ЧЭНДЖЭЩ ЩХЬЭПЭХЭР
Гъуджэр тэмэму къэгъэсэбэп
Екъуб Библиер гъуджэм иригъэщхьащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а тхылъыр къыддоІэпыкъу дызэрыщыт дыдэр тлъэгъужыну (Екъуб 1:22—25). Дапхуэдэу дэ а гъуджэр къызэрыдгъэсэбэпын хуейр?
Узэджэм уи гур теухуэ. УблэкІ пэтрэ упІащІэу гъуджэм уиплъэмэ, уиІэ ныкъусан гуэрым гу лъумытэнкІэ хъунущ. Библием дызэреджэр абы ебгъэщхь хъунущ: а тхылъым ІэхъуэтегъэкІыу деджэмэ, ди гъащІэм хэтлъхьэн хуей зэхъуэкІыныгъэм гу лъыдмытэнкІэ хъунущ. Алыхьым и Псалъэм ущеджэкІэ, пхъуэжын хуейм гу лъыптэн щхьэкІэ, узэджэм уи гур тебухуэн хуейщ.
Адрейхэм уемыплъу, уэ зыкІэлъыплъыж. Иныкъуэхэм деж гъуджэм дыщиплъэкІэ нэгъуэщІ цІыхухэр абы къызэрищыр тлъагъункІэ хъунущ. Библием дыщеджэкІи апхуэдэ гуэр къытщыщІыфынущ: дызэджэр нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэм хуэтхьу, ди ныкъусанхэм гу лъыдмытэжынкІэ хъунущ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр дэ зэран къытхуэхъунущ фІы и лъэныкъуэкІэ зытхъуэжыну.
ЦІыху дагъуэншэу ущытын хуейуэ къомылъытэ. Гъуджэм щытлъагъу ди ныкъусанхэм мыхьэнэшхуэ еттмэ, абы ди гур зригъэбгъэжыфынущ. Алыхьым и Псалъэм дыщеджэм деж, дэ зэхэщІыкІ тхэлъын хуейщ, Иеговэ къытхуигъэувым нэхърэ нэхъыбэ ди щхьэм хуэдмыгъэувыжын щхьэкІэ (Екъуб 3:17).