12 СТАТЬЯР
119 УЭРЭДЫР ФІэщхъуныгъэ диІэн хуейщ
ФІэщхъуныгъэм фытету адэкІи фыпсэу
«ФІэщхъуныгъэм тету допсэу, ди нэкІэ тлъагъум тету дыпсэуркъым» (2 КОР. 5:7).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Унафэ къыщытщтэм деж ди щхьэм дыщымыгугъыу Иеговэ дызэрыщыгугъыр дауэ къэдгъэлъагъуэ хъунуми.
1. Апостол Паул ирихьэкІа гъащІэмкІэ арэзыуэ щІыщытар сыт?
АПОСТОЛ Паул ищІэт куэд мыщІэу ар зэраукІынур, ауэ абы къигъэщІа гъащІэмкІэ арэзыуэ щІыщытын щхьэусыгъуэ иІэт. Абы мыпхуэдэу жиІащ «Сэ... къэзжынур къэзжащ, фІэщхъуныгъэр схъумащ» (2 Тим. 4:6—8). Паул псэемыблэжу Иеговэ зэрыхуэлэжьамкІэ и гъащІэр Іущагъ хэлъу къигъэсэбэпащ. Абы ищІэт Алыхьыр арэзы зэрищІыр. Дэри дыхуейщ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну икІи Иеговэ арэзы зэрытщІыр зыхэтщІэну. Сыт дэ абыкІэ къыддэІэпыкъунур?
2. ФІэщхъуныгъэм тету упсэуным сыт къикІыр?
2 Паул езымрэ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэмрэ теухуауэ жиІащ: «ФІэщхъуныгъэм тету допсэу, ди нэкІэ тлъагъум тету дыпсэуркъым» (2 Кор. 5:7). Сыт абы зи гугъу ищІар? ФІэщхъуныгъэ зимыІэ цІыхухэм унафэ гуэр къыщащтэм деж ар я нэм илъагъум, я тхьэкІумэм зэхихым икІи яІэ гурыщІэхэм тегъэщІауэ щытщ. Ауэ фІэщхъуныгъэ зиІэ цІыхухэм унафэ къащтэн ипэ Иеговэ и еплъыкІэр къащІэ икІи абы тетщ. Апхуэдэу абыхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым дзыхь зэрыхуащІыр (Пс. 119:66; Евр. 11:6).
3. ФІэщхъуныгъэм тету псэухэм сыт хуэдэ тыгъэ къапэщылъ? (2 Коринф 4:18).
3 ДауикІ, языныкъуэ унафэхэр къыщытщтэкІэ дэ тлъагъури, зэхэтхри, зыхэтщІэри къэдгъэсэбэпын хуейщ. Ауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхухэм деж абыхэм фІэкІа къэдмыгъэсэбэпмэ, щыуагъэ тщІэнкІэ хъунущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди гурыщІэхэм дыщыгугъыщэ хъунукъым, абыхэм дыкъагъэпцІэфынущ. Абы нэхърэ нэхъ Іеижи щыІэщ — ди нэкІэ тлъагъум дытету дыпсэумэ, гува-щІэхами Иеговэ и жагъуэ тщІынущ (Эккл. 11:9; Мт. 24:37—39). Ауэ фІэщхъуныгъэм дытету дыпсэумэ, Алыхьым игу зэрырихьым хуэдэу тщІэнущ (Еф. 5:10). Иеговэ жиІэм дедаІуэмэ, дэ насыпыфІэу дыщытынущ дигуми мамырыгъэ илъынущ (Пс. 16:8, 9; Ис. 48:17, 18). Дэ адэкІи фІэщхъуныгъэм дытетмэ, къэкІуэну зэманым гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэунущ. (Къеджэ 2 Коринф 4:18.)
4. Дауэ зэрызэхэдгъэкІынур: фІэщхъуныгъэм дытету дыпсэурэ хьэмэрэ ди нэм илъагъум дытету дыпсэурэ?
4 Дэтхэнэ зыри дызэупщІыжын хуейщ: «Дапхуэдэу сэ унафэ къызэрысщтэр? Сэ сызыщыгугъыр си нэм илъагъура хьэмэрэ Иеговэ дзыхь хуэсщІу абы и чэнджэщым сытет?» АдэкІэ зэпкърытхынщ фІэщхъуныгъэм дызэрытетыр дапхуэдэу къэдгъэлъэгъуэфынуми: лэжьапІэ къыщыхэтхым, щхьэгъусэ къыщытлъыхъуэм икІи ди организацэм унафэ гуэр къыщыдитым деж. Дэ дытепсэлъыхьынущ Іущагъ зыхэлъ унафэ къэтщтэн щхьэкІэ сыт хуэдэ упщІэхэм дегупсысын хуейми.
ЛЭЖЬАПІЭ КЪЫЩЫХЭТХЫМ ДЕЖ
5. Сыт гу зылъыттэн хуейр лэжьапІэ къыщыхэтхым деж?
5 Дэтхэнэ зыри дыхуейщ дэри ди Іыхьлыхэми дызыхуэныкъуэ псор диІэну (Эккл. 7:12; 1 Тим. 5:8). Языныкъуэ лэжьапІэхэм ахъшэр нэхъыбэу къыщыпхуолэжь. Апхуэдэм деж дызыхуэныкъуэр зэрызэдгъэгъуэтыфым нэмыщІ, ахъшэ гуэрхэри дгъэтІылъыну тхузэфІокІ. Ауэ къэдлэжьыр дызыхуэныкъуэ къудейм фІэкІа дыщримыкъуи къохъу. ДауикІ, дэ лэжьапІэ къыщытлъыхъуэкІэ мыхьэнэ идот дапхуэдиз ахъшэ къэдлэжьынуми. Ауэ а зым фІэкІа гу лъыдмытэмэ дэ ди нэм илъагъумкІэ дыпсэууэ жыпІэ хъунущ.
6. Лэжьыгъэ къыщыхэтхым деж фІэщхъуныгъэм дызэрытетыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? (Еврейхэм 13:5).
6 Дэ фІэщхъуныгъэм дытету дыпсэумэ, лэжьапІэр къыщыхэтхкІэ Иеговэрэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэм ар зэран хуэхъунрэ хуэмыхъунрэ дегупсысынущ. Дэ дызэупщІыж хъунущ: «А лэжьапІэм Иеговэ илъагъу мыхъу гуэр щысщІэн хуеину пІэрэ?» (Прит. 6:16—19); «ХъыбарыфІ гъэІуным, зэІущІэ кІуэным икІи Библие джыным а лэжьапІэр зэран хуэмыхъуну пІэрэ?»; «А лэжьыгъэм и зэранкІэ си унагъуэм сыпэжыжьэу зэман куэдкІэ сыпсэун хуэмеину пІэрэ?» (Флп. 1:10). Мы упщІэхэм языхэзым «нтІэ» жытІэу жэуап еттамэ, апхуэдэ лэжьапІэм дымыувыным Іущагъ хэлъщ, зыри нэгъуэщІ дымыгъуэтми. Дэ фІэщхъуныгъэм дытету допсэу. Аращи, унафэ къатщтэхэм къыхэщын хуейщ, Иеговэ дызыхуэныкъуэр къызэрыдитынум шэч къызэрытедмыхьэр (Мт. 6:33, ДЩІ; къеджэ Еврейхэм 13:5).
7, 8. Ипщэ Америкэм щыпсэу ди зы къуэшым и фІэщхъуныгъэм зэрытетыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар? (Сурэтми феплъ.)
7 Ипщэ Америкэм щыпсэу ди къуэш Хавье́рa и фІэщхъуныгъэм зэрытетам дыхэплъэнщ. Ар къыддогуашэ: «Си лэжьапІэм сэ Іэмал сыщиІэ хъуащ увыпІэ нэхъ лъагэ зэзгъэгъуэтыну. Сэ тІукІэ нэхъыбэу ахъшэ къэзлэжьынут икІи сигу ирихь лэжьыгъэм сыхэтынут». Ауэ а зэманым ирихьэлІэу Хавьер пионер лэжьыгъэр къищтэну хуейт. Абы игу къегъэкІыж: «Сызыгъэлэжьэнымрэ сэрэ дызэпсэлъэну сыкърагъэблэгъат. Дызэпсэлъэн ипэ сэ Иеговэ къыздэІэпыкъуну селъэІуащ. СэркІэ нэхъыфІыр абы зэрищІэм сэ шэч лъэпкъ къытесхьэтэкъым. ДауикІ, сэ увыпІэ нэхъ лъагэ зэзгъэгъуэтыну икІи ахъшэ нэхъыбэ къэзлэжьыну сыхуейт, ауэ Алыхьым и Іуэхум пыщІа си мурадхэм ар зэран хуэзгъэхъуну сыхуейтэкъым».
8 Хавьер пещэ: «Сызыгъэлэжьэным сыщепсалъэм къызжиІащ лэжьыгъэ нэужьым щІэх-щІэхыурэ сыкъэнэн зэрыхуеинур. Ауэ абы пщІэ хэлъу къыгурызгъэІуащ пщыхьэщхьэхэм сэ Алыхьым и лэжьыгъэм сызэрыхэтым къыхэкІкІэ, ар си Іуэхум зэрыхуэмыкІуэр». Арати, Хавьер а лэжьыгъэр къищтэну арэзы техъуакъым. ТхьэмахуитІ дэкІри а къуэшым пионер лэжьыгъэм щІидзащ. Куэд дэмыкІыу абы и Іуэхум хуэкІуэн лэжьапІи къигъуэтащ. Хавьер жеІэ: «Иеговэ си тхьэлъэІур зэхихащ икІи пионер лэжьыгъэм хуэкІуэ лэжьапІэ къысхуигъуэтащ. Сэ иджы нэгъэсауэ сынасыпыфІэщ, Иеговэ и Іуэхум нэхъыбэу сыхэтыну Іэмал сызэриІэм щхьэкІэ».
ЛэжьапІэм увыпІэ нэхъ лъагэ къыщыфхуагъэфащэм деж Иеговэ фечэнджэщ — фэркІэ сытыр нэхъыфІми абы ещІэ (7, 8 абзацхэм феплъ.)
9. Тео и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
9 Ди лэжьыгъэр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъумэ, сыт дэ тщІэ хъунур? Конго щыщ ди къуэш Те́о и щапхъэм деплъынщ. Абы жеІэ: «Сэ сызыщІэхъуэпс лэжьыгъэр къэзгъуэтат. Япэм къэзлэжьу щытам нэхърэ щыкІэ нэхъыбэ къэзлэжьт икІи псоми пщІэ къысхуащІт». Ауэ лэжьапІэ нэужьым къэнэн зэрыхуейм къыхэкІкІэ Тео щІэх-щІэхыурэ зэІущІэхэр блигъэкІт. Абы нэмыщІ иныкъуэхэм деж абы къыдэлажьэхэр къелъэІут здэлажьэ фирмэм щащІэ гъэпцІагъэ гуэрхэр щІихъумэну. Тео а лэжьапІэм ІукІыжыну хуейт, ауэ лэжьыгъэншэу къэнэнкІэ шынэт. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Абы жеІэ: «Аввакум 3:17—19 ит псалъэхэм си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІащ. Сэ къызгурыІуащ лэжьапІэншэу сыкъанэми, Иеговэ къызэрыздэІэпыкъун Іэмал къызэригъуэтынур. Арати сэ а лэжьапІэр къэзгъэнащ». Тео къыддогуашэ: «И нэхъыбэ узыгъэлажьэхэм ягугъэщ ахъшэфІ къэблэжьмэ, адрей Іуэхухэм мыхьэнэ йомытми хъуну, уи унагъуэри, Алыхьым узэрыхуэлажьэри абы хэту. Сэ хуабжьу согуфІэ Иеговэрэ си унагъуэмрэ пэІэщІэ сазэрыхуэмыхъуам щхьэкІэ. Илъэс нэхъ дэмыкІыу лэжьапІэ къэзгъуэтыну Иеговэ къыздэІэпыкъуащ. Иджы къэзлэжьыр нэхъ мащІэми, си унагъуэм зыхуэныкъуэр иІэщ. Псом нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэр — ар Иеговэ сыхуэлэжьэну зэман къызэрысхуэнэращ. Уи гъащІэм Иеговэ япэ зэрибгъэщым къикІкъым, ахъшэм пыщІа гугъуехьхэр уимыІэну. Ауэ абы укъызэримыгъэнэным шэч лъэпкъ хэлъкъым». Аращи, къатщтэ унафэхэмкІэ къэдвгъэгъэлъагъуэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэмрэ къыдит чэнджэщхэмрэ дзыхь зэрыхуэтщІыр. Апхуэдэу тщІэмэ, абы и нэфІ къытщыхуэнущ.
ЩХЬЭГЪУСЭ КЪЫЩЫТЛЪЫХЪУЭМ ДЕЖ
10. Щхьэгъусэ къыщыхэтхым деж сытым гу лъыттэн хуей икІи сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?
10 Нэчыхьыр Иеговэ и тыгъэщ икІи унагъуэ зэбгъэгъуэтыным зыри Іей хэлъкъым. Шыпхъурb къуэш гуэрым щепсалъэм деж абы и хьэл-щэным, и теплъэм, цІыхухэр къызэрыхущытым гу лъитэну къыщІэкІынщ. Ар иджыри еплъынущ абы ахъшэр къызэригъэсэбэпым икІи и Іыхьлыхэм зэрыхущытым. Абы нэмыщІ шыпхъур егупсысынущ а къуэшым и гъусэу насыпыфІэу щытрэ щымытрэ. ДауикІ, а Іуэхугъуэхэм мыхьэнэшхуэ иІэщ, ауэ абы фІэкІа шыпхъум гу лъимытэмэ, ар и нэм илъагъумкІэ псэууэ жыпІэ хъунущ.
11. Щхьэгъусэ къыщыхэтхым деж фІэщхъуныгъэм дызэрытетыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? (1 Коринф 7:39).
11 Иеговэ сыту гуфІэрэ къуэш, шыпхъухэм щхьэгъусэ къыщыхахкІэ абы и чэнджэщхэм щытетым деж! Псалъэм папщІэ, унагъуэ яухуэну ахэр мыпІащІэу я «ныбжьыр ирикъуху» поплъэ (1 Кор. 7:36). Ахэр зэплъыр езыхэм ягу ирихьым и закъуэкъым, атІэ Иеговэ лъапІэу илъытэ хьэл-щэнхэми йоплъ. А хьэл-щэнхэм я фІыгъэкІэ къуэшыр е шыпхъур щхьэгъусэфІ хъунущ (Прит. 31:10—13, 26—28; Еф. 5:33; 1 Тим. 5:8). Иеговэ хуэмылажьэ гуэр къуэшым е шыпхъум гулъытэ къыхуищІмэ, ахэр 1 Коринф 7:39 ит унафэм тетщ (къеджэ). А къуэш, шыпхъухэр я фІэщхъуныгъэм тету адэкІи мэпсэу икІи шэч къытрахьэкъым Иеговэ псом нэхърэ нэхъыфІу ахэр зыхуей зэрыхуигъэзэфынум (Пс. 55:22).
12. Розэ и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
12 Колумбием щыпсэу пионеру лажьэ ди шыпхъу Розэ и щапхъэм деплъынщ. Абы интернеткІэ цІыхухэр иригъаджэт икІи Иеговэ и Щыхьэту щымыт щІалэ гуэрым щІэх-щІэхыурэ епсэлъэн хуей хъут. Абы гулъытэ къыхуищІу щІидзат, езы Рози ар игу ирихьт. Розэ къыддогуашэ: «Ар сэ щІалэфІу къысщыхъут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ псоми ядэІэпыкъут, и узыншагъэми кІэлъыплът. А щІалэр къызэрысхущытыр сигу ирихьт икІи щхьэгъусэфІыр апхуэдэут си нэгу къызэрыщІэзгъэхьэр. Ауэ ар Иеговэ и Щыхьэту щыттэкъым». Розэ пещэ: «Абы гулъытэ къысхуищІыр ІэщІыб сщІыну къызэгугъуэкІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы сэ сыхуэныкъуэт. А зэманым сэ закъуэныгъэ зыхэсщІэт икІи унагъуэ зэзгъэгъуэтыну сыхуейт, ауэ щхьэгъусэ схуэхъун зэхуэсым щыщ дэлъху згъуэттэкъым». Розэ и акъылыр зытеухуауэ щытар и нэм илъагъу закъуэратэкъым. А шыпхъур егупсысащ адэкІи а щІалэм дэуэршэру щытмэ, Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм ар зэран зэрыхуэхъунур. Арати, Розэ а щІалэр зыпигъэхури, хъыбарыфІ гъэІуным и акъылыр триухуащ. Куэд дэмыкІыу ар «Школа благовестников Царства» жыхуаІэм кърагъэблэгъащ. Иджыпсту Розэ спецпионеру мэлажьэ. Абы жеІэ: «Иеговэ сэ тыгъэ куэд къызитащ икІи насыпыфІэ сищІащ». Языныкъуэ унафэхэр къэпщтэну тыншкъым, псом хуэмыдэу узыхуей гуэр ІэщІыб пщІын щыхуейм деж. Ауэ фІэщхъуныгъэм тету дыпсэумэ, дэ абы зэи дыхущІегъуэжынукъым!
ДИ ОРГАНИЗАЦЭМ УНАФЭ ГУЭР КЪЫЩЫДИТЫМ ДЕЖ
13. Ди организацэм унафэ гуэрхэр къыщыдитым деж сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэнкІэ хъуну?
13 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм, районым и нэхъыжьхэм, филиалым икІи УнафэщІ гупым щІэх-щІэхыурэ Иеговэ дызэрыхуэлажьэм епха унафэхэр къыдат. Ауэ унафэ гуэр къыщІащтар къыдгурымыІуэмэ-щэ? Абы щыгъуэ а зэхъуэкІыныгъэм ди гъащІэр нэхъ гугъу зэрищІым фІэкІа дымылъагъуу е а унафэр къыдэзыта къуэшхэм я ныкъусанхэм фІэкІа гу лъыдмытэу дыхъункІэ шынагъэ щыІэщ.
14. Иеговэ и организацэм къыдит унафэхэм дедэІуэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Еврейхэм 13:17).
14 Дэ шэч къытетхьэкъым Иеговэ и организацэм и нэІэ зэрытригъэтым икІи ди Іуэхур зытетыр абы фІыуэ зэрищІэм. Аращи, унафэ гуэрхэр къыщыдатым деж дэ ахэр зыдмыІэжьэу икІи дымытхьэусыхэу догъэзащІэ. (Къеджэ Еврейхэм 13:17.) Дэ ди жыІэдаІуэныгъэм зэхуэсыр нэхъ зэкъуэт зэрищІри дощІэ (Еф. 4:2, 3). Унафэ зыщІ къуэшхэм гуэныхь яхэлъ пэтми, дэ абыхэм жаІэм дедаІуэмэ, Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ (1 Сам. 15:22). Ауэ икІэм-икІэжым къуэшхэм ящІа унафэм зыгуэр хъуэжын хуейуэ къыщІэкІми, и зэманым Иеговэ ар зэригъэзэхуэжынущ (Мих. 7:7).
15, 16. Ди зы къуэшыр организацэм къыбгъэдэкІ унафэм япэщІыкІэ шэч къытрихьэу щытами, а унафэм едэІуэну сыт абы къыдэІэпыкъуар? (Сурэтми феплъ.)
15 Перу къыщыхъуа Іуэхугъуэм дыхэплъэнщ. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и организацэм къыдит унафэхэм дызэрытетым икІи фІэщхъуныгъэ зэрыдгъэлъагъуэм сэбэпынагъ къызэрытхуахьыр. А къэралым щыпсэу цІыхухэр испанскэ бзэм нэмыщІ нэгъуэщІыбзэ куэдкІи мэпсалъэ, псалъэм папщІэ кечуа бзэмкІэ. Илъэс куэдкІэ къуэш, шыпхъухэм я зэхуэсым и территорием кечуа бзэмкІэ псалъэ цІыхухэр къыщалъыхъуэу щытащ. Ауэ иужькІэ я къэралым къыдигъэкІа унафэщІэхэм ипкъ иткІэ абыхэм я бгъэдыхьэкІэр яхъуэжын хуей хъуащ (Рим 13:1). Абы къыхэкІкІэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр гузавэт хъыбарыфІ гъэІуным ар зэран хуэхъункІэ. Ауэ къуэшхэм ящІа зэхъуэкІыныгъэхэм ахэр щытетам Иеговэ къазэрыдэІэпыкъур зыхащІащ.
16 Кечуа бзэмкІэ екІуэкІ зэІущІэхэм ящыщ зым Кевин зэхуэсым и нэхъыжьу щылажьэт. Ар къуэшхэм ящІа унафэхэм шэч къытезыхьэхэм ящыщ зыт. Ар къыддогуашэ: «Сэ мыпхуэдэу сегупсыст: „Дапхуэдэу дэ иджы кечуа бзэмкІэ псалъэ цІыхухэр къызэрыдгъуэтынур?“». Сыт-тІэ Кевин ищІар? Абы жеІэ: «Сэ Притчи 3:5 ит псалъэхэр сигу къэзгъэкІыжри, Мусэ бегъымбарым и щапхъэм сегупсысащ. Иеговэ абы унафэ хуищІат израил цІыхухэр Мысырым къришыжу Хы Плъыжь Іуфэм деж къишэну. Ахэр а щІыпІэм къыщысам щыгъуэ бийхэм я ІэмыщІэ ихуауэ икІи Іуэхум зы хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къыпщыхъункІэ хъунут. Абы емылъытауэ Мусэ Иеговэ жиІэм едэІуащ. Абы щхьэкІэ Алыхьым и нэфІ Мусэ щыхуэри, телъыджэ щІыкІэкІэ израил лъэпкъыр къригъэлащ» (Исх. 14:1, 2, 9—11, 21, 22). Иджы Кевин хъыбарыфІыр зэригъэІу щІыкІэр ихъуэжыну хьэзырт. Сыт абы къыпэкІуар? Абы пещэ: «Сыту гъэщІэгъуэныщэу Иеговэ и нэфІ къытщыхуа! Япэм щыгъуэ куэду къэткІухьт, ауэ дызыхуэзэр зы цІыхут е цІыхуитІт. Дэ иджы ди къарур зэтхьэлІэр кечуа бзэмкІэ псалъэ цІыхухэр здэпсэу щІыпІэхэращ. Абы къыхэкІкІэ цІыху нэхъыбэм допсэлъэф, зытедгъэзэжхэри Библием едгъаджэхэри нэхъыбэ хъуащ. ЗэІущІэхэми цІыху нэхъыбэ къокІуалІэ». Зэрытлъагъущи, фІэщхъуныгъэм дытету дыпсэумэ, Иеговэ зэи тыгъэншэу дыкъигъэнэнукъым.
Куэдым ди къуэш, ди шыпхъухэм къыжраІэт кечуа бзэмкІэ псалъэ цІыхухэр дэнэ къыщагъуэтыфынуми (15, 16 абзацхэм феплъ.)
17. Мы статьям сытым фыхуигъэса?
17 Мы статьям дэ щызэпкърытхащ лэжьапІэ къыщыхэтхым, щхьэгъусэ къыщытлъыхъуэм икІи ди организацэм унафэ гуэр къыщыдитым деж фІэщхъуныгъэм тету дыпсэуным къикІыр сытми. Ауэ дэ нэгъуэщІ Іуэхухэми теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр къэтщІэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, дызэплъынур сытми, дапхуэдэу ди нэгу зедгъэужьынуми, сыт хуэдэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэтынуми е ди сабийхэр дапхуэдэу дгъэсэнуми унафэ къыщытщтэм деж. Сыт хуэдэ Іуэхухэм дыхэдэн хуей мыхъуами, дэ ди нэм илъагъу закъуэмкІэ унафэ къатщтэ хъунукъым. Иеговэ и гурыщІэхэр, и чэнджэщхэр, къыддэІэпыкъуну дыкъызэригъэгугъэр зыщыдмыгъэгъупщэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу тщІэмэ, ди Алыхь Иеговэ игъащІэ псокІэ дыхуэлэжьэфынущ! (Мих. 4:5).
156 УЭРЭДЫР ФІэщхъуныгъэм ди гугъапІэр быдэ ещІ