ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Ноябрь н. 18—23
  • АдэкІи зыфхъуэжыну фыхьэзыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • АдэкІи зыфхъуэжыну фыхьэзыр?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • БИБЛИЕМ ИТ ЧЭНДЖЭЩХЭМ ФЫТЕТ
  • АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ЗИІЭ УИ НЫБЖЬЭГЪУХЭМ ЧЭНДЖЭЩ КЪЫУАТЫМ ЕДАІУЭ
  • ИЕГОВЭ И ОРГАНИЗАЦЭМ УНАФЭ ИЩІХЭМ ФЫТЕТ
  • ГЪУЭГУ ЗЭВЫМ ФЫТЕТУ АДЭКІИ ФЫКІУЭ
  • «ЦІыху Іущхэм жаІэм щІэдэІу»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Фи чэнджэщхэм къуэш, шыпхъухэр тыншу едэІуэфрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Іэдэбагъ фхэлъу икІи фи зэфІэкІыр здынэсыр фщІэжу Иеговэ фыхуэлажьэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъ и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Ноябрь н. 18—23

47 СТАТЬЯР

АдэкІи зыфхъуэжыну фыхьэзыр?

«ИкІэм-икІэжым си къуэшхэ, фыгуфІэ, фи щыпкъагъэм щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу, цІыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущІэкъу» (2 КОР. 13:11).

54-НЭ УЭРЭДЫР «Мис гъуэгур»

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Маттэ 7:13, 14 зэритымкІэ, дэ псори гъуэгу дытету жыпІэ щІэхъунур сыт?

ДУНЕИЩІЭМ дыхуэзышэ гъуэгум дэ псори дытетщ. А дунеищІэм фІыуэ дыкъэзылъагъу Иеговэ ди тепщэу щытынущ. А гъуэгум махуэ къэс дытету дырокІуэ, ауэ Хьисэ зэрыжиІащи, ар гъуэгу зэвщ икІи абы утетыну гугъущ. (Къеджэ Маттэ 7:13, 14.) Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ абы дытекІынкІэ шынагъэ щыІэщ (Гал. 6:1).

2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур? (Абы нэмыщІ «ГъащІэм дыхуэзышэ гъуэгу зэвым дытемыкІыну Іэдэбагъыр къыддоІэпыкъу» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

2 ГъащІэ мыухыжым дыхуэзышэ гъуэгу зэвым дытету адэкІи дыкІуэн щхьэкІэ ди гупсысэкІэр, еплъыкІэр икІи щытыкІэр тхъуэжыну дыхьэзыру дыщытын хуейщ. Апостол Паул Коринф дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушт: «Фи щыпкъагъэм щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу, цІыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущІэкъу» (2 Кор. 13:11). Мы псалъэхэр дэри къытхуэгъэзащ. Мы статьям щызэпкърытхынущ зытхъуэжыну Библиер дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми икІи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ ныбжьэгъухэр гъуэгу пэжым дытемыкІыну дапхуэдэу къыддэІэпыкъуфынуми. Абы нэмыщІ Иеговэ и организацэм унафэ къыдитхэм дытетыну къыщІыдэгугъуэкІынкІэ хъунум дегупсысынущ. Иджыри Алыхьым дызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ къытхуихьыр зыфІэдмыгъэкІуэду дызэлэжьыжыну Іэдэбагъыр къызэрыддэІэпыкъунур къэтлъэгъунущ.

Семейная пара идет по тесной дороге, ведущей к горе. Три разные ситуации показывают, как мы можем исправляться. Эти же ситуации описываются в абзацах 7, 9 и 14.

ГъащІэм дыхуэзышэ гъуэгу зэвым дытемыкІыну Іэдэбагъыр къыддоІэпыкъу

  • АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭР

    Гъуэгум дыщытекІым деж Библием ар къыдегъащІэ. Іэдэбагъ тхэлъмэ, абы ит чэнджэщхэм дедэІуэнущ икІи ди гупсысэкІэр тхъуэжынущ. (7-нэ абзацым феплъ.)

  • АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ЗИІЭ НЫБЖЬЭГЪУХЭР

    Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшым е шыпхъум гуапэу ди щыуагъэр къыджиІэфынущ. Абы лІыгъэ зыхилъхьэу къызэрыдэпсэлъам щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІыну? (9-нэ абзацым феплъ.)

  • ИЕГОВЭ И ОРГАНИЗАЦЭР

    Иеговэ и организацэм тхуигъэхьэзыр ди тхыгъэхэм, электроннэ материалхэм, видеохэм, зэІущІэхэм я фІыгъэкІэ Библием ит принципхэр къызэрыдгъэсэбэпынур къыдгуроІуэ. УнафэщІ гупым хъыбарыфІ гъэІуныр зэрырагъэкІуэкІыным теухуауэ унафэ къащтахэм зэман-зэманкІэрэ хоплъэж. (14-нэ абзацым феплъ.)

БИБЛИЕМ ИТ ЧЭНДЖЭЩХЭМ ФЫТЕТ

3. Алыхьым и Псалъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

3 Дэ ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ зыхуэунэтІар зэхэдгъэкІыну тыншкъым. Гур зэрыбзаджэм къыхэкІкІэ, абы узыхуишэнур къыбгурыІуэну гугъущ (Иер. 17:9). Дэ гупсысэ нэпцІхэмкІэ ди щхьэр къэдгъэпцІэжынкІэ хъунущ (Екъуб 1:22). Аращи, зыдгъэунэхужын щхьэкІэ Алыхьым и Псалъэр къэдгъэсэбэпын хуейщ. Ар дэІэпыкъуэгъу мэхъу цІыхур езыр зэрыщыт дыдэр къыгурыІуэну, «и гупсысэхэри и мурадхэри» зэхигъэкІыну (Евр. 4:12, 13). Библиер рентген зэращІ аппаратым ебгъэщхь хъунущ — абы нэм имылъагъур уегъэлъагъу. Ауэ Библием ит чэнджэщыр е Иеговэ и организацэм къалэн щагъэзэщІэну щІыхь зыхуищІа къуэшхэм я чэнджэщыр сэбэп къытхуэхъун щхьэкІэ Іэдэбагъ тхэлъын хуейщ.

4. Щаул цІыху пагэ хъуауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

4 ЦІыхум Іэдэбагъ хуримыкъумэ, къыщыщІынкІэ хъунур пащтыхь Щаул и щапхъэм фІыуэ къыдгурегъаІуэ. Ар апхуэдизкІэ пагэ хъуати, зихъуэжын зэрыхуейр илъэгъужыну хуейтэкъым (Пс. 36:1, 2; Авв. 2:4). Ар наІуэ хъуащ Щаул амалек цІыхухэм текІуа иужь. Абы сыт ищІэн хуейми Иеговэ ІупщІу къыжриІат, ауэ пащтыхьыр абы едэІуакъым. Бегъымбар Самуел Щаул и щыуагъэр ІупщІу щыжриІам щыгъуэ, абы къуаншэу зыкъилъытэжакъым. Абы ипІэкІэ езым зигъэзэхуэну иужь итащ — ищІар апхуэдэу щыуагъэшхуэу щымыту жиІэт икІи нэгъуэщІхэр игъэкъуаншэт (1 Сам. 15:13—24). Щаул апхуэдэ щытыкІэ зэриІэр япэми игъэлъэгъуат (1 Сам. 13:10—14). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и гур пагэ хъуну хуит ищІащ. Абы и гупсысэкІэр ихъуэжын хуейуэ къилъытакъым, абы къыхэкІкІэ Иеговэ ар игъэкъуэншащ икІи и щІыбыр къыхуигъэзащ.

5. Щаул и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?

5 Дэ Щаул ищІам хуэдэ тщІэну дыхуейкъым, абы къыхэкІкІэ дызэупщІыжын хуейщ: «Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщым сыщеджэм деж зысхъуэжын зэрыхуейр къызгурыІуауэ щытмэ, ар зэрызмыщІэн щхьэусыгъуэ къэслъыхъуэрэ? Библием ит принципхэм себакъуэмэ, зыри къэмыхъуну сегупсысрэ? Сэ сщІа щыуагъэхэм щхьэкІэ нэгъуэщІхэр згъэкъуаншэрэ?» Мы упщІэхэм ящыщу зым «нтІэ» жытІэу жэуап еттауэ щытмэ, ди гупсысэкІэмрэ ди щытыкІэмрэ тхъуэжын хуейщ. Апхуэдэу дымыщІэмэ, дэ пагэ дыхъунурэ, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр къутэнущ (Екъуб 4:6).

6. Даут Щаул сыткІэ къыщхьэщыкІрэт?

6 Щаул елъытауэ абы иужь пащтыхь хъуа Даут Иеговэ и хабзэр фІыуэ илъагъут (Пс. 1:1—3). Зэгуэр абы Иеговэ мы псалъэхэмкІэ зыхуигъэзат: «Іэдэбхэр уэ къебгъэлынущ, ауэ уи нэр пагэхэм япэщІэтынущ икІи уэ ахэр бгъэпудынущ» (2 Сам. 22:28). Абы къыхэкІкІэ Даут и еплъыкІэр Алыхьым и хабзэм темыхуэу гу лъитауэ щытмэ, абы зихъуэжт. Даут итхащ: «Чэнджэщ къызэзыт Иеговэ щытхъу къыхуэсхьынущ. Жэщми си гухэлъхэм ущие къызат» (Пс. 16:7).

Брат читает Библию.

АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭР

Гъуэгум дыщытекІым деж Библием ар къыдегъащІэ. Іэдэбагъ тхэлъмэ, абы ит чэнджэщхэм дедэІуэнущ икІи ди гупсысэкІэр тхъуэжынущ. (7-нэ абзацым феплъ.)

7. Іэдэбагъыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

7 Дэ Іэдэбагъ тхэлъмэ, Библием ит чэнджэщхэм дытетынущ, гупсысэ Іейхэм мыхъумыщІагъэ дамыгъэщІэн щхьэкІэ ди еплъыкІэр тхъуэжынущ. Апхуэдэу тщІэмэ, Алыхьым и Псалъэр мыпхуэдэу къыджезыІэ макъыу щытынущ: «Мис гъуэгур, фрикІуэ абы фытету». ИкІи гъуэгум дытекІмэ, а макъым ар къыдигъэщІэнущ (Ис. 30:21). Дэ Иеговэ жиІэм дедаІуэмэ, и сэбэп къыдэкІынущ (Ис. 48:17). Псалъэм папщІэ, зыгуэрым ди щыуагъэр зэрыдигъэлъэгъуам щхьэкІэ дыукІытэжын хуей хъунукъым. ИкІи дэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къыдгурыІуэнущ ар и бынхэм хуэдэу къызэрытхущытыр (Евр. 12:7).

8. Екъуб 1:22—25 зэритымкІэ, Библиер гъуджэм ебгъэщхь щІэхъунур сыт?

8 Библиер гъуджэм ебгъэщхь хъунущ. (Къеджэ Екъуб 1:22—25.) Дэ тщыщ дэтхэнэ зыри унэм къыщІэкІыу, цІыхухэм хыхьэн ипэ гъуджэм иплъэу къыщІэкІынщ зыгуэр зэгъэзэхуэжын хуейрэ хуэмейрэ къищІэн щхьэкІэ. Апхуэдэ дыдэу дэри махуэ къэс Библием деджэмэ, ди гупсысэкІэмрэ еплъыкІэмрэ дапхуэдэу тхъуэжын хуейми къыдгурыІуэнущ. Куэдым яфІэфІщ пщэдджыжьым унэм къыщІэкІын икІи я Іуэху иужь ихьэн ипэ махуэм хухаха едзыгъуэм еджэну. Абы къыхэкІкІэ абыхэм я гупсысэкІэр Библием ихъуэжыну хуит ящІ икІи махуэм и кІуэцІым Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщхэр къызэрагъэсэбэпыным иужь итщ. Абы нэмыщІ дэ хьэл тхуэхъуауэ, махуэ къэс Библиер дджын хуейщ икІи дызэджам дегупсысын хуейщ. Ар тыншу къыпщыхъункІэ хъунущ, ауэ апхуэдэу дымыщІэмэ, гъащІэм ухуэзышэ гъуэгу зэвым дытету адэкІи дыкІуэфынукъым.

АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ЗИІЭ УИ НЫБЖЬЭГЪУХЭМ ЧЭНДЖЭЩ КЪЫУАТЫМ ЕДАІУЭ

Сестра разговаривает с более молодой сестрой во время служения.

АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ЗИІЭ НЫБЖЬЭГЪУХЭР

Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшым е шыпхъум гуапэу ди щыуагъэр къыджиІэфынущ. Абы лІыгъэ зыхилъхьэу къызэрыдэпсэлъам щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІыну? (9-нэ абзацым феплъ.)

9. Дапщэщ уи ныбжьэгъум чэнджэщ къущитынкІэ хъунур?

9 Уэ Иеговэ пэжыжьэ ухуэзыщІын гъуэгу ущытеува къэхъуа? (Пс. 73:2, 3). Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ уи ныбжьэгъум лІыгъэ зыхилъхьэу, щыуагъэ умыщІэн щхьэкІэ чэнджэщ къыуитауэ щытмэ, абы и чэнджэщым ущІэдэІуа? УщІэдэІуамэ, уэ тэмэму пщІащ икІи, дауикІ, уи ныбжьэгъум игъуэу чэнджэщ къузэритам щхьэкІэ фІыщІэ хубощІ (Прит. 1:5, Гъэсэпэтхыдэхэр).

10. Уи ныбжьэгъум уи щыуагъэ гуэр къыщыбжиІэм деж сыт пщІэн хуейр?

10 Алыхьым и Псалъэм дигу къегъэкІыж: «Ныбжьэгъу пэж и псалъэ пхъашэхэр нэхъыфІщ, уауІэу щытми» (Прит. 27:6, Гъэс.). Сыт мы псалъэхэм къикІыр? Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт уи ныбжьэгъумрэ уэрэ машинэ куэду щызекІуэ гъуэгу зэпывупщІын хуейуэ. А дакъикъэм зумыплъыхьурэ телефоным утрегъэплъэкъукІри, гъуэгум умыщІэу утохьэ. Ар уи ныбжьэгъум къелъагъу, занщІэу уи Іэр къеубыдри, къоІэ. Ар псынщІэу къызэроІам щхьэкІэ уи Іэр уфІыцІынкІэ хъунущ, ауэ абы апхуэдэу зэрищІам и фІыгъэкІэ машинэм уримыуду укъол. Абы иужь уи Іэр махуэ зыбжанэкІэ узынкІэ хъунущ, ауэ абы щхьэкІэ уи ныбжьэгъум ухуэгубжьыну? ДауикІ, хьэуэ! Уэ абы фІыщІэ хуэпщІынущ. Абы ебгъэщхь хъунущ уи псалъэхэмрэ уи ІуэхущІафэхэмрэ Алыхьым и хабзэм зэрыпэщІэувэр уи ныбжьэгъум къыщыбжиІэм деж. ЯпэщІыкІэ абы уи гур хигъэщІынкІэ хъунущ. Ауэ уи ныбжьэгъум ухуэмыгубжь икІи зыхуумыгъэгусэ — ар акъылыншагъэщ (Эккл. 7:9). Апхуэдэу пщІэ нэхърэ уи ныбжьэгъум къопсэлъэну лІыгъэ зэрызыхилъхьам щхьэкІэ фІыщІэ хуэпщІмэ нэхъыфІщ.

11. Уи ныбжьэгъум чэнджэщ къыуитам уедэІуэну сыт зэран къыпхуэхъуфынур?

11 Уи ныбжьэгъум чэнджэщ къыуитам уедэІуэну сыт зэран къыпхуэхъуфынур? Пагагъэр. ЦІыху пагэхэм Библием тегъэщІа чэнджэщ къезытхэракъым зэдэІуэну яфІэфІыр, атІэ езыхэр зыхуей жызыІэхэращ (2 Тим. 4:3, 4). Абыхэм адрейхэм нэхърэ нэхъ Іущу икІи нэхъыфІу зыкъызэралъытэжым къыхэкІкІэ чэнджэщ хуэмыныкъуэу къалъытэ. Ауэ апостол Паул итхащ: «Зыгуэрым, цІыкІу пэтрэ, ину зилъытэжмэ, езым и щхьэрщ къигъэпцІэжыр» (Гал. 6:3). Иджыри пащтыхь Сэлмэн мыпхуэдэу жиІащ: «Къулейсызми, Іущагъ зыбгъэдэлъ ныбжьыщІэр нэхъыфІщ, чэнджэщ къратым едэІуэну хуэмей зи ныбжь хэкІуэта пащтыхь акъылыншэм нэхърэ» (Эккл. 4:13).

12. Галатие 2:11—14 Петр теухуауэ ит Іуэхугъуэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?

12 Дигу къэдгъэкІыжынщ Паул псори зэхэту Петр и къуаншагъэр щригъэлъэгъужам щыгъуэ, Петр а Іуэхугъуэм зэрыхущытар. (Къеджэ Галатие 2:11—14.) Паул ар зэрыжиІа щІыкІэм щхьэкІэ икІи псори зэхэту и къуаншагъэр зэрыжиІам щхьэкІэ Петр зэгуэпынкІэ хъунут. Ауэ Петр цІыху Іущт. Ар Паул жиІам едэІуащ икІи гужьгъэжь ищІакъым. ИужькІэ абы Паул и гугъу щищІым мыпхуэдэу жиІащ: «ФІыуэ тлъагъу ди къуэш Паул» (2 Пет. 3:15).

Уепсэлъэн ипэ:

13-нэ абзацым феплъ.b

  • зэупщІыж: уи ныбжьэгъум щхьэкІэ ущІэгузэвэн щхьэусыгъуэ щыІэ?

УщепсалъэкІэ:

  • уи ныбжьэгъум и щыуагъэр ІупщІу жеІэ

  • уи псалъэхэр Библием тегъэщІарэ темыгъэщІарэ зэхэгъэкІ

  • Хьисэ гущІэгъу хэлъу цІыхухэм зэрахущытам щапхъэ тех

13. Ди ныбжьэгъум зэрыщыуэр жетІэн хуей хъумэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

13 Ди ныбжьэгъум зэрыщыуэр жетІэн хуей хъумэ, сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? Абы уепсэлъэн ипэ мыпхуэдэу зэупщІыж: «Адрейхэм нэхърэ сэ захуагъэм нэхъ сытету зыкъэзмылъытэжу пІэрэ?» (Эккл. 7:16). Адрейхэм нэхърэ захуагъэм нэхъ тету зыкъэзылъытэж цІыхур нэгъуэщІхэм я щытыкІэм щегупсысым деж, ар Алыхьым и хабзэхэракъым зытетыр, атІэ езым игъэувыжа хабзэхэращ икІи апхуэдэ цІыхум и дежкІэ нэхъ гугъущ нэгъуэщІхэм гущІэгъу хэлъу яхущытыну. Ауэ уи ныбжьэгъум уепсэлъэн хуейуэ къэплъытэмэ, абы и щыуагъэр ІупщІу жеІэ икІи упщІэхэр ет и щыуагъэр езым къыгурыІуэну удэІэпыкъун щхьэкІэ. Уи псалъэхэр Библием тегъэщІауэ щытрэ щымытрэ зэхэгъэкІ икІи зыщумыгъэгъупщэ: уи ныбжьэгъум жэуап уэ уи пащхьэракъым щихьыр, атІэ Иеговэ и пащхьэращ (Рим 14:10). Уэ езым къызэрыбгурыІуэм ущымыгугъыу Алыхьым и Псалъэм ит Іущагъыр къэгъэсэбэп икІи Хьисэ цІыхухэм гущІэгъу зэрахуищІу щытам щапхъэ тех (Прит. 3:5, Гъэс; Мт. 12:20). Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ адрейхэм дазэрыхущытым хуэдэущ Иеговэ дэри къызэрытхущытынур (Екъуб 2:13).

ИЕГОВЭ И ОРГАНИЗАЦЭМ УНАФЭ ИЩІХЭМ ФЫТЕТ

Брат внимательно слушает на встрече собрания.

ИЕГОВЭ И ОРГАНИЗАЦЭР

Иеговэ и организацэм тхуигъэхьэзыр ди тхыгъэхэм, электроннэ материалхэм, видеохэм, зэІущІэхэм я фІыгъэкІэ Библием ит принципхэр къызэрыдгъэсэбэпынур къыдгуроІуэ. УнафэщІ гупым хъыбарыфІ гъэІуныр зэрырагъэкІуэкІыным теухуауэ унафэ къащтахэм зэман-зэманкІэрэ хоплъэж. (14-нэ абзацым феплъ.)

14. Иеговэ и организацэр дапхуэдэу дэ дэІэпыкъуэгъу къызэрытхуэхъур?

14 Иеговэ и организацэм и Іыхьэ щІылъэм щыІэр къигъэсэбэпу гъащІэм дыхуэзышэ гъуэгум дытетыну къыддоІэпыкъу. Ди тхыгъэхэр, электроннэ материалхэр, видеохэр, зэІущІэхэр — ахэр псори къыддоІэпыкъу Библием ит чэнджэщхэр къэдгъэсэбэпыну. Дэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэтхэм дзыхь хуэпщІ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм лъабжьэ хуэхъур Алыхьым и Псалъэращ. ХъыбарыфІ гъэІуныр дапхуэдэу ирагъэкІуэкІынуми УнафэщІ гупым хэт къуэшхэм унафэ къыщащтэм деж, ахэр Алыхьым и къару лъапІэм щогугъ. Ауэ итІанэми УнафэщІ гупыр щІэх-щІэхыурэ хоплъэж унафэ къащтахэм, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дунейм зехъуэж икІи а зэхъуэкІыныгъэхэм Иеговэ и организацэм и Іуэхур хуигъэкІуэн хуейщ (1 Кор. 7:31).

15. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа?

15 Библием ит гупсысэ гуэр къызэрыдгурыІуэм зэхъуэкІыныгъэ къыщыхыхьэм деж е дызэрыщытын хуейм теухуауэ унафэ къыщыдатым деж Иеговэ и организацэм жиІэм дэ арэзы дытохъуэ. Ауэ дэ нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ къытлъэІэс унафэхэм дапхуэдэу дазэрыхущытыр? Псалъэм папщІэ, иужьрей илъэсхэм Алыхьым дыщыхуэлажьэ Унэхэр зехьэным икІи ухуэным ахъшэ нэхъыбэ текІуадэу хъуащ, уасэхэр зэрыхэхъуам щхьэкІэ. Абы къыхэкІкІэ УнафэщІ гупым дыщызэхуэс Унэхэр нэхъыфІу къигъэсэбэпыну мурад ищІащ. Псалъэм папщІэ, языныкъуэ зэхуэсхэр зы ящІащ, языныкъуэ дыщызэхуэс Унэхэр ящэжащ. Абы къыщІэкІа ахъшэхэр къагъэсэбэп Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ щызэхуэс Унэхэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэхэм щаухуэн щхьэкІэ. Фэ зэхуэсхэр зы щащІа е Алыхьым и Унэ щащэжа щІыпІэм фыщыпсэууэ щытмэ, апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм фесэну гугъу хъунщ. Иджы языныкъуэхэм зэхуэсым кІуэн щхьэкІэ гъуэгум зэман нэхъыбэ трагъэкІуэдэн хуей мэхъу. НэгъуэщІхэми къагурыІуэкъым щаухуэм е щызэрахьэм апхуэдизу къару зытрагъэкІуэда дыщызэхуэс Унэхэр щІащэжыр. Абыхэм къару трагъэкІуэдар хэкІуэдауэ егупсысынкІэ хъунущ, ауэ, абы емылъытауэ Иеговэ и организацэм унафэ ищІар даІыгъщ икІи абыхэм щытхъу къалэжь.

16. Колоссэ 3:23, 24 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну?

16 ГуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну сыт къыддэІэпыкъунур? Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым тщІэуэ хъуар Иеговэ щхьэкІэ зэрытщІэр икІи организацэр зыунэтІыр Иеговэу зэрыщытыр. (Къеджэ Колоссэ 3:23, 24.) Пащтыхь Даут Алыхьым и Унэшхуэр щащІынум щыгъуэ мылъкушхуэ хилъхьауэ щытащ. Абы щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ. Даут Иеговэ жриІащ: «Сыхэт сэ икІи хэт си лъэпкъыр — тхузэфІэкІыну дэ апхуэдэ тыгъэхэр арэзыуэ тщІыну? Псори уэращ къызыбгъэдэкІыр икІи уэ уиІэмкІэ къыдэптар дэ уэ удотыж» (1 Лет. 29:14). Дэ арэзыуэ ахъшэ щыттым деж Алыхьым къыдитар еттыжу аращ. Ауэ Иеговэ хуабжьу мэгуфІэ абы къыдита къалэныр дгъэзэщІэн щхьэкІэ ди зэманыр, къарур икІи мылъкур къыщыдгъэсэбэпым деж (2 Кор. 9:7).

ГЪУЭГУ ЗЭВЫМ ФЫТЕТУ АДЭКІИ ФЫКІУЭ

17. Зыпхъуэжын хуейуэ къыбгурыІуауэ щытмэ, уи гур хэбгъэщІын щІыхуэмейр сыт?

17 ГъащІэм ухуэзышэ гъуэгу зэвым адэкІи дытетын щхьэкІэ Хьисэ щапхъэ тетхын хуейщ (1 Пет. 2:21). Уэ зыпхъуэжын зэрыхуейр къыбгурыІуамэ, уи гур хыумыгъэщІ. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и чэнджэщхэм уэ узэрыщІэдэІур. Зыщумыгъэгъупщэ: Иеговэ Хьисэ зэрыщыта дыдэм хуэдэу дыщытыну къытхуигъэувкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ещІэ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм ар зэрахузэфІэмыкІынур.

18. Сыт дэ тщІэн хуейр дунеищІэм гъащІэ мыухыж диІэу дыщыпсэун щхьэкІэ?

18 ДунеищІэм ухуэзышэ гъуэгум зэи фытемыкІ икІи хуей хъумэ, фи гупсысэкІэр, еплъыкІэр, щытыкІэр фхъуэж (Прит. 4:25, Гъэс; Лк. 9:62). Іэдэбу фыкъанэ, «фыгуфІэ, фи щыпкъагъэм щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу, цІыху нэгъэса фызэрыхъуным фыхущІэкъу». Апхуэдэу фщІэмэ, «фІылъагъуныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ зи деж къикІ Тхьэр фи гъусэнущ» (2 Кор. 13:11). Фэ Алыхьыр къывдэІэпыкъунущ гуфІэгъуэр ффІэмыкІуэду а гъуэгуанэр фкІуну икІи гъащІэ мыухыж фиІэу дунеищІэм фыщыпсэуну.

ІЭДЭБУ ДЫЗЭРЫЩЫТЫР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУНУР:

  • ди гупсысэкІэмрэ щытыкІэмрэ тхъуэжыну?

  • ди ныбжьэгъум и чэнджэщым дедэІуэну?

  • Иеговэ и организацэм къищтэ унафэхэр дэтІыгъыну?

34-НЭ УЭРЭДЫР Къабзагъэм тет

a Языныкъуэхэм я дежкІэ гугъущ я гупсысэкІэр, еплъыкІэр икІи щытыкІэр яхъуэжыну. Мы статьяр топсэлъыхь гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэду дэ псоми зытхъуэжын щІыхуейм и щхьэусыгъуэм.

b СУРЭТЫР. Ди къуэш щІалэщІэм (сэмэгурабгъумкІэ) унафэ тэмэм къызэримыщтам къыхуихьа гугъуехьхэр езым нэхърэ нэхъыжь къуэшым жреІэ. Къуэш нэхъыжьыр щІалэщІэм жиІэм Іэдэбу йодаІуэ, Библием ит принципхэр абы игу къигъэкІыжын хуейрэ хуэмейрэ къыгурыІуэн щхьэкІэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын