ЧЭНДЖЭЩ ЩХЬЭПЭХЭР
КъэпщІар нэхъыфІу уигу ибубыдэн щхьэкІэ сурэт щІы
Дэ псоми къытщыщІауэ къыщІэкІынщ зыгуэр дджауэ, ауэ куэд дэмыкІыу псори щытщыгъупщэжа. Ауэ Хьисэ зыхуригъаджэу щытар дигу къэдгъэкІыжыну ди дежкІэ гугъукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы уи нэгу къыщІэбгъэхьэну тыншу щыт щапхъэхэр къихьт. Дэри дджыр ди нэгу къытхущІэгъэхьэнущ сурэту тщІымэ.
ЩІэ гуэр щаджым деж къащІар сурэту зыщІхэм ар нэхъыфІу ягу ираубыдэ. Сурэт зэращІыр абыхэм къадоІэпыкъу псалъэхэм нэмыщІ яджам хэт гупсысэхэри нэхъыфІу къагурыІуэну. Сурэтыр Іэмал имыІэу дахэу щытын хуейкъым, зэрыпхуэщІым хуэдэу щІыи аращ. Зи ныбжь хэкІуэтахэм дежкІэ ар ІэмалыфІщ яджар ягу ираубыдэну.
Иджы зыгуэр щыбджкІэ къэпщІам теухуауэ сурэт щІыи еплъ. Апхуэдэу пщІэмэ, уигу куэд зэрибубыдэфар уэ бгъэщІэгъуэнущ!