15 СТАТЬЯР
30 УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си Ныбжьэгъу!
Ди дежкІэ «Алыхьым гъунэгъу дыхуэхъуныр фІыгъуэщ»!
«Си дежкІэ Алыхьым гъунэгъу сыхуэхъуныр фІыгъуэщ» (ПС. 73:28).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ дапхуэдэу гъунэгъу зыхуэтщІыфынуми икІи а ныбжьэгъугъэм ди гъащІэр дапхуэдэу нэхъыфІ ищІми.
1, 2. 1) Дапхуэдэу ныбжьэгъуфІ зэрызэдгъэгъуэтыфынур? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
УЭ НЫБЖЬЭГЪУФІ уиІэ? Фи ныбжьэгъугъэм зэрыщІидзар уигу къэгъэкІыж. Фэ зэгъусэу зэман вгъэкІуащ, фыздэуэршэращ, абы иІэ гугъуехьхэмрэ икІи игу ирихьымрэ иримыхьымрэ къэпщІащ. Абы хэлъ хьэл-щэныфІхэр уигу ирихьауэ икІи ахэр зыхэплъхьэну гукъыдэж уиІэ хъуауэ къыщІэкІынщ. Апхуэдэу уэ уи ныбжьэгъур фІыуэ плъэгъуащ.
2 Зыгуэр бгъэныбжьэгъун щхьэкІэ къаруи зэмани ухуейщ. Иеговэ бгъэныбжьэгъуным теухуауи ар дыдэр жыпІэ хъунущ. Ар фІыуэ тлъагъуну дыхуеймэ, нэхъыфІу къэтцІыхун щхьэкІэ зэман нэхъыбэ хухэтхын хуейщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ дапхуэдэу гъунэгъу зыхуэтщІыфынуми икІи а ныбжьэгъугъэм ди гъащІэр дапхуэдэу нэхъыфІ ищІыфынуми.
3. Иеговэ и ныбжьэгъуу дызэрыщытым къытхуихь фІыгъуэхэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Щапхъэ къэфхь.
3 Иеговэ и ныбжьэгъуу дызэрыщытым къытхуихь фІыгъуэхэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Пс. 63:6—8). Зы щапхъэ къэтхьынщ. Псоми ящІэ ерыскъы узыншэ пшхын, зэпымыууэ уи Іэпкълъэпкъыр зебгъэкІуэн, жейкІэ урикъун, махуэ къэс узыхуэныкъуэ псы уефэн зэрыхуейр. Ауэ куэдым абы мыхьэнэ ираткъым икІи я узыншагъэр Іэпэдэгъэлэл ящІ. ЦІыхур и узыншагъэм сэбэп хуэхъун Іуэхухэм егупсысмэ, абы дежкІэ нэхъ тынш хъунущ и узыншагъэм кІэлъыплъыну. Апхуэдэ дыдэу Алыхьым и ныбжьэгъуу ущытыныр зэрыфІыр пщІэн къудейр мащІэщ. Абы къыпхуихь фІыгъуэхэм зэпымыууэ уегупсысын хуейщ. Абы щыгъуэ Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуэтщІыну дэ гукъыдэж нэхъыбэ диІэнущ (Пс. 119:27—30).
4. Псалом 73:28 сыт хуэдэ гурыщІэхэм и гугъу ищІрэ?
4 Къеджэ Псалом 73:28. Мы псаломыр зытхар левиту щытт икІи ар Иеговэ и унэшхуэм музыканту щылажьэт. Ар илъэс куэд щІауэ Иеговэ пэжу хуэлажьэу къыщІэкІынт. Апхуэдэу щыт пэтми, абы къыгурыІуэт езыми нэгъуэщІхэми ягу къигъэкІыжын зэрыхуейр «Алыхьым гъунэгъу ухуэхъуныр» фІыгъуэу зэрыщытыр. Ар апхуэдэу щІыщытыр зэхэдгъэкІынщ.
АЛЫХЬЫМ И НЫБЖЬЭГЪУУ ДЫЗЭРЫЩЫТЫМ НАСЫПЫФІЭ ДЕЩІ
5. 1) Иеговэ гъунэгъу дызэрыхуэхъум сыт нэхъ насыпыфІэ дыщІищІыр? 2) Притчи 2:6—16 ит псалъэ Іущхэм уэ дапхуэдэу укъахъумэми къыддэгуашэ.
5 Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуху дэ нэхъ насыпыфІэ дохъу (Пс. 65:4). Сыт ар апхуэдэу щІыщытыр? Алыхьым Библиер къигъэсэбэпурэ и ІущагъымкІэ къыддогуашэри аращ. Абы и чэнджэщхэм дедаІуэмэ, дэ нэхъ Іущ дохъу. А Іущагъым шынагъуэ куэдым дыщехъумэ икІи щыуагъэшхуэ дымыщІэну къыддоІэпыкъу. (Къеджэ Притчи 2:6—16.) Аращ Библием мыпхуэдэу щІыжиІэр: «Ежьащ гъуэгу махуэ Іущыгъэр къэзыгъуэтыр, ехъулІащ зиІэр зэхэщІыкІ» (Прит. 3:13, Гъэсэпэтхыдэхэр).
6. Псаломыр зытхам сыт гуфІэгъуэр щІыфІэкІуэдар?
6 Пэжщ, Иеговэ и ныбжьэгъухэри щынэщхъей къохъу. 73 Псаломыр зытхам гупсысэ Іейхэм и акъылыр зэрытригъэтам гуфІэгъуэр фІигъэкІуэдащ. Абы цІыху Іейхэм ефыгъуэу икІи яхузыгуэпу щІидзащ. А левитым и гугъэт а цІыхухэр Алыхьым емыгупсысыххэми тхъэжу псэууэ. Абы къыщыхъут цІыху пагэхэм, гущІэгъуншэхэм псори тыншу къаІэрыхьэу: ахэр къулейщ, абыхэм гугъуехь лъэпкъ яІэкъым, я узыншагъэри быдэщ (Пс. 73:3—7, 12). Мы псаломыр зытхам илъагъу псом апхуэдизу игъэпІейтейти и лъэр щІэхуащ икІи Иеговэ ухуэлэжьэным мыхьэнэ имыІэу егупсысу щІидзащ. Абы и гурыщІэ хьэлъэхэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къыхигъэщащ: «Си гур зэрызгъэкъабзами си Іэр Іейм зэрыщысхъумами мыхьэнэ иІэкъым» (Пс. 73:13).
7. Зэуэзэпсу къыттегуплІэ гупсысэ хьэлъэхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? (Сурэтым феплъ.)
7 Псаломыр зытхар хуабжьу нэщхъейми, абы къару ирихьэлІащ а гупсысэ хьэлъэхэм пэлъэщын щхьэкІэ. Ар «Алыхьым и унэшхуэм» щІыхьащ икІи Іуэхур зытет дыдэр къыгурыІуэну Иеговэ абы къыдэІэпыкъуащ (Пс. 73:17—19). Дэри ди щхьэ ди жагъуэу дыщынэщхъейм деж ди ныбжьэгъуфІ Иеговэ ар ещІэ. Дэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэу, сыт тщІэ хъунуми къыдгуригъэІуэну делъэІу хъунущ. Дызэрынэщхъейм емылъытауэ Библием ит гупсысэхэмрэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я псалъэ гуапэхэмрэ дэ къару къытхалъхьэжыфынущ адэкІи Иеговэ дыхуэлэжьэн щхьэкІэ. Дызыгъэгузавэ гупсысэ хьэлъэхэр егъэлеяуэ къыщыттегуплІэм дежи Иеговэ дэ гупсэхугъуэрэ мамырыгъэрэ къыдитынущ (Пс. 94:19)a.
73 Псаломыр зытха левитыр «Алыхьым и унэшхуэм» деж щытщ. (7 абзацым феплъ.)
АЛЫХЬЫМРЭ ДЭРЭ ДИ ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ ДИ ГЪАЩІЭМ МЫХЬЭНЭ КЪЫХЕЛЪХЬЭ ИКІИ ГУГЪЭ КЪЫДЕТ
8. Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуэтщІым иджыри сыт хуэдэ фІыгъуэхэр хэлъ?
8 Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуэтщІым иджыри сыт хуэдэ фІыгъуэхэр хэлъ? Япэрауэ, абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм ди гъащІэм мыхьэнэ къыхелъхьэ. ЕтІуанэрауэ, ди къэкІуэным теухуауэ абы гугъэ быдэ къыдет (Иер. 29:11). Иджыпсту абыхэм нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.
9. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм ди гъащІэм мыхьэнэ къыхилъхьэу жыпІэ щІэхъунур сыт?
9 Иеговэрэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэм ди гъащІэм мыхьэнэ къыхелъхьэ. Нобэ куэдым я фІэщ хъукъым Алыхьыр зэрыщыІэр. Аращи, абыхэм къагурыІуэкъым цІыхур дунейм щІытетым и мыхьэнэр икІи я гугъэщ зэман гуэр дэкІмэ цІыху лъэпкъыр кІуэдыжыпэну. Ауэ дэ Библиер дджыурэ «Тхьэр зэрыщыІэмкІи Тхьэм и гъуэгум лъыхъуэхэм я ІыхьэфІыр зэралъигъэсымкІи» фІэщхъуныгъэ диІэ хъуащ (Евр. 11:6). Абы нэмыщІ, дэ Иеговэ дыкъигъэщІащ абы дыхуэлэжьэну дыхуэныкъуэу. Аращ дэ ди Адэм дыщыхуэлажьэм деж нэгъэсауэ насыпыфІэу дыщІыщытыр (Втор. 10:12, 13).
10. Псалом 37:29 зэритымкІэ Иеговэ щыгугъхэм сыт хуэдэ гъащІэ къапэщылъыр?
10 ЦІыху куэдым я гугъэр зэпхар нобэ щыІэ гъащІэращ. Ахэр мэлажьэ, я сабийхэр япІ икІи пенсэм кІуэмэ къахуэсэбэпыну ахъшэ ягъэтІылъ. Абыхэм гъащІэм теухуауэ мурад гуэрхэр щагъэувым деж ахэр Алыхьым егупсыскъым. Ауэ дэ ди Ныбжьэгъуу щыт Иеговэ дзыхь худощІри, гугъэу диІэр абы идопх (Пс. 25:3—5; 1 Тим. 6:17). Дэ дощІэ абы дыкъызэригъэгугъауэ хъуар зэригъэзэщІэжынур. КъэкІуэну зэманым Иеговэ тыгъэ куэд къыдитынущ, ауэ псом хуэмыдэу дэ дызыпэплъэр жэнэт хъужа щІылъэм Алыхьым игъащІэкІэ дызэрыщыхуэлэжьэныращ. (Къеджэ Псалом 37:29.)
11. Иеговэ дызэриныбжьэгъур дапхуэдэу сэбэп къызэрытхуэхъур икІи гъунэгъу зыщыхуэтщІым деж сыт абы зыхищІэр?
11 Алыхьым гъунэгъу дызэрыхуэхъур нэгъуэщІ лъэныкъуэ куэдкІи сэбэп къытхуохъу. Псалъэм папщІэ, ди гуэныхьхэм дыхущІегъуэжу щытмэ, Иеговэ къытхуигъэгъуну дыкъегъэгугъэ (Ис. 1:18). Аращи, япэм тщІа гуэныхьхэр ди гум хьэлъэу тедгъэлъын хуейкъым (Пс. 32:1—5). Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІыху абы и гур догъэгуфІэ, дэри абы нэхъ насыпыфІэ дещІ (Прит. 23:15). Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм къыпхуихь нэгъуэщІ фІыгъуэхэри уэ уигу къэкІыжауэ къыщІэкІынщ. Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуэпщІын щхьэкІэ сыт уэ иджыри пщІэфынур?
АЛЫХЬЫМРЭ ДЭРЭ ДИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ НЫБЖЬЭГЪУГЪЭР ДГЪЭБЫДЭНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
12. Алыхьым гъунэгъу ухуэхъун щхьэкІэ сыт уэ пщІар?
12 Псым зыщІэбгъэуэн ипэ уэ Алыхьым гъунэгъу ухуэхъун щхьэкІэ куэд пщІащ. Псалъэм папщІэ, Иеговэрэ Хьисэрэ теухуа пэжыр къэпщІащ, япэм пщІа гуэныхьхэм ухущІегъуэжащ, Алыхьым теухуауэ фІэщхъуныгъэ быдэ зэбгъэпэщри, абы и хабзэхэм утету псэун щІэбдзащ. Ауэ Иеговэ нэхъ гъунэгъуж ухуэхъун щхьэкІэ адэкІи апхуэдэу пщІэн хуейщ (Кол. 2:6).
13. Сыт хуэдэ чэнджэщищыр къыддэІэпыкъуну Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дгъэбыдэну?
13 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр дгъэбыдэну сыт къыддэІэпыкъунур? 1) Мыхьэнэшхуэ иІэщ Библием зэпымыууэ деджэурэ ар куууэ зэпкърытхыным. Дэ ди мураду щытын хуейр Алыхьым теухуа щІэныгъэм хэдгъэхъуэн закъуэракъым. Дэ дыхуейщ Иеговэ и еплъыкІэр икІи ар къызэрытщыгугъыр къатщІэу, Библием ит принципхэм дытету дыпсэуну (Еф. 5:15—17). 2) Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэм дегупсысу ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын хуейщ. 3) Дэ адэкІи Иеговэ илъагъу мыхъум гущыкІ хуэтщІын икІи Іей зыщІэхэм пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ (Пс. 1:1; 101:3).
14. Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ махуэ къэс сыт тщІэ хъунур? (1 Коринф 10:31). (Сурэтми феплъ.)
14 Къеджэ 1 Коринф 10:31. Иеговэ зыгъэгуфІэн Іуэхухэр махуэ къэс тщІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. ДауикІ, абы и гуапэщ зэІущІэхэм дызэрыкІуэр, хъыбарыфІри зэрыдгъэІур. Ауэ махуэ къэс тщІэ ІуэхухэмкІи ар дгъэгуфІэфынущ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ егъэгуфІэ сыт хуэдэ ІуэхукІи пэжагъ зэрыдгъэлъагъуэм икІи диІэмкІэ хьэлэлу нэгъуэщІхэм дазэрыдэгуашэм (2 Кор. 8:21; 9:7). Иджыри ар хуейщ тыгъэу къыдита гъащІэр лъапІэу тлъытэну. Абы къыхэкІкІэ, дызэфэмрэ тшхымрэ теухуауэ едмыгъэлеину дыхущІокъу, зэрыхъукІэ ди узыншагъэми дыкІэлъоплъ. Дэ Иеговэ дгъэгуфІэну дызэрыхущІэкъур щилъагъум деж абы къытхуиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ (Лк. 16:10).
Дэ Иеговэ зэрыдгъэгуфІэн Іэмал куэд щыІэщ. Псалъэм папщІэ, ар догъэгуфІэ машинэр дысакъыу къетхуэкІмэ, диІэмкІэ нэгъуэщІхэм дадэгуашэмэ, ди узыншагъэм дыкІэлъыплъу ди Іэплъэпкъыр зедгъакІуэмэ икІи ерыскъы узыншэ тшхымэ (14 абзацым феплъ.)
15. НэгъуэщІхэм дазэрыхущытын хуейм теухуауэ Иеговэ сыткІэ къытщыгугърэ?
15 Иеговэ цІыху псоми фІы яхуещІэ, ахэр къыхуэлажьэми къыхуэмылажьэми (Мт. 5:45, ДЩІ). Ар къытщогугъ дэри апхуэдэу дыщытыну. Псалъэм папщІэ, «ІейкІэ зыми дытемыпсэлъыхьу, шхыдэрейуэ дыщымыту, Іэсагъэрэ гущабагъэкІэ адрей цІыхухэм дахущытыну» ар хуейщ (Тит 3:2). Аращи, цІыхухэм Алыхьыр я фІэщ мыхъуми, абыхэм нэхърэ дэ зыгуэркІэ дынэхъыфІу икІи дынэхъ лъагэу зыкъэтлъытэжкъым (2 Тим. 2:23—25). ЦІыхухэм сыт щыгъуи гулъытэрэ гуапагъэрэ тхэлъу дахущытмэ, дэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуохъу.
ЩЫУАГЪЭХЭМ ИЕГОВЭ ПЭЖЫЖЬЭ УХУАЩІЫНУ ХУИТ УМЫЩІ
16. 73 Псаломыр зытхам сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІа?
16 Иныкъуэхэм деж Иеговэ тпэжыжьэ хъуауэ къытщыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэр 73 Псаломыр зытхам иІащ. Абы жиІащ: «Сэ гъуэгу пэжым сытекІ пэтащ, сылъэпэрэпэнми тІэкІут иІэжыр» (Пс. 73:2). Абы жеІэж и гур нэщхъеягъэкІэ гъэнщІауэ икІи Иеговэ и пащхьэ зэхэщІыкІ зимыІэ псэущхьэм хуэдэу зыкъыщыхъужу зэрыщытар (Пс. 73:21, 22). НтІэ, абы и щыуагъэхэм щхьэкІэ Иеговэ фІыуэ къимылъагъужу егупсысу щІидзауэ пІэрэ?
17. 1) Псаломыр зытхам и лъэр щыщІэхуам сыт ищІар? 2) Абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Сурэтхэми феплъ.)
17 Псаломыр зытхам Иеговэ и щІыбыр къыхуигъэза хуэдэу къыщыхъуами, ар абы куэдрэ егупсысакъым. Абы хуабжьу къыщехьэлъэкІым дежи Алыхьым гъунэгъу зыхуэпщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыгурыІуэт. Ар къыхощ абы Алыхьым зэрызыхуигъэза и псалъэхэм: «Ауэ сэ уэ сыт щыгъуи сыуигъусэщ, си Іэ ижьыр уэ пІыгъщ. Уи чэнджэщымкІэ си лъэр бунэтІынущ икІи икІэм-икІэжым ехъулІэныгъэм сыхуэпшэнущ» (Пс. 73:23, 24). Дэри ди лъэр щыщІэхум е ди щыуагъэхэм щхьэкІэ ди Іэр щетхьэхым деж, дигу къэдгъэкІыжыным мыхьэнэшхуэ иІэщ Иеговэ — дзыхь зыхуэпщІ хъун къыру зэрыщытыр (Пс. 73:26; 94:18). Гъуэгу пэжым зы зэман гуэркІэ дытекІауэ щытми, Иеговэ къытхуигъэгъуну хьэзыру зэрыщытым шэч лъэпкъ къытедмыхьэу, абы и деж къэдгъэзэж хъунущ (Пс. 86:5). Псом хуэмыдэу ди лъэр щыщІэхупам деж ди Алыхь Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Пс. 103:13, 14).
Ди фІэщхъуныгъэр махэ хъууэ гу лъыттамэ Иеговэрэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэр дгъэбыдэн хуейщ: нэхъыбэрэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн икІи зэІущІэхэр блэдмыгъэкІыу дыкІуэн хуейщ (17 абзацым феплъ.)
АЛЫХЬЫМРЭ ДЭРЭ ИГЪАЩІЭКІЭ ЗЭНЫБЖЬЭГЪУУ ДЫЩЫТЫФЫНУЩ
18. Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуэтщІыфыным зэи кІэ щІимыІэнур сыт?
18 Дэ Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуэтщІыфыным зэи кІэ иІэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абы теухуауэ дэ сыт щыгъуи щІэ гуэрхэр къэтщІэнущ. Библием зэритымкІэ Алыхьым и Іущагъымрэ и щІэныгъэмрэ гъунэ иІэкъым (Рим 11:33).
19. Псаломхэм ит псалъэхэм сыт ди фІэщ ящІыр?
19 Псалом 79:13 итщ: «Дэ, уи лъэпкъым щыщхэм, уи хъупІэм ит мэлхэм, игъащІэкІэ фІыщІэ пхуэтщІынущ, щІэблэу хъуам щІыхь къыпхуэтхьынущ». Дэри быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІмэ, абы и нэфІ сыт щыгъуи къызэрытщыхуэнур. Псаломыр зытхам ещхьу дэри шэч лъэпкъ къытедмыхьэу жытІэнущ: «Алыхьыр — си гум и къырщ икІи игъащІэкІэ си Іыхьэщ» (Пс. 73:26).
32 УЭРЭДЫР Иеговэ бгъэдэувэ!
a Зэман куэд хъуауэ нэщхъейуэ икІи гузавэу щыт цІыхум дохутырым зыхуигъэзэн хуеинкІэ хъунущ. Абы теухуауэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ 2023 гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» (№ 1).