27 СТАТЬЯР
Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхуу ущыт, хьэмэрэ уцІыху пагэ?
«Фэ фщыщ дэтхэнэми жызоІэ: зыкъыфІэмыщІыж икІи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фІэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщІыкІ уиІэу зэплъыж» (РИМ 12:3).
130-НЭ УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Филиппи 2:3 зэритымкІэ, нэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну Іэдэбагъыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
ДЭ ІЭДЭБАГЪ тхэлъу Иеговэ и хабзэхэм дытетщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къыдгуроІуэ: дэ сэбэп къытхуэхъунур сытми абы сыт щыгъуи нэхъыфІу ещІэ (Еф. 4:22—24). Іэдэбагъыр къыддоІэпыкъу Иеговэ и мурадыр дгъэзэщІэну икІи ар ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэ идгъэщыну, абы нэмыщІ нэгъуэщІхэм нэхърэ дынэхъыфІу демыгупсысыну. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэрэ дэрэ, абы нэмыщІ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ. (Къеджэ Филиппи 2:3.)
2. Апостол Паул сытыт къыгурыІуэр? Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 ШейтІаным и дунейм щыпсэу цІыхухэм я нэхъыбэр пагэу икІи щхьэхуещэу щытщ. Дэ дымысакъыу щытмэ, абыхэм я еплъыкІэм хуэдэ къэтщтэнкІэ хъунущb. Арауэ къыщІэкІынущ, япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къащыщІар, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апостол Паул Рим къалэм дэсхэм мыпхуэдэ псалъэхэр яхуитхат: «Фэ фщыщ дэтхэнэми жызоІэ: зыкъыфІэмыщІыж икІи зумыгъэин, ауэ Тхьэм уэ къыпхуигъэфэща фІэщхъуныгъэм и щапхъэм тету зэхэщІыкІ уиІэу зэплъыж» (Рим 12:3). Паул къыгурыІуэт уи щхьэми уегупсысын зэрыхуейр. Ауэ ди щхьэм еплъыкІэ тэмэм худиІэн щхьэкІэ Іэдэбагъ дыхуэныкъуэщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ ди щхьэм еплъыкІэ тэмэм худиІэн щыхуей Іуэхугъуищ: 1) унагъуэм, 2) зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн щыдгъэзащІэм деж, 3) социальнэ сетьхэр къыщыдгъэсэбэпым деж.
УНАГЪУЭМ ІЭДЭБАГЪ ЩЫВГЪЭЛЪАГЪУЭ
3. Унагъуэхэм зэгурымыІуэныгъэ щІаІэнкІэ хъунур сыт икІи языныкъуэхэр дапхуэдэу абы зэрыхущытыр?
3 Иеговэ хуейщ зэщхьэгъусэхэр насыпыфІэу щытыну. Ауэ дэ псоми гуэныхь тхэлъщ, абы къыхэкІкІэ зэщхьэгъусэхэр щызэгурымыІуэни къэхъунущ. Паул итхат унагъуэ зэзыгъэгъуэтахэр гугъуехьхэм зэрыхуэзэнур (1 Кор. 7:28). Языныкъуэ зэщхьэгъусэхэр сыт щыгъуи зэрызэдауэм къыхэкІкІэ, я акъыл зэтемыхуэу апхуэдэ гупсысэм къыхуокІуэ. Мы дунейм тет цІыхухэм нэчыхьым теухуауэ яІэ еплъыкІэм хуэдэ абыхэм къащтэмэ-щэ? Ахэр занщІэу егупсысынкІэ хъунущ я Іуэхум хэкІыпІэу иІэр нэчыхь къутэжынырауэ икІи щхьэж езым ифІ къилъыхъуэжыныр псом нэхърэ нэхъапэу.
4. Сыт хуэдэ гупсысэхэр дигу къэдгъэкІын хуэмейрэ?
4 Нэчыхьыр фкъутэжмэ нэхъыфІ хъуну зэи фемыгупсыс. Зыщывмыгъэгъупщэ, Алыхьым и еплъыкІэмкІэ зэщхьэгъусэхэм я нэчыхьыр щІакъутэж хъуным зы щхьэусыгъуэщ иІэр — ар зинэ щІэныращ (Мт. 5:32). Аращи, Паул зи гугъу ищІа гугъуехьхэм фыпэщІэхуа иужь пагагъэр зытевмыгъакІуэ икІи мыпхуэдэ гупсысэхэр фигу къэвмыгъэкІ: «Пэж дыдэу мыпхуэдэ зэхущытыкІэ сэ сызыхуейр? Сэ схуэфащэр мыпхуэдэ лъагъуныгъэт? НэгъуэщІ гуэрым и гъусэу нэхъ насыпыфІэу сыщымытыну пІэрэ сэ?» Мыпхуэдэ упщІэхэр зэзытыж цІыхур зэгупсысыр и щхьэ закъуэращ. Мы дунейм тет цІыху куэдым уи гум жиІэм уедэІуэну чэнджэщ ят икІи уэ насып къыпхуэзыхьыр пщІэну ухуагъэуш, абы щхьэкІэ уи щхьэгъусэм убгъэдэкІыжын хуейми. Ауэ Иеговэ мыпхуэдэ чэнджэщ къыдет: «Езым и щхьэм и Іуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщІ цІыхухэм я Іуэхуми ирыреплъ» (Флп. 2:4). Алыхьыр хуейщ фэ фи нэчыхьыр фымыкъутэжу адэкІи зэгъусэу фызэдэпсэуну (Мт. 19:6). Ар хуейщ унафэ къыщыфщтэм деж фэ фызэрыхуейм хуэдэу фымыщІэу, езым и принципхэм фытетыну.
5. Ефес 5:33 зэритымкІэ, зэщхьэгъусэхэр дапхуэдэу зэрызэхущытын хуейр?
5 Зэщхьэгъусэхэр фІыуэ зэрылъагъуу икІи пщІэ зэхуащІу щытын хуейщ. (Къеджэ Ефес 5:33.) Библием мыпхуэдэу итщ: «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апост. 20:35). Зэщхьэгъусэхэр фІыуэ зэрылъагъуу икІи пщІэ зэхуащІу щытыну сыт къадэІэпыкъунур? Іэдэбагъращ. А хьэл-щэныр зыгъэлъагъуэ зэщхьэгъусэхэр Библием ит чэнджэщым тетщ: «Езым и фІагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атІэ нэгъуэщІ цІыхухэм я фІагъ зыхэлъым и ужь ирырет» (1 Кор. 10:24).
Іэдэбагъ зыхэлъ зэщхьэгъусэхэр зэныкъуэкъукъым, атІэ зэдолажьэ. (6-нэ абзацым феплъ.)
6. Стивенрэ Стефанирэ я псалъэхэм сытым фыхуагъасэрэ?
6 Иеговэ хуэлажьэ унагъуэ куэдым Іэдэбагъыр къадэІэпыкъуащ нэхъ насыпыфІэ хъуну. Ди къуэш Сти́вен мыпхуэдэу жеІэ: «Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэкъуэту фыщытмэ, псори зэгъусэу фщІэнущ, псом хуэмыдэу гугъуехь фыщыпэщІэхуэм деж. „Си дежкІэ нэхъыфІыр сыт?“ — жыпІэу уегупсысыным ипІэкІэ, „Ди дежкІэ нэхъыфІыр сыт?“ — жыпІэу уегупсысмэ нэхъыфІщ». Абы и щхьэгъусэ Сте́фани а псалъэхэм арэзы тохъуэ. Ар къыддогуашэ: «ЖыпІэмкІэ сыт щыгъуи мыарэзы цІыхум дэпсэуну зыри хуейкъым. Дэ зыгуэркІэ дыщызэгурымыІуэм деж абы и щхьэусыгъуэр зэхэдгъэкІыну дыхущІокъу. Абы иужь Алыхьым лъэІукІэ зыхудогъазэ, дызыгъэгузавэ упщІэр зэпкърыдох икІи ар дапхуэдэу зэхэдгъэкІ хъунуми дытопсэлъыхь. Дэ езы тІур дызэмыныкъуэкъуу ди гугъуехьым добэн». Зи щхьэ япэ изымыгъэщ зэщхьэгъусэхэр нэгъэсауэ насыпыфІэщ.
ІЭДЭБАГЪ ФХЭЛЪУ ИЕГОВЭ ФЫХУЭЛАЖЬЭ
7. Къуэшым зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн щигъэзэщІэну щратым деж сыт хуэдэ гупсысэкІэ иІэн хуейр?
7 Иеговэ дыхуэлэжьэну диІэ сыт хуэдэ Іэмалри дэ щІыхьышхуэу долъытэ (Пс. 27:4; 84:10). Къуэшым зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн щигъэзэщІэну хущІэкъумэ, абы щытхъу хуэфащэщ. Библием щыжыІащ: «Члисэ зэхуэсым и Іэтащхьэ хъуну зыгуэр хуеймэ, зи ужь итыр ІуэхуфІщ» (1 Тим. 3:1). Ауэ къуэшым зыкъыфІэщІыж хъунукъым, къалэн гуэр иратауэ щытмэ (Лк. 17:7—10). Абы зы мурадщ иІэн хуейр — Іэдэбагъ хэлъу нэгъуэщІхэм хуэлэжьэныращ (2 Кор. 12:15).
8. Диотреф, Озие, Авессалом сымэ я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
8 ЗыкъыфІэщІыжауэ щыта цІыхухэм я щапхъэ Библием къыщыдгъуэтыфынущ. Псалъэм папщІэ, Диотреф Іэдэбагъ хурикъутэкъым икІи зэхуэсым япэ увыпІэр щиубыдыну хуейт (3 Ин. 9). Озие и щхьэм щыгугъыжри Иеговэ къримыта къалэн игъэзэщІэну иужь ихьащ (2 Лет. 26:16—21). Авессалом пащтыхьыгъуэр зыІэригъэхьэну хуейти, бзаджагъэкІэ лъэпкъыр и лъэныкъуэ ищІыну хэтащ (2 Сам. 15:2—6). Мы щапхъэхэм дэ къыдгурагъаІуэ пщІэ лей зыхурагъэщІыну хущІэкъу цІыхухэр Иеговэ игу зэрыримыхьыр (Прит. 25:27). Пагагъэмрэ нэгъуэщІхэм пщІэ лей зыхуебгъэщІыну ухущІэкъунымрэ зэи фІым ухуишэкъым (Прит. 16:18, Гъэсэпэтхыдэхэр).
9. Хьисэ сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэна?
9 Иджы Хьисэ и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар зи гугъу тщІа цыху пагэхэм ещхьтэкъым. Библием итщ: «Мэссихь цІыхухэм ямылъагъу Тхьэм и теплъэр иІэщ» (Кол. 1:15). Ауэ абы емылъытауэ, Хьисэ мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «Адэ лъапІэр сэр нэхърэ нэхъыщхьэщ» (Ин. 14:28). Иеговэ къигъэщІахэм щыщу Хьисэ нэхърэ нэхъ лъэкІыныгъэ зиІэ щымыІэми, абы зыкъыфІэщІыжауэ щыткъым. Абы и лъэужь ирикІуэхэм яжриІэт: «Фэ фщыщу нэхъ цІыкІуращ нэхъ ин дыдэр» (Лк. 9:48). Хьисэ хуэдэу Іэдэбагъ яхэлъыну хущІэкъу пионерхэм, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм, зэхуэсым и нэхъыжьхэм, абы нэмыщІ районым и нэхъыжьхэм я гъусэу хъыбарыфІыр дгъэІуну дэ хуабжьу ди гуапэщ! Іэдэбагъ зыхэлъ Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэхуэсым лъагъуныгъэ илъын щхьэкІэ къару ирахьэлІэ. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, лъагъуныгъэр — Алыхьым и лэжьакІуэхэр къызэрацІыху хьэл-щэнщ (Ин. 13:35).
10. Зэхуэсым гугъуехь гуэр щыІэу къыфщыхъумэ икІи ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм тэмэму зэхамыгъэкІыу къэфлъытэмэ, сыт фэ фщІэнур?
10 Зэхуэсым гугъуехь гуэр щыІэу къыфщыхъумэ икІи ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм тэмэму зэхамыгъэкІыу къэфлъытэмэ, сыт фэ фщІэнур? Фызэрымыарэзыр къэвгъэлъагъуэ нэхърэ Іэдэбагъ вгъэлъагъуэу, зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэм фадэІэпыкъумэ нэхъыфІщ (Евр. 13:17). Сыт фэ абыкІэ къывдэІэпыкъунур? ФызэупщІыж: «Сэ сызыгъэгузавэ Іуэхур зэхэгъэкІын хуейуэ апхуэдизу мыхьэнэшхуэ иІэ? Иджыпсту абы и зэман? Сэ а Іуэхум сыхэІэбэну хуитыныгъэ сиІэ? Абы сыхуэзыгъэушыр сыт: зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр схъумэну сыхущІэкъуу ара, хьэмэрэ гу зылъезгъэтэну сыхуейуэ ара?»
Зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр щызыгъэзащІэ къуэшхэм зэфІэкІ яІэным нэхърэ Іэдэбагъ яхэлъыныр нэхъапэщ. (11-нэ абзацым феплъ.)c
11. Ефес 4:2, 3 зэритымкІэ, Іэдэбагъ тхэлъу Иеговэ дызэрыхуэлажьэр зэхуэсым сыткІэ сэбэп хуэхъуну?
11 Иеговэ и деж нэхъапэр зэфІэкІ уиІэхэракъым, атІэ Іэдэбагъращ, Іуэху куэд блэжьыныракъым, атІэ зэкъуэтыныгъэращ. Аращи, Іэдэбагъ фхэлъу Иеговэ фызэрыхуэлэжьэным фыхущІэкъу. Абы и фІыгъэкІэ зэхуэсыр зэкъуэту щытынущ. (Кеджэ Ефес 4:2, 3.) Жыджэру хъыбарыфІ гъэІуным фыхэт. Адрейхэм фІы гуэр зэрахуэфщІэным иужь фит. Къуэш, шыпхъухэр хьэщІапІэ къевгъэблагъэ, зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн щызымыгъэзащІэхэри абыхэм яхэту (Мт. 6:1—4; Лк. 14:12—14). Іэдэбагъ фхэлъу къуэш, шыпхъухэм адэкІи фадэлажьэмэ, абыхэм фэ зэфІэкІ фиІэм нэмыщІ Іэдэбагъ зэрыфхэлъым гу лъатэнущ.
СОЦИАЛЬНЭ СЕТЬХЭР КЪЫЩЫБГЪЭСЭБЭПЫМ ДЕЖ ІЭДЭБАГЪ ГЪЭЛЪАГЪУЭ
12. Зэныбжьэгъугъэм теухуауэ сыт Библием жиІэр?
12 Иеговэ хуейщ ди унагъуэм, ди ныбжьэгъухэм депсэлъэну икІи абы гуфІэгъуэ хэтхыну (Пс. 133:1). Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ ныбжьэгъуфІхэр иІащ (Ин. 15:15). Зэныбжьэгъугъэ быдэр зэрылъапІэр Библием щыжыІащ (Прит. 17:17; 18:24). Абы иджыри щыжыІащ нэгъуэщІ цІыхухэм пэІэщІэ захуэтщІын зэрыхуэмейр (Прит. 18:1, Гъэс.). Куэдым я гугъэщ ныбжьэгъу нэхъыбэ къэбгъуэтыну икІи закъуэныгъэр зэхыумыщІэну социальнэ сетьхэр къыбдэІэпыкъуу. Ауэ ахэр къыщыбгъэсэбэпкІэ усакъын хуейщ.
13. Социальнэ сетьхэр къэзыгъэсэбэп языныкъуэ цІыхухэм закъуэныгъэр нэхъ зыхащІэу икІи гукъыдэж ямыІэу сыт щІыщытыр?
13 ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, социальнэ сетьхэм зэман куэд тезыгъэкІуадэхэм закъуэныгъэр нэхъ зыхащІэ икІи гукъыдэж ямыІэу щытщ. Сыт щхьэкІэ? Абы и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыуэ щытынкІэ хъунур социальнэ сетьхэм цІыхухэм я гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэ нэхъыфІ дыдэхэр, абы нэмыщІ езыхэм, я ныбжьэгъухэм икІи здэщыІа щІыпІэ гъэщІэгъуэнхэм я сурэт нэхъ дахэхэр къызэрыралъхьэращ. Апхуэдэ сурэтхэм цІыхур щеплъым деж нэгъуэщІхэм я гъащІэм елъытауэ езым и гъащІэр мыгъэщІэгъуэну икІи гуфІэгъуэ хэмылъу къыщохъу. Илъэс 19 хъу ди зы шыпхъум мыпхуэдэу жеІэ: «ЦІыхухэр щымылажьэ махуэхэм сэ унэм сызэшу сыщІэсауэ, нэгъуэщІхэм фІыуэ я нэгу зэрызрагъэужьар щыслъэгъужым деж, хуабжьу си жагъуэ хъут».
14. 1 Петр 3:8 ит чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур социальнэ сетьхэмрэ мессенджерхэмрэ Іущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпыну?
14 ДауикІ, социальнэ сетьхэмрэ мессенджерхэмрэ сэбэп къытхуохъу: абыхэм я фІыгъэкІэ ди Іыхьлыхэмрэ ди ныбжьэгъухэмрэ допсэлъэф. Ауэ цІыхухэр зыщытхъужын щхьэкІэ иныкъуэхэм деж социальнэ сетьхэр къызэрагъэсэбэпым гу лъыфтауэ пІэрэ? Абыхэм къралъхьэ сурэтхэмкІэ мыпхуэдэу жаІэу фІэкІ пщІэкъым: «Фыкъызэплъыт сэ!» Языныкъуэхэм езыхэм е нэгъуэщІхэм я сурэтым къемызэгъ, псалъэ пхъашэхэр кІэщІатхэ. Іэдэбагърэ лъагъуныгъэрэ бгъэлъэгъуэн хуейуэ Библием ит чэнджэщым апхуэдэ щытыкІэр пэщІоувэ. (Къеджэ 1 Петр 3:8.)
Социальнэ сетьхэм ифлъхьэхэм сыт къагъэлъагъуэр: фызэрызыщытхъужыра, хьэмэрэ Іэдэбагъ зэрыфхэлъыра? (15-нэ абзацым феплъ.)
15. Дызэрыщымыт зыдмыщІыну Библиер дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
15 Социальнэ сетьхэмрэ мессенджерхэмрэ къэвгъэсэбэпу щытмэ, фызэупщІыж: «Сэ сурэт, видео къислъхьэхэм е абыхэм кІэщІэстхэ псалъэхэм си щхьэм сыщытхъужу нэгъуэщІхэм къащимыгъэхъуну пІэрэ? Абы нэгъуэщІхэр фыгъуэным хуимыгъэушыну пІэрэ?» Библием мыпхуэдэу итщ: «Мы дуней хьэхум и Іуэхугъуэхэр — цІыхухэм я гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэри, я нэхэр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэри, цІыхухэр зэрыпагэ Іуэхугъуэхэри — Адэ лъапІэм деж къикІыркъым, мы дунейращ ахэр къыздикІыр» (1 Ин. 2:16). Библиер зыдж щІэныгъэлІ гуэрым зэрибжымкІэ, «цІыхухэр зэрыпагэ Іуэхугъуэхэр» жыхуиІэ псалъэхэр зыхуэгъэзар зэрыщымыт зищІыну хэт цІыхуращ. Алыхьым и лэжьакІуэхэр езыхэр зыгуэркІэ нэхъыфІу нэгъуэщІхэм зыкъыщагъэхъуну хэткъым. Ахэр Библием ит чэнджэщым тетщ: «ДыкъызыфІэщІыжу, дызэрыгъэгубжьу икІи зыр зым дефыгъуэу дыщывмыгъэт» (Гал. 5:26). Мы дунейм тет цІыхухэр езыхэр зыгуэркІэ нэхъыфІу нэгъуэщІхэм зыкъыщагъэхъун щхьэкІэ яхузэфІэкІ къагъанэкъым. Дэ Іэдэбагъыр къыддэІэпыкъунущ абыхэм хуэдэу дыщымытыну.
«ЗЭХЭЩІЫКІ УИІЭУ ЗЭПЛЪЫЖ»
16. Сыт цІыху пагэу дыщытын щІыхуэмейр?
16 Дэ Іэдэбагъ зэрытхэлъыным иужь дитын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыху пагэхэр зэхэщІыкІ яІэу зэплъыжыфкъым (Рим 12:3). ЦІыху пагэхэм дэуэн яфІэфІщ икІи я щхьэм фІэкІ нэгъуэщІхэм егупсыскъым. Абыхэм я гупсысэкІэр икІи я щытыкІэр езыхэми къэзыухъуреихь цІыхухэми зэран хуохъу. Абыхэм я гупсысэкІэр ямыхъуэжу щытмэ, ШейтІаным адэкІи абыхэм «я гур нэф» ищІынущ икІи я «щхьэр зэІигъэхьэнущ» (2 Кор. 4:4; 11:3). Ауэ цІыху Іэдэбыр зэхэщІыкІ иІэу зоплъыж. Абы и щхьэм еплъыкІэ тэмэм хуиІэщ икІи нэгъуэщІхэр езым нэхърэ лъэныкъуэ куэдкІэ зэрынэхъыфІыр къыгуроІуэ (Флп. 2:3). Абы Библием ит мы псалъэхэр зэрыпэжыр ещІэ: «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цІыхум, и нэфІ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым» (1 Пет. 5:5). ЗэхэщІыкІ яІэу зэплъыж цІыхухэр хуейкъым Иеговэ къапэувыну.
17. Іэдэбагъ тхэлъу адэкІи дыщытын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
17 Іэдэбагъ тхэлъу адэкІи дыщытын щхьэкІэ Библием ит чэнджэщым дытетын хуейщ: «Фи щэныжь бзаджэр, абы и Іуэхухэри щІыгъуу», зыхэвныж, «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зэфшэкІ (Кол. 3:9, 10). Дэ Хьисэ теухуауэ нэхъыбэ къатщІэу, абы нэхъыфІыжу щапхъэ зэрытетхыным иужь дитын хуейщ (1 Пет. 2:21). Ар тыншкъым, ауэ абы къару етхьэлІэу щытмэ, фІыгъуэ куэд къыпэкІуэнущ. Іэдэбагъ зэрызыхэтлъхьэм и фІыгъэкІэ ди унагъуэр нэхъ насыпыфІэ хъунущ, зэхуэсым зэкъуэтыныгъэ илъынущ икІи социальнэ сетьхэр Іущагъ хэлъу къэдгъэсэбэпынущ. Ауэ псом нэхъапэращи, дэ Иеговэ арэзы къытхуэхъунущ икІи и нэфІ къытщыхуэнущ.
117-НЭ УЭРЭДЫР ІуэхуфІхэр тщІэнщ
a Щхьэхуещэ икІи цІыху пагэ куэд зытет дунейм дэ дыщопсэу. Дэ дысакъын хуейщ абыхэм я гупсысэкІэм хуэдэ димыІэн щхьэкІэ. Ди щхьэм еплъыкІэ тэмэм худиІэн щыхуей Іуэхугъуищ мы статьям дэ щызэпкърытхынущ.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. ЦІыху пагэр адрейхэм нэхърэ езым и щхьэм нэхъыбэрэ йогупсыс икІи абы къегъэлъагъуэ ар щхьэхуещэу зэрыщытыр. Ауэ Іэдэбагъыр цІыхум къыдоІэпыкъу езым и щхьэр егъэлеяуэ фІыуэ имылъагъуну. Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхур пагэкъым.
c СУРЭТЫР. Зэхуэсым и нэхъыжьым зэфІэкІ иІэщ конгрессхэм псалъэ щыжиІэну икІи нэгъуэщІ къуэшхэм къалэнхэр яритыну. Абы емылъытауэ, а къуэшым хъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІыр иригъэкІуэкІыну икІи дыщызэхуэс Унэхэр зэлъыІуихыну Іэмал иІэр лъапІэу елъытэ.