5 СТАТЬЯР
108 УЭРЭДЫР Алыхьым къыбгъэдэкІ лъагъуныгъэ пэжыр
Иеговэ и лъагъуныгъэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхузэІуихрэ?
«Гуэныхь зыщІэхэр мыкІуэду къригъэлын щхьэкІэ, Мэссихь Хьисэ мы дунейм къэкІуащ» (1 ТИМ. 1:15).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ фІыгъуэхэр диІэми икІи Иеговэ и лъагъуныгъэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къэдгъэлъэгъуэфынуми.
1. Дапхуэдэу дэ Иеговэ зэрыдгъэгуфІэфынур?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт уи ныбжьэгъум тыгъэфІ гуэр хуэпщІауэ — ар дахэщ икІи сэбэп хъун хьэпшыпщ. Ауэ ар абы пхъуантэм дилъхьэри щыгъупщэжащ! ДауикІ, уэ ар уи жагъуэ хъуну къыщІэкІынт. А Іуэхур нэгъуэщІуи щытыфынущ. Уэ уолъагъу уи ныбжьэгъум ар фІыщІэ зэрищІыр икІи и фІэфІу къызэригъэсэбэпыр. Мы щапхъэм сыт къыдгуригъаІуэр? Иеговэ дэри тыгъэшхуэ тхуищІащ — и Къуэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу дэр щхьэкІэ итащ. Абы къыдита тыгъэмрэ и лъагъуныгъэмрэ лъапІэу щытлъытэм деж ар хуабжьу мэгуфІэ! (Ин. 3:16; Рим 5:7, 8).
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Зэман гуэр дэкІа иужь щхьэщэхуж къурмэныпхъэм щхьэкІэ ди гум фІыщІэ имылъыжу икІи тыгъэ лъапІэу къэдмылъытэжу хъуфынущ. Апхуэдэу къэхъумэ, Алыхьым къыдита тыгъэр пхъуантэм щыдгъэпщкІуауэ жыпІэ хъунущ. ЯпэщІыкІэ а тыгъэм дэ дыщыгуфІыкІащ, ауэ иужькІэ абы мыхьэнэ едмытыжу хъуащ. НтІэ, ди гум илъ фІыщІэр мыужьыхын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Дэ сыт щыгъуи дигу къэдгъэкІыжын хуейщ дэр щхьэкІэ Иеговэрэ Хьисэрэ ящІар. АбыкІэ дэ мы статьяр къыддэІэпыкъунущ. Дэ иджыри дытепсэлъыхьынущ щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ иджыпсту сыт диІэми икІи къэкІуэну зэманым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытпэщылъми. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ Иеговэ къытхуиІэ лъагъуныгъэр фІыщІэ зэрытщІ хъуным, псом хуэмыдэу Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну зэманым къриубыдэу.
СЫТ ХУЭДЭ ФІЫГЪУЭХЭР НОБЭ ДИІЭ?
3. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ фІыгъуэ нобэ диІэ?
3 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и сэбэп дэ ноби къыдокІ. Псалъэм папщІэ, а къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуегъэгъу. Ар абы ищІэну и къалэну аракъым, атІэ езым ар ищІэну хуейуэ аращ. Псаломыр зытхам и гум илъ фІыщІэм хуигъэушт мыпхуэдэ псалъэхэр зыхэт уэрэд жиІэну: «Уэ, Иеговэ, фІыуэ щыІэр пхэлъщ икІи бгъэгъуну ухьэзырщ» (Пс. 86:5; 103:3, 10—13).
4. Хэт щхьэкІэ Иеговэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр щІитар? (Лука 5:32; 1 Тимофей 1:15).
4 Языныкъуэхэм я гугъэщ я гуэныхьхэр Иеговэ къахуигъэгъуну къамылэжьу. Къапщтэмэ, зы цІыхуми ар къилэжькъым. Паул ар къыгурыІуэти «апостол къызжаІэнуи схуэфащэкъым», — жиІащ. Ауэ абы пищащ: «Тхьэм и нэфІ къызэрысщыхуам къыхэкІкІэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ» (1 Кор. 15:9, 10). Ди гуэныхьым дыщыхущІегъуэжым деж Иеговэ къытхуегъэгъу. Дэ абы къыщІытхуигъэгъур къэдлэжьауэ аракъым, атІэ фІыуэ дыкъелъагъури аращ. Зыри дримыщІысу къыщытщыхъум деж дигу къэдгъэкІыжын хуейщ: щхьэщэхуж къурмэныпхъэр Иеговэ щІитар гуэныхь зыхэмылъхэракъым, атІэ гуэныхь зыхэлъ икІи зи гуэныхьым хущІегъуэжхэращ. (Къеджэ Лука 5:32; 1 Тимофей 1:15.)
5. Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну и къалэн? КъыдгурывгъаІуэ.
5 Дэ зыри дегупсысын хуейкъым «илъэс куэд щІауэ Иеговэ сыхуолажьэри, абы си гуэныхьыр къысхуигъэгъун хуейщ», — жытІэу. ДауикІ, Иеговэ хуэтщІэу хъуар лъапІэу елъытэ (Евр. 6:10). Ауэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр — ар ІуэхуфІ тщІэхэм пэкІуэ уасэу аракъым, атІэ Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэу аращ. Дэ Иеговэ и гущІэгъур къэдлэжьауэ е гулъытэ лей къытхуищІын хуейуэ ди гугъэмэ, щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дыхуэмыныкъуэу икІи Хьисэ щІэлІам мыхьэнэ имыІэу жытІэ хуэдэу аращ. (Евгъапщэ Галатие 2:21.)
6. Сытыт Паул Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ апхуэдиз къару щІытригъэкІуадэу щытар?
6 Паул къыгурыІуэт Иеговэ и гущІэгъур зыкІи къызэрыхуэмылэжьынур. НтІэ, сытыт абы Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ апхуэдиз къару щІытригъэкІуадэу щытар? Иеговэ гущІэгъу къыхуищІу, щабэу къызэрыхущытым щхьэкІэ Паул и гум фІыщІэ илъыр апхуэдэу къигъэлагъуэу арат (Еф. 3:7). Дэри ди гуми ди псэми къыбгъэдэкІыу Иеговэ дыхуолажьэ. Дэ ар щІэтщІэр Иеговэ зыгуэр зыхуедгъэщІэжын щхьэкІэкъым, атІэ гущІэгъу къытхуищІыр лъапІэу зэрытлъытэр едгъэлъэгъун щхьэкІэщ.
7. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ сыт хуэдэ Іэмал дэ иджыри диІэр? (Рим 5:1; Екъуб 2:23).
7 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ иджыпсту Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыфынущa. Мыбы ипэ ит статьям зэрыщыжыІам хуэдэу гуэныхьым и ягъэкІэ Алыхьым и бийуэ дунейм дыкъытохьэ. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ «Тхьэм декІужу» абы гъунэгъу дыхуэхъуну Іэмал диІэщ. (Къеджэ Рим 5:1; Екъуб 2:23.)
8. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну Іэмал дызэриІэр сыт лъапІэу тлъытэн щІыхуейр?
8 Иджыри зы Іуэхугъуэм гу лъыттэнщ: Иеговэ и ныбжьэгъухэм Іэмал яІэщ абы тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэну. Иеговэ ди зэІущІэхэм щыжаІэ тхьэлъэІухэм я закъуэкъым зэдаІуэр, атІэ дэтхэнэ зыми ди тхьэлъэІухэм йодаІуэ. ТхьэлъэІум ди гум гупсэхугъуэрэ мамырыгъэрэ кърилъхьэфынущ. Ауэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщІыхуэдгъазэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр аракъым. Дэ Алыхьым дыщепсалъэм деж абы нэхъ гъунэгъу дыхуохъу (Пс. 65:2; Екъуб 4:8; 1 Ин. 5:14). Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ щІэх-щІэхыурэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэт. Абы ищІэт Иеговэ къызэредаІуэр икІи я зэхущытыкІэр тхьэлъэІум нэхъ быдэ зэрищІыр (Лк. 5:16). Аращи, Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ дуней псор къэзыгъэщІам и ныбжьэгъу дыхъуну икІи депсэлъэну Іэмал диІэщ. ДауикІ, дэ а Іэмалыр лъапІэу долъытэ!
КЪЭКІУЭНУ ЗЭМАНЫМ СЫТ ХУЭДЭ ФІЫГЪУЭХЭР ДИІЭНУ?
9. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм къэкІуэну зэманым сыт хуэдэ фІыгъуэ яІэнур?
9 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм къэкІуэну зэманым сыт хуэдэ фІыгъуэ яІэнур? Абыхэм гъащІэ мыухыж къалъысынущ. Куэдым я гугъэщ гъащІэ мыухыж уиІэу упсэуну зы Іэмали щымыІэу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ илъэс мин бжыгъэ хъуауэ цІыхухэр малІэ. Ауэ Иеговэ и мурадымкІэ гъащІэ мыухыж яІэу цІыхухэр псэун хуейт. Іэдэм гуэныхь имыщІатэмэ, гъащІэ мыухыжыр зы цІыхуми телъыджэу къыщыхъунутэкъым. Иджыпсту гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну ди нэгу къыщІэдгъэхьэну гугъуми, ар ди фІэщ тщІы хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэ Іэмал диІэн щхьэкІэ Иеговэ уасэшхуэ щІитащ — абы и Къуэ лъапІэр дэр щхьэкІэ итащ (Рим 8:32).
10. Помазанникхэмрэ нэгъуэщІ мэлхэмрэ сыт къапэщылъыр?
10 ГъащІэ мыухыжыр къэкІуэну зэманым къытІэрыхьэну тыгъэу щытми, Иеговэ хуейщ иджыпсту щыщІэдзауэ дэ абы зыхуэдгъэхьэзырыну. Помазанникхэм къапэщылъщ Хьисэ и гъусэу щІылъэ псом и тепщэу щытыну икІи мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр ягъэзэщІэну (Апок. 20:6). НэгъуэщІ мэлхэр гузэвэгъуи узи здэщымыІэж жэнэт хъужа щІылъэм щыпсэунущ (Апок. 21:3, 4). Уэ нэгъуэщІ мэлхэм уащыщмэ, уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм нэхърэ уи тыгъэр нэхъ мыхьэнэншэу уимыгугъэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ цІыхур къызыхуигъэщІар аращ. Абы къыхэкІкІэ щІылъэм щыІэну гъащІэм дэ насып мыухыж къытхуихьынущ.
11, 12. ДунеищІэм щыІэну сыт хуэдэ фІыгъуэхэм дэ къытхуэмыгъэсу дыпэплъэрэ? (Сурэтхэми феплъ.)
11 Жэнэт хъужа щІылъэм сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнуми уи нэгу къыщІэгъэхьэт! Уэ афІэкІа ушынэжынукъым «сымаджэ сыхъунущ» е «сылІэнущ» жыпІэу (Ис. 25:8; 33:24). Иеговэ узыщІэхъуэпс псори игъэзэщІэнущ. Сытыт уэ блэжьыну узыхуейр? Дунейм тет псэущхьэхэр нэхъыфІу къэпцІыхуну ухуейт? Сурэт пщІыну е макъамэ къызэрыкІ Іэмэпсымэ гуэрым уеуэу зебгъэсэну ухуейт? Хьэмэрэ физикэр, химиер, математикэр нэхъ куууэ къыбгурыІуэну ухуейт? Шэч хэмылъу, архитекторхэм, ухуакІуэхэм, мэкъумэшыщІэхэм дунеищІэм куэду дыщыхуеинущ. НэгъуэщІ лэжьыгъэ куэди щыІэнущ, псалъэм папщІэ: ерыскъы гъэхьэзырын, зэрылэжьэн Іэмэпсымэхэр щІын, жыг хадэхэр гъэкІын икІи абыхэм кІэлъыплъын хуеинущ (Ис. 35:1; 65:21). ГъащІэ мыухыж диІэу дыщыпсэуну зэманым дэ ІэщІагъэ куэдым икІи дызыщІэхъуэпсу щыта Іуэхугъуэ куэдым зедгъэсэфынущ.
12 ЛІахэм къахэтэджыкІыжахэр къыщедгъэблэгъэжкІэ сыту гуфІэгъуэшхуэ диІэну! (Апост. 24:15). Уи нэгу къыщІэгъэхьэт Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэху Иеговэ нэхъыфІу къызэрытцІыхунур (Пс. 104:24; Ис. 11:9). Абы нэмыщІ щыуагъэ лъэпкъ зэрумыщІэр икІи Алыхьым къыпхуигъэгъуну ущІелъэІун щхьэусыгъуэ зэрыщымыІэр пщІэным нэхърэ нэхъыфІ сыт щыІэ? Сыт-тІэ нэхъ лъапІэр Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ фІыгъуэхэра, хьэмэрэ «гуэныхь щІэнымкІэ зы зэман кІэщІкІэ зыгъэтхъэжыныра»? (Евр. 11:25). ДауикІ, а фІыгъуэхэр нэхъ лъапІэщ икІи абыхэм щхьэкІэ нобэ сытми зыхуэдгъэныкъуэну хуэфащэщ. Фигу ивгъэлъ: жэнэт хъужа щІылъэр дызыщІэхъуэпс гуэру сыт щыгъуи щымыту, ар ди нэкІэ щытлъэгъуну зэманыр къэсынущ. Иеговэ и лъагъуныгъэм къыхэкІыу и Къуэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу имытамэ, а фІыгъуэхэр къытІэрыхьэну дэ зы Іэмали диІэнутэкъым!
Жэнэтым сытыт уэ нэхъыбэу щыпщІэну узыхуейр? (11, 12 абзацхэм феплъ.)
ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ЛЪАПІЭУ ЗЭРЫТЛЪЫТЭР ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЕДГЪЭЛЪЭГЪУФЫНУР?
13. Иеговэ и лъагъуныгъэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу зэредгъэлъэгъуфынур? (2 Коринф 6:1).
13 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу Иеговэ зэредгъэлъэгъуфынур? Абы дызэрыхуэлажьэм япэ увыпІэ ди гъащІэм щеттыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Мт. 6:33, ДЩІ). Хьисэ щІэлІар «псэухэр езыхэм я щхьэ хуэмыпсэужу, абыхэм щхьэкІэ лІэуэ, лІахэм къахэтэджыкІыжам хуэпсэун папщІэщ» (2 Кор. 5:15). Къэдмылэжьауэ Алыхьым и нэфІ къызэрытщыхуэр дэ зэи зыщыдгъэгъупщэну дыхуейкъым. (Къеджэ 2 Коринф 6:1.)
14. Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІымрэ дызэредаІуэмрэ дапхуэдэу зэредгъэлъэгъуфынур?
14 Иеговэ и лъагъуныгъэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу дэ иджыри къызэрыдгъэлъагъуэфынур? Ар къытхуэгъэлъэгъуэнущ абы дзыхь хуэтщІмэ икІи дедаІуэмэ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ дечэнджэщын хуейщ щІэныгъэ зэдгъэгъуэтынумрэ лэжьыгъэ къыхэтхынумрэ теухуауэ (1 Кор. 10:31; 2 Кор. 5:7). Иеговэ зэрыжиІэм хуэдэу щытщІэм деж абы дзыхь зэрыхуэтщІыр ІуэхукІэ къыдогъэлъагъуэ икІи нэхъ гъунэгъу дыхуохъу. Абы къыхэкІкІэ дунеищІэм теухуауэ диІэ гугъэр нэхъ быдэ мэхъу (Рим 5:3—5; Екъуб 2:21, 22).
15. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу, щекІуэкІым икІи екІуэкІа иужь щхьэщэхужыр фІыщІэ зэрытщІыр дапхуэдэу Иеговэ зэредгъэлъэгъуфынур?
15 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр фІыщІэ зэрытщІыр иджыри дапхуэдэу Иеговэ зэредгъэлъэгъуфынур? Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу, щекІуэкІым икІи екІуэкІа иужь тщІэмкІэ ар къэдгъэлъэгъуэфынущ. Дэ а зэІущІэм дыкъекІуэлІэну зэрытедухуам нэмыщІ нэгъуэщІхэм абы теухуауэ яжетІэфынущ (1 Тим. 2:4). Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къевгъэблагъэхэм ар дапхуэдэу екІуэкІынуми яжефІэ. Псалъэм папщІэ, jw.org сайтым илъ «Сыт Хьисэ и гъащІэр щІитар?» икІи «Хьисэ Мэссихь и лІэныгъэр дигу къыдогъэкІыж» жыхуиІэ видеохэр евгъэлъагъу. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Іэмал имыІэу къару ирахьэлІэнущ зэІущІэхэм къэмыкІуэж къуэш, шыпхъухэр къызэрырагъэблэгъэным. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт уафэми щІылъэми гуфІэгъуэу щыІэнур Иеговэ и мэл цІыкІу кІуэдахэм зэхуэсым къагъэзэжмэ! (Лк. 15:4—7). Аращи, Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм дыкІуа иужь япэу къэкІуахэми, куэд щІауэ къэмыкІуахэми сэлам гуапэ етхынщ. Дэ дыхуейщ ахэр тлъэгъуну дызэригуапэр абыхэм зыхедгъэщІэну (Рим 12:13).
16. Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну зэманым Иеговэ и лэжьыгъэм нэхъыбэу дызэрыхэтыным дыщІегупсысын хуейр сыт?
16 Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэр щекІуэкІыну зэманым хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу ухэтыфыну пІэрэ? Апхуэдэу уэ къэбгъэлъэгъуэнущ Иеговэрэ абы и Къуэмрэ къыпхуащІар фІыщІэ зэрыпщІыр. ХъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу дыхэтыху Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур нэхъыбэу зыхыдощІэ икІи нэхъыбэжу дзыхь худощІ (1 Кор. 3:9). Абы нэмыщІ а зэманым хухаха пычыгъуэхэм еджэ. Ахэр «Исследуем Писание каждый день» жыхуиІэ брошюрэмрэ «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъымрэ къыщыбгъуэтыфынущ. Уэ Библиер щыбджкІэ а едзыгъуэхэм щыщ гуэр нэхъ куууэ зэпкърыпхыну гукъыдэж уиІэнкІэ хъунщ.
17. Иеговэ сыт зыгъэгуфІэр? («Иеговэ и лъагъуныгъэр фІыщІэ зэрыпщІыр дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур?» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)
17 Шэч хэмылъу, уэ мы статьям ит чэнджэщхэр псори къэбгъэсэбэпыну ухуейуэ къыщІэкІынт, ауэ апхуэдэ Іэмал уимыІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, зыщумыгъэгъупщэ Иеговэ уэ хуэпщІэр нэгъуэщІхэм ящІэм зэрыримыгъапщэр. Иеговэ ещІэ уа ар фІыуэ зэрыплъагъур икІи абы и гуапэщ щхьэщэхуж къурмэныпхъэр лъапІэу зэрыплъытэр илъэгъуну (1 Сам. 16:7; Мк. 12:41—44).
18. Иеговэрэ Хьисэ Мэссихьрэ фІыщІэ щІахуэтщІыр сыт?
18 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр мыхъуамэ, дэ ди гуэныхьхэр къытхуэгъуну, Иеговэ гъунэгъу дыхуэхъуну икІи гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Іэмал диІэнутэкъым. Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ къытхуищІа тыгъэ лъапІэхэмрэ фІыщІэ зэрытщІыр ди гъащІэм къыхэщу щрырет (1 Ин. 4:19). Иджыри Хьисэ лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ дэр щхьэкІэ и гъащІэр зэритар фІыщІэ зэрытщІыр ди ІуэхущІафэхэмкІэ къэдвгъэгъэлъагъуэ! (Ин. 15:13).
154 УЭРЭДЫР Лъагъуныгъэ мыкІуэдыж