20 СТАТЬЯР
7 УЭРЭДЫР Иеговэщ къару къыдэзытыр
Иеговэ деж гупсэхугъуэ къыщыфлъыхъуэ
«ЩІыхьышхуэр ейщ гущІэгъуныгъэшхуэ зиІэ Адэ лъапІэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ Тхьэм» (2 КОР. 1:3).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Бабилэн гъэрыпІэм ихуа израил цІыхухэм Иеговэ гупсэхугъуэ зэраритам, дэри нобэ дапхуэдэу гупсэхугъуэ къыдитми.
1. Бабилэн гъэрыпІэм щыІа израил цІыхухэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр яІа?
ИЗРАИЛ цІыхухэм илъэс куэдкІэ Иеговэ и пащхьэ гуэныхь хьэлъэхэр щащІащ. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым хуит ищІащ абыхэм я щІыр бабилэн цІыхухэм къазэуну, езыхэри гъэрыпІэм яшэну (2 Лет. 36:15, 16, 20, 21). Абыхэм сыт хуэдэ гъащІэт гъэрыпІэм щрахьэкІар? Зы лъэныкъуэкІэ уеплъмэ, ахэр тэмэму псэут (Иер. 29:4—7). НэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ уеплъмэ, апхуэдэ гъащІэтэкъым ахэр зыщІэхъуэпсу щытар. ГъэрыпІэм щыІахэм щыщ зым и гурыщІэхэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къигъэлъэгъуащ: «Бабилэным и псы Іуфэхэм деж дыщысу, Сион бгыр дигу къэдгъэкІыжурэ дэ дыгът» (Пс. 137:1). Пэжщ, израил цІыхухэр гупсэхугъуэ хуабжьу хуэныкъуэт. Ауэ дэнэт ар къыщагъуэтыфынур?
2, 3. 1) Иеговэ гъэрыпІэм щыІа израил цІыхухэм дапхуэдэу гупсэхугъуэ яриту зэрыщытар? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Иеговэ — «гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ Тхьэщ» (2 Кор. 1:3). Абы и лэжьакІуэхэр фІыуэ елъагъу икІи абыхэм гупсэхугъуэ яритыну хуейщ. Иеговэ ищІэт Бабилэн гъэрыпІэм щыІэ языныкъуэхэр я гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжынур икІи къыхуэлэжьэн зэрыщІадзэжынур (Ис. 59:20). Абы къыхэкІкІэ израил цІыхухэр гъэрыпІэм яшэным илъэсищэ нэхърэ нэхъыбэ иІэу, Иеговэ бегъымбар Ешайа хуигъэушащ къэхъун хуей псалъэхэр зэрыт тхылъ итхыну. Абы мыпхуэдэ псалъэхэр итщ: «Гупсэхугъуэ ефт, гупсэхугъуэ ефт си лъэпкъым, — жеІэ фи Алыхьым» (Ис. 40:1). А тхылъым гупсэхугъуэ къозыт гупсысэ куэд итт икІи гъэрыпІэм щыІэ журтхэр абыхэм хуабжьу хуэныкъуэт.
3 Дэри щІэх-щІэхыурэ гупсэхугъуэ дыщыхуэныкъуэ къохъу. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ израил цІыхухэм дапхуэдэу гупсэхугъуэ яриту щытами: 1) зи гуэныхьым хущІегъуэжхэм хуигъэгъуну абы къигъэгугъащ; 2) и лэжьакІуэхэм гугъэ яритащ; 3) я къэкІуэным теухуауэ мыгузэвэну ядэІэпыкъуащ. Абы нэмыщІ дэ дытепсэлъыхьынущ дэри нобэ Иеговэ дапхуэдэу гупсэхугъуэ къыдитми.
ИЕГОВЭ ДИ ГУЭНЫХЬХЭР КЪЫТХУЕГЪЭГЪУ
4. ГъэрыпІэм щыІа израил цІыхухэм Иеговэ дапхуэдэу гущІэгъу зэрахуищІар? (Исайя 55:7).
4 Иеговэ Ешайа къигъэсэбэпу израил цІыхухэр къигъэгугъащ я гуэныхьхэр къахуигъэгъуну. (Къеджэ Исайя 55:7.) Абы и лъэпкъым жриІащ: «Ауэ сэ гущІэгъу пхуэсщІынущ, игъащІэкІэ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэ пхуэзгъэлъэгъуэнущ» (Ис. 54:8). Иеговэ и гущІэгъур сытым къыхэщрэт? Израил цІыхухэр я щыуагъэхэм щхьэкІэ гъэрыпІэм ихуами, Иеговэ ахэр къигъэгугъащ Бабилэным къришыжыну (Ис. 40:2). ДауикІ, а псалъэхэм зи гуэныхьым хущІегъуэжахэм икІи Алыхьыр зыгъэгуфІэну хуейхэм гупсэхугъуэ къаритауэ къыщІэкІынущ.
5. Иеговэ гущІэгъушхуэ хэлъу и лэжьакІуэхэм я гуэныхьхэр хуигъэгъуну зэрыхьэзырым сыт шэч къыщІытедмыхьэр?
5 Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Иеговэ гущІэгъушхуэ хэлъу и лэжьакІуэхэм я гуэныхьхэр хуигъэгъуну хьэзырщ. ГъэрыпІэм щыІа израил цІыхухэм нэхърэ дэ ар куэдкІэ нэхъыфІу къыдгуроІуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ гуэныхьым дыкъыІэщІихын щхьэкІэ Иеговэ сыт ищІами. Бегъымбар Ешайа и тхылъыр итха иужь илъэс щэ бжыгъэ дэкІри, Алыхьым фІыщэу илъагъу и Къуэр къигъэкІуащ, зи гуэныхьым хущІегъуэж цІыхухэм щхьэщэхуж къурмэныпхъэ яхуэхъун щхьэкІэ. Мэссихь и къурмэныпхъэм Иеговэ Іэмал ирет ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну — ахэр зэи щымыІам хуэдэу игъэкІуэдыну (Ис. 1:18; Апост. 3:19; Еф. 1:7). Ди Алыхь Иеговэ сыту гущІэгъушхуэ хэлъ!
6. Иеговэ ди щыуагъэхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр икІи ар зэрытщІэм сыт гупсэхугъуэ къыщІыдитыр? (Сурэтми феплъ.)
6 Исайя 55:7 итым зи щхьэ мыгъуагъэ хуэзыхьыжхэм гупсэхугъуэ яритыжыфынущ. Языныкъуэхэм я гуэныхьым хущІегъуэжа иужьи загъэкъуаншэ, псом хуэмыдэу, ящІа щыуагъэм къыпэкІуар щызыхащІэм деж. Ауэ, ди гуэныхьыр щІэдмыхъумамэ икІи ар аргуэру дымыщІэн щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэмэ, Иеговэ ар къызэрытхуигъэгъуам шэч къытедмыхьэми хъунущ. Дэ ди щыуагъэхэм Иеговэ зэрыхущытым хуэдэу дыхущытын хуейщ. Алыхьым ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуа иужь ахэр афІэкІа игу къигъэкІыжкъым. (Евгъапщэ Иеремия 31:34.) Иеговэ дежкІэ мыхьэнэ зиІэр япэм тщІаракъым, атІэ иджыпсту тщІэращ (Иез. 33:14—16). Куэд дэмыкІыу гущІэгъушхуэ зыхэлъ ди Алыхьым тщІа щыуагъэхэм къыпэкІуауэ хъуар игъащІэкІэ Іуихынущ.
Иеговэ дежкІэ мыхьэнэ зиІэр япэм тщІаракъым, атІэ иджыпсту тщІэращ (6 абзацым феплъ.)
7. Гуэныхь тщІамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэну сыт къыддэІэпыкъунур?
7 Ди гуэныхьыр зэрыщІэтхъумэм къыхэкІкІэ ди напэр къыдэныкъуэкъумэ, сыт тщІэн хуейр? Библием дыхуегъэуш зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэну (Екъуб 5:14, 15). Апхуэдэ лъэбакъуэ тчыну ди дежкІэ гугъуу щытыфынущ. Ауэ дэ къыддэІэпыкъунущ ди гум къыбгъэдэкІыу ди гуэныхьым дызэрыхущІегъуэжыр. Абы нэмыщІ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Иеговэ — гущІэгъу зыхэлъ Алыхьу зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэри лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ хэлъу къыддэІэпыкъунущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр ди къуэш А́ртурa зэрыдэІэпыкъуам деплъынщ. Абы жеІэж: «Илъэс хуэдизкІэ сэ порнографие сеплъащ. Ауэ напэм теухуауэ псалъэ гъэхьэзыра седэІуа иужь, сэ си щхьэгъусэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ я пащхьэ зыщызыумысыжащ. Абы иужь си пщэм мывэшхуэ дэхужам хуэдэт. Ауэ сэ иджыри сигу зэбгъэжт. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къызжаІащ Иеговэ ІэщІыб сызэримыщІар икІи адэкІи си ныбжьэгъуу щытыну зэрыхуейр. Абы тезыр къыщІыстрилъхьэр фІыуэ селъагъури аращ. Къуэшхэм я псалъэ гуапэхэр си гум лъэІэсащ икІи сэ къызгурыІуащ Иеговэ пэж дыдэу къызэрысхуигъэгъуар». Иджыпсту Артур общэ пионерщ икІи зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъущ. Ди гуэныхьым дыхущІегъуэжмэ, Иеговэ къызэрытхуигъэгъур зэрытщІэм сыту гупсэхугъуэ къыдитрэ!
ИЕГОВЭ ДЭ ГУГЪЭ КЪЫДЕТ
8. 1) Иеговэ гъэрыпІэм щыІэ израил цІыхухэм сыт хуэдэ гугъэ яритар? 2) Исайя 40:29—31 зэритымкІэ, зи гуэныхьым хущІегъуэжа израил цІыхухэм гугъапІэр дапхуэдэут къазэрыдэІэпыкъуфынур?
8 Израил цІыхухэм я гугъэфынут я Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу икІи я щІыналъэм зэи ямыгъэзэжыфыну. Бабилэн дунейпсо державэм гъэру иубыда цІыхухэр къиутІыпщыжу и хабзэтэкъым (Ис. 14:17). Ауэ Иеговэ и еплъыкІэкІэ Бабилэныр сабэм хуэдэт (Ис. 40:15). Абы уепщэмэ, ар щыІэжкъым! Иеговэ и лъэпкъыр щхьэхуит ищІыжыну къигъэгугъащ икІи абы зыри зэран къыхуэхъуфынутэкъым (Ис. 44:26; 55:12). А гугъэр израил цІыхухэм дапхуэдэу къазэрыдэІэпыкъуар? Абыхэм гупсэхугъуэ ягъуэтыжащ. Ауэ абы и закъуэкъым. Ешайа бегъымбарым итхащ: «Иеговэ щыгугъхэм къару ягъуэтыжынущ». (Къеджэ Исайя 40:29—31.) Пэжщ, гугъапІэм къарит къарум и фІыгъэкІэ абыхэм «бгъэм и дамэр ятетым хуэдэу» къалъэтыхьыфынут.
9. Израил цІыхухэм сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр яІэт Иеговэ ахэр щхьэхуит зэрищІыжыным шэч къытрамыхьэну?
9 Иеговэ гъэрыпІэм щыІэ израил цІыхухэм яригъэлъэгъуащ абы и псалъэхэм дзыхь хуэпщІ зэрыхъунур. Дапхуэдэу? Абыхэм ящІэт Иеговэ зэрыжиІам хуэдэу, Ассирием лъэпкъипщІ хъу ищхъэрэ пащтыхьыгъуэр иубыду, абы ис цІыхухэр зэригъэІэпхъуар (Ис. 8:4). Абыхэм иджыри ялъэгъуащ бабилэн цІыхухэм Ерусалим зэтракъутэу, лъэпкъыр гъэрыпІэм зэрашар (Ис. 39:5—7). А псом нэмыщІ бабилэн цІыхухэм пащтыхь Седекие и нэр иращІу, гъэрыпІэм зэрашар абыхэм ялъэгъуащ (Иер. 39:7; Иез. 12:12, 13). Апхуэдэу къэхъун хуейуэ Иеговэ жиІауэ хъуар гъэзэщІа хъуащ (Ис. 42:9; 46:10). ДауикІ, а псом Иеговэ щхьэхуит зэрищІыжыным теухуауэ израил цІыхухэм яІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІащ.
10. Мы иужьрей махуэхэм ди гугъэр мыужьыхын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
10 Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Дэ хуабжьу къыщыдэхьэлъэкІым деж ди гугъэм къарурэ гупсэхугъуэрэ къыдитыфынущ. Дыщыпсэу зэманыр егъэлеяуэ гугъущ икІи зэфІэкІышхуэ зиІэ бийхэр къытпэщІэтщ. Ауэ, абы емылъытауэ, дэ ди Іэр етхьэх хъунукъым. Иеговэ дыкъегъэгугъэ жэнэт хъужа щІылъэм мамыру, зы щхьэкІи дымышынэу игъащІэкІэ дыщигъэпсэуну. Дэ дыхуейкъым а гугъэр ужьыхыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу къэхъумэ, щхьэгъубжэ фІейм дэплъу дуней дахэм еплъ цІыхум ещхь дыхъунущ. НтІэ, сыт дэ тщІэн хуейр а «щхьэгъубжэр» къабзэу щытын щхьэкІэ? ЗэрыхъукІэ нэхъ щІэх-щІэхыурэ дунеищІэм щыІэну гъащІэ дахэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ. А темэм теухуа статьяхэм еджэ, видеохэм еплъ, уэрэдхэм едаІуэ. Абы нэмыщІ дунеищІэм щыІэну фІыгъуэхэм щыщу къыпхуэмыгъэсу узыпэплъэхэм теухуауэ Иеговэ дэгуашэ.
11. Ди зы шыпхъум и гугъуехьхэм пэщІэтыну сыт къыдэІэпыкъур?
11 Сымаджэ хьэлъэу щыт ди шыпхъу Джой и гугъапІэр дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъур? Абы жеІэ: «Си гугъуехьу хъуар зэуэ къыщыстегуплІэм деж си гурыщІэхэр псори Иеговэ хузоІуатэ. Сэ сощІэ: абы фІыуэ сыкъыгуроІуэ икІи сыт щыгъуи „лъэкІыныгъэшхуэ“ къызет» (2 Кор. 4:7). Абы нэмыщІ «„сэ сысымаджэщ“ жиІэу зыми» щыжимыІэжыну дунеищІэм щыІэу Джой и нэгу къыщІегъэхьэ (Ис. 33:24). Дэри ди гурыщІэхэр Иеговэ хуэтІуатэмэ икІи гугъэ диІэм дегупсысмэ, сыт хуэдэ гугъуехьми дыпэщІэтыну къару диІэнущ.
12. Иеговэ дыкъызэригъэгугъэм дзыхь хуэтщІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ? (Сурэтми феплъ.)
12 Пасэрей зэманым псэуа израил цІыхухэм хуэдэу, дэри нобэ щхьэусыгъуэ куэд диІэщ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэм дзыхь хуэтщІыну. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр нобэ къызэрыхъум девгъэгупсысыт. Псалъэм папщІэ, бегъымбар Данил итхащ «зыгуэркІи быдэу, зыгуэркІи махэу» пащтыхьыгъуэ къызэрыунэхунур (Дан. 2:42, 43). А дунейпсо державэм и тетыгъуэ зэманым дэ иджыпсту дыщопсэу. Абы нэмыщІ дэ зэхыдох щІыпІэ-щІыпІэхэмкІэ щІыр хуабжьу зэрыхъейр. Иджыри дэ «цІыху лъэпкъ псоми» хъыбарыфІыр яжыдоІэ (Мт. 24:7, 14). Библием ит псалъэхэр къызэрыхъум ди фІэщхъуныгъэр егъэбыдэ. Аращи, Иеговэ дыкъызэригъэгугъауэ хъуар Іэмал имыІэу зэригъэзэщІэжынум дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым.
Библием ит псалъэхэр къызэрыхъур ди нэкІэ щытлъагъум деж абы ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ, Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псор къызэрыхъунум теухуауэ (12 абзацым феплъ.)
ИЕГОВЭ КЪЫДДОІЭПЫКЪУ КЪЭКІУЭНУ ЗЭМАНЫМ ТЕУХУАУЭ ДЫМЫГУЗЭВЭНУ
13. 1) Щхьэхуит щыхъужыным ипэ къихуэу израил цІыхухэм сыт хуэдэ гугъуехьт къапэщылъыр? 2) Иеговэ гъэрыпІэм щыІэ израил цІыхухэм дапхуэдэу гупсэхугъуэ зэраритар? (Исайя 41:10—13).
13 Иеговэ гъэрыпІэм щыІэ израил цІыхухэм гугъэ дахэ яритами, абы ищІэт ахэр щхьэхуит щыхъужыным ипэ къихуэу, я Іуэхур гугъу зэрыхъунур. Алыхьым жиІат а зэманым зэфІэкІышхуэ зиІэ пащтыхьым Бабилэным и гъунэгъу лъэпкъхэр къызэризэуныр, езы Бабилэнми зэрытеуэныр (Ис. 41:2—5). Израил цІыхухэм щІэшынэн щхьэусыгъуэ яІэт? Ар къэхъуным иджыри зэман иІэу, гушхуэныгъэ къозыт мы псалъэхэр Иеговэ абыхэм къажриІат: «Умышынэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сыуигъусэщ. Умыгузавэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи Алыхьыр сэращ». (Къеджэ Исайя 41:10—13.) Иеговэ «уи Алыхьыр сэращ» щыжиІам щыгъуэ сыт абы къригъэкІар? Абы а псалъэхэр щІыжиІар узыхуэлэжьэн хуейр хэтми ягу къигъэкІыжын щхьэкІэтэкъым. Иеговэ израил цІыхухэм я фІэщ ищІыну хуейт сыт щыгъуи я гъусэу зэрыщытынур икІи ахэр абы щыгугъ зэрыхъунур (Пс. 118:6).
14. Иеговэ гъэрыпІэм щыІэ израил цІыхухэм шынэм текІуэну дапхуэдэу иджыри зэрадэІэпыкъуар?
14 Иеговэ гъэрыпІэм щыІэ израил цІыхухэм шынэм текІуэну дапхуэдэу иджыри зэрадэІэпыкъуар? Абы израил цІыхухэм ягу къигъэкІыжащ и къарумрэ и щІэныгъэмрэ гъунэ зэримыІэр. Алыхьым и лъэпкъыр вагъуэхэм еплъыну хуигъэушри жиІащ, ахэр къигъэщІа къудейуэ щымыту дэтхэнэ зыми и цІэр зэрищІэр (Ис. 40:25—28). Апхуэдэу щыщыткІэ, дауикІ, абы дэтхэнэ и зы лэжьакІуэми и цІэр ещІэ. Апхуэдиз вагъуэ Иеговэ къыщигъэщІыфакІэ, шэч хэмылъу, и лъэпкъми дэІэпыкъуну абы къару иІэщ. Пэжщ, израил цІыхухэм щІэшынэн икІи щІэгузэвэн щхьэусыгъуэ лъэпкъ яІэтэкъым.
15. Иеговэ израил цІыхухэр къэхъуну Іуэхугъуэхэм дапхуэдэу зэрыхуигъэхьэзырар?
15 Иеговэ иджыри израил цІыхухэм яжриІащ ахэр щхьэхуит щыхъужыну зэманыр къыщыскІэ, абыхэм сыт ящІэн хуейми. Исайя 26:20 Алыхьым жиІа мы псалъэхэр итщ: «Си лъэпкъ, уи унэ кІуэцІым щыІэ пэшхэм щІыхьэж, бжэхэри здыхуэщІыж. Зы дакъикъэкІэ зыгъэпщкІу, си губжьыр блэкІыху». Пащтыхь Кир Бабилэн къалэр щиубыдам щыгъуэ, израил цІыхухэр а унафэм тетауэ къыщІэкІынущ. Пасэрей зэманым псэуа, тхыдэм елэжьу щыта Ксенофо́нт зэрыжиІамкІэ, Кир къалэм щыдыхьам щыгъуэ и зауэлІхэм унафэ хуищІащ «уэрамым дэту хъуар зэтраукІэну». Бабилэным дэса цІыхухэр зэрыгужьеяр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! Ауэ израил цІыхухэр зы щхьэкІи шынакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ахэр Иеговэ жиІэм едэІуащ.
16. Ди къэкІуэным теухуауэ сыт егъэлеяуэ дыгузэвэн щІыхуэмейр? (Сурэтми феплъ.)
16 Сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфынур? Куэд мыщІэу гузэвэгъуэшхуэр къэсынущ икІи а зэманыр егъэлеяуэ гугъу хъунущ. Абы щыгъуэ цІыхухэр гужьеяуэ, я щхьэр здахьынур ямыщІэу щытынущ. Ауэ абыхэм Иеговэ и лэжьакІуэхэр яхэтынукъым. Дэ дощІэ Иеговэ ди Алыхьу зэрыщытыр. Абы щыгъуэ лІыгъэр тфІэкІуэдынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Тхьэм гугъуехьыр щытщхьэщихыжыну махуэр къызэрыблэгъам» дэ шэч лъэпкъ къытетхьэнукъым (Лк. 21:28). Лъэпкъ зэгухьэнухэр къыттеуа иужьи дэ Иеговэ дзыхь хуэтщІын къэдгъэнэнукъым. Абы и мелыІычхэр къигъэсэбэпу дыкъихъумэнущ икІи дызыхуэныкъуэ унафэхэр къыдитынущ. А унафэхэр дапхуэдэу къызэрытІэрыхьэнур? Абы теухуауэ дэ иджыпсту зыри тщІэкъым. Ауэ шынагъуэ лъэпкъ здэщымыІэну «унэ кІуэцІым щыІэ пэшхэр» жыхуиІэ псалъэхэр зыхуэхьар ди зэхуэсхэрауэ къыщІэкІынкІэ хъунущ. Дапхуэдэу-тІэ а зэман гугъум зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур? Ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр дгъэбыдэн икІи Иеговэ ди организацэр зэриунэтІым шэч къытедмыхьэу, абы къыдит унафэхэр дгъэзэщІэн хуейщ (Евр. 10:24, 25; 13:17).
Гузэвэгъуэшхуэ зэманым дэ дыгужьеяуэ дыщытынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ дыкъригъэлыну къару зэриІэм шэч лъэпкъ къытетхьэкъым (16 абзацым феплъ.)b
17. Сыт тщІэн хуейр Иеговэ гупсэхугъуэ къыдитын щхьэкІэ?
17 Бабилэн гъэрыпІэм щыІа израил цІыхухэм я гъащІэр тыншу щымытами, Иеговэ абыхэм гупсэхугъуэ яритащ. Дэри абы гупсэхугъуэ къыдитыну дыщыгугъ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ фи гъащІэм сыт къыщымыхъуами Иеговэ деж гупсэхугъуэ къыщыфлъыхъуэ. Абы фІыщэу фызэрилъагъум, гущІэгъушхуэ хэлъу къызэрыфхущытым шэч лъэпкъ къытевмыхьэ. Фи гугъэр зэрымыужьыхыным иужь фит икІи зыщывмыгъэгъупщэ Иеговэ фи Алыхьу зэрыщытыр. Ар фи гъусэу, фыщІэшынэн лъэпкъ щыІэкъым.
3 УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
b СУРЭТЫМ ИТЫР. Къуэш, шыпхъухэр гуп цІыкІуу зэхуэсауэ уафэм доплъей. Вагъуэхэм щеплъкІэ абыхэм ягу къокІыж Иеговэ и лэжьакІуэхэр дэнэ щымыпсэуами къихъумэну къару зэриІэр.