-щэныфІхэр Иеговэ лъапІэу зэрилъытэр. Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхилъагъуэр фІыращ, дэри абы щапхъэ тетхын хуейщ.
18. ШыІэныгъэ тхэлъыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
18 Дэ иджыри Иудэ деж шыІэныгъэм зыщедгъэсэфынущ. Иеговэ дыкъызэригъэгугъар сыт щыгъуи егъэзэщІэж. Ауэ ар абы зэригъэзащІэ щІыкІэмрэ щигъэзащІэ зэманымрэ дэ дызэригугъам темыхуэнкІэ хъунущ. Иудэ къытехъукІахэр занщІэу Алыхьым и лъэпкъым и пашэ хъуакъым. Ауэ а къалэныр игъэзэщІэну Алыхьым къыхихахэм ахэр сыт щыгъуи едэІуащ, псалъэм папщІэ, Лэуий лъэпкъым къыхэкІа Мусэ, Ефрем лъэпкъым къыхэкІа Нун и къуэ Ехьошуа, Биниамин лъэпкъым къыхэкІа Щаул. Дэри нобэ Иеговэ и лъэпкъыр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ къыхиха цІыхухъухэм я жыІэм дыщІэвгъэт (Евр. 6:12).
19. Къэхъун хуейуэ Екъуб жиІа псалъэхэм Иеговэ теухуауэ сыт къыдагъэщІар?
19 Екъуб и къуиплІым теухуауэ къэхъун хуейуэ жиІа псалъэхэм сыт хуэдэ дерсхэр къыхэтха? КъызэрыдгурыІуащи, «Алыхьым цІыху еплъыкІэкъым иІэр» (1 Сам. 16:7). Иеговэ шыІэныгъэшхуэ хэлъщ икІи игъэгъуну хьэзырщ. Алыхьым гуэныхьым мыхьэнэ иримыту щыткъым, ауэ абы и лэжьакІуэхэр цІыху дагъуэншэу зэрыщымытри ещІэж. ЦІыхум япэм гуэныхь хьэлъэ ищІами, ар и гум къыбгъэдэкІыу хущІегъуэжрэ ІуэхуфІхэр илэжьмэ, Иеговэ и нэфІ абы щыхуэнущ. КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ щызэпкърытхынущ Екъуб адрей и къуэхэм яжриІа псалъэхэр.
124 УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ