2 СТАТЬЯР
Хьисэ и къуэш нэхъыщІэм деж зыщывгъасэ
«Сэ сы-Екъубщ, Тхьэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ сахуолажьэ» (ЕКЪУБ 1:1).
88-НЭ УЭРЭДЫР Уи гъуэгухэр къысхузэІух
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Екъуб сыт хуэдэ унагъуэм къыщыхъуа?
ХЬИСЭ и къуэш Екъуб Алыхьым пэжу хуэлажьэ унагъуэм къыщыхъуащb. Абы и адэ-анэ Исуфрэ Мэриемрэ Иеговэ фІыщэу ялъагъут. Абы нэмыщІ Екъуб и къуэш нэхъыжьыр Алыхьым израил цІыхухэр къызэригъэгугъа Мэссихь хъун хуейт. Сыту насыпышхуэ апхуэдэ унагъуэм укъыщалъхуну!
Екъуб и къуэш нэхъыжь Хьисэ и гъусэу къызэрыхъуам къыхэкІкІэ ар абы фІыуэ къицІыхуащ (2-нэ абзацым феплъ.)
2. Екъуб и къуэш нэхъыжьым дэплъеину сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр иІа?
2 И къуэш нэхъыжьым щІыдэплъеин щхьэусыгъуэ куэд Екъуб иІащ (Мт. 13:55). Псалъэм папщІэ, Хьисэ илъэс 12 фІэкІа щымыхъум щыгъуэ Алыхьым и Псалъэм итыр апхуэдизкІэ фІыуэ ищІэти, Тхыгъэхэм фІыуэ хэзыщІыкІ дин егъэджакІуэхэм ар хуабжьу ягъэщІагъуэт (Лк. 2:46, 47). Екъуб Хьисэ и гъусэу пхъащІэу щытауэ къыщІэкІынущ. Апхуэдэу щытмэ, абы и къуэшыр нэхъыфІу къицІыхуну Іэмал иІащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэр щызэдэлажьэм деж нэхъыфІу зэроцІыху. Нейтан Норрc щІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу жиІэу щытащ: «ЦІыхур къэпцІыхуну ухуеймэ, и гъусэу лажьэ». Лука 2:52 щыжыІащ: «Хьисэ хэхъуэм, и зэхэщІыкІми зиужьурэ, Тхьэми цІыхухэми ягу ирихьащ». ДауикІ, Екъуб абы гу лъимытэу щыттэкъым. Абы къыхэкІкІэ дэ дегупсысыфынущ Хьисэ и лъэужь япэу иувахэм Екъуби хэтауэ. Ауэ къызэрыхъуар апхуэдэукъым.
3. Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІум щыгъуэ Екъуб дапхуэдэу абы зэрыхущытар?
3 Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІум щыгъуэ ар зэры-Мэссихьыр Екъуб и фІэщ хъууэ щытакъым (Ин. 7:3—5). Уеблэмэ, Хьисэ и щхьэр зэкІуэкІауэ зи гугъа и Іыхьлыхэм Екъуби хэтауэ къыщІэкІынущ (Мк. 3:21). Абы нэмыщІ Хьисэ пкъом ираІулІу щаукІам щыгъуэ Екъуб абыхэм я анэ Мэрием и гъусауэ щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ щыІэкъым (Ин. 19:25—27).
4. Мы статьям сыт къыщытщІэнур?
4 ИужькІэ Екъуб и фІэщ хъуащ Хьисэ зэры-Мэссихьыр, уеблэмэ, пщІэ иІэу зэхуэсым и нэхъыжьу ар лэжьащ. Мы статьяр къыддэІэпыкъунущ Екъуб и щапхъэм дерситІ къыхэтхыну. Япэрауэ, цІыху Іэдэбу дыщытын щІыхуейр сыт? ЕтІуанэрауэ, егъэджакІуэфІу дыщытын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
ЕКЪУБ ХУЭДЭУ, ІЭДЭБУ ФЫЩЫТ
Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь и къуэшым деж къэкІуащ. Екъуб Іэдэбагъ хэлъу зэрыщыуар къыгурыІуэжри, Хьисэ и лъэужь иуващ (5—7-нэ абзацхэм феплъ.)
5. ЛІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ зэрыхуэзам Екъуб и гъащІэр дапхуэдэу зэрихъуэжар?
5 Дапщэщ Екъуб Хьисэ и лъэужь щиувар? Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь «Екъуби зыкъригъэлъэгъуащ... итІанэ апостол псоми закъригъэлъэгъуащ» (1 Кор. 15:7). А Іуэхугъуэм Екъуб и гъащІэр хуабжьу ихъуэжащ. Алыхьым и къару лъапІэр къаритыным пэплъэу апостолхэр Ерусалим щызэхуэсам щыгъуэ Екъуби абыхэм яхэтащ (Апост. 1:13, 14). ИужькІэ Екъуб унафэщІ гупым яхэту лэжьащ (Апост. 15:6, 13—22; Гал. 2:9). Хуэгъэфэщауэ ди эрэм 62-нэ гъэм Алыхьым и къару лъапІэм ар хуигъэушащ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм письмо яхуитхыну. Дэ дыщыпсэуным теухуауэ диІэ гугъэм емылъытауэ — ар уафэ ирехъу е щІылъэ ирехъу — а письмор ди дежкІэ щхьэпэщ (Екъуб 1:1). Журтхэм я тхыдэм елэжьу щыта Иосиф Флавий зэритхыжамкІэ, иудейхэм я дин пашэшхуэ Анан Младший жыхуаІэм и унафэкІэ Екъуб яукІащ. ЩІылъэм щыпсэуху Екъуб Иеговэ хуэпэжу щытащ.
6. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа дин пашэхэм Екъуб сыткІэ къащхьэщыкІрэт?
6 Екъуб цІыху Іэдэбу щытащ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Екъуби а зэманым псэуа дин пашэхэми Хьисэ Алыхьым и Къуэу зэрыщытым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр ялъэгъуащ. Ауэ Екъуб зэрыщыуэр къыгурыІуэжа иужь Хьисэ зэры-Мэссихьыр и фІэщ хъуащ. АбыкІэ Екъуб а зэманым псэуа дин пашэхэм хуабжьу къащхьэщыкІт. Псалъэм папщІэ, абыхэм фІыуэ ящІэт Хьисэ Лазар къызэригъэтэджыжар. Ауэ Хьисэ Иеговэ къигъэкІуа Мэссихьу къалъытэным и пІэкІэ абыхэм езы Хьиси Лазари яукІыну мурад ящІащ (Ин. 11:53; 12:9—11). ИужькІэ Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар цІыхухэм щабзыщІын щхьэкІэ дин пашэхэм яхузэфІэкІыу хъуар ящІащ (Мт. 28:11—15). Абыхэм я пагагъэм къыхэкІкІэ Мэссихьыр ІэщІыб ящІащ.
7. Пагагъэм зыщытхъумэн щІыхуейр сыт?
7 Дерсыр: фымыпагэу Иеговэ деж зыщывгъэсэну хьэзыру фыщыт. ЦІыхум и гур щыузым деж и лъынтхуэхэри быдэ хъуфынущ икІи абы гур тэмэму игъэлажьэкъым. Абы ещхьу пагагъэм къыхэкІкІэ ди гур пхъашэ хъууэ Алыхьым къыбгъэдэкІ унафэм демыдаІуэу дыхъункІэ хъунущ. Хьисэ Мэссихьу зэрыщытым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд Иеговэ фарисейхэм яригъэлъэгъуащ. Ауэ абыхэм ягухэр апхуэдизкІэ пхъашэ хъуати, ар я фІэщ ящІын ядакъым (Ин. 12:37—40). Абыхэм я пагагъэм къыхэкІкІэ гъащІэ мыухыж къалъысыну яІа Іэмалыр зыфІагъэкІуэдащ (Мт. 23:13, 33). Аращи, мыхьэнэшхуэ иІэщ Алыхьым и Псалъэмрэ абы и къару лъапІэмрэ адэкІи хьэл-щэныфІхэр зыхэтлъхьэну икІи ди гупсысэхэри къатщтэ унафэхэри яунэтІыну хуит тщІыным (Екъуб 3:17). Іэдэбагъым и фІыгъэкІэ Екъуб хьэзырт Иеговэ и деж зыщигъэсэну. Абы нэмыщІ егъэджакІуэфІ хъуну Іэдэбагъыр абы къыдэІэпыкъуащ.
ЕКЪУБ ХУЭДЭУ, ЕГЪЭДЖАКІУЭФІ ФЫХЪУНУ ФЫХУЩІЭКЪУ
8. ЕгъэджакІуэфІ дыхъуну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?
8 Екъуб щІэныгъэ нэхъыщхьэ иІауэ къыщІэкІынукъым. А зэманым псэуа дин пашэхэм апостол Петррэ Иуанрэ щхьэкІэ «щІэныгъэ зимыІэ цІыху къызэрыгуэкІ» жаІэу щытащ. Ахэр Екъуби апхуэдэу хущытауэ къыщІэкІынущ (Апост. 4:13). Ауэ Екъуб итха тхылъым дыщеджэм деж ар егъэджакІуэфІ зэрыхъуар долъагъу. Дэри, Екъуб хуэдэу, щІэныгъэ нэхъыщхьэ димыІэми, абы хуэдэу егъэджакІуэфІ дыхъуфынущ. АбыкІэ дэ къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и къару лъапІэмрэ абы и организацэм дызэригъасэмрэ. АдэкІэ дэ къэтщІэнущ егъэджакІуэфІ дызэрыхъуным теухуауэ Екъуб дапхуэдэу щапхъэ тетхыфынуми.
9. Екъуб сыт хуэдэ егъэджакІуэу щыта?
9 Екъуб псалъэ тыншхэмрэ гупсысэ гурыІуэгъуэхэмрэ къигъэсэбэпт. Абы и тхылъым дыщеджэм деж дэ тщІэн хуеймрэ ар зэрытщІэн хуей щІыкІэмрэ нэгъэсауэ къыдгуроІуэ. Псалъэм папщІэ, Екъуб къуэш, шыпхъухэр хуигъасэт нэгъуэщІхэр абыхэм захуагъэ хэмылъу къащыхущытым деж я гум гужьгъэжь ирамыгъэлъыну. Абы къыхиха псалъэхэм гу лъыттэнщ: «Теубыдагъэ зиІэхэр гъуэгу махуэ теувауэ жыдоІэ. Іэиуб бегъымбарым и теубыдагъэм и хъыбарыр зэхэфхащ. ИкІэм-икІэжым Зиусхьэным абы фІы къызэрыригъэгъуэтыжар фощІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Зиусхьэным гущІэгъушхуэ иІэщ, абы и гур дэ къытщІогъу» (Екъуб 5:11). Гу лъытапхъэщ: Екъуб и псалъэхэм Тхыгъэ ЛъапІэр лъабжьэ хуещІ. Иеговэ хуэпэжхэм и нэфІ зэрыщыхуэр къыдгуригъэІуэн щхьэкІэ Іэиуб теухуа хъыбарыр абы къихьащ икІи а гупсысэхэр псалъэ гугъухэмкІэ имыгъэщІэращІэу жиІащ. Апхуэдэу Екъуб къедаІуэхэм гу зылъыригъатэу щытар и щхьэракъым, атІэ Иеговэщ.
10. Екъуб цІыхухэр зэрыригъаджэу щыта щІыкІэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну?
10 Дерсыр: цІыху щевгъаджэкІэ псалъэ тыншхэмрэ Тхыгъэ ЛъапІэмрэ къэвгъэсэбэп. Дэ ди мурадыр щІэныгъэ диІэм цІыхухэм гу лъедгъэтэныракъым, атІэ Иеговэ и Іущагъымрэ щабагъ хэлъу и нэІэ къызэрыттригъэтымрэ абыхэм едгъэлъэгъуныращ (Рим 11:33). Ди псалъэхэм сыт щыгъуи Библиер лъабжьэ хуэтщІу щытмэ, дэ ар тхузэфІэкІынущ. Псалъэм папщІэ, евгъаджэр чэнджэщ щхьэкІэ къыволъэІу. Абы и пІэм фитамэ, фщІэнур жефІэ нэхърэ Библием ит щапхъэхэр къэвгъэсэбэпурэ абы езым унафэ къищтэм теухуауэ Иеговэ иІэну гурыщІэхэр къыгурывгъаІуэм нэхъыфІщ. Апхуэдэ щІыкІэкІэ евгъаджэм Иеговэ игъэгуфІэну гукъыдэж иІэу евгъэсэфынущ.
11. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ гугъуехьхэр яІа икІи Екъуб абыхэм сыт хуэдэ чэнджэщ ярита? (Екъуб 5:13—15).
11 Екъуб къуэш, шыпхъухэм я ныкъусанхэр гулъытэншэу къигъанэтэкъым. Абы итха письмом къыхощ къуэш, шыпхъухэм яІа ныкъусанхэм щыгъуазэу зэрыщытар. Екъуб къехьэкІ-нехьэкІ имыІэу зэхуэсым щыщхэм яжриІэт ахэр сытым елэжьын хуейми. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэр пІащІэтэкъым къащІар я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну (Екъуб 1:22). Адрейхэр къулейхэм фІэкІа зыри ягъэныбжьэгъутэкъым (Екъуб 2:1—3). Зи бзэ кІэлъымыплъыжхэри зэхуэсым хэтт (Екъуб 3:8—10). ДауикІ, а гугъуехьхэр къызэрыгуэкІтэкъым, ауэ Екъуб къуэш, шыпхъухэм зыри къахэмыкІыну къилъытэтэкъым. Щабэу, ауэ кІуэцІрыкІыу абы къуэш, шыпхъухэм чэнджэщ яритащ икІи ахэр хуигъэушащ дэІэпыкъуэгъу яІэн щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуагъэзэну. (Къеджэ Екъуб 5:13—15.)
12. Библием едгъаджэхэм теухуауэ еплъыкІэ тэмэм диІэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
12 Дерсыр: цІыхухэр зэлэжьын хуейр гулъытэншэу къэвмыгъанэ, ауэ абыхэм фІыкІэ зэрызахъуэжыфынум шэч къытевмыхьэ. Библиер зыдж куэдым я дежкІэ къащІар я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну тыншкъым (Екъуб 4:1—4). Зэман кІэщІым къриубыдэу хьэл Іейхэр зыхэбну хьэл-щэныфІхэр зыхэплъхьэну гугъущ. Дэ лІыгъэм дыхуэныкъуэщ, Екъуб хуэдэу, цІыхур зэлэжьын хуейм теухуауэ къехьэкІ-нехьэкІ хэмыту жетІэн щхьэкІэ. Ауэ абы зэрызихъуэжыфынум шэч къытетхьэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ Іэмал имыІэу цІыху Іэдэбхэр зэришэлІэнущ икІи абыхэм захъуэжыфын щхьэкІэ къару яритынущ (Екъуб 4:10).
13. Екъуб сыт къыгурыІуэу щытар? (Екъуб 3:2).
13 Екъуб цІыху дагъуэншэу зыкъилъытэтэкъым. Ар Хьисэ и къуэшу зэрыщытам икІи пщІэ зыпылъ къалэнхэр зэригъэзащІэм щхьэкІэ нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу зыкъилъытэжтэкъым. «Си къуэш лъапІэхэ» жиІэу Екъуб гуапэу нэгъуэщІхэм захуигъазэт (Екъуб 1:16, 19; 2:5). Абы нэмыщІ езыри зэрыщыуэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къыхигъэщащ: «Дэ псоми Іуэхугъуэ куэдкІэ гуэныхь дощІэ». (Къеджэ Екъуб 3:2.)
14. Ди щыуагъэхэр дымыбзыщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
14 Дерсыр: дэ псоми гуэныхь зэрытхэлъыр зыщывмыгъэгъупщэ. Библием едгъаджэм нэхърэ зыгуэркІэ дынэхъыфІ хуэдэу дегупсыс хъунукъым. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Дэ зэи дыщымыуэ хуэдэу едгъаджэм къыщыдгъэхъуу щытмэ, ар Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу мыхъуфыну егупсысу щІидзэнкІэ хъунущ. Аращи, ди дежкІи Библием ит принципхэм дытетыну сыт щыгъуи тыншу зэрыщымытар икІи ди ныкъусанхэм делэжьыну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуар едгъаджэм жетІэу щытмэ, абы къыгурыІуэнущ ари Иеговэ и лэжьакІуэ зэрыхъуфынур.
Екъуб къигъэсэбэпу щыта щапхъэхэр гурыІуэгъуэт икІи цІыхухэм я гум нэст (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)d
15. Екъуб сыт хуэдэ щапхъэхэр къихьу щыта? (Екъуб 3:2—6, 10—12.)
15 Екъуб цІыхухэм я гум нэс щапхъэхэр къигъэсэбэпт. ДауикІ, абыкІэ Алыхьым и къару лъапІэр Екъуб къыдэІэпыкъут. Абы нэмыщІ и къуэш нэхъыжьым къихьу щыта щапхъэхэм егупсысурэ абы куэдым зригъэсауэ къыщІэкІынущ. Аращ Екъуб и письмом къыщихьа щапхъэхэр къыбгурыІуэнуи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпынуи щІэтыншыр. (Къеджэ Екъуб 3:2—6, 10—12.)
16. Іуэхум хуэкІуэ щапхъэхэр къэбгъэсэбэпыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
16 Дерсыр: щапхъэфІхэр къэвгъэсэбэп. Іуэхум хуэкІуэ щапхъэхэр къыщыбгъэсэбэпым деж къодаІуэхэм узытепсэлъыхьыр я нэгу къыщІагъэхьэну уэ уадоІэпыкъу. А щапхъэхэм я фІыгъэкІэ Библием ит пэжыр абыхэм я гум къинэнущ. Хьисэ цІыхухэм я гум нэс щапхъэхэр къихьу щытащ, Екъуби абыкІэ ехъулІэныгъэ иІащ. Абы и письмом къыщигъэсэбэпа зы щапхъэм адэкІэ нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.
17. Екъуб 1:22—25 ит щапхъэр шэрыуэу щыту сыт жыпІэ щІэхъунур?
17 Къеджэ Екъуб 1:22—25. Гъуджэм теухуа щапхъэр шэрыуэу щыту жыпІэ щІэхъун щхьэусыгъуэ зыбжанэ щыІэщ. ДауикІ, Екъуб фІыуэ ищІэт къуэш, шыпхъухэм къагуригъэІуэну зыхуей гупсысэр: Алыхьым и Псалъэм сэбэпынагъ къытхуихьын щхьэкІэ абы деджэ къудейкІэ зэфІэкІкъым, атІэ къэтщІар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын хуейщ. Екъуб щапхъэу къихьа Іуэхугъуэр псоми фІыуэ ящІэт. Дэтхэнэ зы цІыхури махуэ къэс гъуджэм йоплъэ. А щапхъэм дызыхуигъасэр сыт? Гъуджэм уиплъэрэ уи напэм зыгуэр зэрыкІэрылъыр къэплъагъуауэ, ар умытхьэщІыжыным, дауикІ, акъыл хэлъкъым. Абы ещхьу Алыхьым и Псалъэр къэдгъэсэбэпу дэ ныкъусан гуэр зыдэтлъэгъужамэ, ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэдмылъхьэным акъыл хэлъкъым.
18. Щапхъэхэр къыщытхьым деж сыт хуэдэ Іуэхугъуищым гу лъыттэн хуей?
18 Щапхъэ къыщыхэтхым деж, Екъуб хуэдэу, Іуэхугъуищым гу лъыттэным мыхьэнэшхуэ иІэщ: 1) щапхъэр дызытепсэлъыхь гупсысэм хуэкІуэн хуейщ; 2) а щапхъэр къыдэдаІуэхэм къагурыІуэу щытын хуейщ; 3) щапхъэм ит дерсыр къызэрагъэсэбэпынур къыдэдаІуэхэм къагурыІуэн хуейщ. Щапхъэхэр къэвгъуэтыну къывэгугъуэкІыу щытмэ, «Индекс публикаций Сторожевой башни» жыхуиІэм «Наглядные примеры» псалъащхьэм феплъи, фигу ирихь щапхъэхэр къыхэфх. Щапхъэхэр микрофоным зэрещхьыр зыщывмыгъэгъупщэ: абыхэм гупсысэр «нэхъ ину» къыхагъэщ. Абы къыхэкІкІэ къыхэбгъэщын хуейр гупсысэ нэхъыщхьэхэращ. Дэ егъэджакІуэфІ дыхъуну дыхуейщ, ауэ щапхъэхэр къыщІэдгъэсэбэпыр гулъытэ лей зыхуедгъэщІын щхьэкІэкъым, атІэ насыпыфІэу щыт Иеговэ и унагъуэшхуэм щыщ хъуну цІыху нэхъыбэм дадэІэпыкъун щхьэкІэщ.
19. Ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур сытым къыхэщрэ?
19 Екъуб хуэдэу, дагъуэншэу щыт къуэш нэхъыжь диІэу дэ дыкъэхъуакъым. Ауэ Иеговэ пщІэшхуэ къытхуищІащ абы и унагъуэшхуэм дыхэту дыхуэлэжьэну Іэмал къызэрыдитамкІэ. Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ долъагъу, абыхэм я гъусэу зэкъуэту хъыбарыфІыр догъэІу, цІыхухэр Библием идогъаджэ икІи зыр зым и деж зыщыдогъасэ. Екъуб езым и щхьэм икІи нэгъуэщІхэм зэрыхущытамкІэ, абы нэмыщІ цІыхухэр зэрыригъаджэу щытамкІэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Абы и щапхъэм дытетыну дыхущІэкъуу щытмэ, Иеговэ и цІэр догъэлъапІэ икІи зигу къабзэ цІыхухэм дадоІэпыкъу уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм гъунэгъу хуэхъуну.
114-НЭ УЭРЭДЫР «ШыІэныгъэ зыхэвгъэлъ»
a Екъубрэ Хьисэрэ зы унагъуэм щыщт. Алыхьым и Къуэ дагъуэншэр а зэманым псэуа цІыху куэдым нэхърэ нэхъыфІу абы ицІыхут. ИужькІэ Екъуб унафэщІ гупым хэту Алыхьым хуэлэжьащ. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Хьисэ и къуэш нэхъыщІэм сыт хуэдэ гъащІэ ирихьэкІами икІи сытым хуригъаджэу щытами. Абы нэмыщІ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ абы щапхъэ тетх хъунуми зэпкърытхынущ.
b Екъубрэ Хьисэрэ я адэр зыуэ щымытами, ахэр зы анэм къызэрилъхуам къыхэкІкІэ абы Хьисэ и къуэшкІэ деджэнущ. Библием и Іыхьэ хъуа «Екъуб» зи цІэ тхылъыр зытхар арауэ къыщІэкІынщ.
c Нейтан Норр УнафэщІ гупым хэтащ. Ар 1977-нэ гъэм дунейм ехыжащ.
d СУРЭТЫР. Уи бзэм укІэлъыплъыжыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыдгуригъэІуэн щхьэкІэ Екъуб ар мафІэм иригъэщхьащ.