Уэ узыпэщІэхуэ гузэвэгъуэхэр Алыхьым илъагъуу пІэрэ?
Языныкъуэхэм зэрабжымкІэ, Алыхьым ди нэпсхэр илъагъукъым икІи абы дыкъыфІэІуэхукъым.
ИЩІАГЪЫМ КЪЫЩЫХЬА БИБЛИЕМ ИТ ПСАЛЪЭХЭМ ЕГУПСЫС
Алыхьым псори елъагъу икІи абы дыкъыфІэмыІуэхуу щыткъым
«Къилъэгъуащ Зиусхьэным щІылъэм тет цІыхухэм я бзаджагъэр зэрыин дыдэр; ...икІи и гум щІыхьэжащ ар» (ЩІэдзапІэ 6:5, 6).
ЦІыхухэр зыпэщІэхуэ гузэвэгъуэхэм Алыхьым кІэ къахуигъэкІуэнущ
«Иджыри тІэкІу дэкІмэ, цІыху бзаджащІэр щыІэжынукъым; и дежкІэ уоплъэри, ар щыІэжкъым. Ауэ Іэдэбхэм щІыр щІэину ялъысынущ икІи мамырыгъэкІэ загъэнщІу псэунущ» (Псалом 37:10, 11).
Алыхьыр хуейщ уэ насыпыфІэу ущытыну
«Мурад фхузиІэр фІыуэ сощІэ сэ,— жеІэ Иеговэ.— Сэ мурад фхузиІэр гузэвэгъуэкъым, атІэ мамырыгъэщ, гъащІэрэ гугъапІэрэ фэстын щхьэкІэ. Фэ фыкъызэджэнущ, си деж фыкъэкІуэнущ, тхьэлъэІукІэ зыкъысхуэвгъэзэнущ, икІи сэ фызэхэсхынущ» (Иеремия 29:11, 12).
«Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8).