ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Март н. 26—31
  • Иеговэ и Іэр кІэщІкъым

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и Іэр кІэщІкъым
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • МУСЭРЭ ИЗРАИЛ ЦІЫХУХЭМРЭ КЪАЩЫЩІАР
  • АХЪШЭМ ПЫЩІА ГУГЪУЕХЬ ДЫЩИІЭМ ДЕЖ
  • ДИ НЫБЖЬЫР ХЭКІУЭТА ИУЖЬ ДЫЗЫХУЭНЫКЪУЭР ДИІЭНЫМ ЩХЬЭКІЭ ДЫЩЫГУЗАВЭМ ДЕЖ
  • Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм иужьрейуэ жаІа псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Зыгуэрым теухуауэ щыгъуазэу дыщымытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Зыщывмыгъэгъупщэ, Иеговэ — «Алыхь псэущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Март н. 26—31

13 СТАТЬЯР

4 УЭРЭДЫР «Иеговэ — си Мэлыхъуэщ»

Иеговэ и Іэр кІэщІкъым

«Иеговэ и Іэр кІэщІу ара?» (ЧИС. 11:23).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ Иеговэ дызыхуэныкъуэр сыт щыгъуи къызэрыдитынум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІыну.

1. Мусэ израил лъэпкъыр Мысырым къыщришыжым Иеговэ дзыхь зэрыхуищІыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?

ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ быдэ яІэу Алыхьым пэжу хуэлэжьа цІыху куэдым Еврейхэм тхылъым и гугъу ещІ. Мусэ абыхэм ящыщ зыщ (Евр. 3:2—5; 11:23—25). Абы израил лъэпкъыр Мысырым къыщришыжым щыгъуэ фІэщхъуныгъэшхуэ игъэлъэгъуащ. Ар фирхьэунми абы и дзэшхуэми щышынакъым. Мусэ Иеговэ щыгугъыу израил лъэпкъыр Хы Плъыжьым зэпришри губгъуэ нэщІым ишащ (Евр. 11:27—29). Абы щыгъуэ куэдым Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуфынум шэч къытрахьэу щІадзат. Абыхэм елъытауэ Мусэ Алыхьым адэкІи дзыхь хуищІт икІи ар абы хущІегъуэжакъым. Алыхьым ахэр зыхуэныкъуэ шхынрэ псырэ къаритащ, къэкІыгъэ лъэпкъ здэщымыІэ губгъуэ нэщІым ахэр щымылІэн щхьэкІэ (Исх. 15:22—25; Пс. 78:23—25)a.

2. «Иеговэ и Іэр кІэщІу ара?» жиІэу Алыхьыр Мусэ щІеупщІар сыт? (Числа 11:21—23).

2 Израил цІыхухэр Мысырым къызэрикІыжрэ илъэс хуэдиз дэкІауэ, Иеговэ абыхэм лы къазэрыритынур жиІат. Мусэ фІэщхъуныгъэ быдэ иІами, абы къыгурыІуэтэкъым мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр губгъуэ нэщІым Иеговэ лыкІэ зэрыщигъэшхэнур. Абы къыхэкІкІэ, Алыхьыр Мусэ къеупщІащ: «Иеговэ и Іэр кІэщІу ара?» (Къеджэ Числа 11:21—23.) «Иеговэ и Іэр» жыхуиІэ псалъэхэм къагъэлъагъуэр Алыхьым и къару лъапІэращ. НэгъуэщІу жыпІэмэ Иеговэ Мусэ мыпхуэдэу еупщІауэ жыпІэ хъунущ: «Сэ жысІа псалъэхэр схуэмыгъэзэщІэжыну къыпщыхъуу ара?»

3. Мусэрэ израил цІыхухэмрэ къащыщІам дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

3 Уэ зэгуэр угузэва «Иеговэ сэри си унагъуэми дызыхуэныкъуэр къыдитыфыну пІэрэ?» жыпІэу. Дапхуэдэу мыхъуами, Мусэрэ израил цІыхухэмрэ къащыщІам дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Дэ къэтщІэнущ абыхэм шхын къаритыну Иеговэ зэфІэкІ зэриІэм шэч къыщІытрахьар сытми. Абы нэмыщІ Иеговэ сыт щыгъуи къызэрыддэІэпыкъунум теухуауэ ди фІэщхъуныгъэр зыгъэбыдэн Библием ит принцип зыбжанэ зэпкърытхынущ.

МУСЭРЭ ИЗРАИЛ ЦІЫХУХЭМРЭ КЪАЩЫЩІАР

4. Израил лъэпкъым щыщ куэдым Иеговэ ахэр зыхуей зэрыхуигъэзэным шэч къытрахьэу щІыщІадзар сыт?

4 Израил цІыхухэмрэ нэгъуэщІ лъэпкъхэм къыхэкІа цІыхухэмрэ зэман гуэр хъуауэ губгъуэ нэщІым иту Ханаан щІыналъэмкІэ кІуэт (Исх. 12:38; Втор. 8:15). НэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм мэнн шхыныгъуэр яужэгъури нэгъуэщІ шхын хуейуэ жаІэу щІадзащ. Израил цІыхухэри абыхэм дэплъейри тхьэусыхэу щІадзащ. А цІыхухэм Мысырым щаІа шхыныгъуэхэм хуэзэшу жаІэт (Чис. 11:4—6). И лъэпкъэгъухэр зэрытхьэусыхэм къыхэкІкІэ Мусэ егупсысу щІидзащ ахэр лыкІэ игъэшхэн хуейуэ и къалэну, ауэ апхуэдиз лы къыздрихынур ищІэтэкъым (Чис. 11:13, 14).

5, 6. НэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэр израил цІыхухэм я гупсысэкІэм дауэ зэран зэрыхуэхъуар икІи дэ абы сытым дыхуигъасэрэ?

5 НэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм Иеговэ къахуищІар фІыщІэ ящІтэкъым, израил цІыхухэми апхуэдэ гупсысэкІэ яІэ хъуащ. Дэри апхуэдэу къытщыщІынкІэ хъунущ, фІыщІэ зигу имылъ цІыхухэм даригъусэу щытмэ. Дэ щІэддзэнкІэ хъунущ Иеговэ къытхуищІэр фІыщІэ дымыщІыжу, япэм диІам дыхуэзэшу е нэгъуэщІхэм яІэм щхьэкІэ дефыгъуэу. Ауэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ димыхуами, диІэмкІэ арэзыуэ дыщыту зедгъасэмэ, нэхъ насыпыфІэ дыхъунущ.

6 Израил цІыхухэм Иеговэ къызэригъэгугъар зыщагъэгъупщэн хуейтэкъым. Абы жиІат ахэр Ханаан щІыналъэм ихьа иужь берычэту псори зэраІэнур. Ауэ а псалъэхэр гъэзэщІа щыхъун хуеяр Ханаан щІыналъэрат, атІэ губгъуэ нэщІыратэкъым. Дэри мы дунеижьым дызыхуей псор дымыгъуэтми, ар дигу щІэдмыгъэхьэу, къэкІуэну зэманым Иеговэ къыдитыну тыгъэхэм ди акъылыр тедухуэмэ нэхъыфІщ. Абы нэмыщІ Иеговэ нэхъыбэу дзыхь хуэтщІыну къыддэІэпыкъун Библием ит едзыгъуэхэм дегупсыс хъунущ.

7. Иеговэ и Іэр дэни зэрынэсыфынум шэч къытетхьэн щІыхуэмейр сыт?

7 «Иеговэ и Іэр кІэщІу ара?» жиІэу Алыхьыр Мусэ щІеупщІар сыт? Мусэ абы и къару закъуэм емыгупсысу, атІэ ахэр дэнэ щымыІами къазэрыдэІэпыкъуфынум иригъэгупсысыну Иеговэ хуеяуэ къыщІэкІынущ. Пэж дыдэу Иеговэ здынэмысыфын щІыпІэ щыІэкъым! Абы израил цІыхухэр тІэпІу лыкІэ губгъуэ нэщІым щигъэшхэфынут. Иеговэ къигъэлъэгъуащ и Іэ лъэщымкІэ абыхэм зэрыдэІэпыкъуфынур (Пс. 136:11, 12). Аращи, дэнэ дыщымыІами, сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуфынум шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ (Пс. 138:6, 7).

8. Израил цІыхухэр губгъуэ нэщІым щитам ящІа щыуагъэр дымыщІэжыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

8 ТІэкІу дэкІри Иеговэ жиІар игъэзэщІэжащ — уи нэгу къыпхущІэмыгъэхьэну ныбгъуэ куэд и лъэпкъым иритащ. Ауэ Алыхьым телъыджэу къарита тыгъэм щхьэкІэ абыхэм фІыщэ ящІакъым. Ахэр нэпсейуэ увыІэгъуэ ямыІэу махуэрэ ныкъуэкІэ ныбгъуэхэр зыхуахьэсащ. Арати, Иеговэ къэгубжьри а цІыху щхьэхуещэхэм тезыр ятрилъхьащ (Чис. 11:31—34). Абыхэм къащыщІам сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну? Дэ нэпсеягъэм зыщытхъумэн хуейщ. Аращи, диІэ мылъкум емылъытауэ, Иеговэрэ Хьисэрэ яхудиІэ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрытщІыным иужь дивгъэт (Мт. 6:19, 20, ДЩІ; Лк. 16:9). Абы щыгъуэ Алыхьым Іэмал имыІэу дызыхуэныкъуэ псор къыдитынущ.

Жэщым губгъуэ нэщІым иту израил цІыхухэм ныбгъуэхэр гужьеяуэ зыхуахьэс.

Губгъуэ нэщІым щитам израил цІыху куэдым сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр ягъэлъэгъуа икІи абы дэ сытым дыхуигъасэрэ? (8 абзацым феплъ.)


9. Дэ сытым шэч къытедмыхьэми хъуну?

9 Ноби Иеговэ и Іэ лъэщымкІэ и лэжьакІуэхэм доІэпыкъу. НтІэ, абы къикІыу пІэрэ ахъшэм е ерыскъым пыщІа гугъуехьхэр димыІэну? ДауикІ, къикІкъымb. Ауэ Иеговэ сыт щыгъуи дигъусэнущ икІи сыт хуэдэ гугъуехь димыІами къыддэІэпыкъунущ. Дапхуэдэу Алыхьым дзыхь зэрыхуэтщІыр къызэрыдгъэлъэгъуэфынур: 1) ахъшэм пыщІа гугъуехь дыщиІэм деж, 2) ди ныбжьыр хэкІуэта иужь «дызыхуэныкъуэр диІэну пІэрэ?» жытІэу дыщыгузавэм деж?

АХЪШЭМ ПЫЩІА ГУГЪУЕХЬ ДЫЩИІЭМ ДЕЖ

10. Ахъшэм пыщІа сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэнкІэ хъуну?

10 Мы дунейр и кІэм хуэкІуэху ахъшэм пыщІа гугъуехьхэр нэхъ куэд хъуну къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, къэрал унафэщІхэм зэрызахъуэжым, зауэхэр, гузэвэгъуэшхуэхэр къызэрыхъум е пандемие щІэ гуэрхэр къызэрежьэм къыхэкІкІэ ди лэжьапІэр, ди мылъкур е ди унэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ ди унагъуэр зыхуей хуэдгъэзэн щхьэкІэ лэжьапІэщІэ къэдгъуэтын е нэгъуэщІыпІэ дыІэпхъуэн хуеинкІэ хъунущ. НтІэ, дэ къатщтэ унафэхэмкІэ Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?

11. Ахъшэм пыщІа гугъуехьхэм дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Лука 12:29—31).

11 Япэрауэ, узыгъэгузавэ псор Иеговэ хуэІуатэ (Прит. 16:3, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы елъэІу уи гум мамырыгъэ кърилъхьэну икІи унафэ тэмэм къэпщтэн щхьэкІэ Іущагъ къыуитыну. (Къеджэ Лука 12:29—31.) УиІэмкІэ арэзыуэ ущытын щхьэкІэ Алыхьым зэпымыууэ елъэІу (1 Тим. 6:7, 8). Абы нэмыщІ ахъшэм пыщІа гугъуехьхэм упэлъэщыну къыбдэІэпыкъун статьяхэмрэ видеохэмрэ jw.org сайтым итщ. Куэдым сэбэп къахуэхъуа чэнджэщыфІхэр абыхэм къыщыбгъуэтыфынущ.

12. Алыхьым и лэжьакІуэм лэжьапІэ къыщыхихкІэ сыт хуэдэ упщІэхэм егупсысын хуей?

12 Языныкъуэхэр арэзы техъуащ я унагъуэм пэжыжьэу лэжьэну, ауэ иужькІэ къагурыІуэжащ а унафэм Іущагъ зэрыхэмылъар. ЛэжьапІэщІэ уувын ипэ абы къыпэкІуэнум уегупсысын хуейщ. АхъшэфІ къыуатыну укъагъэгугъэми, уэри уи унагъуэми Алыхьым фызэрыхуэлажьэм ар зэран зэрыхуэхъунум егупсыс (Лк. 14:28). ЗэупщІыж: «Си унагъуэм пэжыжьэу сызэрыпсэунур си щхьэгъусэмрэ сэрэ дапхуэдэу зэран къызэрытхуэхъунур? ЗэІущІэхэр блэзмыгъэкІыну, хъыбарыфІ гъэІуным сыхэтыну, къуэш шыпхъухэм я гъусэу зэман згъэкІуэну Іэмал сиІэну пІэрэ?» Сабий уиІэу щытмэ, мыпхуэдэ упщІэми уегупсысын хуейщ: «Сэ унэм сыщІэмысмэ „Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету“ ахэр схуэгъэсэну пІэрэ?» (Еф. 6:4). Унафэ къыщыпщтэм деж Библием пщІэ хуэзымыщІ уи ныбжьэгъухэмрэ уи Іыхьлыхэмрэ жаІэм уемыдаІуэу, Иеговэ жиІэм едаІуэc. Азием щыпсэу ди къуэш То́ни ахъшэфІ къыщилэжьыфын лэжьапІэ къыхукъуэкІат, ауэ абы щхьэкІэ ар нэгъуэщІ къэрал кІуэн хуейт. Абы Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэщ, и щхьэгъусэм ечэнджэщри, зыщІыпІи мыкІуэну унафэ ищІащ. НэгъуэщІ къэрал кІуэуэ лэжьэным ипІэкІэ абыхэм мурад ящІащ ахъшэ нэхъ мащІэкІэ псэууэ зрагъэсэну. А Іуэхур игу къигъэкІыжу Тони мыпхуэдэу жеІэ: «Хамэ къэрал сызэрымыкІуам сэ иджыпсту сыщогуфІыкІыж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, цІыху зыбжанэм пэжыр къащтэну садэІэпыкъуфащ икІи си сабийхэми Иеговэ фІыщэу ялъагъу. Дэ ди щхьэкІэ зыхэтщІащ Маттэ 6:33 ит псалъэхэр зэрыпэжыр. Хьисэ жиІам дытету дыпсэумэ, Иеговэ Іэмал имыІэу дызыхуэныкъуэр къыдитынущ».

ДИ НЫБЖЬЫР ХЭКІУЭТА ИУЖЬ ДЫЗЫХУЭНЫКЪУЭР ДИІЭНЫМ ЩХЬЭКІЭ ДЫЩЫГУЗАВЭМ ДЕЖ

13. Сыт иджыпсту тщІэ хъунур, ди ныбжьыр хэкІуэта иужь дызэрыпсэун диІэн щхьэкІэ?

13 Ди ныбжьыр хэкІуэта иужь ди щхьэ зыхуей зэрыхуэдгъэзэжыным иджыпсту щыщІэдзауэ дригузавэмэ, Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Библием дыхуегъэуш ипэкІэ дыгупсысэну икІи дегугъуу дылэжьэну (Прит. 6:6—11, Гъэс.). Іэмал щыІэххэмэ, зыгуэр бгъэтІылъыным акъыл хэлъщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахъшэми зы лъэныкъуэ гуэркІэ укъехъумэ (Эккл. 7:12). Ауэ ахъшэ къэлэжьыныр ди гъащІэм япэ идгъэщ хъунукъым.

14. Еврейхэм 13:5 итыр ди къэкІуэным теухуауэ егъэлеяуэ дымыгузэвэну дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

14 Хьисэ и зы ущие хъыбарым къыщыхигъэщащ Алыхьым и пащхьэ къулей ущымыхъуу, мылъкум ухущІэкъуным акъыл зэрыхэмылъыр (Лк. 12:16—21). Зы цІыхуми ищІэкъым пщэдей къыщыщІыну псор (Прит. 23:4, 5; Екъуб 4:13—15). Абы нэмыщІ Хьисэ жиІауэ щытащ и лъэужь ирикІуэну хуей дэтхэнэ зыми и мылъкур къигъэнэну хьэзыру щытын зэрыхуейр (Лк. 14:33). Япэ лІэщІыгъуэм Иудэм щыпсэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я мылъкур щытрахам абыхэм гуфІэгъуэ зыфІагъэкІуэдакъым (Евр. 10:34). Ди зэманми къуэш куэдым я лэжьапІэр яфІэкІуэдащ, политикэм хэІэбэну зэрамыдам къыхэкІкІэ (Апок. 13:16, 17). Теубыдагъэ ягъэлъэгъуэну сыт абыхэм къадэІэпыкъуар? Абыхэм шэч лъэпкъ къытрахьэтэкъым Иеговэ жиІа мы псалъэхэр зэригъэзэщІэжынум: «ИгъащІэкІэ ухыфІэздзэжынукъым, уи закъуэу укъэзгъэнэнукъым». (Къеджэ Еврейхэм 13:5.) Аращи, къэкІуэну зэманым дызыхуэныкъуэр диІэн щхьэкІэ дэ иджыпсту тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ, тхузэфІэмыкІыр Иеговэ и ІэмыщІэ идолъхьэ. Дэ ди фІэщ мэхъу сыт хуэдэ Іуэхугъуэ димыхуами Алыхьым дызыхуэныкъуэр къызэрыдитыфынур.

15. Иеговэ хуэлажьэ адэ-анэхэм я сабийхэм теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ яІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)

15 Языныкъуэ лъэпкъхэм я хабзэщ адэ-анэм я ныбжьыр хэкІуэта иужь я бынхэм япІыжын хуейуэ. Ауэ Библием зэритымкІэ адэ-анэхэращ я бынхэр зыхуей хуэзыгъэзэн хуейр (2 Кор. 12:14). ДауикІ, адэ-анэм я ныбжьыр хэкІуэта иужь ахэр дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ икІи бын куэдым я гуапэу я адэ-анэм доІэпыкъу (1 Тим. 5:4). Ауэ Иеговэ хуэлажьэ адэ-анэхэм къагуроІуэ насыпыр зэлъытар, ахэр жьы хъуа иужь я бынхэм зэрапІыжыныракъым, атІэ я бынхэм Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну зэрадэІэпыкъуныращ (3 Ин. 4).

ЗэлІзэфызыр я пхъумрэ абы и щхьэгъусэмрэ видеосвязькІэ йопсалъэ. Я пхъумрэ абы и щхьэгъусэмрэ ухуэныгъэхэм къыщагъэсэбэп жилетхэр ящыгъщ.

Алыхьым хуэлажьэ зэщхьэгъусэхэр къэкІуэным теухуауэ мурад щагъэувым деж Библием ит принципхэм тетщ (15 абзацым феплъ.)d


16. Адэ-анэхэ, сыт фэ иджыпсту фщІэ хъунур фи бынхэр къыдэкІуэтея иужь я щхьэр япІыжыфын щхьэкІэ? (Ефес 4:28).

16 Адэ-анэхэ, сыт фэ иджыпсту фщІэ хъунур фи бынхэр къыдэкІуэтея иужь я щхьэр япІыжыфын щхьэкІэ? Фи щапхъэмкІэ абыхэм евгъэлъагъу сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи Иеговэ ущыгугъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Ахэр цІыкІуху егугъуу лажьэу евгъасэ (Прит. 29:21; къеджэ Ефес 4:28). Сабийхэр школым кІуэн щІадза иужь ахэр егугъуу еджэну хуэвгъэуш. Фэ Библиер куууэ вджымэ икІи абы ит принципхэр къэвгъэсэбэпмэ, абыхэм фадэІэпыкъуфынущ Іущагъ хэлъу еджапІэ къыхахыну. А псом и фІыгъэкІэ фи бынхэм Иеговэ и лэжьыгъэр япэ ирагъэщу, я щхьэри япІыжыфу зрагъэсэфынущ.

17. Сыт дэ зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

17 Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ Иеговэ дызыхуэныкъуэр къыдитыну зэрыхуейм икІи абы ар зэрыхузэфІэкІынум. Мы дунейр икІэм хуэкІуэху дэ нэхъыбэжу Алыхьым дыщыгугъын хуейщ. Сыт къэмыхъуами зыщыдвмыгъэгъупщэ, Иеговэ дызыхуей дыхуигъэзэну къару зэриІэр. Абы и Іэр кІэщІкъым!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Мусэрэ израил цІыхухэмрэ къащыщІам сытым дыхуигъасэрэ?

  • Ахъшэм пыщІа гугъуехь дыщиІэм деж Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

  • Ди ныбжьыр хэкІуэта иужь дызэрыпсэуным дыщегупсысым деж сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

150 УЭРЭДЫР Иеговэ къэлъыхъуэ, укъелын щхьэкІэ

a 2023 гъэм октябрым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм феплъ.

b 2014 гъэм сентябрым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Вопросы читателей» жыхуиІэм феплъ.

c 2014 гъэм апрелым и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Никто не может служить двум господам» жыхуиІэ статьям феплъ.

d СУРЭТХЭМ ИТЫР. Иеговэ хуэлажьэ адэ-анэр я пхъум йопсалъэ. Абырэ и щхьэгъусэмрэ ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэм хэтщ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын