ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Июнь н. 27—29
  • Гузэгъэгъуэ. Дауэ ар зэдгъэгъуэта хъуну?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Гузэгъэгъуэ. Дауэ ар зэдгъэгъуэта хъуну?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • ГУЗЭГЪЭГЪУЭР СЫТ ЗЭЛЪЫТАР?
  • АЛЫХЬЫМ И КЪАРУ ЛЪАПІЭМ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ КЪЫДЕТ
  • АБЫХЭМ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ЗЭРАГЪУЭТАР
  • ЗЭГУРЫІУЭНЫГЪЭМ ХУЩІЭКЪУ
  • ГУЗЭГЪЭГЪУЭР ИГЪАЩІЭКІЭ ЩЫЩЫІЭНУ ЗЭМАНЫР
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Июнь н. 27—29

Гузэгъэгъуэ. Дауэ ар зэдгъэгъуэта хъуну?

  • ФІЫЛЪАГЪУНЫГЪЭР

  • ГУФІЭГЪУЭР

  • ГУЗЭГЪЭГЪУЭР

  • ШЫІЭНЫГЪЭР

  • ФІЫГЪУЭР

  • ФІЫ ЩІЭНЫР

  • ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР

  • ГУЩАБАГЪЭР

  • ЗЫШЫІЭНЫГЪЭР

ДЭ ДЫЩЫПСЭУ дунейм гузэвэгъуэхэр щыкуэдщ. Абы къыхэкІкІэ гузэгъэгъуэрэ гупсэхугъуэрэ зэбгъэгъуэту пхъумэжын папщІэ къару куэд епхьэлІэн хуейщ. Гузэгъэгъуэр зэдгъэгъуэту тхъумэжыну Библием ит сыт хуэдэ чэнджэщхэр къыддэІэпыкъуну? Дауэ абыкІэ нэгъуэщІхэми дазэрыдэІэпыкъуфынур?

ГУЗЭГЪЭГЪУЭР СЫТ ЗЭЛЪЫТАР?

Гузэгъэгъуэ диІэн щхьэкІэ, шынагъэ зэрыщымыІэр икІи зыми и зэран къызэрыдэмыкІынур тщІэн хуейщ. Абы нэмыщІ ныбжьэгъуфІхэр диІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ауэ псом нэхъапэр, Алыхьыр ди ныбжьэгъу тщІын хуейщ. Абы щыгъуэщ гузэгъэгъуэ дыщиІэнур. Дауэ Иеговэ ди ныбжьэгъу зэрытщІыфынур?

Иеговэ и унафэхэмрэ и хабзэхэмрэ дытету дызэрыпсэумкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ абы дзыхь зэрыхуэтщІыр икІи гъунэгъу дыхуэхъуну дызэрыхуейр (Иер. 17:7, 8; Екъуб 2:22, 23). Езы Иегови гъунэгъу къытхуохъу икІи гузэгъэгъуэ къыдет. Исаия 32:17 щыжыІащ: «Пэжыгъэ нэсым мамырыгъэ къихьынущ икІи пэжыгъэ нэсым къыпэкІуэнур игъащІэкІэ щыІэну гузэгъэгъуэмрэ шынагъуэншагъэмрэщ». Иеговэ и жыІэм дыщІэтмэ, ди гум гузэгъэгъуэ илъынущ (Ис. 48:18, 19).

Гугъуехьхэм цІыху куэдым гузэгъэгъуэр ІэщІах

Гузэгъэгъуэ зэдгъэгъуэтыну сыт иджыри къыддэІэпыкъунур? Алыхьым и къару лъапІэращ. Ар уафэм щыІэ ди Адэм и тыгъэщ (Апост. 9:31).

АЛЫХЬЫМ И КЪАРУ ЛЪАПІЭМ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ КЪЫДЕТ

Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр апостол Паул къыщрибжэкІкІэ гузэгъэгъуэр ещанэу къехь (Гал. 5:22, 23). Алыхьым и къару лъапІэм ди лъэр иунэтІыну хуит тщІын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и фІыгъэкІэщ гузэгъэгъуэр зэрызэдгъэгъуэтыфынур. Алыхьым и къару лъапІэм а хьэл-щэныр къызэрытхилъхьэфыну ІэмалитІым и гугъу тщІынщ.

Япэрауэ, Алыхьым и Псалъэм дызэреджэм ди гум гузэгъэгъуэ кърелъхьэ (Пс. 1:2, 3). Библием ит пычыгъуэм дыщегупсысым деж, Алыхьым и къару лъапІэр къыддоІэпыкъу Иеговэ Іуэху зэмылІэужьыгъуэхэм зэреплъыр къэтщІэну. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и пІэм къызэримыкІыр икІи гузэгъэгъуэр лъапІэу зэрилъытэр щытлъагъум деж, абы дэри Алыхьым и еплъыкІэр къэтщтэну дыхуегъэуш. Библием къытхуигъэувыр щыдгъэзащІэм деж, ди гум мамырыгъэрэ гузэгъэгъуэрэ из мэхъу (Прит. 3:1, 2, Гъэсэпэтхыдэхэр).

ЕтІуанэрауэ, Алыхьым и къару лъапІэр къыдитыну делъэІун хуейщ (Лк. 11:13). Иеговэ къыддэІэпыкъуну зыхуэдгъазэмэ, абы дыкъегъэгугъэ: «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри... къихъумэнущ» (Флп. 4:6, 7). Алыхьым и къару лъапІэр къыдитыну делъэІумэ, абы гузэгъэгъуэ ди гум кърилъхьэнущ. Апхуэдэ гузэгъэгъуэр зэзыгъэгъуэтыфыр Иеговэ и ныбжьэгъу закъуэхэращ (Рим 15:13).

Библием ит чэнджэщхэм тетахэм, зи гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэзылъхьахэм икІи гузэгъэгъуэ зыгъуэтахэм я щапхъэхэр зэпкърытхынщ. Абыхэм Иеговэ ныбжьэгъу ящІащ, я гум гузэгъэгъуэ илъ хъуащ икІи езыхэмрэ нэгъуэщІхэмрэ я зэхуаку зэгурыІуэныгъэ дэлъ хъуащ.

АБЫХЭМ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ЗЭРАГЪУЭТАР

Пэжыр къащІэн ипэ языныкъуэхэр егъэлеяуэ тэмакъкІэщІу щытащ. Ауэ абыхэм захъуэжри, шыІэныгъэ зыхэлъ икІи фІы зыщІэ цІыху хъуахэщ (Прит. 29:22, Гъэс.)a. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр зи гъащІэм хэзылъхьа цІыхуитІым я гугъу тщІынщ.

Дэ́вид и гупсысэкІэ пхэнжыр и псэлъэкІэм къыхэщт. Алыхьым и лэжьакІуэ хъун ипэ, ар адрейхэм ІейкІэ ятепсэлъыхьт икІи и унагъуэм хуэпхъашэт. Зэман дэкІри Дэвид зэрызихъуэжын хуейр къыгурыІуащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Библием ит принципхэр си гъащІэм къыщызгъэсэбэпу щІэздзэри, си унагъуэм зыр зым пщІэ хуэтщІу дыпсэу хъуащ».

Библием ит принципхэм дытету дыпсэумэ икІи Алыхьым и къару лъапІэр къыдитыну делъэІумэ, дэ гузэгъэгъуэ дгъуэтынущ

Рейчел и щапхъэри зэпкърытхынщ. Ар къыщыхъуа унагъуэм и ягъэкІэ хьэл-щэн Іейхэр зыхилъхьащ. Абы жеІэж: «Си унагъуэм исхэр псори тэмакъкІэщІу зэрыщытам щхьэкІэ, сэ иджыри къыздэсым губжьым себэнын хуей мэхъу». Рейчел зихъуэжыну сыт къыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Сэ Иеговэ къыздэІэпыкъуну зэпымыууэ селъэІут».

Дэвидрэ Рейчелрэ я щапхъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ, Библием ит принципхэм дытетмэ икІи Алыхьым и къару лъапІэм дыщыгугъмэ, дэ гузэгъэгъуэ дгъуэтынущ. Нобэ дэ дуней гущІэгъуншэм дыщыпсэуми, гузэгъэгъуэр тхуохъумэ. Ар, дауикІ, ди унагъуэхэмрэ ди зэхуэсхэмрэ сэбэп яхуохъу. Абы нэмыщІ Иеговэ дыкъыхуреджэ: «Фи Іэм къикІым хуэдизкІэ цІыху псоми фазэрыгурыІуэным фыхущІэкъу» (Рим 12:18). Мы чэнджэщым дэ дытетыфыну пІэрэ? ЗэгурыІуэныгъэм дызэрыхущІэкъум сыт къыпэкІуэнур?

ЗЭГУРЫІУЭНЫГЪЭМ ХУЩІЭКЪУ

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ цІыхухэм гузэгъэгъуэ ягъуэтыну дадоІэпыкъу (Ис. 9:6, 7; Мт. 24:14). Куэдым пэжыр къызэращтар гуапэщ. Пэжым и фІыгъэкІэ, я хъуреягъкІэ къэхъу Іей псом емылъытауэ, абыхэм гузэвэгъуэрэ губжьрэ зыхащІэкъым. Абыхэм гугъапІэ быдэ ягъуэтащ икІи мы принципым тету мэпсэу: «Мамырыгъэ къэлъыхъуэ икІи абы хущІэкъу» (Пс. 34:14).

Ауэ хъыбарыфІыр япэ дыдэу зэхэзых псоми пэжыр занщІэу къащтэркъым (Ин. 3:19). Абы емылъытауэ, дэ адэкІи Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ цІыхухэм пщІэ яхуэтщІу хъыбарыфІыр яжыдоІэ. Апхуэдэу дэ Хьисэ Мэссихь и унафэр догъэзащІэ. Маттэ 10:11—13 абы къыдит чэнджэщыр итщ: «Унэ фыщыщІыхьэкІэ, „Тхьэм фэ, мы унэм щІэсхэм, фигу ирезагъэ“, жыфІи, фІэхъус ефх. Унэм щІэсхэр а фІэхъус псалъэм хуэфащэмэ, Тхьэм гузэгъэгъуэ къаритынущ, ауэ хуэмыфащэу къыщІэкІмэ, гузэгъэгъуэм фи деж кърырегъэзэж». Дэ мы чэнджэщым дытетмэ, гузэгъэгъуэ дызэриІэнум нэмыщІ, цІыхум и гум фІыкІэ дыкъинэнущ икІи иужькІэ ар хъыбарыфІым едэІуэнкІэ хъунущ.

Къэралым тепщэныгъэ гуэр щызиІэхэр едгъэкІуэкІ лэжьыгъэм зэран хуэхъуми, пщІэ яхуэтщІу дащепсалъэм деж, дэ зэгурыІуэныгъэм дыхущІэкъуу жыпІэ хъунущ. Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ еплъыкІэ нэпцІ зэриІэм щхьэкІэ Африкэм щыщ къэрал гуэрым и правительствэм ди къуэшхэм щызэхуэс Унэхэр иригъэщІтэкъым. А гугъуехьыр зэхагъэкІын щхьэкІэ, а къэралым япэм миссионеру щылэжьа ди къуэшыр Лондон щыІэ комиссарым деж ягъэкІуащ. А къэралым Иеговэ и Щыхьэтхэм щрахьэкІ лэжьыгъэр зэрымамырыр абы къыгуригъэІуэн хуейт. Дауэ зэфІэкІа-тІэ Іуэхур?

Ди къуэшым игу къегъэкІыж: «СызэрыщІыхьэу комиссарым и дэІэпыкъуэгъум и теплъэмкІэ къызгурыІуащ, ар зи бзэ зэзгъащІэу щыта лъэпкъым зэрыщыщыр. Сэ абы и бзэмкІэ сэлам есхащ. ИгъэщІагъуэу ар къызэупщІащ: „УкъыщІэкІуам и щхьэусыгъуэр сыт?“ Абы щабэу жесІащ комиссарым сыхуэзэну сызэрыхуейр. Абы телефонкІэ комиссарыр къысхуриджащ. Ар къыщІэкІа иужь и бзэмкІэ сэлам къызихащ. Сэ Иеговэ и Щыхьэтхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр зэрымамырыр абы жесІащ, икІи комиссарыр фІыуэ къызэдэІуащ».

Ди къуэшым абы пщІэ хуищІу зэрепсэлъам и фІыгъэкІэ, комиссарым Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ иІэ еплъыкІэ нэпцІыр ихъуэжащ. Зэман гуэр дэкІри а къэралым и правительствэм Иеговэ и Щыхьэтхэм яхуидащ щызэхуэс Унэхэр яухуэну. Апхуэдэу Іуэхур зэрызэфІэкІам ди къуэшхэр хуабжьэу иригуфІащ! Пэжщ, дэ цІыхухэм пщІэ яхуэтщІмэ, абы фІы куэд къыпэкІуэнущ икІи адрейхэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурыІуэныгъэ дэлъынущ.

ГУЗЭГЪЭГЪУЭР ИГЪАЩІЭКІЭ ЩЫЩЫІЭНУ ЗЭМАНЫР

Иеговэ и лъэпкъыр мамырыгъэ здэщыІэ жэнэтым нобэ щыпсэууэ жыпІэ хъунущ. Ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІхэр нэхъ быдэ мэхъу, а хьэл-щэныр щыдгъэлъагъуэм деж. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр Иеговэ арэзы зэрытщІыфынуращ икІи щІылъэм щыІэну жэнэтым мамыру дызэрыщыпсэуфынуращ (2 Пет. 3:13, 14).

a Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм тепсэлъыхьыну статьям фІыгъуэм теухуауэ иужькІэ нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын